×
Къемэт махуэм и шынагъуэхэр... Щ1ымрэ уафэмрэ зызэрахъуэжынур Къемэт махуэм... Ц1ыхухэр здэщы1энур щ1ымрэ уафэхэмрэ зыщызэрахъуэк1ым... А щ1ып1эм хуабащэу зэрыщытынумрэ и шынагъуэмрэ... Алыхьым жьауэм щ1ихъумэнухэр а щытып1эм... Унафэр ищ1ыну Алыхьыр къызэрык1уэнур...

    Къемэт махуэм

    и шынагъуэхэр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси

    أهوال يوم القيامة

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي


    Къемэт махуэм и шынагъуэхэр

    - Къемэт махуэм и 1уэхур 1уэхушхуэщ, и шынагъуэхэр хуабжьу 1ейщ, ц1ыхухэр шынэмрэ гужьеигъуэмрэ еубыдхэр, залымыгъэ зезыхьахэм я нэхэр маплъэр, Алыхьым ищ1ащ ар му1минхэм щхьэк1э шэджагъуэмрэ ичындымрэ яку дэлъ уахътэм хуэдизу, ауэ джаурхэм илъэс мин тхущ1ым хуэдиз яхуищ1ащ. Абы и шынагъуэхэм щыщ:

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Бжьамийм зэ епщэгъуэ епщэу, щ1ыри къуршхэри къи1эту занщ1эу щызэхигъэлъалъэм, а махуэм къэхъуну иухар къэхъуауэ аращ. Уафэри зэгуэчынурэ а махуэм махэ хъунущ». (Аль-Хьакъэ: 13-16).

    2 – Ит1анэ Алыхьым жи1ащ: «Дыгъэр щызэрыпщхьэжк1э, вагъуэхэри щыунк1ыф1ыжк1э, къуршхэри я щ1ып1эм щик1ыжк1э, махъшэ лъхуэщ1ахэми щыщанэжк1э, хьэк1экхъуэк1эхэр гужьеяуэ къыщынэк1э, хыхэр маф1эу къыщызэщ1энэк1э». (Ат-Тэкуир: 1-6).

    3 – Алыхьым иджыри жи1ащ: «Уафэр щызэгуэчк1э, вагъуэхэр къыщелъэлъэхыжк1э, хыхэр къыщиук1э, кхъэхэми зыкъыщызэ1уахыжк1э». (Аль-Инфит1ар: 1-4).

    4 – Алыхьым жи1ащ: «Уафэр къыщычэк1э, и Тхьэм и унафэм щ1эту зэрыщытын хуейм хуэдэу, щ1ым зыщиубгъук1э, к1уэц1ылъыр зэуэ къызк1уэц1игъэк1ыу нэщ1 щыхъук1э, и Тхьэм и унафэм щ1эту зэрыщытын хуейм хуэдэу». (Аль-Иншикъакъ: 1-5).

    5 – Ит1ани Алыхьым жи1ащ: «Дунейкъутэжыр къыщыск1э, ар къызэрыхъуным пц1ы хэмылъу, игъэпуду ик1и игъэлъап1эу. Щ1ыр зджызджу щыуфафэк1э, къуршхэр къутэу щызэхэлъалъэк1э, ит1анэ сабэ щыхъужк1э». (Аль-Уакъигьэ: 1-6).

    6 – Ибн Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ мыпхуэдэу: «Къемэт махуэр нахуэу и пащхьэ илъым хуэдэу зылъагъуну хуейр иреджэр «Дыгъэр щызэрыпщхьэжк1э», «Уафэр щызэгуэчк1э», «Уафэр къыщычэк1э». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[1].

    Щ1ымрэ уафэмрэ зызэрахъуэжынур Къемэт махуэм:

    1 - Алыхьым жи1ащ: «Щ1ыр нэгъуэщ1 щ1ык1э, уафэхэри щызэрихъуэк1 махуэм псори Алыхь Закъуэу Лъэщым и пащхьэ иувэжынущ». (Ибрахим: 48).

    2 – Ит1ани Алыхьым жи1ащ: «А махуэм тхылъымп1э тхар зэраупл1энщ1ым хуэдэу уафэр дупл1энщ1ынущ. Япэм къызэрыдгъэщ1ам хуэдэу къэдгъэщ1ыжынущ. Абык1э къэдгъэгугъащ, ик1и дгъэзэщ1эжынущ». (Аль-1энбия1: 104).

    Ц1ыхухэр здэщы1энур щ1ымрэ уафэхэмрэ зыщызэрахъуэк1ым:

    Сэубан, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и мэулэ[2] жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и дежым сыщ1эту журтхэм я щ1эныгъэл1хэм щыщ къыщ1ыхьащ…» - абым хэту жи1ащ: «Журтым жи1ащ: «Дэнэ ц1ыхухэр здэк1уэнур щ1ымрэ уафэхэмрэ зыщахъуэжым?» Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Ахэр к1ыф1ым хэтынущ лъэмыжым и пэм». Нэгъуэщ1у къызэра1уэтэжым же1эр: «Лъэмыжым тетынухэщ». Муслим къи1уэтэжащ[3].

