×
Къэдырыр уи ф1эщ хъуныр иманым и пкъыгъуэхэм щыщ зыщ, ар хэмыту пщыл1ым и иманыр къабыл хъукъым. Къэдырым и мыхъэнэр, и щэхур, ар щыхьэту къэпхьыныр, щхьэусыгъуэхэр пщ1ыныр, пщыл1хэм я 1уэхухэр, дунеймрэ шэрихьэтымрэ епха 1уэхухэр, къэдырыр уи ф1эщ хъуным къихьыр.

    Къэдырыр уи ф1эщ хъуныр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси

    الإيمان بالقدر

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي

    Къэдырыр уи ф1эщ хъуныр

    Къэдырыр: ар Алыхь Лъап1эм псори зэрищ1эращ, къигъэхъуну зыхуейуэ хъуари е къэхъуну зыхуейуэ хъуари къигъэщ1ахэм щыщу, е дунейхэм щыщу, е къэхъукъащ1эхэм щыщу, е сытым щыщу зыгуэри. Ахэр зэрыщытыным хуэдэу игъэпсри Ал-Лэухь Ал-Мэхьфузым иритхэжащ.

    Къэдырыр Алыхьым ящиубзыщ1ащ къигъэхъуауэ хъуам, нэхъ пэблагъэ мэлэ1ычи, бегъымбар къигъэк1уаи абым щыгъуазэ ищ1акъым.

    Къэдырыр уи ф1эщ хъуныр: ар быдэу уи ф1эщ хъунращ ф1ыуи 1ейуи къэхъур псори Алыхь Лъап1эм зэриухар, зэрыхуейуи зэригъэпсар. Алыхь Лъап1эм жи1ащ абым теухуауэ: «Дэ сыт ищ1ысри къызэрыдгъэщ1ар зэрыщытын хуейм хуэдэущ». (Ал-Къэмэр: 49).

    Къэдырыр уи ф1эщ хъуныр зэрызэхэт пкъыгъуэхэр:

    Къэдырыр уи ф1эщ хъуным 1уэхугъуипл1 ехьэл1ащ:

    1 - Быдэу уи ф1эщ хъуныр Алыхь Лъап1эм псори зэрищ1эр зэрыпсоуэ ик1и зэпкъырыхауэ: ар Езым ищ1эм ехьэл1а ирехъу: къэгъэхъун хуэдэу, зэгъэзэхуэн хуэдэу, псэ хэлъхьэн хуэдэу, псэ хэхын хуэдэу, абыхэм нэгъуэщ1хэри; е къигъэщ1ахэм ящ1эхэм ехьэл1а ирехъу: ц1ыхухэм я псалъэхэр, я лэжьыгъэхэр, я щытык1эхэр, е хьэк1экхъуэк1эхэм, къэк1ыгъэхэм, псэ зы1умытхэм я щытык1эхэр. Сытри Алыхьым ещ1эр зэрыжи1ам хуэдэу: «Алыхьыращ къэзыгъэщ1ар уафиблрэ апхуэдиз щ1ырэ. Унафэри абыхэм я зэхуакум щохыр фщ1эн папщ1э Алыхьым сытри зэрыхузэф1эк1ыр. Алыхьым и щ1эныгъэм сытри зэщ1еубыдэр». (Ат1-Т1элакъ: 12).

    2 - Быдэу уи ф1эщ хъуныр Алыхь Лъап1эм псори зэрыщытынур Ал-Лэухь Ал-Мэхьфузым зэрыритхар: къигъэщ1ахэри, щытык1эхэри, ерыскъыри.

    Итхащ и инагъыр, и щытык1эр, и уахътэр, и щ1ып1эр, зихъуэжкъым ик1и зызэблихъукъым, нэхъыби нэхъ мащ1и хъукъым Алыхь Лъап1эм и унафэк1э ф1эк1а.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ат1э уэ пщ1эркъэ уафэми щ1ылъэми щы1эм Алыхьыр зэрыщыгъуазэр, ахэр Тхылъым итщ, ар Алыхьым дежк1э псынщ1эщ». (Ал-Хьэдж: 70).

    2 – Гьэбдуллах бин Гьэмр бин Аль-Гьас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, къи1уэтэжащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Алыхьым итхащ къигъэщ1ахэм я къэдырыр уафэхэри щ1ыри къигъэхъуным ипэ илъэс мин пщык1утхук1э. Жи1ащ: «И Гьэршыр псым тетщ». Муслим къи1уэтэжащ[1].

    3 - Быдэу уи ф1эщ хъуныр къигъэхъуахэр псори зэрыщымы1энутэр Алыхьыр хуэмеятэмэ.

    Алыхьыр щыхуейк1э сыт ищ1ысри къыщыхъур, Алыхьыр зыхуейр къохъур, зыхуэмейр къэхъукъым. Ар Езым ищ1эм ехьэл1а ирехъу: къэгъэхъун хуэдэу, зэгъэзэхуэн хуэдэу, псэ хэлъхьэн хуэдэу, псэ хэхын хуэдэу, абыхэм нэгъуэщ1хэри; е къигъэщ1ахэм ящ1эхэм ехьэл1а ирехъу: ахэм я лэжьыгъэхэр, я псалъэхэр, я щытык1эхэр.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Уи Тхьэм зыхуейр къегъэщ1 ик1и къыхех». (Ал-Къэсэс: 68).

    2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Алыхьым зыхуеиращ ищ1эр». (Ибрахим: 27).

    3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Уи Тхьэр хуеямэ, абыхэм ар ящ1энутэкъым». (Ал-1энгьам: 112).

    4 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ иджыри: «Фэ фщыщу хуейхэр еузэщ1. Фэ фызыхуейракъым хъунур, Алыхьу дуней псом я Тхьэр зыхуейращ». (Ат1-Т1арикъ: 28-29).

    4 - Быдэу уи ф1эщ хъуныр Алыхь Лъап1эм псори къызэригъэхъуар. Щы1эу хъуар къигъэщ1ащ: езыри, и теплъэхэри, илъэжьри. Абым нэгъуэщ1 къэзыгъэщ1 щы1экъым, Абым нэгъуэщ1 тхьэи щы1экъым.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьыр сыт ищ1ысми я къэгъэщ1ак1уэщ, сыт ищ1ысми я унафэщ1щ». (Аз-Зумар: 62).

    2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Дэ сыт ищ1ысри къызэрыдгъэщ1ар зэрыщытын хуейм хуэдэущ». (Аль-Къэмэр: 49).

    3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Фэри, фэ фщ1эхэри Алыхьыращ фыкъэзыгъэщ1ар». (Ас-Сафат: 96).

    - Къэдырым и щэхур:

    Алыхьым ищ1эхэми, и унафэхэми, и къэдырыми къигъэщ1ауэ хъуам щхьэк1э сэбэп хэлъщ, мыхьэнэшхуи и1эщ: ф1ыуэ ищ1эхэм Лъап1эу Лъагэм къегъэлъагъуэр Абы и гущ1эгъуныгъэр. Я хьэкъыр яригъэгъуэту и лъэщыгъэм къыхэк1ыу ищ1эм къегъэлъагъуэр и губжьыр. Щабагъэрэ пщ1эрэ хэлъу ищ1эм и ф1ылъагъуныгъэр къегъэлъагъуэр. Гъэпудыныгъэрэ гъэц1ык1унымрэ хэлъу ищ1эм къегъэлъагъуэр ф1эмыф1ымрэ ф1ыуэ имылъагъумрэ. Къигъэщ1ахэм зыгуэр яримыту ит1анэ зэрыщыту яритыжым къегъэлъагъуэр ахърэтыр зэрыщы1эр.

