×
Иманым и япэрей рукн: Алыхьыр уи ф1эщ пщ1ыным къик1ыр

    Иманым и пкъыгъуэхэр

    Алыхьыр уи ф1эщ пщ1ыныр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд Ат-Туейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси

    أركان الإيمان

    الإيمان بالله

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي


    Иманым и пкъыгъуэхэр

    Иманым и пкъыгъуэхэр хы мэхъу, ахэр Джибрил, гьэлейхи сэлям, и хьэдисым хэтыу къэк1уахэщ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, щеупщ1ам: «Сыт иманыр зыщыщыр?» Жэуапыу къитащ: «Алыхьыр уи ф1эщ пщ1ыныр, мэлэ1ичхэр, тхылъхэр, л1ык1уэхэр, къемэт махуэр, къэдэрым и ф1ыри и 1ейри зэуэ уи ф1эщ пщ1ыныр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ [1].

    - Иманым и зэпыщ1эныгъэм и къарур:

    Иманым и зэпыщ1эныгъэр нэхъ ин дыдэу щы1э зэпыщ1эныгъэщ. Сыту жып1эмэ, абым къэзыгъэхъуамрэ къигъэхъуамрэ зэрепх, уафэмрэ щ1ымрэ зэрепх, ц1ыхухэмрэ я л1ык1уэ лъап1эмрэ зэрепх, ц1ыхухэр езыхэри зэрепх, ц1ыхухэмрэ мэлэ1ичхэмрэ зэрепх, ц1ыхухэмрэ жынхэмрэ зэрепх, дунеймрэ ахърэтымрэ зэрепх.

    А зэпыщ1эныгъэращ Алыхьым щ1ыри, уафэхэри, абым яку дэлъыри къыщ1игъэхъуар, жэнэтымрэ жэхьэнэмэмрэ щ1иухуар.

    А зэпыщ1эныгъэращ Алыхьыр му1минхэм я тепщэ щ1эхъуар, л1ык1уэхэр къыщ1игъэк1уар, тхылъхэр къыщ1ыригъэхар, Алыхьым и гъуэгум тету зэуэну унафэ щ1ищ1ар.

    Алыхь Лъап1эм жи1ащ: {Алыхьыр ф1эщхъуныгъэ зи1эхэм я тепщэщ, к1ыф1хэм къыхешри нэхум хуешэхэ. Джэурхэм я тепщэхэр т1агъутхэщ, нэхум къыхашри к1ыф1хэм хуашэ. Ахэращ маф1эм хэтхэр игъащ1эк1э къыхэнауэ}. [Аль-Бэкъэрэ: 257].

    Япэрей пкъыгъуэр:

    Алыхьыр уи ф1эщ пщ1ыныр.

    - Алыхьыр уи ф1эщ пщ1ыным 1уэхугъуипл1 хеубыдэ:

    1 – Алыхьыр зэрыщы1эр уи ф1эщ пщ1ыныр:

    - Къигъэхъуауэ хъуам Алыхьым яхилъхьащ къэзыгъэхъуар зэрыщы1эмк1э ф1эщхъуныгъэ. Абым теухуауэ Алыхь Лъап1эм жи1ащ: {Уи гупэр диным хуэгъазэ Алыхьыр зэрызакъуэр уи ф1эщ бгъэхъуу. Аращ Алыхьым ц1ыхухэм яхилъхьэу къызэригъэхъуар. Алыхьым къигъэхъуар зэпхъуэк1 хъунукъым. Аращ дин захуэр}. [Ар-Рум: 30].

