Жэнэтым и теплъэр
Зэдзэк1ащ
Гуэшыныгъэ
Full Description
Жэнэтым и теплъэр
[ شركسي – Circassian – Адыгэбзэ]
Мухьэммэд аль-Тууейджри
Ибрахим и къуэ
Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Аматуллах Шэркэси
Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Абу Мухьэммэд Шэркэси
صفة الجنة
محمد بن إبراهيم التويجري
ترجمة وتدقيق لغوي:
أمة الله الشركسي
مراجعة شرعية:
أبو محمد الشركسي
Жэнэтым и теплъэр
Жэнэтыр: ар мамырыгъэм и хэщ1ап1эщ, Алыхьым му1минхэм, хулъхугъэхэми бзылъхугъэхэми, яхуигъэхьэзыращ ар Ахърэтым.
Жэнэтым теухуа псалъэхэр къитхынущ, Алыхьым жи1эмэ, ар къэзыгъэхъуам, абы ф1ыгъуэу щы1эр къэзыгъэхъуам, абы ихьэнухэр къэзыгъэхъуам, и Тхылъым. Ар Алыхь Лъап1эращ. Ик1и абы ихьэу и лъакъуэк1э и щ1ым теувам и псалъэхэм къызэрыхэщу, ар Мухьэммэдщ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Къур1энымрэ Суннэ пэжымрэ къызэрыгъэлъэгъуам хуэдэу.
Жэнэтым и ц1э нэхъ зыщыгъуазэхэр:
Жэнэтыр зыщ, ауэ теплъэ зэмыл1эужьыгъуэхэр и1эщ, абы и ц1э нэхъ зыщыгъуазэхэм щыщщ:
1 – Жэнэт: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ хуэжы1эщ1эхэр, псыежэххэр къызщ1эж жэнэтым иришэнущ, ик1и ахэр игъащ1эк1э абым щы1энущ, ар ехъул1эныгъэшхуэщ». (Ан-Ниса1: 13).
2 – Жэнэт Аль-Фирдэус: Алыхьым Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьауэ ф1ы зыщ1ахэм хэщ1ап1эу я1энур жэнэт Аль-Фирдэусыращ». (Аль-Кэхф: 107).
3 – Жэнэт гьэдн[1]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Мыр гукъэк1ыжщ. Тхьэм ф1эл1ык1хэм къахуэдгъэхьэзыращ хэщ1ап1эф1ыр, жэнэт гьэдным и бжэхэр яхузэ1ухащ ахэм». (Сад: 49-50).
4 – Жэнэт Аль-Хъулд[2]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Жы1э: «Ара нэхъыф1ыр, хьэмэрэ жэнэт мыухыжу тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр къызэрагъэгугъара?» Ар абыхэм яхуэфащэщ ик1и я хэщ1ап1эщ». (Аль-Фуркъан:15).
5 – Жэнэт Ан-Нэгьим[3]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьу ф1ы зыщ1ахэм жэнэт тхъап1эр къапэщылъщ». (Лукъман: 8).
6 – Жэнэт Аль-Мэ1уа[4]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Мыдрей иман къэзыхьу ф1ы зыщ1ахэм жэнэтыр я хэщ1ап1эу щепсыхынухэщ ялэжьам къызэрыпэк1уэу». (Ас-Сэдждэ: 19).
7 – Дар Ас-Сэлям[5]: Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм мамырыгъэм и хэщ1ап1эр ягъуэтынущ я Тхьэм идеж, абыхэм ялэжьахэм и телъхьэщ Ар». (Аль-1энгьам: 127).
Жэнэтым и щ1ып1эр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Фи ерыскъыри фыкъызэригъэгугъари уафэращ здэщы1эр». (Аз-Зарият: 22).
2 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ар абы ет1уанэуи илъэгъуат гъунэ дыдэм щыт жыг сидрэм бгъэдэту. А жыгым идежщ жэнэт хэщ1ап1эр». (Ан-Нэджм: 13-15).
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ зи ф1эщ хъууэ, нэмэз зыщ1ар, Рэмэданым нэщ1 зы1ыгъар Алыхьым жэнэтым иригъэхьэну хьэкъыу телъщ. Абы Алыхьым и ц1эк1э хиджрэ ищ1ами, къыщыхъуа щ1ып1эм къэнами». Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ц1ыхухэм ядгъэщ1эну щыткъэ ар?» Жи1ащ: «Ипэжып1эк1э жэнэтым увып1эу щэ и1эщ, ахэр Алыхьым и ц1эк1э зауэхэм яхуигъэхьэзыращ, увып1ит1ым яку дэлъыр щ1ымрэ уафэмрэ якум дэлъым хуэдизщ. Алыхьым ахэм щхьэк1э фыщелъэ1ук1э, жэнэт Аль-Фирдэусымк1э фелъэ1у. Аращ жэнэтым икури и нэхъ лъагэ дыдэри, абым и щхьэм Гущ1эгъущ1ым и Гьэршыращ щы1эр, абым идежщ жэнэтым и псыкъежэххэри къыздыщ1эжыр». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[6].
4 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Му1миным и псэр щыхэк1ыным гущ1эгъуныгъэм и мэлэ1ычхэр къыхуок1уэр. И псэр щыхахк1э шылэ хужьым к1уэц1алъхьэри уафэм и бжэм идеж яунэт1ыр, ит1анэ жа1эр: «Мы мэм нэхъ гуак1уэ къытщ1ихьакъым…». Аль-Хьакимрэ Ибн Хьибанрэ къа1уэтэжащ[7].
Жэнэтым и бжэхэм я ц1эхэр:
Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым и ц1эк1э сытым щыщи т1уэ зытам жэнэтым и бжэмк1э къеджэнухэщ: «Уэ Алыхьым и пщыл1! Мыращ ф1ыр». Нэмэзым пыщ1ахэм къеджэнухэщ нэмэзым и бжэмк1э, джихадым пылъахэм джихадым и бжэмк1э къеджэнухэщ, нэщ1ым пыщ1ауэ щытахэм Ар-Рэйян бжэмк1э къаджэнухэщ, сэдэкъэ зыту щытахэм сэдэкъэм и бжэмк1э къеджэнухэщ».
Абу Бэкр, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Си адэри си анэри щхьэщэхуж зыхуэхъун, уэ Алыхьым и л1ык1уэ, а бжэхэм щыщ гуэрым дыхьэну къызэджахэм яхурокъур, ауэ бжэуэ хъуами зыгуэрхэм къаджэну п1эрэ?» Жи1ащ: «Нт1э, ик1и согугъэр уэ абыхэм уащыщыну». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[8].
Жэнэтым и бжэхэм и бгъуагъыр:
1 - Гьутбэ бин Гъэзэуан, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Къыджа1ащ жэнэтым и бжэблыпкъит1ым яку илъэс пл1ыщ1 и к1ыхьагъ гъуэгу зэрыдэлъыр, ик1и къэк1уэнущ махуэ ц1ыху гупышхуэ абдежым щызэрызегуэнур». Муслим къи1уэтэжащ[9].
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, къыхуахьащ зы махуэ гуэрым лы …- ик1эм жи1ащ: «Мухьэммэд и псэр зи 1эмыщ1э илъымк1э со1уэр, жэнэтым и бжэблыпкъхэм щыщ зым ику дэлъщ Мэккэмрэ Хэджэрымрэ, е Мэккэмрэ Бусрэмрэ яку дэлъым хуэдиз». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[10].
Жэнэтым и бжэхэм я бжыгъэр:
1 – Алыхь Лъап1эу Лъагэм жи1ащ: «Зи Тхьэм ф1эл1ык1ыу щытахэр гупу жэнэтым яшэнущ. Щынэск1э, хъумак1уэхэм жэнэтыбжэхэр зэ1уахынурэ къыжра1энущ: «Сэлам алейкум! Фэ ф1ым фытетащи фихьэ жэнэтым, игъащ1эк1э абым фыщы1энущ». (Аз-Зумар: 73).
2 – Сэхл бин Сэгьд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым бжий и1эщ, абыхэм щыщ зы бжэм Ар-Рэянк1э йоджэхэр, абымк1э дыхьэнухэр нэщ1 зы1ыгъыу щыта закъуэхэращ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[11].
Жэнэтыбжэхэр зэ1ухащ дыхьэнухэм папщ1э:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Мыр гум къэзыгъэк1ыжщ, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэм къахуэдгъэхьэзыращ хэщ1ап1эф1ыр. Жэнэт лъап1эр, и бжэхэр яхузэ1ухащ ахэм». (Сад: 49-50).
Жэнэтым и бжэхэр щызэ1ухар мы дунейм:
1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым и бжэхэр блыщхьэмрэ мэхуэкумрэ зэ1уахри Алыхьым гъусэ хуэзмыщ1ауэ хъуам хуагъэгъур, зэбий хъуа т1ум мыхъумэ. Жа1эр щэрэ: «Мы т1ур зэк1ужыху къэвгъанэ». Муслим къи1уэтэжащ[12].
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Рэмэданыр къыщыск1э жэнэтым и бжэхэр зэ1уахыр, жыхьэнэмэм и бжэхэр зэхуащ1ыр, шейт1анхэр 1эхъулъэхъук1э я1ул1эхэр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[13].
3 – Умэр бин Аль-Хъэт1аб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Зыгуэрым фэ фщыщу андез къищтэу ар тэмэму игъэзащ1эу жи1эмэ: «Щыхьэт сохъур Алыхьыр зыщи гъусэ зэримы1эмк1э, Мухьэммэд абы и пщ1ыл1ыу ик1и и л1ык1уэу зэрыщытымк1э», абы жэнэтым и бжэхэу ири хузэ1уахынущ, ахэм щыщу зэрыхуеймк1э ихьэнущ». Муслим къи1уэтэжащ[14].
