×
Алыхь Лъап1эу Лъагэм бегъымбару хъуам гуэл яритащ, ди бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и гуэлыр псом нэхърэ нэхъ инщ, нэхъ 1эф1щ, нэхъыби къек1уэл1энущ Къемэт махуэм. Лъэмыжыр: ар жэхьэнэмэм и 1уфэм телъхьа лъэмыжщ, муслъымэнхэр абымк1э жэнэтым ихьэнущ.

    Гуэлыр

    Лъэмыжыр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси


    الحوض والصراط

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي

    Гуэлыр

    - Алыхь Лъап1эу Лъагэм бегъымбару хъуам гуэл яритащ, ди бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и гуэлыр псом нэхърэ нэхъ инщ, нэхъ 1эф1щ, нэхъыби къек1уэл1энущ Къемэт махуэм.

    - Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и гуэлым и теплъэр:

    1 – Гьэбдуллах бин Гьэмр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Си гуэлым к1ыхьагъыр мазэ гъуэгум хуэдизщ, и псыр шэм нэхърэ нэхъ хужьщ, и мэр мискъым[1] нэхърэ нэхъ гуак1уэщ, и фалъэхэр уафэм ит вагъуэхэм хуэдизщ, абым щыщ ефам зэик1 псыхуэл1э и1эжынукъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[2].

    Нэгъуэщ1у къызэра1уэтэжам щыже1эр: «И бгъуагъыр и к1ыхьагъым хуэдизщ, Гьэманым щегъэжьауэ 1эйлэ нэс (дэлъым хуэдизщ), и псыр шэм нэхърэ нэхъ хужьщ, фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ». Муслим къи1уэтэжащ[3].

    2 – Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Си гуэлым и инагъыр 1эйлэ щегъэжьауэ Сэнгьа1 Еменым щы1эм нэсу дэлъым хуэдизщ, ик1и абы и фалъэхэр уафэм ит вагъуэхэм хуэдизщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[4].

    - Гуэлым къыбгъэдахужынухэр:

    Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Къемэт махуэм си сэхьабэхэм щыщ гуп къызбгъэдыхьэнущ, ауэ гуэлым бгъэдахужынущ. Жыс1энущ: «Уэ си Тхьэ, си сэхьабэхэр!» Жи1энущ: «Уэ пщ1экъым ахэм уи ужьым ящ1ар, диным ик1ыжахэщ къэгъазэ ямы1эу». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[5].

    Гуп жыхуи1эр ц1ыхуищым щегъэжьауэ пщ1ым нэс.

    Лъэмыжыр

    - Лъэмыжыр: ар жэхьэнэмэм и 1уфэм телъхьа лъэмыжщ, муслъымэнхэр абымк1э жэнэтым ихьэнущ.

    - Лъэмыжым ирик1уэнухэр:

    Лъэмыжым ирик1уэнухэр муслъымэнхэращ, ауэ джаурхэмрэ мушрикхэмрэ гуп къэс дунейм зыхуэпщыл1у щыта тхьэуэ къалъытэ сурэтхэм, шейт1анхэм, абыхэм яхуэдэ нэгъуэщ1 тхьэ пц1ыхэм к1элъык1уэнухэщи маф1эм хэхуэнухэщ езыхэри, зыхуэпщыл1у щытахэри.

    Ит1анэ къэнэнухэщ абым иужьк1э Алыхь закъуэм хуэпщыл1у щытахэр, пэжхэри фэрыщ1хэри, ахэращ лъэмыжыр зыхуагъэт1ылъынур.

    Ит1анэ фэрыщ1хэр къыхагъэщынущ му1минхэм щхьэщэ зэрамыщ1ыфымк1э, ик1и фэрыщ1хэм ягъэзэжынущ маф1эм. Му1минхэри лъэмыжым зэпрык1ынухэщи жэнэтым ихьэнухэщ.

    Лъэмыжым ирик1уэнухэщ лъытэнымрэ 1уэху шэчынымрэ зэф1эк1а иужьк1э.

