Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ я нэхъыф1 Алыхьым и л1ык1уэ Мухьэммэд
Гуэшыныгъэ
Full Description
Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ я нэхъыф1
Алыхьым и л1ык1уэ Мухьэммэд
[ شركسي – Circassian – Адыгэбзэ]
Мухьэммэд аль-Тууейджри
Ибрахим и къуэ
Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Аматуллах Шэркэси
Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Абу Мухьэммэд Шэркэси
أفضل الأنبياء والرسل
محمد رسول الله
صلى الله عليه وسلم
محمد بن إبراهيم التويجري
ترجمة وتدقيق لغوي:
أمة الله الشركسي
مراجعة شرعية:
أبو محمد الشركسي
Бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ я нэхъыф1
Алыхьым и л1ык1уэ Мухьэммэд,
гьэлейхи сэлям
- Къызхэк1амрэ зэрап1амрэ:
Ар Мухьэммэд бин Абдуллах бин Гьэбдульмут1элиб бин Хашим бин Гьэбдульмэнаф бин Къусей бин Киляб бин Муррэ бин Кэгьб бин Лу1ей бин Гъалиб бин Фихр бин Малик бин Ан-Нэдр бин Кинанэ бин Хъузеймэ бин Мудрикэ бин Иляс бин Мудэр бин Нэзар бин Мэгьд бин Гьэднан.
И адэжьхэм я ц1эхэр Адам, гьэлейхи сэлям, идеж нэс яхъумащ. И анэр Аминэ бинт Уэхб.
Мэккэм къыщыхъуащ Пылым и илъэск1э зэджэм (570 гъэм), и адэ Абдуллах дунейм ехыжащ езыр и анэм и ныбэ илъу, къэхъуа иужьк1э и адэжь Гьэбдулмут1элиб ип1ыну щ1идзащ. И анэ Аминэ дунейм ехыжащ езым илъэсих нэхъ и ныбжь мыхъуауэ. И адэжьыр дунейм ехыжа иужьк1э и адэкъуэш Абу Т1алиб ип1ыну щ1идзащ.
Псэут и хьэлыр дахэу, щэныф1эу, теплъаф1эу, и лъэпкъым абым къыхэк1ыу Аль-Амин (Пэж зыхэлъ) къыжра1эу щ1адзащ.
Илъэс пл1ыщ1 щыхъум Алыхьым къыхуигъэк1уащ уэхьи бегъымбару зэрыщытыр, Алыхьым зэрил1ык1уэр, Хьирак1э зэджэ бгъуэнщ1агъым щ1эсу.
Абым иужь иригъэжьащ Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ я ф1эщ ящ1ыным къыхуриджэу, Алыхьым хуэпщыл1ыным, абым нэгъуэщ1 зыхуэпщыл1хэр къагъэнэным къыхуриджэу. Бэлыхь куэди ирагъэлъэгъуащ а уахътэм, ауэ сэбыр ищ1ащ Алыхьми диныр къи1этыху. Иужьк1э Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, Мэдинэм хиджрэ ищ1ащ, шэрихьэтыр игъэуващ, ислам диныр къи1этащ, диныр зэрщыту къехащ.
Рэбигь аль-Ауэль мазэм и блыщхьэ махуэм 11 гъэм хиджрэк1э дунейм ехыжащ и ныбжьыр илъэс хыщ1рэ щырэ хъуауэ. И Тхьэм идеж игъэзэжащ и пщэм дэлъыр игъэзэщ1ауэ, Алыхьым и гъуэгум тету зэуауэ, мысылмэнхэм ф1ыр зыхэлъылъу хъуар яригъэлъэгъуауэ, 1еуэ щы1эми щихъумэным папщ1э ягугъу ищ1ауэ. Алыхьым и сэлэуатхэмрэ и сэлямымрэ зыхуэфащэ.
- Нэгъуэщ1хэм къызэращхьэщык1ыр:
Бегъымбар Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, адрей бегъымбархэм къазэрыщхьэщык1хэм щыщ: ар бегъымбархэм яужьрейщ, л1ык1уэхэм я нэхъыщхьэщ, тхьэшынагъуэ зи1эхэм я имамщ, дунейм тет псоми къахуигъэк1уащ, гущ1эгъуныгъэшхуэу Алыхьым дуней псом яритащ, Бейт аль-Макъдисым Алыхьым ихъащ, уафэм дрихьеящ, Алыхьым «бегъымбар, л1ык1уэ» ц1эхэмк1э зыкъыхуигъэзащ, псалъэм и шэрыуагъыр къыритащ.
