×
Ц1ыхухэр я Тхьэм идеж Къемэт махуэм щызэхуашэсхэк1э, я гугъуехьыр 1ей дыдэ щыхъум деж щынагъуэмрэ щытып1эм и бэлыхьымрэ къыхэк1ыу, хуеинухэщ Алыхьым я унафэр щ1эх-щ1эхыу ищ1эну, я 1уэхур зэхигъэк1ыну.

    Унафэ щ1ыныр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси


    فصل القضاء

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي

    Унафэ щ1ыныр

    - Ц1ыхухэр я Тхьэм идеж Къемэт махуэм щызэхуашэсхэк1э, я гугъуехьыр 1ей дыдэ щыхъум деж щынагъуэмрэ щытып1эм и бэлыхьымрэ къыхэк1ыу, хуеинухэщ Алыхьым я унафэр щ1эх-щ1эхыу ищ1эну, я 1уэхур зэхигъэк1ыну. Я щытыныр к1ыхь щыхъук1э, я бэлыхьыр ин 1ей щыхъук1э бегъымбархэм ядеж яунэт1ынущ Алыхьым и пащхьэ къащхьэщыжу 1уэху зэхэгъэк1ыныр щ1идзэн папщ1э.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «А махуэм я бзэхэр иубыдынущ, заухеижынуи хуадэнукъым, унэхъуащ а махуэм пц1ыуэ зыбжахэр. Аращ щызэхэдгъэк1ыну махуэр. Фэри пасэрейхэри фыкъэдугъуеижынущ. Хьилагъэ фхэлъыр пэжмэ къэвгъэлъагъуэ». (Аль-Мурсэлят: 35-39).

    2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Сэ ц1ыхуу хъуам саризиусхьэнщ Къемэт махуэм, фщ1эрэ сытым щхьэк1э? Алыхьым Къемэт махуэм ипэрейхэри, иужьрейхэри зэхуишэсынущ зы щ1ып1эм, джак1уэр захыригъэхынущ, нэм къызэщ1иубыдэхэу, дыгъэри япэгъунэгъу хъунущ, ц1ыхухэм я гугъуехьымрэ я бэлыхьымрэ яхуэмышэчыж хъунущ. Ц1ыхухэм зым адрейм зыхуагъэзэнущи жа1энущ: «Дызыхэтыр фымылъыгъуу ара? Ди бэлыхьыр здынэсар фымылъагъуу ара? Фи Тхьэм и пащхьэ къытщхьэщыжыным фегупсыскъэ».

    Ц1ыху гуэрхэм жа1энущ: «1эдэм идеж дывгъак1уэ». 1эдэм идеж к1уэнущи жа1энущ: «Уэ 1эдэм, уэращ ц1ыхухэм я адэр, Алыхьым езым и 1эк1э уищ1ащ, и псэм щыщ къыпхилъхьащ, мэлэ1ычхэми унафэ яхуищ1ащ щхьэщэ къыпхуащ1ыну, уи Тхьэм и пащхьэ къытщхьэщыж, плъагъуркъэ бэлыхь дызыхэтыр, плъагъуркъэ ди гугъуехьыр здынэсар?»

    1эдэм жи1энущ: «Си Тхьэр нобэ зэи иджыри зэрымыгубжьам хуэдэу губжьащ, ипэк1и апхуэдэу зэи губжьынукъым, Абы жыгым сыбгъэдэмыхьэну унафэ къысхуищ1ат, ауэ седэ1уакъым. Си псэ, си псэ. Нэгъуэщ1 гуэрым идеж фык1уэ».

    Апхуэдэу Нухь, Ибрахим, Муса, Гьиса бгъэдыхьахэщ, ауэ ахэм псоми ядакъым, жа1ащ: «Си Тхьэр нобэ зэи иджыри зэрымыгубжьам хуэдэу губжьащ, ипэк1и зэи губжьынукъым апхуэдэу… Си псэ, си псэ».

    Ит1анэ Гьиса жи1энущ: «Нэгъуэщ1ым фыбгъэдыхьэ, Мухьэммэд, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, идеж фык1уэ». К1уэнухэщи абым идеж жа1энущ: «Уэ Мухьэммэд, уэ Алыхьым урил1ык1уэщ, бегъымбархэм яужьрейщ, Алыхьым уи гуэныхь блэк1ари къэк1уэфынури пхуигъэгъуащ, къытщхьэщыж уи Тхьэм и пащхьэм. Плъагъуркъэ дызыхэтыр? Плъагъуркъэ дызнэсар?» Ит1анэ занщ1эу сыунэт1ынущи Гьэршым и лъабжьэм сыкъэк1уэнущ, си Тхьэм щхьэщэ хуэсщ1у зездзыхынущ. Ит1анэ Алыхьым къысхузэ1уихынущи си гум къырилъхьэнущ и пщ1эмрэ и щ1ыхьымрэ зэрыщытхъу псалъэхэу си япэм зыми иримыгъэщ1ахэр. Ит1анэ жи1энущ: «Уэ Мухьэммэд, уи щхьэр къэ1эт, узыхуейм щ1элъэ1уи уэстынщ, узыхуейм къыщхьэщыжи уакъыщхьэщызгъэжынщ». Иужьк1э си щхьэр къэс1этынущи жыс1энущ: «Уэ си Тхьэ, си 1умэтыр, си 1умэтыр». Ит1анэ жи1энущ: «Уэ Мухьэммэд, ишэ жэнэтым ижьрей бжэмк1э лъытэныр къызтемыхуахэр уи 1умэтым щыщу». Мухьэммэд и псэр зи 1эмыщ1эм илъымк1э со1уэ, жэнэтым и бжэхэм и блыпкъит1ым яку дэлъыр Мэккэмрэ Хэджэрымрэ, е Мэккэмрэ Бусрэмрэ яку дэлъым хуэдизщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[1].