    - Акъылми къыгуро1уэр мы дунейшхуэр зыгуэрым кызэригъэхъуар. Дунейм тетауэ е тетыну хъуами егугъуу къэзыгъэхъуа я1эщ. Ахэм езыхэм я 1уэхухэр зэрахуэжыфынукъым, щхьэхуитуи щы1эфынухэкъым. Абым къегъэлъагъуэ зэуэ зезыгъак1уэр зэрыщы1эр, ар Алыхьыращ, дуней псоми и унафэр зы1эщ1элъыращ. Алыхьым жи1ащ: {Зыпари хэмыту къэхъуа ахэр е езыхэм зыкъагъэхъужауэ ара? Е уафэхэмрэ щ1ымрэ езыхэм къагъэхъуауэ ара? Хьэуэ! Ахэм ф1эщхъуныгъэ яхэлъкъыми аращ}. [Ат-Т1ур: 35-36].

    - Гурыщ1эри щыхьэт мэхъу Алыхьыр зэрыщы1эм. Сыту жып1эмэ, жэщ махуэм зызэрахъуэжыр долъагъу, псэущхьэми ц1ыхуми я ерыскъыр къазэрыхуэк1уэр долъагъу, дунейм тету хъуам я 1уэхухэр зэрызэгъэзэхуар долъагъу. Ахэр зэуэ щыхьэт быдэ мэхъу Алыхьыр зэрыщы1эм: {Алыхьым жэщымрэ махуэмрэ чэзууэ зэрехъуэк1, абым хэлъщ дэрс зылъагъухэм щхьэк1э}. [Ан-Нур: 44].

    - Алыхьым и л1ык1уэхэмрэ и бегъымбархэмрэ ядэ1эпыкъуным папщ1э аятхэмрэ телъыджагъэхэмрэ къаритащ ц1ыхухэм нахуэу ялъагъуауэ е зэхахауэ. Ахэр ц1ыхум и лъэк1ыныгъэм къимыхь 1уэхухэщ. Алыхьым и л1ык1уэхэр зэрытригъэк1уэн, зэрадэ1эпыкъун къаритащ. Ар щыхьэт быдэщ ахэр къэзыгъэк1уа Алыхьыр зэрыщы1эм. Апхуэдэу Алыхьым маф1эр щ1ы1э ик1и шынагъуэ зыхэмылъ ищ1ащ Ибрахим, гьэлейхи сэлям, папщ1э. Хыр т1ууэ зэгуигъэк1ащ Мусэ, гьэлейхи сэлям, папщ1э. Л1ахэр къигъэтэджыжащ Гьисэ, гьэлейхи сэлям, папщ1э. Мазэр ныкъуэу зэгуиудащ Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, папщ1э.

    - Дапщэ лъэ1уак1уэ Алыхьым зыхуейхэр зыритар, дапщэ упщ1э Алыхьым жэуап зыритар, дапщэ гугъуехь псынщ1э ищ1ыжар. Абым къегъэлъагъуэ шэч хэмылъыу

    Алыхьым и щы1эныгъэр, псори зэриц1ыхур, зыхуейр зэрыхуэлъэк1ыр.

    1 – Алыхьым жи1ащ: {Фи Тхьэм фыщелъэ1ум къывжи1ащ: «Мэлэ1ич минк1э сыкъывдэ1эпыкъунщ зыр зым иужь иту къак1уэхэу}. [Аль-Анфаль: 9].

    2 – Алыхьым жи1ащ: «Аюб уи гум къэгъэк1ыж и Тхьэм зыхуигъэзэу жи1ащ: «Лей къыслъысащ, уэращ гущ1эгъуныгъэшхуэ зыхэлъыр». Абым и лъэ1ум жэуап еттыжащ, лейуэ къылъысари щхьэщытхащ, унагъуэ еттащ, абым хуэдит1и щ1ыдгъужащ ди гущ1эгъум къыхэк1ыу ик1и адрей къытхуэпщыл1хэм щхьэк1э дэрс хъуну}. [Аль-Анбия: 83-84].