    А щ1ып1эм хуабащэу зэрыщытынумрэ и шынагъуэмрэ:

    Алыхьым къигъэщ1ахэр къигъэхъужа иужьк1э зы щ1ып1эм зэхуишэсынущ. Абдежым лъапц1эхэу, пц1анэхэу, суннэт мыщ1ауэ я унэфэр ищ1энущ. Дыгъэр а махуэм гъунэгъу хъунущ, пщ1ант1эпсри 1эфрак1э блыщ1ым и кууагъ хъууэ къахынущи ц1ыхухэр щ1ихъумэнущ ялэжьа 1уэхухэмк1э зэрахуэфащэу.

    1 – Микъдад бин Аль-1эсуэд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Дыгъэр ц1ыхухэм япэгъунэгъу хъунущ милэк1э. Ц1ыхухэри ялэжьахэмк1э зэрахуэфащэу пщ1ант1эпсым хэтынущ. Ахэм яхэтщ пщ1ант1эпсыр зи лъапщхьэм къэсар, яхэтщ зи лъэгуажьэм къэсар, яхэтщ зи бгым къэсар, яхэтщ пщ1ант1эпсым шхуэ1у зытрилъхьам хуэдэхэри». Жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын и жьэм и 1эмк1э тригъэлъэгъуащ». Муслим къи1уэтэжащ[4].

    2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым щ1ыр зэщ1иубыдэнущи Къемэт махуэм, уафэр зэк1уэц1ишыхьэжынущ и ижьымк1э, ит1анэ жи1энущ: «Сэращ Унэфэщ1ыр, дэнэ щы1э щ1ым и унэфэщ1хэр?» Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[5].

    Алыхьым жьауэм щ1ихъумэнухэр а щытып1эм:

    1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Блыр Алыхьым и жьауэмк1э щ1ихъумэнухэщ Езым и жауэм ф1эк1а жьауэ щыщымы1эну махуэм: имам захуэр, щ1эл1ащ1э и Тхьэм хуэпщыл1у къэхъуар, зи гур мэжджытым пыщ1а л1ыр, Алыхьым и ц1эк1э ф1ыуэ зэрылъэгъуа л1ит1ыр, Алыхьым и ц1эк1э зэхуэзэхэу ик1и зэбгъэдэк1ыжхэу, фыз дахэ ц1эры1уэм зыришэл1эну пылъа л1ы жызы1ар: «Сэ Алыхьым сыщошынэ», сэдэкъэ щэхуу зыта л1ыр и 1э сэмэгум имыщ1эу дапщэ ижьым итами, изакъуэу щысу Алыхьыр зигу къэзгъэк1ыжу зи нэпс къыщ1эк1а л1ыр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[6].

    2 – Гьукъбэ бин Гьамир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Ц1ыху къэс сэдэкъэуэ итам и жьауэм щ1этынущ ц1ыхум я унафэр ящ1эху». Ахьмэдрэ Ибн Хъузеймэрэ къа1уэтэжащ[7].

    Унафэр ищ1ыну Алыхьыр къызэрык1уэнур:

    Алыхь Лъап1эу Лъагэр Къемэт махуэм къэк1уэнущ унафэр ищ1ыну, ик1и абы и нурым щ1ыр къигъэунэхунущ, къигъэщ1ахэр игъэудэрэщхъуам хуэдэу хъунухэщ и Инагъым, и Лъап1агъым.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хьэуэ, щ1ыр щыкъуейуэ щылъэлъэжк1э, уи Тхьэмрэ мэлэ1ыч зэбгъурытхэмрэ къыщык1уэк1э». (Аль-Фэджр: 21-22).

    2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Мусэ и пэ сивмыгъэщ, сыту жып1эмэ, ц1ыхухэр Къемэт махуэм удэрэщхъуэнущи сэри ахэм сахэтынущ, япэрейуэ зыкъэсщ1эжынущи Мусэ Гьэршым и джабэм и 1эр телъу къэслъэгъунущ, ик1и сщ1экъым, ар удэрэщхъуахэм яхэту си япэ зыкъищ1эжа, е Алыхьым хиубыдык1ахэм ящыщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[8].

    [1] Сэхьихь, Ахьмэд (4806), Ат-Тирмизи (3333).

    [2] Пщыл1у щытауэ яут1ыпщыжаращ мэулэк1э зэджэр.

    [3] Муслим (315), Гьа1ишэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжар (2791).

    [4] Муслим (2864).

    [5] Аль-Бухъари (7382), Муслим (2787).

    [6] Аль-Бухъари (660), Муслим (1031).

    [7] Сэхьихь, Ахьмэд (17333), Ибн Хъузеймэ (2431).

    [8] Аль-Бухъари (2411), Муслим (2373).