×
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: зэшэзэп1эу л1эр куэд хъунущ, хьэрыпым я щ1ыгур губгъуэрэ псы ежэхрэ хъужынущ, уэшх куэд къешхыу, ауэ къэк1ыгъэр мащ1эу хъунущ, мывэри, жыгри, хьэк1экхъуэк1эри ц1ыхум къепсэлъэнущ, бэлыхьу къатехьэлъэм къыхэк1ыу л1эныгъэм щ1эхъуэпсынухэщ, джаурхэм зырагъэщхьынущ, зэпык1ыжхэр куэд хъунущ, ц1ыхухъухэм ц1ыхубзхэм зрагъэщхьынущ, ц1ыхубзхэми ц1ыхухъу хэм зырагъэщхьынущ, журтхэм езэуэнухэщи муслъымэнхэр тек1уэнущ, нэгъуэщ1 нэщэнэхэри.