    - Шэрихьэтри щыхьэтщ Алыхьыр зэрыщы1эм. Абым и хьукмхэр дунейм тету хъуам нэхъыф1ыу я 1уэхур зэрыхъуным тегъэпсыхьащ. Ик1и тхылъхэм иту шэрихьэтыр и л1ык1уэхэмрэ и бегъымбархэмрэ къахуригъэхащ псори зыц1ыху, псори зыхузэф1эк1, хуэпщыл1хэм я 1уэхур нэхъыф1 зэрыхъуныр зыц1ыху Тхьэшхуэм идеж къызэрик1ам и щыхьэтыу.

    2 – Алыхьыр зэрытхьэ закъуэмрэ гъусэ зэримы1эмрэ ф1эщхъуныгъэр:

    Тхьэр къигъэхъуа гуэрэ зи1эращ, мылъкумрэ унафэмрэ зи 1эмыщ1э илъыращ. Аращи Алыхьым нэгъуэщ1 къэзыгъэхъу щы1экъым, мылъкури зи 1эмыщ1э илъыр Алыхь закъуэращ, унафэри зэуэ зы1эщ1элъыр Алыхь закъуэращ. Къигъэхъуныр къигъэхъуащ, мылъкури 1эщ1элъщ, унафэри ещ1, ар Аль-Гьэзиз, Ар-Рэхьим, Аль-Гъэний, Аль-Хьэмид. Гущ1эгъуныгъэ хуейм ирет, гъэгъуныгъэ хуейм хуегъэгъу, зыгуэрк1э къелъэ1ум зыхуейр ирет, лъэ1ук1э зыкъыхуэзыгъазэм и лъэ1ур ирет, ар псэущ, псоми ящхьэщытщ, жерэ жебащхъуэрэ къытеуэкъым.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Аракъэ къэзыгъэхъури унафэ зыщ1ри? Ф1ыщ1эр зейр Алыхьыращ дунейхэм я унэфэщ1ым». [Аль-Агьраф: 54].

    2 – Алыхьым жи1ащ ит1ани: «Алыхьыращ зы1эщ1элъыр уафэхэми, щ1ыми, абыхэм деж щы1эу хъуами я мылъкур. Ик1и абым сытри хузэф1ок1». [Аль-Ма1идэ: 120].

    - Аращи дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъу Алыхьыу Лъап1эу Лъагэм зэуэ къызэригъэхъуар, щы1эр зэуэ зэрищ1ар, къигъэхъуахэм я сурэтыр зэрыритар, щ1ымрэ уафэхэмрэ къызэригъэхъуар, дыгъэмрэ мазэмрэ зэрищ1ар, жэщымрэ махуэмрэ, псымрэ къэк1ыгъэхэмрэ, ц1ыхумрэ псэущхьэмрэ, хыхэмрэ къущхьэхэмрэ къэзыгъэхъуар. «Ик1и псори къигъэхъури зэхигъэк1ащ зэрыщытын хуейм хуэдэу». [Аль-Фуркъан: 2].

    - Алыхьым и лъэк1ыныгъэк1э псори къигъэхъуащ, и1экъым абым дэ1эпыкъуэгъу, щытхъур зейр аращ, ар Тхьэ, Аль-Уахьид, Аль-Къэхар. И лъэк1ыныгъэк1э щ1ыр иубгъуащ, зэрыхуейуэ псори къигъэхъуащ, хуэпщыл1хэм и къэрук1э ящхьэщыуващ, къуэк1ып1эмрэ къухьэп1эмрэ я Тхьэ, абым нэгъуэщ1у тхьэ щы1экъым, ар Аль-Хьэй, Аль-Къэйюм.

    - Дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъу Алыхь Лъап1эм псори зэрыхуэлъэк1ыр, псори и пащхьэм илъщ, псори и 1эмыщ1эм илъщ, псори ещ1эр, псоми ящхьэщытщ, щхьэщэ хуащ1ащ псоми и инагъым ф1эл1ык1ыу, макъхэми зырагъэуц1ык1уащ и пщ1эм и хьэтырк1э, къарууф1эхэм загъэуц1ык1уащ и къарур ялъагъуауэ, нэм илъагъукъым, ауэ езым елъагъур къеплъхэр, ар Аль-Лэт1иф, Аль-Хъэбир, зыхуейр ещ1э, зэрыхуейуэ унафэ ещ1. «И 1уэхур зэрыщытыр аращи, зыгуэр хуеймэ абым «Къэхъу» жыре1эри къегъэхъу». [Ясин: 82].