Япэ дыдэу жэнэтым ихьэнур:
Анас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Къемэт махуэм жэнэтым и бжэм сы1ухьэнущи къызэ1уахыну жыс1энущ, абы и хъумак1уэм жи1энущ: «Ухэт уэ?» Жыс1энущ: «Мухьэммэд». Жи1энущ: «Уэращ унафэ къызэрысхуащ1ар, уи япэк1э зыми хузэ1усхынукъым». Муслим къи1уэтэжащ[15].
1умэтхэм щыщу жэнэтым япэрейуэ ихьэнур:
Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Дэращ иужьрейхэр, япэрейхэр Къемэт махуэм, дэращ япэ дыдэу жэнэтым ихьэнухэр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[16].
Япэрей гупу жэнэтым ихьэнур:
1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Япэрей гупу жэнэтым ихьэнухэм я теплъэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым и теплъэм хуэдэу щытынущ, абыхэм яужь къак1уэхэр нэхъ ин дыдэу уафэм къэц1у вагъуэм хуэдэхэщ. Щ1ыб ик1ынухэкъым инк1и ц1ык1ук1и, убжьытхэнухэкъым, я пэри къыпыжынукъым, я щхьэмажьэхэр дыщэщ, я пщ1ант1эпсыр мискщ, я ф1амыщ1ыр пхъэ мэ гуак1уэ къызпихщ, я щхьэгъусэхэр хьур гьин[17], я теплъэк1э псори зым хуэдэнухэщ, я адэ Адам и теплъэм хуэдэу 1эфрак1э хыщ1 я лъагагъыу щытынущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[18].
2 – Сэхл бин Сэгьд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Си 1умэтым щыщу жэнэтым ихьэнущ мин блыщ1 е мин щибл зэры1ыгъхэу, зым зыр иубыду, япэрейр ихьэнукъым иужьрейр имыхьэу, я нэгухэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым хуэдэнухэщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[19].
3 – Гьэбдуллах бин Гьэмр, Алыхьыр т1уми арэзы яхуэхъу, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Мухьэжыр факъырэхэр Къемэт махуэм къулейхэм япэ ищынухэщ бжьыхьэ пл1ыщ1к1э жэнэтым к1уэхэу». Муслим къи1уэтэжащ[20].
Жэнэтым ихьэнухэм я ныбжьыр:
Мугьаз бин Джэбэл, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым ихьэнухэр щихьэк1э я 1эпкълъэпкъым щхьэц тетынукъым, я нэк1ухэми жьак1э тетынукъым, я нэхэр сурьмак1э щ1эшауэ, я ныбжьыр илъэс щыщ1 е щыщ1рэ щы хъунущ». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[21].
Жэнэтым ихьэнухэм я нэгухэр зэрыщытынур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ф1ым тетахэр тхъап1эм хэтынущ, шэнтжьейхэм исынущ къаплъэу, я нэгухэм тхъэгъуэм и нурыр щыплъагъунущ». (Аль-Мут1эфифин: 22-24).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «А махуэм я нэгухэм нурыр къыщ1ихыу я Тхьэм еплъынухэщ». (Аль-Къиямэ: 22-23).
3 – Иджыри Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Я нэгухэр а махуэм нэф1эгуф1эу, ялэжьам хуэарэзыуэ жэнэтым щы1энухэщ». (Аль-Гъашие: 8-10).
4 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Я нэгухэр а махуэм зэ1ухауэ, гуф1эу, нэжэгужэу щытынущ». (Гьэбэсэ: 38-39).
5 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ауэ зи нэгухэр хужь хъунухэр Алыхьым и гущ1эгъуныгъэм хэтынухэщ, ахэр абы игъащ1эк1э хэтынущ». (Алэ Гьимран: 107).
6 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым ахэр а махуэм и хьэзабым щихъумэнущи, нэхумрэ гуф1эгъуэмрэ къаритынущ». (Аль-Инсан: 11).
7 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Япэрей гупу жэнэтым ихьэнухэм я теплъэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым и теплъэм хуэдэу щытынущ, абыхэм яужь къак1уэхэр нэхъ ин дыдэу уафэм къэц1у вагъуэм хуэдэхэщ. Ягухэр зы ц1ыхум и гум хуэдэщ, зэбииныгъэрэ зэфыгъуэныгъэрэ якум дэлъынукъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[22].
Жэнэтым ихьэнухэм къазэры1ущ1энухэр:
1 - Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зи Тхьэм ф1эл1ык1ыу щытахэр гупу жэнэтым яшэнущ. Щынэск1э, хъумак1уэхэм жэнэтыбжэхэр зэ1уахынурэ къыжра1энущ: «Сэлам алейкум! Фэ ф1ым фытетащи фихьэ жэнэтым, игъащ1эк1э абым фыщы1энущ». (Аз-Зумар: 73).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Мэлэ1ычхэр бжэ псомк1и къыщ1ыхьэнущ ахэм ядеж: «Мамырыгъэр къыфлъыс шэчыныгъэу фхэлъам щхьэк1э, сыту дэгъуэ хэщ1ап1э фхуэхъуар». (Ар-Рэгьд: 23-24).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ахэр шынагъуэшхуэм игъэнэщхъеинукъым, мэлэ1ычхэр къапежэнущ: «Мыр фэ фыкъызэрагъэгугъа фи махуэщ». (Аль-1энбия1: 103).
Лъытэныгъэрэ хьэзабрэ къатемыхуэу жэнэтым ихьэнухэр:
1 – Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «1умэтхэр сагъэлъэгъуащ, блэк1ащ бегъымбар 1умэтыр щ1ыгъуу, блэк1ащ бегъымбар зыбжанэ щ1ыгъуу, блэк1ащ бегъымбар пщ1ы щ1ыгъуу, блэк1ащ бегъымбар тху щ1ыгъуу, блэк1ащ бегъымбар изакъуэу. Ит1анэ слъэгъуащ ф1ыц1агъэшхуэ, жыс1ащ: «Уэ Джибриль, мыхэра сэ си 1умэтыр?» Жи1ащ: «Хьэуэ, ауэ плъэт ищхьэк1э». Сыплъэри ф1ыц1агъэшхуэ къэслъэгъуащ. Жи1ащ: «Ахэращ уи 1умэтыр, абыхэм япэ итхэр лъытэныгъэрэ хьэзабрэ къызтемыхуэ мин блыщ1ращ». Жыс1ащ: «Сытым щхьэк1э?» Жи1ащ: «Маф1эк1э зэ1эзахэкъым, рукъия[23] къахуеджэну зыми елъэ1уахэкъым, нэщэнэ[24] пц1ыхэм тетакъым, я Тхьэм щыгугъхэу щытахэщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[25].
2 – Абу 1умамэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Си Тхьэм сыкъигъэгугъащ си 1умэтым щыщу мин блыщ1 жэнэтым игъэк1уэну лъытэныгъэрэ хьэзабрэ хэмыту, мин къэс иджыри мин блыщ1 щ1ыгъуу, ит1анэ иджыри 1эмыщ1ищ си Тхьэ Лъап1эу Лъагэм и 1эмыщ1эу». Ат-Тирмизирэ Ибн Маджэрэ къа1уэтэжащ[26].
Жэнэтым и щ1ыгумрэ къызхэщ1ык1амрэ:
1 – Анас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, уафэм щыдрахьеям жи1ащ: «Ит1анэ псынщ1эу к1уащ сидрэ мунтэхам[27] сынигъэсыху, абым плъыфэу и1эхэр зыхуэдэри сщ1экъым, ит1анэ жэнэтым сырагъэхьащ, абдежым унащхьэ те1этык1ахэр налкъутналмэсым къыхэщ1ык1ащ, щ1ыгур мискщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[28]
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Жыт1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, жэнэтыр дауэрэ зэрызэтелъхьар?» Жи1ащ: «Зы чэрбышыр дыжьынщ, адрей чэрбышыр дыщэщ, зэрызэк1эрыгъэубыдар миск мэ гуак1уэ дыдэ зи1эщ, мывэ ц1ык1уу якум дэлъхэр налкъутналмэсрэ налкъутрэщ, и щ1ыр шэфранщ. Абы ихьар матхъэр гукъеуэ имылъагъуу, игъащ1эк1э абдежым щы1эщ мыл1эу. Я щыгъынхэр лажьэкъым, я щ1алэгъуэр блэк1къым». Ат-Тирмизирэ Ад-Даримийрэ къа1уэтэжащ[29].
3 – Абу Сэгьид, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ Ибн Сэяд бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, еупщ1ауэ жэнэтым и щ1ыр зыхуэдэм. Жи1ащ: «Пшахъуэ щабэ хужьыбзэщ, миск къэбзабзэщ». Муслим къи1уэтэжащ[30].
Жэнэтым ихьахэм я шэтырхэр зэрыщытынур:
1 - Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Хьурхэр[31] шэтырхэм щ1эсу». (Ар-Рэхьман: 72).
2 – Гьэбдуллах бин Къейс, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Му1миным и шэтырыр жэнэтым зы налкъутналмэс нэщ1ым къыхэщ1ык1ащ, и к1ыхьагъыр милэ хыщ1 мэхъу, му1минхэм я 1ыхьлыхэри абдежым щы1эщ, ахэр къызэхек1ухьыр, зым зыр ялъагъукъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[32].
Жэнэтым и бэзэрыр:
Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1энущ бэзэр мэрем махуэ къэс ек1уал1эхэу, абдежым ищхъэрэк1э жьы къепщэнущи я нэгухэмрэ я щыгъынхэмрэ щ1ихунущи нэхъри я ф1ыгъэмрэ я дахагъымрэ хэхъуэнущ. Ит1анэ я 1ыхьлыхэм ядеж ягъэзэжынущи, ялъэгъунущ ахэми я ф1ыгъэмрэ я дахагъымрэ нэхъыбэ зэрыхъуар. Къыжра1энущ я 1ыхьлыхэм: «Фэри, Уэлэхьи, фи ф1ыгъэмрэ фи дахагъэмрэ диужьк1э нэхъыбэ хъуащ». Муслим къи1уэтэжащ[33].