    - Къэдырыр зэрызэхэтыр:

    Алыхь Лъап1эу Лъагэм и къэдырхэм т1ууэ загуэш:

    Япэрейуэ: Алыхьым мы дунейм иригъэк1уэк1 1уэхугъуэхэращ: къэгъэщ1ыныр, ерыскъы тыныр, псэ хэлъхьэныр, псэ хэхыныр, зэгъэзэхуэныр, зэхэгъэк1ыныр, абым нэгъуэщ1 дуней 1уэхухэри.

    А къэдыр мыхьэнэшхуэ зи1эхэр Алыхьым ди пащхьэм щызэрегъак1уэр, Алыхьым и Лъэщыгъэр абык1э къыдгур1уэн папщ1э, и мылъкумрэ и зэф1эк1ымрэ я инагъыр къыдгур1уэну, и щ1эныгъэм псори зэрызэщ1иубыдэр къыдгур1уэн папщ1э. Ар зэуэ къыдгуры1уэмэ, Алыхь Лъап1эр ди ф1эщ хъунущ, дыхуэжы1эщ1энущ, дыхуэпщыл1ынущ. Алыхь Лъап1эм жи1ащ абым теухуауэ: «Алыхьыращ къэзыгъэщ1ар уафиблрэ апхуэдиз щ1ырэ. Унафэри абыхэм я зэхуакум щохыр фщ1эн папщ1э Алыхьым сытри зэрыхузэф1эк1ыр. Алыхьым и щ1эныгъэм сытри зэщ1еубыдэр». (Ат1-Т1элакъ: 12).

    Ет1уанэу: Алыхьым ц1ыхухэм ф1ыми 1ейми щыщу як1элъызэрихьэращ, ар ц1ыхум илэжьам къыхок1ыр: иман къэзыхьу ф1ым тетахэр Алыхьым мы дунейм егъэгуф1эр, ит1анэ и псэр щыхэк1ым идеж и гуф1эгъуэм хегъахъуэр, ит1анэ кхъэм и гуф1эгъуэр хегъахъуэр, ит1анэ и гуф1эгъуэр щыщ1эншэ мэхъур жэнэтым щихьэм идеж. Абым теухуауэ Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хулъхугъэми бзылъхугъэми иман зи1эу ф1ы зыщ1ар дахэу дгъэпсэунущ, ик1и Дэ яхуэтщ1ыну тыгъэр езыхэм къалэжьам пэк1уэм нэхърэ нэхъыф1ыжщ». (Ан-Нэхьл: 97).

    Ауэ Алыхьыр зи ф1эщ мыхъуу емыда1уэм мы дунейм насыпыншагъэщ илъагъунур, ит1анэ и насыпыншагъэр и псэр щыхэк1ым идеж хэхъуэнущ, ит1анэ и хьэзабыр кхъэм щыхэхъуэнущ, ит1анэ хьэзабыр жыхьэнэмэм щыхыхьэк1э ирикъуа хъунущ щыщ1э имы1эжу. Алыхь Лъап1эм абым теухуауэ жи1ащ: «1ей зыщ1ам къыпэк1уэращ къратыжынур, Алыхьым нэмыщ1и абы телъхьи дэ1эпыкъуэгъуи игъуэтынукъым». (Ан-Ниса1: 123).

    Алыхьым и къэдырыр ц1ыхум ф1ыуэ е 1ейуэ ищ1эм, да1уэныгъэу е мыхъуну ищ1ам теухуауэ къок1уэр, ауэ ц1ыхум я нэхъыбэм ящ1экъым а къэдырхэм я щэхур. Аращ гугъуехьхэр мыхъумыщ1эхэм щ1ытезэрыхьыр, ахэр зэхагъэк1ыну къигъэщ1ахэм зыхуагъазэр, ауэ нэхъ мащ1э хъукъым, нэхъыбэжу къатехъуэ ф1эк1а.

    Пэжыр аращи, ахэр зэхагъэк1ынур езыхэм я 1эмыщ1эм илъщ, Алыхьым ц1ыхухэм я щытык1эр ихъуэжкъым езыхэм я щытык1эхэр ямыхъуэжу. Джаурыгъэр иманк1э ихъуэжмэ, мыхъумыщ1агъэр да1уэныгъэк1э ихъуэжмэ, 1ейуэ хущытыныр ф1ыуэ дызек1уэнк1э ихъуэжмэ Алыхьым я щытык1эр псынщ1э дыдэу зэрихъуэк1ынущ. Ауэ ф1ыр 1ейк1э ихъуэжмэ я гуэныхьхэм къыпэк1уэ хьэзабыр ятрилъхьэнущ. Алыхьым жи1ащ абым теухуауэ: «Аращ, жылэм къазэрыхуэупса ф1ыгъуэр Алыхьым зэрихъуэк1ыжынукъым, езыхэм я гум илъыр ямыхъуэжу. Алыхьым зэхех, ещ1э». (Ал-1энфал: 53).

    Къэдырыр щыхьэту къэхьыныр

    - Алыхьым ц1ыхум хуигъэфэща къэдырхэмрэ яхуиухамрэ т1ууэ загуэш:

    1 - Алыхьым иухар ик1и къэдыру итхар 1уэхухэм е щытык1эхэм щыщу ц1ыхум и лъэк1ыныгъэм хэмыхьэхэр:

    Ц1ыхум езым ехьэл1а ирехъу ар: лъагэу е лъахъшэу щытыныр, зэк1ужу е теплъэгъуейуэ щытыныр, псэ къыщыхыхьэнымрэ щыл1энумрэ. Е (ц1ыхур) хуейми хуэмейми къыщыщ1хэрауэ ирехъу: гугъуехьхэр, узхэр, мылъку щыщ1эр, е л1эныгъэхэр, е зэлэжьа къэк1ыгъэхэм щыщ1эныр, нэгъуэщ1 гугъуехьхэри пщыл1ым зэм тезыру къыхуэк1уэхэр, зэм иуплъэк1уным папщ1э къыхуигъак1уэхэр, зэм и увып1эр дригъэк1уеину къыхуигъак1уэхэр.

    А 1уэхугъуэ ц1ыхум и хуеиныгъэ хэмылъу къыщыщ1хэм папщ1э къеупщ1ыжынукъым, ик1и ялъытэнукъым. Къытехуэр быдэу и ф1эщ хъуныращ ахэр зэуэ Алыхьым хуиухауэ и къэдырк1э къызэрыхъур, шэчыныгъэ зыхигъэлъу арэзыуэ ахэр къищтэн хуейщ. Сыт хуэдэ 1уэхугъуэ мы дунейм къэмыхъуми, Алыхьышхуэ Лъап1эу Лъагэм и щ1эныгъэм щ1этщ ар.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зы лажьи щ1ым къыщыхъунукъым, фэри къыфтепсыхэнукъым, ар къэдгъэхъун ипэк1э Тхылъым имытауэ. Ар Алыхьым дежк1э псынщ1эщ». (Ал-Хьэдид: 22).

    2 – Ибн Гьэбас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, иужьым сису зы махуэ гуэрым жи1ащ: «Уэ щ1алэ, псалъэ гуэрхэр уэзгъэщ1энущ: «Алыхьыр пхъумэмэ уихъумэжынщ, Алыхьыр пхъумэмэ зыздэбгъазэмк1э бгъуэтынщ. Улъа1уэмэ Алыхьым елъэ1у, дэ1эпыкъуэгъу ухуеймэ Алыхьыр уи дэ1эпыкъуэгъу щ1ы». Зэгъащ1э, 1умэтыр зэхыхьэу ф1ы гуэрэ къыпхуащ1эну хуеймэ, Алыхьым къыпхуитхам ф1эк1а къыпхуащ1эфынукъым. Ик1и 1умэтыр зэхыхьэу зыгуэрк1э зэран къыуахыну хуейхэмэ, Алыхьым къыпхуитхам ф1эк1а къыуащ1эфынукъым. Къэлэмхэр[2] къа1этыжащ, тхахэри гъущыжащ». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[3].