    - Ещ1эр щытхъур зейм уафэхэми щ1ыми къыщыхъур, щэхури нахуэри ещ1э, ар Аль-Кэбир, Аль-Мутэгьал. Ещ1эр къущхьэхэм я хьэлъагъыр, ещ1эр хыхэм псыуэ итыр, ещ1эр уэшхым тк1уэпсыу хэтыр, ещ1эр пщ1ащэу жыгхэм пытыр, ещ1эр пшахъуэ ц1ык1ухэр зэрыхъур, ещ1эр жэщ зытехъуамрэ нэху зытещамрэ. «Ик1и абым 1эщ1элъщ ущэхуам и 1унк1ыбзэхэр, езым мыхъу зыми ищ1экъым ахэр. Щ1ыми хыми щы1эр ещ1эр, зы пщ1ащи къехуэхкъым абым имыщ1эу ар, зы хьэдзи щ1ым и к1ыф1агъым, зы ц1ынагъи, зы гъущи щы1экъым Тхылъ лъап1эм имытыу». [Аль-Ангьам: 59].

    - Ик1и дощ1эр, быдэуи ди ф1эщ мэхъур Алыхьыу Лъап1эу Лъагэм махуэ къэс 1уэху зэри1эр, щ1ыми уафэми зыпари абым щыгъэпщк1уакъым, 1уэхур зэхегъэк1, жьыр къегъак1уэ, уэшх къырегъэшх, щ1ыр л1а иужьк1э къегъэхъуж, зыхуейр дре1этей, зыхуейр егъэц1ык1у, псэ хелъхьэ ик1и хех, ирет ик1и иримытыу зэтре1ыгъэ, иреудыхри ик1и къыдре1этей. «Аращ япэри иужьри, нэхъ лъагэри, нэхъ благъэри. Ик1и аращ псори зыщ1эр». [Аль-Хьэдид: 3].

    - Дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъу уафэхэми щ1ыми я хъумап1эхэр абым и 1эмыщ1э зэрилъыр. Щы1эу хъуам и хъумап1эхэр Алыхьым идежщ здэщы1эр: псыхэм, къэк1ыгъэхэм, жьым, къагъэсэбэпыу щ1ым хэлъхэм, узыншагъэм, шынагъуэншэу щы1эныгъэм, ф1ыгъуэхэм, хьэзабым, гущ1эгъуныгъэм, гъуэгу захуэм теувэным, къарум, лъэщагъым. А хъумап1эхэри, ахэм нэгъуэщ1хэри псори Алыхьым и деж щы1эщ, абым и закъуэу и 1эмыщ1э илъщ. «Ик1и сытми и хъумап1эр ди деж щы1эщ, абым щыщу едгъэхыр бжыгъэ хэхащ». [Аль-Хьиджр: 21].

    - Ахэр къатщ1эу Алыхьым и лъэк1ыр, и инагъыр, и къарур, и пагагъыр, псори зэрищ1эр, и хъумап1эхэр, и гъэгъуныгъэр, и закъуэныгъэр быдэу ди ф1эщ тщ1ымэ, гухэм абым зыхуагъэзэнущ, хуэл1ыщ1эным псэхэр щ1экъунущ, 1эпкълъэпкъхэр и дэ1уэныгъэм хуэк1уэнущ, бзэм и гугъу ищ1ыныр щигъэтынукъым ар игъэину, иригъэф1ак1уэу, пщ1э хуищ1ыу. Зыми нэгъуэщ1 елъэ1унукъым абым мыхъу, зыми и дэ1эпыкъуныгъэ лъыхъуэнукъым абы мыхъу, зыми щыгугъынукъым абым мыхъу, зыми щышынэнукъым абым мыхъу, зыми хуэл1ыщ1энукъым абым мыхъу. «Аращ Алыхьыу фи тхьэр. Щы1экъым нэгъуэщ1 тхьэ абым ф1эк1а. Зэуэ къэзыгъэхъуаращ, фыхуэпщыл1 абым. Ик1и ар псоми щхьэщытщ». [Аль-Ангьам: 102].