Жэнэтым щы1э унэхэр:
Алыхь Лъап1эу Лъагэм ищ1ащ жэнэтым щы1э унэхэмрэ дворецхэмрэ я к1уэц1ым псэр зыхущ1экъуну хъуар, нэм ф1эф1у хъуар.
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым му1мин ц1ыхухъухэри му1мин бзылъхугъэхэри къигъэгугъащ псыхэр зыщ1эж жэнэтымк1э, игъащ1эк1э абы щы1энухэщ. Псэуп1эф1хэри щы1эщ жэнэт гьэдным. Алыхьым и арэзыныгъэр нэхъыбэжщ. Ар ехъул1эныгъэшхуэщ.» (Ат-Тобэ: 72).
Жэнэтым ихьэнухэм я щ1ып1эхэр зэрызэщхьэщык1ыр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «(Жэнэтым) Уиплъэху къэс плъагъунур тхъэгъуэрэ мылъкушхуэрэщ». (Аль-1инсан: 20).
2 – Абу Сэгьид Аль-Хъудрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1энухэм ящхьэмк1э щы1э пэшхэм щ1эсхэр зэралъэгъунур вагъуэ къэц1ууэ къуэк1ып1эмк1э е къухьэп1эмк1э уафэм и гъунапкъэм ирек1уэк1ыр зэралъагъум хуэдэу. Ар зыр адрейм къызэрыщхьэщык1ым папщ1э». Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ахэр бегъымбархэм я псэуп1эхэу зыри здынэмысхэращ». Жи1ащ: «Хьэуэ, си псэр зи 1эмыщ1э илъымк1э со1уэ, ц1ыху Алыхьыр зи ф1эщ хъууэ л1ык1уэхэм жа1ар зыгъэпэжахэращ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[34].
Жэнэтым ихьахэм я пэшхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьу ф1ы зыщ1ахэр жэнэтым дгъэк1уэнущи псы зыщ1эж пэшхэм щ1эсынухэщ, игъащ1эк1э ахэр абдежым къэнэнущ, ф1ы зылэжьахэм я псапэр дэгъуэщ». (Аль-Гьэнкэбут: 58).
2 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зи Тхьэ ф1эл1ык1ыу щытахэр унэ зэтетхэм щ1эсынущ, я бжэ1упэмк1э псыхэр щежэхыу. Ар Алыхьым и псалъэщ, Алыхьыр и псалъэм епц1ыжкъым». (Аз-Зумэр: 20).
3 – Алий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1энущ пэшхэр и к1уэц1ым укъиплъмэ и щ1ыбым щы1эр плъыгъуу, щ1ыбым укъиплъмэ и к1уэц1ым щы1эр плъагъуу». Бедуин къэтэджри абдежым щ1эупщ1ащ: «Хэт ахэр зыхуэгъэхьэзырар, уэ Алыхьым и л1ык1уэ?» Жи1ащ: «Зи псалъэр 1эф1у щытам, шхын языгъэшхыу щытам, нэщ1 сытым щыгъуи и1ыгъыным пылъам, жэщым ц1ыхухэр жейуэ нэмэз зыщ1у щытам». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[35].
Жэнэтым щы1эхэм зызрагъэщ1ыр:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Зырагъэщ1ыр дарий зэрыбза гъуэлъып1эхэм». (Ар-Рэхьман: 54).
Жэнэтым ихьахэм я алэрыбгъухэмрэ я щхьэнтэхэмрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Щхьэнтэхэри къегъэт1ылъэк1ащ, алэрыбгъухэри убгъуащ». (Аль-Гъашие: 15-16).
2 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алэрыбгъу дахэхэм (телърэ) щхьэнтэ щхъуант1эхэм егъэщ1ауэ». (Ар-Рэхьман: 76).
Жэнэтым щы1э шэнтжьейхэр:
Ахэр тепхъуэ п1ащ1эхэр зытелъ п1эщ, е щхьэнтэхэр зэрылъ шэнтышхуэщ.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ф1ым тетахэр тхъап1эм хэтынущ, шэнтжьейхэм исынущ къаплъэу». (Аль-Мут1эфифин: 22-23).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Шэнтжьейхэм илъынущ, дыгъи уаи къалъэ1эсынукъым». (Аль-1инсан: 13).
3 – Иджыри жи1ащ Алыхь Лъап1эм: «Жэнэтыр къэзылэжьахэр а махуэм тхъэгъуэм хэтынущ, езыхэмрэ я щхьэгъусэхэмрэ шэнтжьейхэм егъэщ1ауэ жыг жьауэм щ1эсынухэщ». (Ясин: 55-56).
Жэнэтым щы1энухэм я гуф1эгъуэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Я гум илъ 1ейр къитхащи, зэкъуэшхэу, зэщыгуф1ык1хэу зэхуэгъэзахэу п1эхэм илъынущ». (Аль-Хьиджр: 47).
2 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэр сатыру егъэувэк1а п1эхэм егъэщ1ауэ щылъынущ. Абыхэм щхьэгъусэ яхуэтщ1ынущ хьур гьинхэр». (Ат1-Т1ур: 20).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «П1э хэдык1ахэм зырагъэщ1ауэ зэпэщысынухэщ». (Аль-Уакъигьэ: 15-16).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Я п1эхэр 1этащ». (Аль-Гъашие: 13).
Жэнэтым щы1энухэм я хьэкъущыкъухэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэм я 1уэхутхьэбзащ1э щ1алэ ныбжьыщ1эхэр къырок1уэк1ыр фалъэк1э, кхъуэщынк1э, стэчанк1э къыхуахьурэ псынэ фадэр». (Аль-Уакъигьэ: 17-18).
2 – Ит1анэ Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм дыщэ тепшэчхэмрэ фалъэхэмрэ къыхуахьынущ. Ахэм илъынущ псэм ф1э1эф1ымрэ нэм ф1эдахэмрэ. Игъащ1эк1э абым фыщы1энущ». (Аз-Зухъруф: 71).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ахэр къызэхак1ухьынущ хьэкъущыкъу дыжьыным къыхэщ1ык1ахэмк1э, фалъэ абдж нэхъыф1 дыдэм къыхэщ1ык1ахэмк1э. Дыжьын абджым къыхэщ1ык1ахэу, зэрыщытын хуейм хуэдизхэу». (Аль-1инсан: 15-16).
4 – Гьэбдуллах бин Къейс, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтит1ыр дыжьынщ, я хьэкъущыкъухэри, абыхэм щы1эу хъуари. Жэнэтит1ыр дыщэщ, я хьэкъущыкъухэри, абыхэм щы1эу хъуари. Ц1ыхухэм я Тхьэр ялъэгъуным зэран хуэхъур лъап1агъэм и тепхъуэ Абым и нэгум тепхъуа закъуэращ жэнэт гьэдным». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[36].
Жэнэтым щы1энухэм зызэрагъэщ1эращ1эхэмрэ я щыгъынымрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман зи1эу ф1ы зыщ1ахэр Алыхьым игъэк1уэнущ псыхэр щежэх жэнэтым, ахэр дыщэмрэ налкъутналмэсымрэ къыхэщ1ык1а 1эпщэхъухэмк1э гъэщ1эрэщ1ауэ, шылэк1э хуэпауэ щытынущ». (Аль-Хьэдж: 23).
2 – Иджыри Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэращ дыщэ 1эпщэхъухэр я1эрылъу дарий щхъуант1эк1э хуэпауэ шентжьейхэм зытезыгъащ1эр. Ар сыту тыгъэф1, сыту хэщ1ап1э дэгъуэ». (Аль-Кэхф: 31).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Абыхэм я щыгъыныр данэ удзыфэм къыхэщ1ык1ащ, дыжьын 1эпщэхъухэр я1эрылъынущ, я Тхьэм фадэ къабзэ иригъэфэнухэщ». (Аль-1инсан: 21).
Япэрейуэ жэнэтым щыгъын зыщат1эгъэнур:
Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «…ик1и япэрейуэ къигъэхъуахэм щыщу яхуэпэнур Къемэт махуэм Ибрахим Аль-Хъэлил». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[37].
Жэнэтым щы1энухэм я 1уэхутхьэбзащ1эхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэм я 1уэхутхьэбзащ1э щ1алэ ныбжьыщ1эхэр къырок1уэк1ыр фалъэк1э, кхъуэщынк1э, стэчанк1э къыхуахьурэ псынэ фадэр». (Аль-Уакъигьэ: 17-18).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Абыхэм я 1уэхутхьэбзащ1эу щытынущ жьы мыхъу щ1алэщ1эхэр, уахэплъамэ налкъутналмэс зэбгырылъэлъам хуэдэхэу». (Аль-1инсан: 19).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Налкъутналмэс хъумам хуэдэ щ1алэхэр абыхэм я 1уэхутхьэбзащ1эхэу щытынущ». (Ат1-Т1ур:24).
Жэнэтым к1уахэм я япэрей шхыныр:
1 – Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, Гьэбдуллах бин Сэлам, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, еупщ1ауэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, сыт хуэдэ шхын жэнэтым к1уэнухэм яшхынур? Жи1ащ: «Джейм и тхьэмщ1ыгъум къыпылеик1 1ыхьэращ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[38].
2 – Сэубан, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, идеж сыщ1эту журтхэм я щ1эныгъэл1хэм щыщ зы къыщ1ыхьащ…- абым хэтщ -: «Жи1ащ журтым: «Хэт ц1ыхухэм щыщу япэрейуэ хуэфащэр зылъысынур?» Жи1ащ: «Мухьэжырхэм щыщу факъырэхэращ». Жи1ащ журтым: «Сыт абыхэм тыгъэу иратынур жэнэтым щихьэхэк1э?» Жи1ащ: «Джейм и тхьэмщ1ыгъум къыпылеик1 1ыхьэращ». Жи1ащ: «Сыт ат1э шэджагъуашхэу абым иужьк1э щытынур?» Жи1ащ: «Хуаук1ынущ абыхэм жэнэтым и гуухэм щыщ, жэнэтым и 1уфэхэм щыхъуак1уэу щытар». Жи1ащ: «Сыт абыхэм я фадэу щытынур?» Жи1ащ: «Абдежым къыщ1эж псынэм щыщ, и ц1эр Сэлсэбил». Муслим къи1уэтэжащ[39].
