Имам хъэт1иб Мэккэм, къур1энаджэхэм я зэпеуэм и судыщ1эу щытащ 1420рэ 1433 гъэхэм хиджрэк1э.
1949 гъэм Ливием къыщыхъуащ, и адэм идеж Къур1эн зэригъэщ1ащ, 1972 гъэм егъэджак1уэхэм я диплом къыдихащ, имам хъэт1ибу ик1и егъэджак1уэу лэжьащ.
Мысырым щыщ макъ къабзэ зи1э къур1энаджэщ.
Рияд къалэм къыщыхъуащ 1401 гъэм хиджрэк1э, университетыр къиухащ, 9.10.2013 гъэм пщым и унафэк1э Мэдинэм бегъымбарым и мэсджытым имам хъуащ.
Мэккэм къыщыхъуащ 1395 гъм хиджрэк1э, абдежым еджап1эхэм щеджащ, иужьк1э егъджак1уэу лэжьащ, 12.9.1434 гъэм хиджрэк1э мэсджыт Хьэрэмым и имам зэращ1амк1э унафэ къыдэк1ащ.
1964 гъэм Марокко къыщыхъуащ. Къур1энаджэхэм я шейхъ ц1э лъап1эмк1э абдежым щоджэхэ.
Ливием къыщыхъуащ, Имаратым щы1а Къур1э еджэк1эк1э зэпеуэныгъэм ет1уанэ увып1эр щиубыдащ.
Йемен къэрэлыгъуэм щыщ.
1963 гъэм Марокко къыщыхъуащ, мэсджытым и имам хъэт1иб хъуащ, мэсджытым мык1уэфу унэм Къур1эн зэзыгъэщ1эну хуейхэм папщ1э зэгухьэныгъэ иухуащ. Таджуидымк1э тхылъ къыдигъэк1ащ.
Марокко къыщыхъуащ 1967 гъэм, илъэсибгъу иримыкъуу Къур1эныр гук1э зэригъэщ1ащ.