    3 – Алыхьым и 1улюхиер уи ф1эщ пщ1ыныр:

    - Дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъур Алыхьыр изакъуэу зэрытхьэ пэжыр, гъусэ зэримы1эр. Ик1и абым изакъуэщ зыхуэпщыл1 ипэжып1эк1э хъуну щытыр. Ар дунейхэм я Тхьэщ, дунейхэм я тепщэщ, унафэ къызэрытхуищ1ауэ дыхуол1ыщ1э зыхуэдгъэц1ык1уурэ, ф1ылъэгъуныгъуэу ди1эр зэуэ хэтлъхьэурэ, зэрытхуэлъэк1к1э дгъэлъап1эурэ.

    - Дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъу Алыхьым и рубубием зэризакъуэу гъусэ зэримы1эм хуэдэу и 1улюхиеми изакъуэщи гъусэ и1экъым, аращи дыхуопщыл1ыр изакъуэу гъусэ зимы1эм, абым къинэгъуэщ1хэм дыхуэпщыл1ыным пэжыжьэ зыдощ1.

    Алыхьым жи1ащ: «Фи тхьэр Тхьэ закъуэщ, абым нэгъуэщ1у тхьэ щы1экъым, ар Ар-Рэхьман, Ар-Рэхьим». [Аль-Бэкъэрэ: 163].

    - Алыхьыращ ипэжып1эк1э тхьэр, нэгъуэщ1 зыхуэпщыл1 псори Алыхьым мыхъу пц1ыщ зэрытхьэхэр, хуэпщыл1ынри щыуагъэшхуэщ. «Ар Алыхьыр зэрыпэжыращ, абым нэгъуэщ1ыу зэлъэ1ухэр псори пц1ыщ, Алыхьыр Аль-Гьэлий, Аль-Кэбир». [Аль-Хьэдж: 62].

    4 – Алыхьым и ц1эхэмрэ и сыфатхэмрэ уи ф1эщ пщ1ыныр:

    И мыхьэнэр: ахэр къыбгур1уэныр, зэбгъэщ1эныр, плъытэныр, абыхэмк1э Алыхьым ухуэл1ыщ1эныр, абыхэм ехьэл1а 1уэхугъуэхэм теухуауэ улэжьэныр. Алыхьым и щытык1э къызэрымык1уэхэр пщ1эным, абы и инагъым, и пагагъым, и ф1ыгъэм пщыл1хэм я гухэм пщ1эшхуэ из ящ1 Алыхьым хуэгъэзауэ.

    Алыхьым и щытык1эу къару, лъэк1ыныгъэ, тепщэныгъэ къэзыгъэлъагъуэхэм гухэр шынагъуэрэ зыгъэпудыныгъэрэ из ящ1 я Тхьэшхуэм и пащхьэм деж.

    Алыхьым и щытык1эу гущ1эгъуныгъэ, хьэлэлыгъэ, угъурлыгъэ къэзыгъэлъагъуэхэм гухэр хущ1экъу ящ1 Алыхьым и ф1ыгъэм.

    Алыхьым псори зэрищ1эмрэ зэрилъагъумрэ къэзыгъэлъагъуэ щытык1эхэм пщылъым зэхырагъащ1э я Тхьэшхуэм зэрилъагъу зэпытыр загъэхъейми, зыри ямыщ1эми.

