×
1. Мыр япэрей дэрсщ Аль-1эрбэгьин Ан-Нэуэуием и шэрхьым. Щ1эныгъэм топсэлъыхь: и ф1ыгъэм, и хьукмым, и щыхьэтлыкъхэм. Ит1анэ дэрсым и к1эм упщ1эхэм я жэуапхэр иритыжащ. 2. Мыр ет1уанэ дэрсщ. Щ1эныгъэм и 1эдэбым, щ1эныгъэр зэбгъэгъуэтыным и мыхьэнэм, япэм псэуахэм я хъыбархэр, щ1эныгъэр зэгъэгъуэтыным хэлъын хуей гукъэбзагъэр, щ1эныгъэр зэзыгъэгъуэтым и пагагъэр, щ1эныгъэр зэгъэгъуэтыным и нэщэнэхэр. Ик1эм упщ1эхэм я жэуап иритыжащ. 3. Ещанэрей дэрс. Щ1эныгъэм зэран хуэхъур, щ1эныгъэл1хэм пщ1э хуэщ1ыныр, щ1эныгъэ зэзыгъэгъуэтым хэлъын хуей 1эдэбыр, Ан-Нэуэуий и пэщ1эдзэр. 4. Ан-Нэуэуий и пэщ1эдзэр, Алыхьым и ц1эрэ и сыфэт зыбжанэрэ я мыхьэнэр, щыхьэтым и мыхьэнэр, сэлэуат къэхьыным и мыхьэнэр, Алыхьыращ ф1ыщ1эр зыбгъэдэлъыр псалъэхэм я мыхьэнэр. 5. Ниетым и хьэдисым и мыхьэнэр, ниетым къик1ыр, ниетым и теплъэхэр, фикъхым ниетыр зэригъэзащ1эр, Аль-Бухъарирэ Муслимрэ ятепсэлъыхьащ. 6. Ниетым и хьэдисым и мыхьэнэр, щапхъэхэр, 1умм Къейс и мухьэжырым и хъыбар, хиджрэр зэрызэтек1ыр, ниетым теухуауэ уаз. 7. Джибрил и хьэдисым и мыхьэнэр, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, к1элъызехьэн хуей 1эдэбыр, Алыхьыр, мэлы1ычхэр, уи ф1эщ хъуным къик1ыр, мэлэ1ычхэр зэрызэтек1ыр, Тхылъ къехахэр уи ф1эщ хъуным къик1ыр 8. Джибриль и хьэдисым и мыхьэнэр, Ахърэтыр уи ф1эщ хъуным къик1ыр, Ахърэтым и шынагъуэхэр, к1элъык1уэным къик1ыр, мэзхэбхэм я 1уэхур.