    3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Алыхь Лъап1эу Лъагэм жи1ащ: «Ц1ыхум лей къызехыр гъащ1эр щиубк1э Сэращи гъащ1эр, унафэр Си 1эмыщ1э илъщ, жэщымрэ махуэмрэ зызохъуэк1ыр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[4].

    2 – Алыхьым иухар ик1и къэдыру итхар ц1ыхум и зэф1эк1ым къихь 1уэхухэм щыщу, Алыхьым къырита акъылым, къарум, зэхэщ1ык1ыныгъэм къырик1уэхэр: иманыр е джаурыгъэр, да1уэныгъэр е мыхъумыщ1агъэр, ф1ыуэ е 1ейуэ щытыныр.

    Мы 1уэхухэмк1и, мыбыхэм хуэдэ нэгъуэщ1хэмк1и ц1ыхум къеупщ1ыжынущ, абым елъытауэ псапэ е тезыр игъуэтынущ. Сыту жып1эмэ, Алыхьым л1ык1уэхэр къигъэк1уащ, Тхылъхэр къыригъэхащ, захуэмрэ гъуэщэныгъэмрэ игъэунэхуащ, иманымрэ да1уэныгъэмрэ зэрыхущ1экъуну ищ1ащ, джаурыгъэмрэ мыхъумыщ1агъэхэмрэ зыщахъумэну ищ1ащ, ц1ыхум акъыл иритащ, хэдэнуи лъэк1ыныгъэ иритащ. Аращи, къыхихам елъытауэ зыхуейм тетщ. Гъуэгуит1ым щыщу сыт хуэдэр къыхимыхами Алыхьыр зыхуейращ зытетыр, сыту жып1эмэ, Алыхьым и 1эмыщ1эм илъу хъуам зыри къыщыхъукъым Езым имыщ1эу ик1и хуэмейуэ.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Яже1э: «Пэжыр къызыбгъэдэк1ыр фи Тхьэращ: хэт хуейми иман къырехь, хуэмейми къыремыхь». (Ал-Кэхф: 29).

    2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ф1ы зыщ1эм и щхьэм хуещ1эж, 1ей зыщ1эм и щхьэм тохуэж, уи Тхьэм и пщыл1хэм залымыгъэ ярихкъым». (Фусылэт: 46).

    3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Джаурым и джаурыгъэр къытехуэжынущ, ф1ы зыщ1ахэми я щхьэм хуащ1эж». (Ар-Рум: 44).

    4 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ иджыри: «Мыр дунейхэм зэраущийщ, зыхуейхэр фэ фщыщу еузэщ1ыр. Фэ фызыхуейракъым хъунур, Алыхьу дунейхэм я Тхьэр зыхуейращ». (Ат-Тэкуир: 27-29).

    - Къэдырыр щыхьэту къэпхь щыхъунур:

    1 – Хъунущ къэдырыр щыхьэту ц1ыхум къихь гугъуехьхэм щыгъуэ япэрей 1ыхьэм къызэрыгъэлъэгъуауэ. Ц1ыхур сымаджэ хъуамэ, дунейм ехыжамэ, езым и лъэк1ыныгъэ хэмылъу гугъуехьхэр къытезэрыхьамэ Алыхьым хуиуха къэдырым хуихьу жи1э хъунущ: «Алыхьым къэдырыр итхри зыхуейр ищ1ащ». Ик1и шэчыныгъэ зыхигъэлъу хуэлъэк1мэ арэзыныгъи и гум илъын хуейщ псапэ къилэжьыным папщ1э. Алыхь Лъап1эм жи1ащ абым теухуауэ: «Шэчыныгъэ зыхэлъхэр гъэгуф1э. Абыхэм гугъуехь къащытехуэк1э жа1эр: «Ипэжып1эк1э Алыхьыращ дызейри, дызэк1уэл1эжынури аращ». Ахэращ я Тхьэм и сэлятхэмрэ и гущ1эгъумрэ зылъысыр, ахэращ захуагъэм тетхэр». (Аль-Бэкъэрэ: 155-157).

    2 – Хъунукъым къэдырыр щыхьэту ц1ыхум къихь мыхъумыщ1агъэхэр щищ1эк1э, е и пщэм дэлъыр имыгъэзащ1эу къыщигъанэк1э, е хьэрэмхэр щигъахъэк1э. Сыту жып1эмэ, Алыхьым дыхуэжы1эщ1эну унафэ къытхуищ1ащ, мыхъумыщ1агъэхэм пэжыжьэ зытщ1ынуи унафэ къытхуищ1ащ. Ит1ани унафэ къытхуищ1ащ лэжьыгъэхэр длэжьыну къэдырым дыщыгугъыу дыкъэмынэу.

    Къэдырыр зыгуэрым щхьэк1э щыхьэту къэпхь хъунутэмэ, л1ык1уэхэр зи ф1эщ мыхъуахэм Алыхьым хьэзаб ятрилъхьэнутэкъым Нухь и лъэпкъым хуэдэу, е Гьадым, е Сэмудым, нэгъуэщ1хэми хуэдэу. Ик1и тезыр тралъхьэну унафэ ищ1ынутэкъым мыхъунхэр зыщ1ахэм.

    Ик1и къэдырыр мыхъумыщ1агъэхэр зыщ1эхэм я щыхьэту зыбжу, абым къыхэк1у гиенымрэ тезырымрэ ящхьэщыха хъуауэ зыбжым, езым мыхъумыщ1агъэ къыращ1эмэ емыгиеу тезыр тыремылъхьэ, ф1ыуэ къыхущытымрэ 1ейуэ къыхущытымрэ зэхуэдэ ирещ1. Ар гъуащэныгъэщ.

    - Щхьэусыгъуэхэр щ1ыным и хьукмыр:

    Алыхьым къэдыру ф1ыми 1ейми ц1ыхум хуитхам щхьэусыгъуэхэр и1эщ. Ф1ым и1эщ щхьэусыгъуэхэу иманымрэ жы1эщ1энымрэ. 1ейми и1эщ щхьэусыгъуэхэу джаурыгъэмрэ мыхъумыщ1агъэхэмрэ.

    Ц1ыхум ищ1эр Алыхьым хуитха къэдырым щ1эт хуеиныгъэращ къызхэк1ыр, Алыхьым къыхихыну хуитыныгъэу къыритаращ къызэрыхихыр. Алыхьым хуитхам ик1и къадыру хуиухам насыпыф1агъэу е насыпыншагъэу ц1ыхур нэсынукъым а щхьэусыгъуэхэр имыщ1эу Алыхьым къыхихыну къырита хуитыныгъэм щ1эту. Аращи, жэнэтым ихьэным щхьэусыгъуэхэр и1эщ умыщ1э мыхъуну, жыхьэнэмэм ухыхьэнми щхьэусыгъуэхэр и1эщ къэгъэнэн хуейуэ.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абым гъусэ хуэзыщ1ахэм жа1энущ: «Алыхьыр хуеятэмэ, дэри, ди адэхэми Абы гъусэ хуэтщ1ынтэкъым ик1и зыри хьэрэм тщ1ынутэкъым». Абыхэм япэк1э щы1ахэми апхуэдэ къабзэу пц1ы яупсу щытащ Ди хьэзабыр къатехуэху. Жы1э: «Щ1эныгъэм щыщ гуэр фи1эу ара къытхуифхыну (мы жыф1эр)? Къыфф1эщ1хэм яужь фиту аращ, пц1ы къэвгупсыс къудейщ». (Ал-1энгьам: 148).

    2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ фыхуэжы1эщ1э, гущ1эгъу къыфхуищ1ынщ». (Алэ Гьимран: 132).