    А щытык1эхэр псори зэгъусэу ф1ылъагъуныгъэ Алыхьым хуэгъэзауэ зэхыуагъащ1э, уи гум къагъэк1 зэпыт ар, абым ущыгугъыу уащ1, нэхъ благъэ а зыуэ гъусэ зимы1эм ухуэхъуным папщ1э ухуэпщыл1ыну ухуей уащ1.

    - Алыхьым езым щхьэк1э игъэпэжаращ дэри дгъэпэжыр, е и л1ык1уэм, гьэлейхи сэлям, абым щхьэ игъэпэжаращ ц1эхэмрэ сыфатхэмрэ щыщу. Ахэри, ахэм яхэлъ мыхьэнэхэри лъэужь епхахэри ди ф1эщ мэхъур.

    Ди ф1эщ мэхъур Алыхьым гущ1эгъу зэри1эр, абым къегъэлъагъуэ зыхуейм гущ1эгъу зэрыхуищ1ыр. Апхуэдэщ адрей ц1эуэ хъуами я 1уэхур. Догъэпэжыр ахэр Алыхьым и лъэгагъымрэ и щ1ыхьымрэ зэрыхуэфащэу, зыри зэдмыхъуэк1ыу, лей хэдмылъхьэу, зыми хуэдымгъадэу, зыми едымгъэщхьыу езы Алыхь лъап1эм зэрыжи1ам хуэдэу: «Щы1экъым зыри абым хуэдэу, ар Ас-Сэмигь, Аль-Бэсир». [Аш-Шура: 11].

    - Дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъу Алыхь закъуэм ц1э ф1ыщэхэмрэ щытык1э лъагэхэмрэ зэри1эр, абыхэмк1э зыхудогъазэр:

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым ц1э ф1ыщэхэр и1эщи абыхэмк1э зыхуэвгъазэ. Ик1и къэвгъанэ абым и ц1эхэр зи ф1эщ мыхъухэр, ящ1ам папщ1э я хьэкъыр ягъуэтынущ». [Аль-Агьраф: 180].

    2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, зэрыжи1эжам тету, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Алыхьым бгъущ1рэ бгъурэ ц1эуэ и1эщ, щэ зы хущыщ1эу, ахэр къэзылъытэр жэнэтым ихьэнущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[2].

    - Алыхьым и ц1эхэмрэ и сыфатхэмрэ ехьэл1а ф1эщхъуныгъэм и пкъыгъуэхэр:

    Алыхьым и ц1эхэмрэ и сыфатхэмрэ ехьэл1а ф1эщхъуныгъэр пкъыгъуищу зэхэтщ:

    Япэрауэ: Уафэхэмрэ щ1ымрэ къэзыгъэхъуар, абым и ц1эхэр, абым и щытык1эхэр къигъэхъуахэм хуэбгъэдэным пэжыжьэ зыщ1ын.

    Ет1ыуанэу: Алыхьым езым щхьэ къыднигъэсауэ, е бегъымбарым абым щхьэ къытхуи1уэтауэ хъуа ц1эхэмрэ щытык1эхэмрэ уи ф1эщ пщ1ыныр.

    Ещанэу: Алыхьым и ц1эхэмрэ и сыфатхэмрэ я щытык1эр зыхуэдэр къыбгур1уэн мурадыр пыупщ1ын. Езыр зыхуэдэр зэрыдмыщ1эм хуэдэу и ц1эхэмрэ и сыфатхэмрэ зыхуэдэри тщ1эну тлъэк1ынукъым. Алыхьым жи1ащ: «Щы1экъым зыри абым хуэдэу, ар Ас-Сэмигь, Аль-Бэсир». [Аш-Шура: 11].

    [1] - Бухъари (50); Муслим (8), псалъэхэр абым зэритхыжаращ.

    [2] - Бухъари (7392); Муслим (2677).