Жэнэтшхыныр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Фихьэ жэнэтым фэри фи щхьэгъусэхэри, фагъэгуф1энущ. Абыхэм дыщэ тепщэчхэмрэ фалъэхэмрэ къыхурахьэк1ынущ. Абыхэм псэм ф1э1эф1ымрэ нэм ф1эдахэмрэ ярылъынущ. Абым игъащ1эк1э фыщы1энущ». (Аз-Зухъруф: 70-71).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Тхьэм ф1эл1ык1хэр къызэригъэгугъа жэнэтыр зыхуэдэр аращ: и лъабжьэм псыхэр щожэхыр, шхыныгъуэрэ жьауэрэ абым щы1эр зэпымыущ». (Ар-Рэгьд: 35).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Пхъэщхьэмыщхьэхэм хагъадэу къыхахыу, къуалэбзуул ягу къэк1ахэм хагъэ1эбэу». (Аль-Уакъигьэ: 20-21).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Фышхэ, фефэ, фи хьэлэлщ блэк1а махуэхэм къыщывлэжьауэ». (Аль-Хьакъэ: 24).
5 – Абу Сэгьид Аль-Хъудрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Щ1ыр Къемэт махуэм щытынущ зы щ1акхъуэм хуэдэу, жэнэтым ихьэнухэм хуэгъэхьэзырауэ, ар Лъэщым зэпигъэзэнущ и 1эк1э фэ фщыщ зым и щ1акхъуэр зэрызэпигъазэм хуэдэу гъуэгу щытехьэк1э». – абым хэту жи1ащ –«Журтхэм ящыщ л1ы къэк1уат… Жи1ащ: «Уэзгъэщ1эн абым я шхыным дашхыр?» Жи1ащ: «Дашхыр баламрэ нунрэщ». Жа1ащ: «Сыт ар?» Жи1ащ: «Гуурэ джейрэ, абым я тхьэмщ1ыгъум къыпылеик1ым мин блыщ1 къегъашхэр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[40].
6 – Джабир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Зэхэсхащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Жэнэтым к1уэнухэр щышхэнущ ик1и щефэнущ абдежым, ауэ убжьытхэнухэкъым, щ1ыб ц1ык1ук1и инк1и ик1ынухэкъым, ик1и япэ къик1ынукъым». Жа1ащ: «Ат1э сыт шхыным къыщыщ1ыр?» Жи1ащ: «Къэкъеижынущ е пщ1ант1эк1э къыхэк1ыжынущ мискым хуэдэу, тэсбихьымрэ тэхьмидымрэ жьы къызэрашэм хуэдэурэ къажьэдэк1ынущ». Муслим къи1уэтэжащ[41].
7 – Гьутбэ бин Гьэбд Ас-Сулэмий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, игъусэу сыщысу зы бедуин къак1уэри жи1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, зэхэсхащ и гугъу пщ1ыуэ жэнэтым щыщ жыг сщ1экъым абым нэхърэ нэхъыбэу мы дунейм банэ зытет» – к1арц жыгращ зи гугъу ищ1тэр. Жи1ащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын: «Алыхьым банэ къэс зэрихъуэк1ынущ бжэным и щахэ зэк1эрыгъэубыдам хуэдэк1э, абым плъыфэ блыщ1 шхыныгъуэу илъу, зыр адрейм емыщхьу». Ат1-Т1эбэрани къи1уэтэжащ «Аль-Кэбир» тхылъымрэ, «Муснэд Аш-Шамиин» тхылъымрэ иту[42].
Жэнэтым щы1э фадэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ф1ым тетахэр ефэнущ фалъэ итым кафур[43] хэгъэк1ухьауэ». (Аль-1инсан: 5).
2 – Ит1анэ Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэр ирагъэфэнущ зэнджэбил[44] зыхэгъэк1ухьа бжьэм». (Аль-1инсан: 17).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Ахэр ирагъэфэнущ зи щхьэр трамыча фадэм, абы и щ1эт1ысык1ахуэр мискщ. Апхуэдэ тхъэгъуэм хуэп1ащ1эхэр зэпырыреуэ. Фадэр зэ1ыхащ тэснимк1э, ар Алыхьым пэгъунэгъухэр зэфэ псынэщ». (Аль-Мут1эфифин: 25-28).
4 – Ибн Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын жи1ащ: «Кэусэрыр жэнэтым щы1э псыежэхщ, и 1уфэхэр дыщэщ, налкъутналмэсымрэ якъутымрэ[45] ирожэр и псыр, и щ1ыр мискым нэхърэ нэхъ гуак1уэщ, и псыр фом нэхърэ нэхъ 1эф1щ, уэсым нэхърэ нэхъ хужьщ». Ат-Тирмизирэ Ибн Маджэрэ къа1уэтэжащ[46].
Жэнэтым и жыгхэмрэ и пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Жыг жьауэхэр япэблагъэхэщ, и пхъэщхьэмыщхьэхэри зэрыхуейщ». (Аль-1инсан: 14).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр псыхэр къызщ1эж жьауэхэм щ1эсынущ, пхъэщхьэмыщхьэ зыхуейхэри ягъуэтынущ». (Аль-Мурсэлят: 41-42).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Ахэр егъэщ1ауэ абдежым щылъынущ, пхъэщхьэмыщхьэ куэдрэ зэфэнрэ къыхуахьыну елъэ1ухэу». (Сад: 51).
4 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ ит1ани: «Сыт хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэри абыхэм щхьэк1э щы1эщ абдежым». (Мухьэммэд: 15).
5 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Алыхьым щышынэу щытахэм ехъул1эныгъэ къалъысынущ, жыг хадэхэмрэ жызумхэмрэ». (Ан-Нэбэ1: 31-32).
6 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Абыхэм пхъэщхьэмыщхьэхэм щыщу т1урыт1 къыщок1» «Абыхэм пхъэщхьэмыщхьэхэри, чыц1ыбжьэхэри, нарыхэри (къыщок1ыр)» (Ар-Рэхьман: 52, 68).
7 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ иджыри: «Абдежым ахэр зыщ1элъэ1у пхъэщхьэмыщхьэхэр псори щагъуэтынущ шынагъуэ щымы1эу». (Ад-Духъан: 55).
8 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Ижьымк1э щы1энухэр, пщ1эрэ ижьымк1э щы1энухэр? Банэ зытемытыж сидрым, пхъэщхьэмыщхьэхэр пызу и жьауэ укъуэдиям щ1эсынухэщ, псыхэр блэжу, пхъэщхьэмыщхьэхэри къимыухыу ик1и зыхуейр къащтэу». (Аль-Уакъигьэ: 27-33).
9 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Жэнэт лъап1эм щы1энухэщ, пхъэщхьэмыщхьэхэр якуэду. «Фешхэ, фефэ, фи хьэлэлщ блэк1а махуэхэм къэвлэжьауэ». (Аль-Хьакъэ: 22-24).
10 – Малик бин Сэгьсэгьэ, Алыхьыр т1уми арэзы яхуэхъу, мигьраджым и хъыбарым хэту жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Ит1анэ сидрэ аль-мунтэхар къысхуа1этри слъэгъуащ и пхъэщхьэмыщхьэхэр кхъуэщынышхуэхэм хуэдэу, и тхьэмпэхэр пылым и тхьэк1умэм хуэдэу, и лъабжьэм псыежэхыу пл1ы къыщ1ожыр: т1ур ик1уэц1к1э, т1ур ищхьэк1э. Джибриль сыщеупщ1ым жи1ащ: «Ик1уэц1ым щежэх т1ур жэнэтым щы1эщ, адрей т1ур Нилрэ Фуратрэ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[47].
11 – Абу Сэгьид Аль-Хъудри, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1эщ жыг шу псынщ1э дыдэ, зэтегъэпсыхьа шым тесыр илъэсищэк1э к1уами къызэхимык1ухьыфыну». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[48].
12 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1экъым жыг и лъабжьэр дыщэм къыхэмыщ1ык1ауэ». Ат-Тирмизи къи1уэтэжащ[49].
Жэнэтым и псыежэххэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьу ф1ы зыщ1ахэм жэнэт псыхэр къызщ1эжхэр къапоплъэр, ар ехъул1эныгъэшхуэщ». (Аль-Бурудж: 11).
2 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Тхьэшынагъуэ зыхэлъхэр къызэригъэгугъа жэнэтым и теплъэр: абым щы1эщ псыежэххэр я псыр зымыхъуэж, псыежэххэр я псыр шэ зи 1эф1ыгъэр зызмыхъуэж, псыежэххэр я псыр фадэу ефэхэм щхьэк1э 1эф1у, псыежэххэр я псыр фо къабзэу. Сыт хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэри абыхэм щхьэк1э щы1эщ, я Тхьэми и гъэгъуныгъэр». (Мухьэммэд: 15).
3 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Тхьэм ф1эл1ык1хэр щытхъэнущ псыхэр щежэх жэнэтым, Пащтыхь Лъэщым и пащхьэ псэхуп1э пэжым щысхэу». (Аль-Къэмэр: 54-55).
4 – Анас ибн Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым сыздырик1уэм псыежэхым сырихьэл1ащ, и 1уфэхэр налкъутнэлмэс ныкъуэ нэщ1хэу. Жыс1ащ: «Сыт мыр, уэ Джибриль?» Жи1ащ: «Ар Кэусэр уи Тхьэм тыгъэ къыпхуищ1аращ». И мэмрэ и щ1ымрэ миск къабзэщ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[50].
5 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Сейхьанымрэ Джейхьанымрэ, Фуратымрэ Нилымрэ, ахэр псори жэнэтым и псыежэххэм щыщщ». Муслим къи1уэтэжащ[51].
Жэнэтым и псынэхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр жэнэтхэмрэ псынэхэмрэ хэтщ». (Аль-Хьиджр: 45).