    3 – Алий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Зыри къыфхэткъым и щ1ып1эр жэнэтымрэ жыхьэнэмэмрэ щамыгъэунэхуауэ». Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, арамэ сыт гугъу зыщ1едгъэхьыр? Абым дыщыгугъмэ ирикъукъэ?» Жи1ащ: «Хьэуэ, фыщ1э, дэтхэнэми зыхуэгъэщ1ар хуэгъэпсынщ1ащ». Ит1анэ къеджащ: «Ат1э (сэдэкъэ) зыту, Алыхьым щышынэу, ф1ыр (жэнэтыр) зи ф1эщ хъуар нэхъ псынщ1эм хуэтшэнущ. Ауэ нэпсейуэ, (Алыхьым) хуэмыныкъуэу, ф1ыр (жэнэтыр) пц1ыуэ зыбжар нэхъ хьэлъэм хуэтшэнущ[5]». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[6].

    - Къэдырым къэдырк1э упэувыныр шэрихьэтым къызэрык1уэр:

    1 – Къэдыр щхьэусыгъуэ гуэрхэр сэбэп хъууэ, къэхъуам упэувыныр нэгъуэщ1 щхьэусыгъуэхэр сэбэп зыхуэхъуа къэдырк1э. Псалъэм папщ1э бийм узэрыпэувыр зауэк1э, е хуабэмрэ щ1ы1эмрэ уазэрыпэувыр, нэгъуэщ1 абыхэм хуэдэхэри.

    2 – Къэхъуу зэф1эк1а къэдырым нэгъуэщ1 къэдырк1э упэувыныр ар зэрихъуэк1ыу ик1и 1уихыжу. Псалъэм папщ1э сымаджэ узэрыхъуа къэдырым хущхъуэ зэхьэл1эн къэдырк1э упэувыныр, е гуэныхь къызэрыбгъэхъа къэдырым тобэ къызэрыпхьыж къэдырк1э упэувыныр, е 1ейуэ хущытын къэдырым ф1ыуэ хущытын къэдырк1э упэувыныр, нэгъуэщ1хэри апхуэдэурэ.

    - Алыхьым и хуеиныгъэм сытри хеубыдэр:

    Ф1ы е 1ей ищ1эным пщыл1ым къик1къым ахэр Алыхьым къимыгъэхъуауэ ик1и къимыгъэщ1ауэ. Алыхьыращ псори къэзыгъэхъуар, ц1ыхури, абым илэжьри къигъэхъуахэм хохьэр. Ауэ Алыхь Лъап1эу Лъагэм и хуеиныгъэр щыхьэт хуэхъукъым и арэзыныгъэм.

    Апхуэдэу, джаурыгъэри, мыхъумыщ1агъэри, мыдэ1уэныгъэри Алыхьым и хуеиныгъэк1э щы1эхэщ, ауэ Алыхьым ахэр ф1ыуэ илъагъукъым, ик1и хуэарэзыкъым, ик1и ахэр ящ1эну унафэ ищ1къым. Ат1э ахэр илъагъу мыхъуу, пэжыжьэ защ1ыну унафэ ещ1ыр. Зыгуэр илъагъу мыхъуу, ф1эмыф1у щытмэ къик1къым ар Алыхьым и хуеиныгъэм хэмыхьэу, Абы и хуеиныгъэм сытым и къэгъэщ1ынри хохьэр. Алыхьым къигъэщ1ауэ хъуам мыхьэнэ зыхуейр хэлъщ, Абы и мылъкум щ1этымрэ къигъэщ1амрэ я щытык1эм зэрык1элъыплъым къыхэк1ыу.

    - Ц1ыхум я нэхъыф1 дыдэр:

    Ц1ыхухэм щыщу нэхъыф1 дыдэр Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ ф1ыуэ ялъагъур зылъагъухэращ, Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ ялъагъу мыхъур зылъагъу мыхъухэращ. Абым нэгъуэщ1у зыри ф1ыуэ ялъагъукъым, ик1и ялъагъу мыхъуу щыткъым. Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ ящ1а унафэращ езыми ящ1ыр, абым нэгъуэщ1 унафэ ящ1къым.

    Муслъымэныр мы дунейм тхум яку дэтщ:

    Алыхьым и унафэхэм щыщыр егъэзащ1эр, абым мыхъуну жыхуи1ам пэжыжьэ зещ1, къэдырым хуэарэзыщ, ф1ыуэ къыритым папщ1э Алыхьым ф1ыщ1э хуещ1, гуэныхь ищ1ахэм щхьэк1э Алыхьым йолъэ1ур хуигъэгъуну.

    - Алыхьым и къэдырым ухуэарэзыныр:

    Къэдырым ухуэарэзыным щыуэ зегуэш:

    1 – Унафэхэм ухуэарэзыныр, ар уаджибщ[7].

    2 – Гугъуехьхэм ухуэарэзыныр, ар мустэхьэбщ[8].

    3 – Джаурыгъэр, мыхъумыщ1агъэр, мыда1уэныгъэр, мыхэм ухуэарэзыну щыткъым, ат1э унафэ къытхуищ1ащ ахэм дахуэмыарэзыну, дахуэгубжьыну. Сыту жып1эмэ, Алыхьым ахэр ф1ыуэ илъагъукъым ик1и хуэарэзыкъым, ауэ ф1ыуэ илъагъум дыхуешэр[9]. Псалъэм папщ1э шейт1анхэр къызэригъэхъуам хуэдэу. Дэ Алыхьым къигъэщ1ам дыхуэарэзыщ, ауэ зыщ1эхэри ящ1эхэри дэгъуэкъыми дахуэарэзыкъым, ик1и ф1ыуэ тлъагъухэкъым.

    1уэхугъуэ гуэрыр зы лъэныкъуэк1э ф1ыуэ дылъагъуу, нэгъуэщ1 лъэныкъуэк1э тлъагъу мыхъуу мэхъур хущхъуэ дыджым хуэдэу. Ар ди гум ирихькъым, ауэ зыхуишэр ф1ыуэ тлъагъуращ. Алыхьым дыхуэзышэ гъуэгур дгъарэзыныращ ф1ыуэ илъагъухэмрэ зыхуэарэзыхэмрэ дыщ1эурэ, нэхъ къэхъуу хъуам дыхуэарэзыуэ дыщытыныракъым. Ик1и унафэ къытхуищ1акъым иухауэ хъуамрэ къэдыру хъуамрэ дыхуэарэзыуэ дыщытыну. Дэ ди пщэм дэлъыр Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ арэзыуэ дызхущытыну унафэ къытхуащ1ауэ хъуам дыхуэарэзыну.

    - Алыхьым иухауэ хъуам ф1ыми 1ейми лъэныкъуит1 и1эщ:

    Зыр: ар Алыхьым епхауэ Абым хуэпхьыращ. Мы лъэныкъуэмк1э пщыл1ыр абым хуэарэзыщ, ик1и Алыхьым иухар псори ф1ыщ, захуагъэщ, 1ущыгъэщ.

    Ет1уанэр: ар пщыл1ым епхауэ абы хуэпхьыращ. Абым дызхуэарэзыхэр хэтщ иман, хуэпщыл1ын хуэдэхэу, ик1и дызхуэмыарэзыхэри хэтщ джаурыгъэрэ мыхъумыщ1агъэрэ хуэдэу. Апхуэдэ къабзэу Алыхьри абыхэм хуэарэзыкъым, ф1ыуэ ахэр илъагъукъым, ик1и ахэр тщ1эну унафэ къытхуищ1къым.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Уи Тхьэм зыхуейр къегъэщ1 ик1и къыхех: ахэр хэдэну хуитхэкъым. Алыхьыращ Лъап1эр, гъусэ хуащ1у хъуам нэхъри нэхъ Лъагэщ». (Ал-Къэсэс: 68).

    2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Фэ фи ф1эщ мыхъуми Алыхьыр къыфхуэныкъуэкъым ик1и и пщыл1хэм щхьэк1э джаурыгъэм хуэарэзыкъым. Ауэ ф1ыщ1э хуэфщ1мэ арэзы къыфхуэхъунущ». (Аз-Зумар: 7).

