Ахърэт махуэр 15 - 3 - Ахърэтыр/ Сыхьэтым и нэщэнэ ц1ык1ухэр
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: уахътэр зэщык1уэтэнущ, сатур апхуэдизк1э куэд хъунущи, бзылъхугъэр и л1ым дэ1эпыкъуу хъунущ, 1ыхьлыхэр зэк1элъык1уэжынукъым, гъунэгъухэр зэбий хъунущ, щхьэцыр ф1ыц1эу ялэнущ, нэпсеигъэм зиубгъунущ, щ1ым куэрэ зигъэхъей хъунущ, ф1ым тетхэр мащ1э хъунущ, ящ1эхэм фэгъэк1а зыми сэлям ирахыжынукъым, щ1эныгъэр ц1ыху зыхуэмыфащэхэм идеж зрагъэгъуэтынущ.