2 - Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ф1ым тетахэр ефэнущ фалъэ итым кафур[52] хэгъэк1ухьауэ, псынэу къыщ1ожыр Алыхьым и пщыл1хэр ефэнхэ щхьэк1э». (Аль-1инсан: 5-6).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Фадэр зэ1ыхащ тэснимк1э, ар Алыхьым пэгъунэгъухэр зэфэ псынэщ». (Аль-Мут1эфифин: 27-28).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Абы псынит1 къыщыщ1ож» «Абыхэми псынит1 къыщыщ1оу». (Ар-Рэхьман: 50, 66).
5 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Ахэр ирагъэфэнущ зэнджэбил[53] зыхэгъэк1ухьа бжьэм, Сэлсэбил зиц1э псынэм къыхахыурэ». (Аль-1инсан: 17-18).
Жэнэтым щы1эну бзылъхугъэхэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Тхьэм ф1эл1ык1хэм я Тхьэм деж щагъуэтынущ псыежэххэр зыщ1эж жыг хадэхэр, - ахэр абы игъащ1эк1э исынущ, - щхьэгъусэ къабзэхэр, Алыхьыр къахуэарэзыщ. Алыхьым елъагъур и пщыл1хэр». (Алэ Гьимран: 15).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Дэ (хьурхэр) къэгъэхъук1эк1э къэдгъэхъуащ, хъыджэбзу щытынхэу, ял1хэр ф1ыуэ ялъагъуу ик1и зэныбжьхэу, ар ижьымк1э щы1эхэм яйщ, япэрейхэм щыщу зыкъомым, иужьрейхэм ящыщуи зыкъомым». (Аль-Уакъигьэ: 35-40).
3 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Я1энущ зи нап1эхэр тезыгъал1э нэшхуэхэр, джэдык1э къутэным хуэдэу хъумахэр». (Ас-Сафат: 48-49).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Хьур нэ п1ащэхэр, налкъутналмэс яхъумам хуэдэхэр, ялэжьауэ щытам и псапэу къратынущ». (Аль-Уакъигьэ: 22-24).
5 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Абым ща1энущ ц1ыхуи жыни зэмы1уса зи нэхэр тезыгъал1эхэр. Фи Тхьэм и ф1ыгъуэхэм щыщу дэтхэнэра къивмыдзэр? Ахэр якъутымрэ мэрджанымрэ[54] хуэдэщ». (Ар-Рэхьман: 56-58).
6 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Абыхэм щы1эхэщ дэгъуэхэр, дахэхэр. Фи Тхьэм и ф1ыгъуэхэм щыщу дэтхэнэра къивмыдзэр? Хьурхэр шэтырхэм щ1эсу». (Ар-Рэхьман: 70-72).
7 – Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым иц1эк1э дэк1ам нэхущэм щегъэжьауэ къухьэгъуэм нэс ик1уар, е къухьэгъуэм щегъэжьауэ нэхущэм нэс ик1уар нэхъыф1щ мы дунейми, мы дунейм щы1эу хъуами нэхърэ. Фи шабзэкъум и ныкъуэм хуэдиз щ1ып1эр жэнэтым, е фи щ1опщым хуэдиз щ1ып1эр жэнэтым нэхъыф1щ мы дунейми, мы дунейм щы1эу хъуами нэхърэ. Ат1э жэнэтым щыщ бзылъхугъэ мы щ1ым щы1эхэм къыхуеплъыхатэмэ, а т1ум (къуэк1ып1эмрэ къухьэп1эмрэ) якур зэуэ къигъэунэхунут, мэ гуак1уэк1э из ищ1ынут а т1ум язэхуакур, и щхьэм тепхъуа 1элъэщ1ыр мы дунейми, мы дунейм щы1эу хъуами нэхърэ нэхъыф1щ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[55].
8 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Япэрей гупу жэнэтым ихьэнухэм я теплъэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым и теплъэм хуэдэу щытынущ, абыхэм яужь къак1уэхэр нэхъ ин дыдэу уафэм къэц1у вагъуэм хуэдэхэщ, л1ы къэс щхьэгъусит1 и1энущ абдежым, я къупщхьэ куц1ыр болъагъур я лым къыпхырыщу, щы1энукъым жэнэтым къэзмыша». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[56].
Жэнэтым мэуэ щы1эхэр:
Мэхэр зэщхьэщок1ыр ц1ыхухэм елъытауэ, я хэщ1ап1эхэм елъытауэ, ахэм щ1ып1эу яубыдым елъытауэ.
1 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Япэрей гупу жэнэтым ихьэнухэм я теплъэр мазэгъуэ жэщым мазэ изым и теплъэм хуэдэу щытынущ, абыхэм яужь къак1уэхэр нэхъ ин дыдэу уафэм къэц1у вагъуэм хуэдэхэщ. Щ1ыб ик1ынухэкъым инк1и ц1ык1ук1и, убжьытхэнухэкъым, я пэри къыпыжынукъым, я щхьэмажьэхэр дыщэщ, я пщ1ант1эпсыр мискщ, я ф1амыщ1ыр пхъэ мэ гуак1уэ къызпихщ, я щхьэгъусэхэр хьур гьин[57], я теплъэк1э псори зым хуэдэнухэщ, я адэ Адам и теплъэм хуэдэу 1эфрак1э хыщ1 я лъагагъыу щытынущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[58].
2 – Гьэбдуллах бин Гьэмр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Мугьахэд[59] зыук1ам жэнэтым и мэр къыщ1ихьэнукъым, абым и мэр илъэс пл1ыщ1 и жыжьагъэк1э зеубгъур». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[60].
3 – Нэгъуэщ1у къызэра1уэтэжым же1эр: «Абым и мэр бжьыхьэ блыщ1ым и жыжьагъэк1э зеубгъур». Ат-Тирмизирэ Ибн Маджэрэ къа1уэтэжащ[61].
Жэнэтым щы1энухэм я щхьэгъусэхэм я уэрэдхэр:
Ибн Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым щы1энухэм я щхьэгъусэхэм макъ дахэ зыми зэи зэхимыхак1э я щхьэгъусэхэм уэрэд хужа1энущ. Ахэм я уэрэдым щыщщ: «Дэращ дэгъуэхэу дахэхэр, нэхъыф1 дыдэхэм дыращхьэгъусэщ, гупсэхур зыщагъуэтыри дэращ.
Абыхэм жа1эну уэрэдхэм щыщщ: «Игъащ1эми дыпсэунущ дымыл1эу, шынагъуэ зыдамылъагъухэри дэращ, дэращ къанэхэр зыщ1ып1и мык1уэхэр». Ат1-Т1эбэрани и «1эусэт1» тхылъым къи1уэтэжащ[62].
Жэнэтым щы1энухэр я щхьэгъусэхэм зэрек1уэл1энур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «А махуэм жэнэтым ихьахэм загъэтхъэнущ, езыхэмрэ я щхьэгъусэхэмрэ шэнтжьейхэм тегъэщ1ауэ жыг жьауэхэм щ1эсынущ». (Ясин: 55-56).
2 – Зейд бин 1эркъэм, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Жэнэтым щыщ л1ым л1ищэм я къару иратынущ ешхэнми, ефэнми, ф1эф1агъми, и щхьэгъусэм ек1уэл1энми». Жи1ащ абдежым журтхэм щыщ л1ым: «Ешхэрэ ефэм щ1ыб ик1ын хуеинущ». Жи1ащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын: «Щ1ыб зэрик1ынур пщ1ант1эпсыр и щ1ыфэм къызэрыхэк1ым хуэдэущ, ик1и и ныбэр ц1ык1у хъунущ». Ат1-Т1эбэранирэ Ад-Даримийрэ къа1уэтэжащ[63].
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ди фызхэм данэсыну жэнэтым?» Жи1ащ: «Л1ыр зы махуэм хъыджэбзищэм ек1уэл1эфынущ». Ат1-Т1эбэрани и «Аль-1эусэт1»-ымрэ Абу Нэгьим и «Сыфэту Аль-Джэннэ»-мрэ къа1уэтэжащ[64].
Сабийхэр жэнэтым:
Абу Сэгьид Аль-Хъудри, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Му1миныр жэнэтым сабий хуеймэ, лъэщыджэ щыхъунури, къыщыхъунури, ин щыхъунури а щыхуея дыдэ уахътэм щыгъуэщ». Ахьмэдрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ[65].
Жэнэтым щы1энухэм я тхъэгъуэр зэримыухыжынур зэик1:
Жэнэтым ихьэнухэр щихьэк1э, мэлэ1ычхэр къапежьэнущи жэнэтым и ф1ыгъуэхэмк1э, ар игъащ1эк1э зэрыщы1энумк1э ягъэгуф1энухэщ зэи зэхамыха гуф1эгъуэ псалъэхэмк1э.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Тхьэм ф1эл1ык1хэр къызэригъэгугъа жэнэтыр зыхуэдэращ: и лъабжьэм псыхэр щожэх, абы щы1э шхыныгъуэхэмрэ жьауэмрэ зэпымыужщ. Аращ Тхьэм ф1эл1ык1хэм я хэщ1ап1эр, джаурхэм я хэщ1ап1эр маф1эращ». (Ар-Рэгьд: 35).
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Джак1уэр къэджэнущ: «Зэик1 сымаджэ фымыхъуу фыузыншэнущ, зэик1 фымыл1эу фыпсэунущ, зэик1 жьы фымыхъуу фыщ1алэнущ, зэик1 гукъеуэ фимы1эу фытхъэнущ». Аращ Лъап1эу Лъагэм и псалъэхэр: «Къаджэнущ: «Мыращ жэнэт щ1эину къыфлъысар флэжьауэ щытамк1э[66]». Муслим къи1уэтэжащ[67].
3 – Джабир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, жэнэтым щы1эхэр жеину?» Жи1ащ: «Хьэуэ, жейр л1эныгъэм и къуэшщ». Аль-Бэззар къи1уэтэжащ[68].