    3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Фэри, фэ фщ1эхэри Алыхьыращ фыкъэзыгъэщ1ар». (Ас-Сафат: 96).

    - Ц1ыхухэм я 1уэхухэр къэгъэщ1ащ:

    Алыхь Лъап1эу Лъагэм и пщыл1ыр къигъэщ1ащ, абым и лэжьыгъэхэри къигъэщ1ащ, ар ищ1эт, ик1и къэхъун ипэк1э итхащ. Пщыл1ым ф1ыми 1ейми ищ1эр къытхущ1егъэщыр Алыхьым ищ1эу, къигъэщ1у итхар. Алыхьым зэрищ1эр и пщыл1ым и 1уэхухэр щ1эныгъэ зэщ1эзыубыдэщ. Алыхьым сыт ищ1ысри и щ1эныгъэм зэщ1еубыдэр, сабэм и 1ыхьэ нэхъ мащ1э дыдэри щ1ыми уафэми щы1эми абы и нэ1эм щ1эк1къым.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Фэри, фэ фщ1эхэри Алыхьыращ фыкъэзыгъэщ1ар». (Ас-Сафат: 96).

    2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Щэхум и 1унк1ыбзэр Аращ зы1эщ1элъыр, Абым и закъуэщ ар зыщ1эр. Абы ещ1э щ1ыми хыми щы1эр, тхьэмпи къыпыхукъым Абы имыщ1эу, щ1ы ф1ыц1эм зы жыли хэлъкъым, зы ц1ынагъи зы гъури щы1экъым Тхылъ Убзыхуам имыту». (Ал-1энгьам: 59).

    3 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ ит1ани: «Сыт хуэдэ 1уэху упылъми, Къур1эным щыщ сыт уеджэми, сыт хуэдэ 1уэху влэжьми – Дэ сытым щыгъуи щыхьэту дыви1эщ. Уафэми щ1ылъэми щыщу уи Тхьэм щыгъэпщк1уа хъунукъым зы мискъали[10], абым нэхърэ нэхъ мащ1и, абым нэхърэ нэхъ ини – ар Тхылъ Убзыхуам итщ». (Юнус: 61).

    4 – Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ: «Къытхуи1уэтэжащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, ик1и ар Ас-Садикъ[11] Аль-Мэсдукъ[12]: «Фэ фщыщыр и анэм и ныбэм япэ щ1ык1э тк1уэпсым хуэдэу къыщохъу махуэ пл1ыщ1к1э, ит1анэ лъы пц1ам хуэдэу апхуэдизрэ иджыри щытщ, ит1анэ лы такъыр гъэныщк1уам хуэдэу апхуэдизрэ иджыри щытщ, ит1анэ мэлэ1ыч къыхуагъак1уэри псэ къыхелъхьэ, ик1и 1уэхугъуипл1ым и унафэ къыхуащ1 (а мэлэ1ычым): итхыну и ерыскъыр, и ажалыр, и 1уэхухэр, насыпыф1эу е насыпыншэу щытыныр. Алыхь закъуэу нэгъуэщ1 тхьэ зэрыщымы1эмк1э со1уэ, фэ фщыщ гуэрым жэнэтым ихьэнухэм я 1уэхухэр ещ1эр абымрэ (жэнэтымрэ) езымрэ яку 1эфрак1э хуэдиз нэхъ къэмынэу, ауэ и нат1эм итхар ток1уэри, жэхьэнэмэм ихьэным я 1уэху ещ1эри, абым йохьэ. Ик1и фэ фщыщ гуэрым жэхьэнэмэм ихьэнухэм я 1уэхухэр ещ1эр абымрэ (жэхьэнэмэмрэ) езымрэ яку 1эфрак1э хуэдиз нэхъ къэмынэу, ауэ и нат1эм итхар ток1уэри, жэнэтым ихьэным я 1уэху ещ1эри, абым йохьэ». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[13].

    - Захуагъэмрэ ф1ыгъэмрэ:

    Алыхь Лъап1эу Лъагэм и 1уэхухэр захуэныгъэмрэ ф1ыгъэмрэ тету къырок1уэк1, зыми залымыгъэ ярихыну амал щы1экъым. Е и пщыл1хэм захуэныгъэм тету ядызок1уэр, е ф1ыгъэм тету ядызок1уэр. Мыхъун зыщ1эм захуэныгъэм тету дызок1уэр. Алыхь Лъап1эм жи1ащ абым теухуауэ: «1ейм пэк1уэжыпхъэр езым хуэдиз 1ейщ». (Аш-Шура: 40).

    Ф1ы зыщ1эм гуапагъэмрэ ф1ыгъэмрэ тету ядызок1уэр. Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «1уэхуф1 зыщ1ам хуэдипщ1к1э хуигъэбагъуэнущ». (Ал-1энгьам: 160).

    - Шэрихьэтымрэ дунеймрэ яхьэл1а 1уэхугъуэхэр:

    Алыхь Лъап1эу Лъагэм и 1уэхухэр т1ууэ гуэшащ: дуней 1уэхухэмрэ шэрихьэт 1уэхухэмрэ.

    Дуней 1уэхухэм щыуэ загуэш:

    1 – Къэгъэхъунымрэ нэгъэсауэ гъэпсынымрэ, ар Алыхьым къыбгъэдок1ыр къигъэщ1ауэ хъуам ехьэл1ауэ. Алыхь Лъап1эм жи1ащ абым теухуауэ: «Алыхьыр сыт ищ1ысми и къэгъэщ1ак1уэщ, сыт ищ1ысми и унафэщ1щ». (Аз-Зумэр: 62).

    2 – Щы1эныгъэр, ар Алыхьым къыбгъэдок1ыр къигъэщ1ауэ хъуам ехьэл1ауэ щы1энхэм папщ1э. Абым теухуауэ Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым уафэхэмрэ щ1ымрэ зэтре1ыгъэ мык1уэдын щхьэк1э. Ахэр мык1уэду зыми хузэте1ыгъэнукъым Езым нэгъуэщ1. Ар 1ущщ, гущ1эгъущ1щ». (Фат1ир: 41).

    2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Абы и аятхэм щыщщ уафэмрэ щ1ылъэмрэ и унафэк1э зэрызэтри1ыгъэр, ит1анэ къывэджэнущи щ1ым фыкъыхэк1ыжынущ». (Ар-Рум: 25).

    3 – Сэбэпыр, зэраныр, зегъэк1уэныр, зымыгъэхъеиныр, псэ хэлъхьэныр, псэ хэхыныр… нэгъуэщ1хэри, ахэр Алыхьым къыбгъэдок1ыр къигъэщ1ауэ хъуам ехьэл1ауэ.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Жы1э: «Алыхьым имыухауэ си щхьэм и сэбэпи и зэрани сэ зесхуэжыфынукъым. Щэхур сщ1эуэ щытамэ си щхьэм ф1ыр хуэзгъэбагъуэнт, 1ейр зылъызгъэ1эсынтэкъым. Ауэ сэ му1минхэр ф1ым щызгъэгугъуу 1ейм щызгъэшынэ къудейщ». (Ал-1эгьраф: 188).

    2 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Езыращ фэ щ1ыми хыми фыщызезыгъак1уэр, кхъухьым фису, жьыбгъэ гуапэм ар фхуигъэпсынщ1эу, фэ абы фыщыгуф1ык1ыу фыздэк1уэм жьышхуэ къыкъуоури, толъкъунхэр дэнэ лъэныкъуэк1и къыфтеуэ щыхъук1э, псэзэпылъхьэп1э фызэрихуар фолъагъури Алыхьым фолъэ1ур и диным фыхуэпэжу: «Мыбы дыкъебгъэлтэмэ ф1ыщ1э пхуэзыщ1хэм ящыщ дыхъунт». (Юнус: 22).

    3 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Аращ къэзыгъэхъури зыгъэл1эжри. Абы зыгуэр иухамэ, «Къырехъу», - же1эри къохъур». (Гъафир: 68).