    Ит1анэ Алыхьым ц1ыхухэм я унафэр ищ1ынущ, тхылъхэр яритынущ, тэрэзэр ягъэувынущ, ц1ыхухэр ялъытэу щ1адзэнущ. Тхылъыр ижьымк1э зыщтар жэнэтым, сэмэгумк1э зыщтар жэхьэнэмэм к1уэнущ: «Уэ плъагъунущ Гьэршым къеувэк1ауэ я Тхьэм щытхъу хуэзыгъэш мэлэ1ычхэр. (Ц1ыхум) я унафэр захуэу ищ1ынущ, ит1анэ жа1энущ: «Ф1ыщ1э худощ1 дунейхэм я Тхьэм». (Аз-Зумар: 75).

    - Абу Сэгьид Аль-Хъудри, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Жыт1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ди Тхьэр Къемэт махуэм тлъагъуну?» Жи1ащ: «Дыгъэмрэ мазэмрэ пшэхэр темылъу флъагъуну зыгуэрэ зэран къыфхуэхъурэ?» Жыт1ащ: «Хьэуэ». Жи1ащ: «Ахэр флъагъуну зыри зэран къызэрыфхуэмыхъум хуэдэ къабзэу фи Тхьэри флъагъунущ а махуэм». Ит1анэ жи1ащ: «Джак1уэр къэджэнущ: «Псори зыхуэпщыл1у щытам идеж ирырек1уэ». Жорым хуэпщыл1хэу щытахэр абы идеж яунэт1ынущ, сурэт гъэжахэм хуэпщыл1у щытахэр абыхэм ядеж яунэт1ынущ, псоми тхьэуэ ябжу щытам идеж яунэт1ынущ. Апхуэдэу зыри къэнэжынукъым Алыхьым хуэпщыл1у щытахэмрэ, ахэр ф1ыми 1ейми, ахль аль-китаб[2] щыщу Тхьэ закъуэм хуэпщыл1у къэнахэмрэ мыхъумэ.

    Ит1анэ жэхьэнэмэр къахьынущи къаф1эщ1ым хуэдэу ирагъэлъэгъунущ. Иужьк1э журтхэм еупщ1ынухэщ: «Сыт фызхуэпщыл1у щытар?» Жа1энущ: «Гьузейр Алыхьым икъуэм дыхуэпщыл1у щытащ». Жыра1энущ: «Пц1ыщ, Алыхьым щхьэгъуси быни и1экъым. Сыт фызыхуейр?» Жа1энущ: «Псы девгъафэну дыхуейщ». Жыра1энущ: «Фефэ», - ит1анэ жэхьэнэмэм ихуэнухэщ.

    Иужьк1э чристанхэм яупщ1ынущ: «Сыт фызхуэпщыл1ар?» Жа1энущ: «Аль-Мэсихь Алыхьым и къуэм дыхуэпщыл1т». Жыра1энущ: «Пц1ыщ, Алыхьым щхьэгъуси быни и1экъым. Сыт фызыхуейр?» Жа1энущ: «Псы девгъэфэну дыхуейщ». Жыра1энущ: «Фефэ», - ит1анэ жэхьэнэмэм ихуэнухэщ.

    Апхуэдэурэ Алыхьым хуэпщыл1у щыта закъуэхэр къэнэнущ, ф1ыхэри 1ейхэри. Ахэм еупщ1ынухэщ: «Сыт фызэтезы1ыгъэр, ц1ыхухэр зэуэ к1уащ?» Жа1энущ: «Ахэм дакъыгуэк1ащ, ик1и нобэ абыхэм дакъыгуэк1ыным нэхъри дыхуэныкъуэщ. Зэхэтхащ джак1уэм жи1эу: «Щхьэж зыхуэпщыл1у щытам идеж ирек1уэ», - ик1и дэ ди Тхьэм дожьэр».

    Ит1анэ Лъэщыр къэк1уэнущ ахэм ядеж ипэм щалъэгъуам зэрыта сурэтым имытыжу, нэгъуэщ1у и сурэтыр, жи1энущ: «Сэращ фи Тхьэр». Жа1энущ: «Уэращ ди Тхьэр». Абы бегъымбархэм нэгъуэщ1 зыри епсалъэнукъым.