Жэнэтыр зэрызэщхьэщык1ыр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Еплъыт дауэрэ зыхэр адрейхэм къызэрыхэт1этык1ар, ауэ ахърэтым нэхъ иныжу къэт1этынухэщ ик1и нэхъ иныжу зэхэдгъэк1ынущ». (Аль-1исра1: 21).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Иман и1эрэ ф1ы ищ1ауэ Абы и пащхьэм ихьэжхэм я увып1эр лъагъэщ, псыхэр щежэх жэнэтым игъащ1эк1э щы1энущ. Аращ гуэныхьыншэм хуэфащэр». (Т1а-Ха: 75-76).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Япэ ищахэр (ахърэтми) япэ ищынухэщ, ахэращ пэгъунэгъу хъуахэр (Алыхьым), жэнэт тхъап1эм щы1энухэщ. Япэрейхэм щыщу зыкъом, иужьрейхэм щыщу т1эк1у». (Аль-Уакъигьэ: 10-14).
4 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ зи ф1эщ хъууэ, нэмэз зыщ1ар, Рэмэданым нэщ1 зы1ыгъар Алыхьым жэнэтым иригъэхьэну хьэкъыу телъщ. Абы Алыхьым и ц1эк1э хиджрэ ищ1ами, къыщыхъуа щ1ып1эм къэнами». Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ц1ыхухэм ядгъэщ1эну щыткъэ ар?» Жи1ащ: «Ипэжып1эк1э жэнэтым увып1эу щэ и1эщ, ахэр Алыхьым и ц1эк1э зауэхэм яхуигъэхьэзыращ, увып1ит1ым яку дэлъыр щ1ымрэ уафэмрэ якум дэлъым хуэдизщ. Алыхьым ахэм щхьэк1э фыщелъэ1ук1э, жэнэт Аль-Фирдэусымк1э фелъэ1у. Аращ жэнэтым икури и нэхъ лъагэ дыдэри, абым и щхьэм Гущ1эгъущ1ым и Гьэршыращ щы1эр, абым идежщ жэнэтым и псыкъежэххэри къыздыщ1эжыр». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[69].
Му1миным и бынхэм я увып1эхэр зэрыдрагъэк1уеинур, я 1уэхухэмк1э къамылэжьами:
Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьауэ зи щ1эблэр яужьым иту иманым тетахэр зэхэтшэжынущ, къалэжьам щыщу зыри дгъэк1уэдынукъым. Щхьэж езым ищ1ам хуэфащэщ и шэсып1эр». (Ат1-Т1ур: 21).
Жэнэтым и жьауэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Иман къэзыхьауэ ф1ы зыщ1ахэр псыхэр къызщ1эж жэнэтым итшэнущи игъэщ1эк1э абым щы1энухэщ, абыхэм щхьэгъусэ къабзэхэр я1энущ, жьауэ 1увым щ1эсынухэщ». (Ан-Ниса1: 57).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Ижьымк1э щы1энухэр, пщ1эрэ ижьымк1э щы1энухэр? Банэ зытемытыж сидрым, пхъэщхьэмыщхьэхэр пызу и жьауэ укъуэдиям щ1эсынухэщ». (Аль-Уакъигьэ: 27-30).
3 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Шэнтжьейхэм илъынущ, дыгъи уаи къалъэ1эсынукъым. Жыг жьауэхэр япэблагъэхэщ, и пхъэщхьэмыщхьэхэри зэрыхуейщ». (Аль-1инсан: 13-14).
4 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Тхьэм ф1эл1ык1хэр къызэригъэгугъа жэнэтыр зыхуэдэращ: и лъабжьэм псыхэр щожэх, абы щы1э шхыныгъуэхэмрэ жьауэмрэ зэпымыужщ. Аращ Тхьэм ф1эл1ык1хэм я хэщ1ап1эр, джаурхэм я хэщ1ап1эр маф1эращ». (Ар-Рэгьд: 35).
Жэнэтыр зэры1этамрэ и бгъуагъымрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Я нэгухэр а махуэм нэф1эгуф1эу, ялэжьам хуэарэзыуэ жэнэтым щы1энухэщ, псалъэ надэ абы щызэхахынукъым». (Аль-Гъашие: 8-11).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1ани жи1ащ: «Фыхуэп1ащ1э фи Тхьэм и гъэгъуныгъэм, уафэхэмрэ щ1ылъэмрэ хуэдиз хъу жэнэту ф1эл1ык1хэм яхуигъэхьэзырам». (Алэ Гьимран: 133).
3 – Иджыри Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Фызэпеуэ Алыхьым и гъэгъуныгъэмрэ, уафэмрэ щ1ылъэмрэ хуэдиз жэнэтымрэ къэвлэжьын щхьэк1э. Ар Алыхьым яхуигъэхьэзыращ Алыхьымрэ и л1ык1уэхэмрэ зи ф1эщ хъуахэм папщ1э. Ар Алыхьым ф1ыгъуэу зыхуейм ирет, Алыхьым ф1ыгъуэшхуэхэр и1эщ». (Аль-Хьэдид: 21).
Жэнэтым и нэхъ лъагэ дыдэ увып1эр:
Гьэбдуллах бин Гьэмр бин Аль-Гьас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, зэхихащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Му1эзиныр зэхэфхмэ, жи1эм хуэдэурэ жыф1э, ит1анэ сэр щхьэк1э сэлэуат къэфхь. Сэ щхьэк1э сэлэуат къэзыхьым, Алыхьым абым щхьэк1э сэлэуат пщ1эрэ къыхуехьыжыр. Ит1анэ Алыхьым фелъэ1у уэсилэ къызитыну, ар жэнэтым щыщ щ1ып1эщ, Алыхьым и пщыл1хэм щыщу зы закъуэм хуэгъэхьэзыращ, ик1и согугъэр ар сэрауэ. Сэр щхьэк1э уэсилэ щ1элъэ1ум сыкъыщхьэщыжыну сыхуитщ». Муслим къи1уэтэжащ[70].
Жэнэтым нэхъ щ1ып1э лъагэ дыдэхэм щы1энухэмрэ, нэхъ лъахъшэ дыдэ щ1ыпэхэм щы1энухэмрэ:
Мугъирэ бин Шугьбэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Мусэ и Тхьэм еупщ1ащ: «Хэт и щ1ып1э жэнэтым нэхъ лъахъшэ дыдэу щытынур?» Жи1ащ: «Ар л1ы къэк1уэнуращ жэнэтым ихьауэ хъуар ихьа иужьк1э. Абы жра1энущ: «Ихьэ жэнэтым». Жи1энущ: «Уэ си Тхьэ, дауэрэ (сызэрихьэнур), ц1ыхухэр я щ1ып1эхэм ет1ысэхыжагъыхэщ, ящтэнури ящтагъыхэщ?»
Жра1энущ абы: «Арэзы ухъуну дунейм и унафэщ1хэм щыщ гуэрым и мылъкум хуэдиз уи1эмэ?» Жи1энущ: «Ат1э арэзы сыхъунущ, си Тхьэ». Жи1энущ: «Ат1э ари, апхуэдиз иджыри щ1ыгъужу, апхуэдиз иджыри щ1ыгъужу, апхуэдиз иджыри щ1ыгъужу, апхуэдиз иджыри щ1ыгъужу». Етхуанэм жи1энущ: «Сыарэзыщ, си Тхьэ». Жи1энущ: «Ат1э ари, абы хуэдэу иджыри пщ1ыри ууейщ, ик1и уи псэм ф1эф1ри, уи нэр зыгъэгуф1эри ууейщ». Жи1энущ: «Сыарэзыщ, си Тхьэ».
Жи1ащ (Мусэ): «Си Тхьэ, нэхъ щ1ып1э лъагэр щэ?» Жи1ащ: «Ахэр сэ сызэрыхуейм хуэдэу си 1эк1э къыхэсхахэщ, сгъэбыдэжащ, нэм имылъэгъуа, тхьэк1умэм зэхимыха, гум къэмык1ащ». Жи1ащ: «Абы и щыхьэтыр Алыхьым и Тхылъым итщ: «Зы псэми ищ1эркъым хуагъэхьэзырар тхъэгъуэхэм щыщу[71]». Муслим къи1уэтэжащ[72].
Нэгъуэщ1у къызэра1уэтэжам щыже1эр жэнэтым и щ1ыпэ нэхъ лъахъшэм тепсэлъыхьу: «Дунейм хуэдэрэ иджыри хуэдипщ1рэ ууейщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[73].
Жэнэтым и ф1ыгъуэ нэхъ ин дыдэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Алыхьым му1мин ц1ыхухъухэри му1мин бзылъхугъэхэри къигъэгугъащ псыхэр зыщ1эж жэнэтымк1э, игъащ1эк1э абы щы1энухэщ. Псэуп1эф1хэри щы1эщ жэнэт гьэдным. Алыхьым и арэзыныгъэр нэхъыбэжщ. Ар ехъул1эныгъэшхуэщ.» (Ат-Тобэ: 72).
2 – Ит1ани Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «А махуэм я нэгухэм нурыр къыщ1ихыу я Тхьэм еплъынухэщ». (Аль-Къиямэ: 22-23).
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, ц1ыхухэр бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, еупщ1ахэу: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, ди Тхьэр Къемэт махуэм тлъагъуну?» - жа1эри. Жи1ащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын: «Мазэгъуэ жэщым мазэ изыр флъагъуну зыгуэр зэран къыфхуэхъурэ?» Жа1ащ: «Хьэуэ, уэ Алыхьым и л1ык1уэ». Жи1ащ: «Дыгъэм пшэхэр темылъу флъагъуну зыгуэр зэран къыфхуэхъурэ?» Жа1ащ: «Хьэуэ, уэ Алыхьым и л1ык1уэ». Жи1ащ: «Ат1э флъагъунущ Ари апхуэдэ къабзэу». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[74].
