×
Image

Мэхьмуд Хъэлил Аль-Хьусэри

17.9.1917 гъэм Мысырым къыщыхъуащ. 24.11.1980 гъэм дунейм ехыжащ. Къур1эным зэреджэр куэдыу тригъэтхащ, тхылъ бжыгъэ къыдигъэк1ащ.

Image

Щхьэныкъуэ Анзор

Диным къыхуезыджэ адыгэбзэк1э, имам Мухьэммэд бин Сугьуд и ц1эр зезыхьэ исламскэ университетым щеджащ.

Image

Абу Бэкр Аш-Шат1ири

1970 гъэм Джиддэ къалэм къыщыхъуащ. Иджазэ 1416 гъэм хиджрэк1э къыдихащ.

Image

Мухьэммэд Джибрил

Мысырым щыщ еджак1уэ, Азхэрым щеджащ. 1988 гъэм щегъэжьауэ имам хъуащ.

Image

Абу Джэгьфэр Ат1-Т1эхьауий

Ат1-Т1эхьауий щ1эныгъэл1 нэхъ ин дыдэхэм щыщ, хьэдисымрэ фикъхьымрэ я щ1эныгъэл1щ, Мысырым щыпсэуащ, илъэс щит1рэ щыщ1рэ бгъум хиджрэк1э къэхъуащ

Image

Хъалид Аль-Къэхьт1ани

Дэммам къалэм и мэсджытым и имам.

Image

Абдурашид Суфи

1964 гъэм Сомали къэрэлыгъуэм къыщыхъуащ. И адэр муфтийуэ егъэджак1уэу щытащ. Абым идеж Къур1эныр зэригъэщ1ащ и ныбжьыр илъэсипщ1ым хэту. Мысырым 1981 гъэм к1уащ и еджэныр пищэн папщ1э. Иджазэ абдежым къыдихащ.Сомали игъэзэжри и адэм и мэсджытым имам хъуащ. Сомалими Катарми куэд хуригъэджащ Къур1эн лъап1эм. 1991 гъэм Катар к1уащ, абым диным къыхуеджэным хуэлэжьащ.....

Image

Мифтахь Мухьэммэд Ас-Сэлт1эни

21.5.1973 гъэм Ливием и къалэ Бенгази къыщыхъуащ, иджазэхэр Къур1эн еджэк1э бжыгъэк1э къыдихащ, дэхутыру мэлажьэ.