    Ауэ шэрихьэтым ехьэл1а Тхьэм и 1уэхухэр Алыхьым идеж къок1ыр ц1ыхухэмрэ жынхэмрэ ехьэл1а къудейуэ. Аращ дину Алыхьым и л1ык1уэу хъуам къахьар, Тхылъхэри абы тету къыригъэхащ.

    Абым хохьэр тэухьидыр[14], иманыр, гьибадэхэр[15], зэхущытык1эхэр, зэдызек1уэнхэр, хьэлщэнхэр. Пщыл1ым Алыхьым и ц1эхэр, и щытык1эхэр, и 1уэхухэр, и унафэ мы дунейм ехьэл1ахэр и ф1эщ зэрыхъум и къарум елъытауэ хущ1экъуныгъэмрэ хуэп1ащ1энымрэ хэлъ мэхъур, Алыыхьым унафэу шэрихьэтым къытхуищ1ахэр игъэзэщ1эным папщ1э, абым и 1эф1ыгъэр зэхещ1эр. Абымк1э нэхъ насыпыф1эхэр я Тхьэр нэхъыф1у зыщ1эхэращ, ахэр бегъымбархэращ, ит1анэ абыхэм я щапхъэм тетхэращ. Шэрихьэт унафэу Алыхьым ищ1ахэр щыдгъэзащ1эк1э Алыхьым къытхузэ1уехыр уафэхэмрэ щ1ылъэмрэ мы дунейм я бэрэчэтыр, ик1и жэнэтым дырешэр ахърэтым.

    - Алыхьым и унафэхэр т1ууэ зэток1:

    1 – Шэрихьэтым и унафэу къэхъухэр, ауэ Алыхьым и хуеиныгъэк1э пщыл1ым ар имыгъэзащ1эу мэхъур. Абым щыщщ: «Уи Тхьэм унафэ ищ1ащ Езым нэгъуэщ1 зыми фыхуэмыпщыл1ыну, фи анэ-адэми ф1ыуэ фахущытыну». (Ал-1исра1: 23).

    2 – Дунейм ехьэл1а унафэхэр, амал имы1эу къэхъухэращ, ик1и ц1ыхур абы п1эщ1эувэфынукъым. Абыхэми т1ууэ загуэш:

    1 – Алыхьым и унафэ зэф1эмык1ыну амал зимы1эр, абым теухуауэ Алыхьым жи1ащ: «Абы и унафэр зэрыщытыр аращи, зыгуэр хуеймэ «Къырехъу», - же1эри къохъур». (Ясин: 82).

    2 – Алыхьым и унафэхэу мы дунейм ехьэл1ахэр. Ахэр дунейр зэрызек1уэ щытык1эхэращ, щхьэусыгъуэхэмрэ к1эуххэмрэ къыхок1ыр, зыр адрейм епхащ. Дунейм сыт хуэдэ щхьэусыгъуэми к1эух и1эщ. Апхуэдэщ:

    – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Аращ, жылэм къазэрыхуэупса ф1ыгъуэр Алыхьым зэрихъуэк1ыжынукъым, езыхэм я гум илъыр яхъуэжыху». (Ал-1энфал: 53).

    – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Жылэ гуэр дгъэк1уэдыну дыщыхуейк1э, абыхэм я щык1ахэм унафэ яхудощ1ри мыхъумыщ1агъэхэр щагъахъэр. Абдежым псалъэр пэж мэхъури зэхыдокъутэр хьэлэчу». (Ал-1исра1: 16).

    Аращ дунейр зэрызэтетыр, Иблисрэ и дэ1эпыкъуэгъухэмрэ абы пэлъэщыну пылъхэщ ц1ыху гуэрхэм я к1уэдык1эм и щхьэусыгъуэ хъухэурэ. Абым къыхэк1ыу Алыхьым духьэ дызэрелъэ1унхэмрэ и гъэгъуныгъэм дызэрыщ1элъэ1унрэ тхуигъэунэхуащ дыкъелыфыным щхьэк1э. Духьэр Алыхьу дунейр зэрызэхэтыр зэрыщыту къэзыгъэхъуам дызэрелъэ1ущ. Абы хузэф1эк1ынущ къэхъуам къыригъэгъэзэну е зэрихъуэк1ыну къызхуэк1уа к1эухыр щыхуей уахътэм ик1и зэрыхуейм хуэдэу. Апхуэдэу маф1эм къырищ1эн хуейр зэрихъуэк1ащ Ибрахим, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, папщ1э: «Дэ жыт1ащ: «Уэ маф1э, щ1ы1этауэ ик1и зэраныгъэншэу хъу Ибрахим щхьэк1э». (Ал-1энбия1: 69).

    - Ф1ыгъуэхэмрэ гугъуехьхэмрэ зызэрагуэшыр:

    Ф1ыгъуэхэр гуэшащ мыпхуэдэу:

    1 – Иманымрэ 1уэхуф1хэмрэ щхьэусыгъуэ зыхуэхъуа ф1ыгъуэхэр, ар Алыхь Лъап1эу Лъагэмрэ и бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, ухуэжы1эщ1эныращ.

    2 – Алыхьым ф1ыгъуэу хуищ1эращ ц1ыхум мылъку, узыншагъэ, тек1уэныгъэ, лъэщыгъэ, нэгъуэщ1хэри ириту.

    - Гугъуехьхэми т1ууэ загуэш:

    1 – Джаурыгъэмрэ мыхъумыщ1агъэхэмрэ зи щхьэусыгъуэ гугъуехьхэр, ар ц1ыхум къыбгъэдэк1 джаурыгъэмрэ мыхъумыщ1агъэмрэщ.

    2 – Игъэунэхуну, е хуэфащэр иригъэгъуэтыну щхьэусыгъуэ хъуа гугъуехьхэр узым хуэдэу, е мылъку хэк1уэдэным хуэдэу, бийр къытек1уэным хуэдэу, нэгъуэщ1хэри.

    - Аращи, ф1ыгъуэу хуэжы1эщ1эныр къызэрык1хэр Алыхь закъуэм ф1эк1а зыми къыбгъэдэк1къым, Абым и пщыл1ым хуиухуащ ахэр, иригъэщ1ащ, игъэзэщ1эну унафэ хуищ1ащ, ик1и дэ1эпыкъуащ ахэр игъэзэщ1эну.

    - Мыхъумыщ1агъэу Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ уемыдэ1уныр къызэрык1хэр пщыл1ым езыр хуейуэ къыхехри ещ1эр мыхъумыщ1агъэр нэхъ ф1эф1щи да1уэныгъэм нэхърэ. Мыпхуэдэ мыхъумыщ1агъэхэр пщыл1 зыщ1аращ зыхуэхьа хъур, Алыхь Лъап1эм хуэтхькъым ахэр. Сыту жып1эмэ, Алыхь Лъап1эм ахэр шэрихьэт ищ1акъым, дгъэзэщ1энуи унафэ къытхуищ1акъым, ат1э хьэрэм ищ1ащ, абыхэмк1э дигъэшынащ. Абым теухуауэ жи1ащ Алыхь Лъап1эм: «Ф1ыуэ къыплъысыр Алыхьыращ къызбгъэдэк1ыр, 1ей къыптепсыхэмэ уэ уи ягъэщ. Уэ ц1ыхухэм л1ык1уэу уахуэдгъэк1уащ. Ирокъур Алыхьыр щыхьэту». (Ан-Ниса1: 79).