4 – Сухейб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым ихьэнухэр щихьэк1э жи1ащ: «Алыхь Лъап1эу Лъагэм жи1энущ: «Зыгуэр иджыри фыхуей къывэстыну?» Жа1энущ: «Ди нэгухэр хужь пщ1акъэ? Жэнэтым дибгъэхьакъэ маф1эм дыщыпхъумэу?» Жи1ащ: «Ит1анэ 1упхъуэ зэхуэзыщ1ыр 1уихынущи абым нэхъыф1 тыгъэ я1энукъым я Тхьэ Лъап1эу Лъагэм еплъынхэ нэхърэ». Муслим къи1уэтэжащ[75].
Жэнэтым и ф1ыгъуэхэм щыщ
Мыр жэнэтым и щытык1эр, абым ф1ыгъуэу щы1эхэр къэзыгъэлъагъуэ теплъэхэщ, Алыхьым дэри, фэри, муслъымэнхэри псори абы к1уэнухэм щыщ дищ1, Ар хьэлэлщ, жумартщ.
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Си аятхэр зи ф1эщ хъууэ муслъымэну щытахэр, фихьэ жэнэтым фэри, фи щхьэгъусэхэри, фагъэгуф1энщ. Абыхэм дыщэ тепшэчхэмрэ фалъэхэмрэ къыхуахьынущ. Ахэм илъынущ псэм ф1э1эф1ымрэ нэм ф1эдахэмрэ. Игъащ1эк1э абым фыщы1энущ. Мыращ щ1эину къыфлъыса жэнэтыр фщ1ахэм къихьауэ. Абым пхъэщхьэмыщхьэ куэд щы1эщ фэ фшхыну». (Аз-Зухъруф: 69-73).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Тхьэшынагъуэ зыхэлъахэр щ1ып1э гупсэхуу жыг хадэхэмрэ псынэхэмрэ щыкуэдым исынущ, алътесымрэ дариймрэ ящыгъыу зэбгъэдэсынущ. Абым щ1ыгъужу хьур гьинхэр щхьэгъусэ яхуэтщ1ынущ. Абдежым ахэр зыщ1элъэ1у пхъэщхьэмыщхьэхэр псори щагъуэтынущ шынагъуэ щымы1эу. Япэрей л1эныгъэм ф1эк1а нэгъуэщ1 л1эныгъэ абдежым щалъэгъунукъым, жэхьэнэмэм и хьэзабми щихъумэнухэщ». (Ад-Духъан: 51-56).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Яшэчам хуэфащэу къаритынущ жэнэтымрэ шылэ фащэмрэ, шэнтжьейхэми илъынущ дыгъи уаи къалъэмы1эсу. Жыг жьауэхэр япэблагъэхэщ, и пхъэщхьэмыщхьэхэри зэрыхуейщ. Ахэр къызэхак1ухьынущ хьэкъущыкъу дыжьыным къыхэщ1ык1ахэмк1э, фалъэ абдж нэхъыф1 дыдэм къыхэщ1ык1ахэмк1э. Дыжьын абджым къыхэщ1ык1ахэу, зэрыщытын хуейм хуэдизхэу. Ахэр ирагъэфэнущ зэнджэбил[76] зыхэгъэк1ухьа бжьэм, Сэлсэбил зиц1э псынэм къыхахыурэ. Абыхэм я 1уэхутхьэбзащ1эу щытынущ жьы мыхъу щ1алэщ1эхэр, уахэплъамэ налкъутналмэс зэбгырылъэлъам хуэдэхэу. Уиплъэху къэс плъагъунур тхъэгъуэрэ мылъкушхуэрэщ. Абыхэм я щыгъыныр данэ удзыфэм къыхэщ1ык1ащ, дыжьын 1эпщэхъухэр я1эрылъынущ, я Тхьэм фадэ къабзэ иригъэфэнухэщ. Ар фи тыгъэщ, гугъу фызэрехьар игъэлъап1эу». (Аль-1инсан: 12-22).
4 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Япэ ищахэр ахърэтми япэ ищынухэщ, ахэр Алыхьым и нэф1 зыщыхуауэ жэнэтым ихьэнухэращ. Япэрейхэм щыщу зыкъом, иужьрейхэм щыщу т1эк1у. П1э хэдык1ахэм зырагъэщ1ауэ зэпэщысынухэщ. Ахэм я 1уэхутхьэбзащ1э щ1алэ ныбжьыщ1эхэр къырок1уэк1ыр фалъэк1э, кхъуэщынк1э, стэчанк1э къыхуахьурэ псынэ фадэр. Абыхэм ярытым уи щхьэр игъэузыркъым, чэфи уищ1ыркъым. Пхъэщхьэмыщхьэхэм хагъадэу къыхахыу, къуалэбзуул ягу къэк1ахэм хагъэ1эбэу. Хьур нэ п1ащэхэр, налкъутналмэс яхъумам хуэдэхэр, ялэжьауэ щытам и псапэу къратынущ. Абы щызэхахынукъым псалъэ надэрэ гуэныхь зыхэлърэ. Зэхэпхынур: «Сэлам, сэлам!» - закъуэщ». (Аль-Уакъигьэ: 10-26).
5 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Ижьымк1э щы1энухэр, пщ1эрэ ижьымк1э щы1энухэр? Банэ зытемытыж сидрым, пхъэщхьэмыщхьэхэр пызу и жьауэ укъуэдиям щ1эсынухэщ, псыхэр блэжу, пхъэщхьэмыщхьэхэри къимыухыу ик1и зыхуейр къащтэу, я п1эхэр къэ1этауэ. Дэ (хьурхэр) къэгъэхъук1эк1э къэдгъэхъуащ, хъыджэбзу щытынхэу, ял1хэр ф1ыуэ ялъагъуу ик1и зэныбжьхэу, ар ижьымк1э щы1эхэм яйщ, япэрейхэм щыщу зыкъомым, иужьрейхэм ящыщуи зыкъомым». (Аль-Уакъигьэ: 27-40).
6 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхь Лъап1эу Лъагэм жи1ащ: «Къэзгъэхьэзыращ си пщыл1хэу ф1ым тетахэм щхьэк1э нэм имылъэгъуар, тхьэк1умэм зэхимыхар, ц1ыхум и гум къэмык1ар». Абым и щыхьэтыр Алыхьым и Тхылъым итщ: «Зы псэми ищ1эркъым хуагъэхьэзырар тхъэгъуэхэм щыщу ищ1ахэмщхьэк1э псапэу[77]». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[78].
Жэнэтым щы1эхэм я зэчырымрэ я псалъэхэмрэ:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Жа1энущ: «Алыхьым ф1ыщ1э худощ1! Абы псалъэу къыдитар игъэпэжри жэнэтым и щ1ыр щ1эину къыдитащ. Жэнэтым дыздэхуейм идеж дот1ысэх. Ф1ы зыщ1ахэм папщ1э ар тыгъэ ф1ыщэщ». (Аз-Зумэр: 74).
2 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ ит1ани: «Абдежым абы я лъэ1ур: «Уэ Алыхьу зи хуэдэ щымы1э», ф1эхъус зэрызэрахынур: «Сэлам», я лъэ1ур зэраухынур: «Алыхьу дунейхэм я Тхьэм ф1ыщ1э худощ1». (Юнус: 10).
3 – Алыхь Лъап1эм иджыри жи1ащ: «Абы щызэхахынукъым псалъэ надэрэ гуэныхь зыхэлърэ. Зэхэпхынур: «Сэлам, сэлам!» - закъуэщ». (Аль-Уакъигьэ: 25-26).
4 - Джабир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ: «Зэхэсхащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Жэнэтым к1уэнухэр щышхэнущ ик1и щефэнущ абдежым, ауэ убжьытхэнухэкъым, щ1ыб ц1ык1ук1и инк1и ик1ынухэкъым, ик1и япэ къик1ынукъым». Жа1ащ: «Ат1э сыт шхыным къыщыщ1ыр?» Жи1ащ: «Къэкъеижынущ е пщ1ант1эк1э къыхэк1ыжынущ мискым хуэдэу, тэсбихьымрэ тэхьмидымрэ жьы къызэрашэм хуэдэурэ къажьэдэк1ынущ». Муслим къи1уэтэжащ[79].
Тхьэм жэнэтым щы1эхэм сэлам зэрырихынур:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Ахэр Езым и пащхьэ щихьэжыну махуэм ф1эхъусу къарихынур сэламщ, тыгъэ лъап1эри къахуигъэхьэзыращ». (Аль-1эхьзаб: 44).
2 – Алыхь Лъап1эм ит1анэ жи1ащ: «Тхьэ Гущ1эгъущ1ым и псалъэр сэламщ». (Ясин: 58).
Арэзыныгъэ зэ1ущ1эр:
Абу Сэгьид Аль-Хъудрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым яжри1энущ жэнэтым щы1эхэм: «Уэ жэнэтым щы1эхэ!» Жа1энущ: «Дыкъода1уэр, уэ ди Тхьэ, ик1и уи унафэ дыщ1этщ, ф1ыр уи 1ит1ращ зы1эщ1элъыр». Жи1энущ: «Фыарэзыхэ?» Жа1энущ: «Ат1э сыт дыщ1эмыарэзынур, уэ ди Тхьэ? Зыми къэбгъэхъуахэм щыщу йомытар къыдэптащ». Жи1энущ: «Абым нэхърэ нэхъыф1 фэстын?» Жа1энущ: «Уэ ди Тхьэ, сыт абым нэхъыф1ыжу щы1эр?» Жи1энущ: «Си арэзыныгъэр фэстынущ, зэи сыфхуэгубжьыжынукъым иджы щегъэжьауэ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[80].
Уэ ди Тхьэ, дэри, ди адэ-анэхэми, ди 1эхьлыхэми, муслъымэнхэми псоми арэзы къытхуэхъу. Уи гущ1эгъук1э жэнэт тхъап1эм дишэ.
Мухьэммэд, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и 1умэтыр жэнэтым зэрыхъунур адрейхэм елъытамэ:
Алыхь Лъап1эм мы 1умэтым ф1ыщ1эшхуэ хуищ1ащ жэнэтым ихьэнухэм я ныкъуэ ищ1ри, ит1анэ ф1ыгъуэ къахуищ1ри и щанит1 ищ1ахэщ.
Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, дыригъусэу Къубэм дыщы1эу жи1ащ: «Фыарэзыну жэнэтым ихьэнухэм я пл1анэ фыхъумэ?» Жыт1ащ: «Нт1э». Жи1ащ: «Фыарэзыну жэнэтым ихьэнухэм я щанэ фыхъумэ?» Жыт1ащ: «Нт1э». Жи1ащ: «Фыарэзыну жэнэтым ихьэнухэм я ныкъуэ фыхъумэ?» Жыт1ащ: «Нт1э». Жи1ащ: «Согугъэр жэнэтым ихьэнухэм я ныкъуэ фыхъуну, сыту жып1эмэ, жэнэтым ихьэнухэр муслъымэн псэхэращ, фэ мушрикхэм фелъытамэ цы хужь гуу ф1ыц1эм и фэм тетым фыхуэдэщ, е цы ф1ыц1э гуу гъуабжэм и фэм тетым фыхуэдэщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[81].
Жэнэтым ихьэнухэм я сатырхэр:
Бурейдэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Жэнэтым ихьэнухэр щэрэ т1ощ1рэ сатыру мэхъухэр, ищ1ыр мы 1умэтым щыщщ, пл1ыщ1ыр адрей 1умэтхэращ». Ат-Тирмизирэ Ибн Маджэрэ къа1уэтэжащ[82].
Жэнэтым ихьэнухэр:
1 – Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Тхьэр зи ф1эщ хъуауэ ф1ы зыщ1эхэм жэнэтыр яйщ, ахэр абы игъащ1эк1э щы1энущ». (Аль-Бэкъэрэ: 82).
2 – Гьияд бин Хьимар, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым ихьэнухэр щы мэхъу: унафэ зы1эщ1элъу захуэу сэдэкъэ иту ехъул1эныгъэ зи1эр, ит1анэ л1ы гущ1эгъу зыхэлъыр, гу щабэу и 1ыхьлыхэмрэ муслъымэнхэмрэ яхущытыр, ит1анэ л1ы ук1ытэхыр, емык1ум зыщызхъумэу сабий зи1эр…». Муслим къи1уэтэжащ[83].
3 – Хьарисэ бин Уэхб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу зэхихауэ: «Жэнэтым ихьэнухэр фжес1эн?» Жа1ащ: «Нт1э». Жи1ащ: «Къарууншэу, зэрыкъарууншэм емыгупсысыр, Алыхьым и ц1эк1э и1уамэ, хуигъэпэжу…». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[84].
Жэнэтым ихьэнухэм ящыщу нэхъыбэ дыдэхэр:
Гьимран бин Хьэсин, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Жэнэтым сыхэплъэри, абы щы1эм инэхъыбэр факъырэхэу слъагъуащ. Жэхьэнэмэм сыхэплъэри, инэхъыбэу абы щы1эхэр бзылъхугъэу слъагъуащ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[85].
Иужьрей дыдэу жэнэтым ихьэнур:
Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Иужьрейуэ жэнэтым ихьэнухэм щыщу ихьэнур, ик1и иужьрейуэ маф1эм къыхэк1ыжынур: л1ы пщыурэ къыхэпщыжынущ. Жри1энущ абы и Тхьэм: «Ихьэ жэнэтым». Жи1энущ: «Уэ си Тхьэ, жэнэтыр из хъуащ». Ар щэрэ къыжра1энущ, щэми «Жэнэтыр из хъуащ» жи1энущ. Ит1анэ жри1энущ: «Дунейм хуэдэурэ пщ1ыр ууейщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[86].
[1] Гьэдн псалъэм хэщ1ап1эщ къик1ыр.
[2] Аль-Хъулдым зэи мык1уэдыж, пэубли к1эухи зимы1э, мыухыж къик1ыу аращ.
[3] Ан-Нэгьимым тхъап1э, ф1ыгъуэ псори здэщы1э щ1ып1э къик1ыу аращ.
[4] Аль-Мэ1уа псалъэм хэщ1ап1эщ къик1ыр.
[5] Дар Ас-Сэлямым къик1ыр мамырыгъэм и хэщ1ап1эщ.
[6] Аль-Бухъари (7423).
[7] Сэхьихь, Аль-Хьаким (1304), Ибн Хьибан (3013).
[8] Аль-Бухъари (1897), Муслим (1027).
[9] Муслим (2967).
[10] Аль-Бухъари (4712), Муслим (194).
[11] Аль-Бухъари (3257), Муслим (1152).
[12] Муслим (2565).
[13] Аль-Бухъари (3277), Муслим (1079).
[14] Муслим (234).
[15] Муслим (197).
[16] Аль-Бухъари (876), Муслим (855).
[17] Муслъымэнхэм щхьэк1э жэнэтым щхьэгъусэу Алыхьым къигъэхъунухэращ.
[18] Аль-Бухъари (3327), Муслим (2834).
[19] Аль-Бухъари (6543), Муслим (219).
[20] Муслим (2979).
[21] Хьэдисыр хьэсэн, Ахьмэд (7920), Ат-Тирмизи (2545).
[22] Аль-Бухъари (3254), Муслим (2834).
[23] Къур1энымрэ Суннэмрэ къэк1уауэ сымаджэр зэджэхэращ зигъэхъужын папщ1э.
[24] Джэду ф1ыц1эти, пэгун нэщ1ти, нэгъуэщ1уи я ф1эщ хъу нэщэнэ пц1ыхэращ.
[25] Аль-Бухъари (6541), Муслим (220).
[26] Сэхьихь, Ат-Тирмизи (2437), Ибн Маджэ (4286).
[27] Сидрэ мунтэхар сидр жыг ин дыдэщ, ебланэ уафэм щытщ, и лъабжьэхэр еханэ уафэм нос, жэнэтым и 1уфэм щытщ, абым и дахагъыр ц1ыхум хузэф1эк1ынукъым къи1уэтэну.
[28] Аль-Бухъари (3342), Муслим (163).
[29] Сэхьихь, Ат-Тирмизи (2526), Ад-Даримий (2717).
[30] Муслим (2928).
[31] Хьур гьин жыхуи1эхэращ.
[32] Аль-Бухъари (4879), Муслим (2838).
[33] Муслим (2833).
[34] Аль-Бухъари (3256), Муслим (2831).
[35] Хьэсэн, Ахьмэд (1338), Ат-Тирмизи (1984).
[36] Аль-Бухъари (7444), Муслим (180).
[37] Аль-Бухъари (6526).
[38] Аль-Бухъари (3938).
[39] Муслим (315).
[40] Аль-Бухъари (6520), Муслим (2792).
[41] Муслим (2835).
[42] Сэхьихь, Ат1-Т1эбэрани «Аль-Кэбир» (7/130), «Муснэд Аш-Шамиин» (1/282). Еплъ «Силсилэ Ас-Сэхьихьэ» (2734).
[43] Камфора жыхуа1эращ.
[44] Имбирь жыхуа1эращ.
[45] Мывэ лъап1эхэм щыщщ.
[46] Сэхьихь, Ат-Тирмизи (3361), Ибн Маджэ (4334).
[47] Аль-Бухъари (3207), Муслим (162).
[48] Аль-Бухъари (6553), Муслим (2828).
[49] Сэхьихь, Ат-Тирмизи (2525).
[50] Аль-Бухъари (6581).
[51] Муслим (2839).
[52] Камфора жыхуа1эращ.
[53] Имбирь жыхуа1эращ.
[54] Хым хэт къэк1ыгъэхэм хуэдэ псэущхьэщ, уасэ лъап1э и1эщ.
[55] Аль-Бухъари (2796), Муслим (1880).
[56] Аль-Бухъари (3246), Муслим (2834).
[57] Муслъымэнхэм щхьэк1э жэнэтым щхьэгъусэу Алыхьым къигъэхъунухэращ.
[58] Аль-Бухъари (3327), Муслим (2834).
[59] Зэгур1уэныгъэ зыхуи1э джаурыращ.
[60] Аль-Бухъари (3166).
[61] Сэхьихь, Ат-Тирмизи (1403), Ибн Маджэ (2687).
[62] Сэхьихь, Ат1-Т1эбэрани «Аль-Мугьджэм Аль-1эусэт1» (4917), еплъ «Сэхьихь аль-Джамигь» (1561).
[63] Сэхьихь, Ат1-Т1эбэрани «Аль-Мугьджэм Аль-Кэбир» (5/178), Ад-Даримий (2721), еплъ «Сэхьихь Аль-Джамигь» (1627).
[64] Сэхьихь, Ат1-Т1эбэрани «Аль-1эусэт1» (5263), Абу Нэгьим «Сыфэту Аль-Джэннэ» (373), еплъ «Ас-Силсиля Ас-Сэхьихьэ» (367).
[65] Сэхьихь, Ахьмэд (11079), Ат-Тирмизи (2563).
[66] Аль-1эгьраф: 43.
[67] Муслим (2837).
[68] Сэхьихь, Аль-Бэззар «Кэшфу Аль-1эстар» (3517), еплъ «Ас-Силсиля Ас-Сэхьихьэ» (1087).
[69] Аль-Бухъари (2790).
[70] Муслим (384).
[71] 1эс-Сэдждэ: 17.
[72] Муслим (189).
[73] Аль-Бухъари (6571), Муслим (186) Ибн Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжауэ.
[74] Аль-Бухъари (806), Муслим (182).
[75] Муслим (181).
[76] Имбирь жыхуа1эращ.
[77] 1эс-Сэдждэ: 17.
[78] Аль-Бухъари (3244), Муслим (2824).
[79] Муслим (2835).
[80] Аль-Бухъари (6549), Муслим (2829).
[81] Аль-Бухъари (6528), Муслим (221).
[82] Сэхьихь, Ат-Тирмизи (2546), Ибн Маджэ (4289).
[83] Муслим (2865).
[84] Аль-Бухъари (4918), Муслим (2853).
[85] Аль-Бухъари (3241), Муслим (2737).
[86] Аль-Бухъари (7511), Муслим (186).