Адрей бегъымбархэм ямы1ауэ тху къритащ.
Джабир бин Абдуллах, Алыхьыр аразы къахуэхъу, зэрыжи1эжамк1э, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Тху къызитащ си япэк1э зыми ирамытауэ: мазэ гъуэгук1э си япэ иту шынэк1э сытригъэк1уащ, щ1ыр зэуэ нэмэз здэпщ1 хъун щ1ып1э къабзэу, си 1умэтым щыщу дэтхэнэми нэмэз уахътэр къыздихьам идеж нэмэз щещ1, зауэм къэтхьа мылъкур хьэлэл схуищ1ащ си япэм зыми хуимщ1ауэ, щхьэщыжыныр къызитащ, бегъымбархэр я лъэпкъ закъуэхэрат зыхуагъак1уэр, сэ ц1ыху псоми сакъыхуигъэк1уащ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[1].
И лъэпкъым иримтауэ бегъымбар закъуэм иритахэм щыщ: нэщ1ыр зэпимычыну, пщ1э имыту къишэну, фызипл1 нэхъыбэ къишэну, и щхьэгъусэхэр езым иужь зыми къамышэну, сэдэкъэ ишх мыхъуну, нэгъуэщ1 ц1ыхухэм зэхамыхыр зэхихыу ищ1ащ, нэгъуэщ1 ц1ыхухэм ямылъагъур илъагъу ищ1ащ Джибриль, гьэлейхи сэлям зэрилъэгъуам хуэдэу и сурэт Алыхьым зэрищ1ам иту, щ1эин къызэримыгъанэр.
- Уэхьи къыхуехыну зэрыщ1идзар:
Гьа1ишэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ: «Япэрей дыдэу бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, уэхьи къызэрыхуэк1уэу щ1идзар пщ1ыхьэп1э пэжхэт, пщ1ыхьэп1э щилъагъук1э пщэдджыжь нэхущэм хуэдэт, иужьк1э изакъуэныр ф1ыуэ илъагъу хъуащ, Хьира бгъуэнщ1агъым изакъуэу щ1эст гьибадэ ищ1у жэщ зыбжанэк1э и унагъуэм идеж игъэзэжын ипэк1э, гъуэмылэ абым папщ1э здищтэт, ит1анэ Хъэдиджэ идеж игъэзэжти иджыри гъуэмылэ къищтэт, пэжыр къыщыхуехами Хьира бгъуэнщ1агъым щы1эт, мэлэ1ыч къыхуехри къыжри1ащ: «Еджэ». «Седжэфкъым сэ», - жи1эри жэуап иритащ. Же1эж: «Ит1анэ сиубыдри сикъузащ си жьыр зэпиубыдыу, сиут1ыпщыжри жи1ащ: «Еджэ». «Седжэфкъым сэ», - жыс1ащ. Ет1уанэу сиубыдри сикъузащ си жьыр зэпиубыдыу, сиут1ыпщыжри жи1ащ: «Еджэ». «Седжэфкъым сэ», - жыс1ащ. Ещанэу сиубыдри сикъузащ си жьыр зэпиубыдыу, сиут1ыпщыжри жи1ащ: «Еджэ уи Тхьэ къэзгъэхъуам и ц1эк1э. Ц1ыхур къэзгъэхъуар лъы пц1ам къыхэк1ыу. Еджэ, уи Тхьэр псом нэхърэ нэхъ хьэлэлщ».