    Ит1анэ ц1ыхухэр ирагъэзынущ лъэмыжым зэпрык1ыну Алыхьым зэрыжи1ам хуэдэу: «Фэ фщыщу зыри къэнэнукъым абы ирамышэл1эн. Ар уи Тхьэм иуха 1уэхущ. Ит1анэ Тхьэм ф1эл1ык1ыу щытахэр къедгъэлынурэ залымыгъэ зезыхьахэр лъэгуажьэмыщхьу къыхэднэнущ». (Мэрям: 71-72).

    - Лъэмыжым и теплъэмрэ абым зэрырик1уэнухэмрэ:

    Абу Сэгьид Аль-Хъудри, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ Алыхьыр зэрытлъагъунум тепсэлъыхь хьэдисым лъэмыжым и теплъэри, абым хэту жи1ащ: «Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, сыт лъэмыжыр?» Жи1ащ: «Ц1антхъуэрыгъуэщ, къыздек1урэхщ, гъущ1 гъэшахэмрэ дзасэхэмрэ тетщ, банэ гъумхэр гъэшауэ Нэдждым щы1э къэк1ыгъэ ас-сэгьдан зыжра1эм ещхьу. Му1миныр абы ирик1уэнущ нап1эзып1эм, е шыблэм, е жьым, е бзум, шы е махъшэ нэхъыф1 дыдэм тесым хуэдэу. Къелынухэщ зыри зимылажьэхэри, у1эгъэ гуэрэхэр зыгъуэтахэри, ауэ иралъэфэхар жэхьэнэмэ маф1эм хэхуэнущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[6].

    - Япэрейуэ лъэмыжым ирик1уэнур:

    Япэрейуэ лъэмыжым ирик1уэнур Мухьэммэдрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, абы и 1умэтымрэ. Ик1и лъэмыжым пхырык1ынур му1мин къудейхэращ. Ахэм нур я1энущ я иманымрэ, я 1уэхухэмрэ елъытауэ, ит1анэ ирик1уэнухэщ лъэмыжым абым къызэрыхэк1ыу.

    Ит1анэ шынагъуэншагъэмрэ гущ1эгъуныгъэмрэ къэк1уэнущи лъэмыжым и лъэныкъуит1ымк1э къэувынущ, ижьымрэ сэмэгумрэ. Л1ык1уэхэм а махуэм я лъэ1уу щытынур: «Уэ ди Алыхь, дыкъэхъумэ, дыкъэхъумэ».

    Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ Алыхьыр зэрытлъэгъуным теухуа хьэдисым хэту: «Лъэмыжыр тралъхьэнущ жьэхьэнэмэм и лъэныкъуит1ым, ит1анэ сэрэ си 1умэтымрэщ япэрейуэ абым пхырык1ынур. А махуэм л1ык1уэхэм нэгъуэщ1 зыри псэлъэнукъым, ахэм я лъэ1уу щытынур: «Уэ ди Алыхь, дыкъэхъумэ, дыкъэхъумэ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[7].

    - Сыт му1минхэр зы1ущ1энур лъэмыжым зэпрык1а иужьк1э:

    Абу Сэгьид Аль-Хъудри, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Му1минхэр маф1эм къелынущи жэнэтымрэ жэхьэнэмэмрэ якум лъэмыжым траубыдэнухэщ. Абдежым зыгуэрым адрейм дунейм ирихауэ щыта залымыгъэхэм и хьэкъыр ирагъэгъуэтыжынущ. Апхуэдэу зыри къатемынэжу къабзэ хъужахэ иужь жэнэтым ихьэну къыхуадэнухэщ. Ик1и Мухьэммэд и псэр зи 1эмыщ1э илъымк1э со1уэ, ахэм ящыщ сыт хуэдэми жэнэтым и унэм хуэзышэ гъуэгур нэхъыф1у ещ1эр мы дунейм и унэм хуэзышэж гъуэгур зэрищ1эу щытам нэхърэ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[8].

    [1] Мэ 1эф1 зи1э дыху.

    [2] Аль-Бухъари (6579), Муслим (2292).

    [3] Муслим (2300).

    [4] Аль-Бухъари (6580), Муслим (2303).

    [5] Аль-Бухъари (6585), Муслим (2290), (2291).

    [6] Аль-Бухъари (7439), Муслим (183).

    [7] Аль-Бухъари (806), Муслим (182).

    [8] Аль-Бухъари (6535).