×
Къалэнхэр т1ууэ гуэшащ: Алыхьым и пщыл1хэм ятрилъхьа къалэнхэр, Алыхьым и пщыл1хэм ехьэл1ауэ зытрилъхьэжа къалэнхэр. Ф1ыхэр пщ1эн хуейщ диным и пкъыгъуэ бгъэзащ1эну уи къалэну щытхэм нэгъуэщ1 ажалыр къэмысу. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и нэщэнэхэм щыщ 1уэхуф1хэм хуэп1ащ1эу мыхъунхэм зыщыхъумэныр, тобэ къэхьыныр. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и сэбэпхэм щыщ ф1эщхъуныгъэ тэрэзыр уи1эну, Алыхьым ущыгугъыну, хъыбару дигъэщ1ахэр уи ф1эщ хъуну, тхьэшынагъуэр пхэлъыну, и унафэхэр бгъэзэщ1эну, мыхъунхэм пэжыжьэ зыпщ1ыну, Алыхьым ф1ык1э ущыгугъыну, ауэ мыхъумыщ1агъэу пщ1ам щхьэк1э ущышынэну, зикр куэдрэ пщ1ыну, Къур1эн куэдрэ уеджэну, "Ля иляха илля Аллах" псэр хэк1ыным ипэк1э жып1эну.