    - Ф1ыгъуэу насыпу дыбжыр мылъку, е бын, е узыншагъэ, е тек1уэныгъэ, е лъэщыгъэ, ик1и гугъуехьу дызэригъэунэхур, е хуэфащэр зэрыригъэгъуэтыр мылъку, е бын, е лэжьыгъэ к1уэдын хуэдэу, е бийр къыптек1уэным хуэдэ нэгъуэщ1хэри ф1ыми 1ейми щыщу апхуэдэ мыхьэнэр зи1эхэр Алыхьым идеж къок1ыр. Алыхь Лъап1эу Лъагэм и пщыл1хэр еуплъэк1ур къалэжьауэ е нэхъри къи1этынхэм щхьэк1э, ахэр игъэсэным щхьэк1э. Алыхь Лъап1эм жи1ащ абым теухуауэ: «Абыхэм ф1ы къалъысмэ: «Алыхьым къыбгъэдэк1ащ», - жа1э. Ауэ 1ейр къатепсыхэмэ: «Ар уэ уи лажьэщ», - жа1эр. Жы1э: «Псори Алыхьым идежщ къыздик1ыр». Сыт а ц1ыхухэм жра1эр къащ1ыгурмы1уэр!» (Ан-Ниса1: 78).

    - Хуэфащэ 1ейр къызэригъэувы1эныр:

    Му1миным 1ей ищ1амэ къытехуэр къызэригъэувы1энур мыпхуэдэущ:

    Е тобэ Алыхьым хуищ1ынущи Алыхьым и тобэр къабыл ищ1ынущ… Е Алыхьым къыхуигъэгъуну елъэ1унущи къыхуигъэгъунущ… Е ф1ыхэр илэжьурэ ищ1ар трилъэщ1ык1ыжынущ… Е и къуэш му1минхэм Алыхьым духьэ хуащ1ынущи къыхуигъэгъуну хуелъэ1унухэщ… Е ялэжьахэм и псапэм щыщ тыгъэ хуащ1ынущ Алыхьым абым и сэбэп къыригъэк1ыным щхьэк1э… Е Алыхьым мы дунейм гугъуехьхэр къытрилхьэнущ ищ1ар тригъэк1ыжыху… Е бэрзэхъым[16] бэлыхь трилъхьэнущ ищ1ар тригъэк1ыжыху… Е Къемэт махуэм и гугъуехьхэм щыщ трилъхьэнущ ищ1ар тезыхыжын… Е бегъымбар Мухьэммэд, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къыщхьэщыжынущ… Е гущ1эгъу зыхэлъу хъуам нэхърэ нэхъ Гущ1эгъущ1ым къыхуигъэгъунущ, Алыхьыр зыгъэгъущ, гущ1эгъу зыхэлъщ.

    - Да1уэныгъэхэмрэ мыхъумыщ1агъэхэмрэ:

    Да1уэныгъэм сэбэп хэлъщ, щэн дахэр къыхок1ыр. Мыхъумыщ1агъэм зэран къехьыр, щэн 1ейхэр къыхок1ыр. Апхуэдэу, дыгъэмрэ мазэмрэ, къэк1ыгъэмрэ хьэк1экхъуэк1эмрэ, щ1ымрэ хымрэ я Тхьэм едэ1уахэщ, сэбэп куэди къыхэк1ащ. А сэбэпхэм я куэдагъыр Алыхь Лъап1э закъуэращ зыщ1эр. Бегъымбархэри я Тхьэм щыхуэжы1эда1уэм ф1ыуэ къахьам и куэдагъыр Алыхь Лъап1э закъуэращ зыщ1эр.

    Иблис и Тхьэм емыдэ1уу, имыдэу зыщигъэпагэм, 1ейрэ зэранрэ щ1ым абы къихьар Алыхь Лъап1эм и закъуэщ зыщ1эр.

    Апхуэдэщ ц1ыхури, и Тхьэм еда1уэмэ ф1ырэ сэбэпрэ абы къыхэк1ыр езым щхьэи, нэгъуэщ1хэм щхьэи Алыхь Лъап1эм и закъуэщ зыщ1эр. Ауэ и Тхьэм емыдэ1умэ, мыхъумыщ1агъэрэ зэранрэ езыми, нэгъуэщ1хэми щхьэк1э къихьынур Алыхь Лъап1эм и закъуэщ зыщ1эр.

    - Да1уэныгъэмрэ мыхъумыщ1агъэмрэ къырик1уэр:

    Алыхь Лъап1эу Лъагэм да1уэныгъэмрэ ф1ыгъуэхэмрэ лъэужь дахэ псэм ф1эф1у къагъанэу ищ1ащ. Абым и 1эф1агъыр куэдк1э нэхъыбэщ мыда1уэныгъэм къихьу къащыхъу 1эф1агъэм нэхърэ. Ик1и Алыхь Лъап1эу Лъагэм ищ1ащ мыхъумыщ1агъэхэмрэ мыдэ1уэнымрэ я лъэужьым гукъеуэ къыпхуихьу, пщ1ам ухущ1ригъэгъуэжу, ар куэдк1э къыщхьэщок1ыр мыхъумыщ1агъэр щищ1эм зэхищ1а 1эф1ыгъэм. Пщыл1ым зэран зэи къек1акъым гуэныхь ищ1ам къимыхьауэ, ауэ Алыхь Лъап1эм къыхуигъэгъур нэхъыбэщ.

    Гуэныхьхэр гум зэран хуохъур щхъуэр 1эпкълъэпкъым зэран зэрыхуэхъум хуэдэу. Алыхьым ц1ыхур къигъэхъуащ и щытык1эр дэгъуэу, дахэу. Ар гуэныхьхэмрэ гъуащэныгъэхэмрэ щауц1эп1к1э и дэгъуагъэмрэ и дахагъэмрэ къыхахыжыр. Ауэ Алыхьым тобэ къыщыхуихьк1э дэгъуагъэмрэ дахагъэмрэ къагъэзэж. Ар ирикъуа щыхъур жэнэтыращ.

    Гъуэгу захуэм тегъэувэнымрэ гъэгъуэщэнымрэ:

    Алыхь Лъап1эу Лъагэм и 1эмыщ1э илъщ къэгъэщ1ынымрэ унафэмрэ, зыхуейр ещ1эр, зэрыхуейуэ унафэ ещ1, зыхуейр гъуэгу захуэм трегъэувэр, зыхуейр егъэгъуащэр. Мылъкур зейр Езыращ, къэзыгъэщ1ари Езыращ, зыри Абы еупщ1къым ищ1эмк1э, ауэ езыхэм яупщ1ынущ. Абы и гущ1эгъуныгъэм къыхэк1ыу л1ык1уэхэр къигъэк1уащ, Тхылъхэр къыригъэхащ, хэк1ып1эхэр игъэунэхуащ, ныкъусаныгъэхэр 1уихащ, гъуэгу захуэмрэ да1уэныгъэмрэ ухуэзышэу хъуар зэхэтхыфу, тлъагъуфу, ди акъылым къищтэфу ищ1ащ. Абым иужь:

    1 - Гъуэгу захуэм дихьэхыу хущ1экъур, къэзылъыхъуэр, щхьэусыгъуэхэр къыхуэзыгъуэтыр, абым нэсыным папщ1э гугъу зезыгъэхьыр Алыхь Лъап1эм абы хуешэр, до1эпыкъур нэсыным папщ1э ик1и нэгъэсауэ щытыным папщ1э. Ар Алыхьым гущ1эгъуу и пщыл1хэм хуищ1ыращ, ахэр къызэрыхихыращ.

    Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Дэр щхьэк1э гугъу зезыгъэхьахэр Ди гъуэгум тетшэнущ. Алыхьыр ф1ы зыщ1эхэм ягъусэщ». (Ал-Гьэнкэбут: 69).

    2 – Гъуащэныгъэм дихьэхыу хущ1экъур, къэзылъыхъуэр, щхьэусыгъуэхэр къыхуэзыгъуэтыр зыхуейм нэсынущ, Алыхьым къыхихар къыритынущ. Абы игъуэтынукъым Алыхьым хуиухар щхьэщызыхын. Аращ Алыхьым и захуэныгъэр.

    Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Гъуэгу захуэр на1уэ къыхуэхъуа иужь л1ык1уэм емыда1уэу му1минхэм я гъуэгум тек1ыр здиунэт1амк1э дгъэк1уэнщи, жыхьэнэмэм едгъэсынщ. Ар егъэзып1э 1ейщ». (Ан-Ниса1: 115).

    - Къэдырыр уи ф1эщ хъуным къыхэк1ыр:

    Къэдырыр уи ф1эщ хъунымрэ езы къэдырымрэ гупсэхугъэ, къеигъэншагъэ, гуф1эгъуэ къыхок1ыр муслъымэну хъуам щхьэк1э. Абы ещ1эр псори Алыхьым и къэдырым зэрыщ1этыр, ик1и зыхуейр къыщыдэхъук1э зигъэщ1агъуэкъым, е зыхуеяр мыхъуамэ, е ф1эмыф1 гуэрэ къэхъуамэ зэгуэпкъым. Сыту жып1эмэ, абы ещ1эр ар псори Алыхьым и къэдырым къызэрыхэк1ыр, амал имы1эуи къызэрыхъунур.

    1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зы лажьи щ1ым къыщыхъунукъым, фэри къыфтепсыхэнукъым ар къэдгъэхъун ипэк1э Тхылъым имытауэ. Ар Алыхьым дежк1э гугъукъым. Апхуэдэу щ1ыщытыр къывэмыхъул1ам фимыгъэнэщхъеин, къывэхъул1ами фыщимыгъэк1ын щхьэк1эщ. Алыхьым ф1ыуэ илъагъукъым зызыгъэп1ий щхьэщытхъухэр». (Ал-Хьэдид: 22-23).

    2 – Сухейб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ мыпхуэдэу: «Гъэщ1эгъуэнщ му1миным и 1уэхур: сытым щыгъуи и 1уэхур нэхъыф1 зэрыхъущ. Апхуэдэр му1минхэм нэгъуэщ1 зыми ялъыскъым. Гуф1эгъуэ къехъул1эмэ Алыхьым ф1ыщ1э хуещ1ри егъэлъап1эр, ик1и ар нэхъыф1щ абы щхьэк1э. Ик1и гуауэ гуэр къехъул1амэ шэчыныгъэ зыхегъэлъыр, ик1и ар нэхъыф1щ абы щхьэк1э». Муслим къи1уэтэжащ[17].

    3 – Сэгьд бин Аби Уэкъас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Согъэщ1агъуэ му1миныр: гуф1эгъуэ къехъул1эмэ Алыхьым ф1ыщ1э хуещ1ри егъэлъап1эр, бэлыхь гуэр къехъул1амэ, Алыхьыр егъэлъап1эри шэчыныгъэ зыхегъэлъ. Му1миным сытым щыгъуи псапэ къехь. Ат1э и щхьэгъусэм и жьэм дилъхьа такъырым щхьэк1и псапэ къехь». Ахьмэдрэ Гьэбдурэзакърэ къа1уэтэжащ[18].

    - Мыбык1э, Алыхьым и ф1ыгъуэк1э, иманым и пкъыгъуихыр къыдоухыр. Ахэр: Алыхьыр, и мэлэ1ычхэр, и Тхылъхэр, и л1ык1уэхэр, Къемэт махуэр, къэдырым и ф1ыри 1ейри уи ф1эщ хъуныращ. Пкъыгъуэ къэс му1миным сэбэпышхуэ къыхуехьыр.

    - Иманым и пкъыгъуэхэм къыхэк1ыр:

    1 – Алыхь Лъап1эу Лъагэр уи ф1эщ хъуным ф1ыуэ плъагъуныр, бгъэлъап1эныр, ф1ыщ1э хуэпщ1ыныр, ухуэпщыл1ыныр, ухуэжы1эщ1эныр, ущышынэныр, и унафэхэр бгъэзэщ1эныр къыхок1.

    2 – Мэлэ1ычхэр уи ф1эщ хъуным ахэр ф1ыуэ плъагъуныр, уащыук1ытэныр, я жы1эда1уэныр щапхъэу пщтэныр къыхок1ыр.

    3 - 4 Тхылъхэмрэ л1ык1уэхэмрэ уи ф1эщ хъуным уи иманыр къарууф1эу Алыхьыр ф1ыуэ плъагъуныр, Алыхьым и шэрихьэтым ущыгъуазэныр, Алыхьым ф1ыщ1э хуэпщ1ыныр, Алыхьым ф1ыуэ илъагъумрэ илъагъу мыхъумрэ ущыгъуазэныр, ахърэтым и щытык1эм ущыгъуазэныр, Алыхьым и л1ык1уэхэр ф1ыуэ плъагъуныр ик1и уахуэжы1эщ1эныр, абыхэм я нетхэм, я псалъэхэм, я лэжьыгъэхэм, я щэным щапхъэ къытепхыныр къыхок1ыр.

    5 – Къемэт махуэр уи ф1эщ хъуным Алыхьым и лъэк1ыныгъэм, и лъэщыгъэм, и мылъкум и инагъым ущыгъуазэныр, ф1ыхэр пщ1эуэ мыхъунхэм пэжыжьэ зызэрыпщ1ыным ухущ1экъуныр, Къемэт махуэм зэрынэхъыф1у зыхуэбгъэхьэзырыныр къыхок1ыр.

    6 – Къэдырыр уи ф1эщ хъуным гупсэхуныгъэ, къеигъэншагъэ къыпхуехьыр, Алыхьым иуха къадырым ухуэарэзы уещ1ыр. Ар муслъымэным и гъащ1эм къигъэщыпкъэмэ жэнэтым к1уэнухэм ящыщ мэхъур, ар Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ ухуэжы1эщ1эныращ къызхэк1ыр.

    Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хулъхугъэми бзылъхугъэми иман зи1эу ф1ы зыщ1ар дахэу дгъэпсэунущ, ик1и Дэ яхуэтщ1ыну тыгъэр езыхэм къалэжьам пэк1уэм нэхърэ нэхъыф1ыжщ». (Ан-Нэхьл: 97).

    Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ хуэжы1эщ1эхэр псыежэххэр къызщ1эж жэнэтым иришэнущ, игъащ1эк1э абым къэнэнухэщ. Аращ ехъул1эныгъэ лъап1эр». (Ан-Ниса1: 13).

    [1] Муслим (2653).

    [2] Зэрытхэ 1эмэпсымэщ.

    [3] Сэхьихь. Ахьмэд (2669), Ат-Тирмизи (2516).

    [4] Аль-Бухъари (4826), Муслим (2246).

    [5] Ал-Лейл: 5-10.

    [6] Аль-Бухъари (4945), Муслим (2647).

    [7] Уаджибыр гъэзэщ1эныпхъэу Алыхьым ди пщэм къыдилъхьаращ, ар къэзыгъанэм гуэныхь къехь.

    [8] Мустэхьэбыр бгъэзащ1эмэ псапэ къыбохьыр, умыгъэзащ1эмэ гуэныхь хэлъкъым.

    [9] Псалъэм папщ1э, му1миныр шейт1аным емыда1уэу Алыхьым унафэ къыхуищ1ам щытетк1э жэнэтым и увып1эр нэхъ лъагэ мэхъур.

    [10] Мискъалыр хьэлъагъэр къэзыгъэлъагъуэщ, 4,68 грамм мэхъу.

    [11] Пэжыр жызы1э.

    [12] Зыгуэр жи1амэ, ар псоми я ф1эщ мэхъу.

    [13] Аль-Бухъари (3208), Муслим (2643).

    [14] Алыхьыр бгъэзакъуэныращ.

    [15] Алыхьым дызэрыхуэпщыл1хэращ.

    [16] Кхъэм илъ ц1ыхум и щы1эныгъэращ, ар мы дунеймрэ ахърэтымрэ яку дэтщ.

    [17] Муслим (2999).

    [18] Хьэсэн. Ахьмэд (1492), Гьэбдурэзакъ (20310).