    Жа1энущ: «Къызэрыфц1ыхужын плъыфэ гуэрэ и1э?» Жа1энущ: «И лъапщхьэр». Ит1анэ и лъапщхьэр къызэ1уихынущи псоми му1минхэм щхьэщэ хуащ1ынущ, фэрыщ1у е зыкъэзыгъэлъэгъуэну пылъу щхьэщэ зыщ1у щытахэр къэнэнухэщ, щхьэщэ ящ1ыну пылъынухэщ, ауэ я щ1ыбхэр жынущ.

    Ит1анэ лъэмыжыр къахьынущи жэхьэнэмэм и лъэныкъуит1ым тралъхьэнущ». Жыт1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, сыт лъэмыжыр?»

    Жи1ащ: «Ц1антхъуэрыгъуэщ, къыздек1урэхщ, гъущ1 гъэшахэмрэ дзасэхэмрэ тетщ, банэ гъумхэр гъэшауэ Нэдждым щы1э къэк1ыгъэ ас-сэгьдан зыжра1эм ещхьу. Му1миныр абы ирик1уэнущ нап1эзып1эм, е шыблэм, е жьым, шы е махъшэ нэхъыф1 дыдэм тесым хуэдэу. Къелынухэщ зыри зимылажьэхэри, у1эгъэ гуэрэхэр зыгъуэтахэри, ауэ иралъэфэхар жэхьэнэмэ маф1эм хэхуэнущ. Апхуэдэу щытынущ иужьрей дыдэр ирик1уэху ялъэфурэ. Ик1и фэ нэхъ лъэщу фи хьэкъ къыфлъысу фыбжыр си пащхьэ къыдэфхыну фыпылъкъым, а махуэм му1миныр Алыхь Лъэщым зэрелъэ1ум нэхърэ.

    Къелауэ щалъагъук1э, я къуэшхэр зыхэтыр ялъэгъунущи жа1энущ: «Ди Тхьэ, ди къуэшхэр! Нэмэз къыддащ1у щытащ, нэщ1 къыдда1ыгъу щытащ, ди гъусэу лажьэу щытащ». Алыхь Лъап1эм жи1энущ: «Фык1уэ, зи гум динарым хуэдиз иман илъу флъагъур къыхэфш». Алыхьым ахэм япкъхэр хьэрэм хуищ1ынущ маф1эм.

    Къэк1уэнухэщ ахэр, зым маф1эм и лъакъуэр хыхьауэ, адрейм и лъапщхьэм и ныкъуэм къэсауэ, ик1и ящ1эхэр къыхашыжынущ.

    Ит1анэ къагъэзэжынущи, (Алыхьым) яжри1энущ: «Фык1уэ, зи гум динарым и ныкъуэм хуэдиз иман илъхэр къыхэфш». К1уэнухэщи ящ1эхэр къыхашынущ.

    Ит1анэ къагъэзэжынущи, (Алыхьым) яжри1энущ: «Фык1уэ, зи гум сабэ налъэм хуэдиз иман илъхэр къыхэфш». К1уэнухэщи ящ1эхэр къыхашынущ».

    Жи1ащ Абу Сэгьид: «Фи ф1эщ мыхъумэ феджэ: «Алыхьым зы мискъалк1э лей ихкъым, ф1ы пщ1амэ игъэбэгъуэнущ»[3].

    «Бегъымбархэри, мэлэ1ычхэри, му1минхэри къащхьэщыжынущ, ит1анэ Лъэщым жи1энущ: «Сэ сыкъызыщхьэщыжынухэр къэнащ». Иужьк1э маф1эм хэ1эбэнущи къыхихынущ 1эмыщ1эм из, къыхихынущ маф1эм иса ц1ыхухэр, ит1анэ ахэр жэнэтым и дыхьэп1эм щежэх псым хадзэнущ, а псым и ц1эр «Къэзыгъэхъуж псы». А псым и 1уфэхэм къыщык1ыжынухэщ ц1ыхухэр хьэдзэр щ1ы ф1ыц1эм къызэрыхэк1ым хуэдэу, ар къущхьэм и джабэми, жыгым и джабэми флъагъухэм хуэдэщ. Дыгъэм хуэгъэзар щхъуант1эщ, жьауэмк1э щы1эр хужьщ.

    Налъкъутналмэсым хуэдэу къыхэк1ыжынухэщ ахэр, я пщэхэм нэщэнэхэр хуащ1ынущи жэнэтым ихьэнущ. Жэнэтым щы1эхэм жа1энущ: «Мыхэр Гущ1эгъущ1ым къиут1ыпщыжахэращ». Жэнэтым иришэнухэщ 1уэхуи ямыгъэзэщ1ауэ, ф1ыи къабгъэдэмык1ауэ. Ахэм жыра1энущ: «Флъагъури, абым хуэдизи иджыри щ1ыгъужу фи 1ыхьэщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[4].

    [1] Аль-Бухъари (4712), Муслим (194).

    [2] Ахль аль-китаб зыжра1эр Алыхьым тхылъ къызхуригъэхауэ щытахэращ журтхэмрэ чристэнхэмрэ хуэдэу.

    [3] Ан-Ниса1: 40.

    [4] Аль-Бухъари (7439), Муслим (183).