Къигъэзэжащ абым иужь бегъымбарым к1эзызыу Хъэдиджэ бинт Хъууейлид, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным идеж щ1ыхьэри жи1ащ: «Сыщ1эфхъумэ, сыщ1эфхъумэ». Щ1ахъумащ шынэр щ1эщ1эк1ыжыху, ит1анэ Хъэдиджэ хъыбарыр хуи1уатэри жи1ащ: «Си псэм сытешыныхьащ». Жи1ащ Хъэдиджэ: «Хьэуэ, Тхьэ пхузо1уэ, Алыхьым зэи уи напэр зэрытримыхыныр. Уэ 1ыхьлыхэм уак1элъок1уэ, хьэлъэу птелъыр богъэзащ1эр, тхьэмыщк1эм удо1эпыкъу, хьэщ1эр богъэлъап1э, пэжым щ1экъум удо1эпыкъу». Иужьк1э Хъэдиджэ ар зщ1игъури Уэрэкъэ бин Нэуфэль бин Асэд бин Гьэбдульгьуззэ идежым к1уащ, ар Хъэдиджэ и адэкъуэшым и къуэт. Абым чыристан диныр къищтат джахилием и уахътэм, тхэт гьибрание бзэк1э, Аль-Инджилым щыщ гуэрэхэр гьибраниек1э итхат, и ныбжьыр кууэ хэк1уэтат, и нэхэм ялъэгъужтэкъым. Хъэдиджэ жри1ащ абым: «Уэ си адэкъуэшым и къуэ, уи къуэшым и къуэм къыпхуи1уэтэным еда1уэ». Жи1ащ Уэрэкъэ: «Уэ си къуэшым и къуэ, сыт плъэгъуар?» Хуи1уэтащ абым Алыхьым и л1ык1уэм, гьэлейхи сэлям, илъэгъуам и хъыбарыр.
Жи1ащ Уэрэкъэ: «Ар Намус (Джибриль) Мусэ идеж Алыхьым къигъак1уэу щытаращ, щ1алэу сыщытамэ аратэкъэ, псэууэ сыщытамэ аратэкъэ уи лъэпкъым ущыдахуну уахътэм». Алыхьым и л1ык1уэм, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Сыдахуну ара?» Жи1ащ: «Нт1э, уэ къэпхьам хуэдэ къэзыхьауэ хъуар ялъагъу мыхъу мэхъур, а махуэм сыпсэумэ сэ зыкъыпщ1эзгъэкъуэнщ». Абым иужь куэд дэмык1ыу Уэрэкъэ дунейм ехыжащ, уэхьи къехынри зэпыуащ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[2].
- И щхьэгъусэхэр:
Ф1эщхъуныгъэ зи1эхэм я анэхэр бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и щхьэгъусэхэращ мы дунейми ахърэтми, ахэр псори мысылмэн дэгъуэхэщ, къабзэхэщ, тхьэшынагъуэ зи1эхэщ, я щ1ыхьым епха емык1у псоми пэжыжьэхэщ. Ахэр пщык1уз мэхъухэр:
Хъэдиджэ бинт Хъууейлид, Гьа1ишэ бинт Абу Бэкр, Сэудэ бинт Зэмгьэ, Хьэфсэ бинт Гьумэр, Зейнэб бинт Хъузеймэ, Умм Сэлэмэ, Зейнэб бинт Джэхьш, Джууейрия бинт Аль-Хьарис, Умм Хьэбибэ бинт Абу Суфьян, Сэфия бинт Хьуей, Мэймунэ бинт Аль-Хьарис, Алыхьыр псоми аразы яхуэхъу.
Езым япэ дунейм ехыжахэщ Хъэдиджэрэ Зейнэб бинт Хъузеймэрэ. Адрей бгъур езым иужь дунейм ехыжахэщ.
И щхьэгъусэхэм щыщу нэхъыф1 дыдэхэр Хъэдиджэрэ Гьа1ишэрэ, Алыхьыр аразы псоми яхуэхъу.
- Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и бынхэр:
1 – Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, щ1алищ къыхуэхъуат: Аль-Къасимрэ Абдуллахрэ Хъэдиджэ ейхэт, Ибрахим и пщыл1у щыта Мария Аль-Къубт1ие ейт. Ахэр псори ц1ык1ухэу дунейм ехыжащ.
2 – Пщащэу пл1ы къыхуэхъуат: Зейнэб, Рукъея, Умм Кульсум, Фат1имэ. Ахэр псори Хъэдиджэ ейт. Ахэр псори дэк1уэхэри бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, япэ дунейм ехыжахэщ Фат1имэ мыхъу, ар иужьк1э дунейм ехыжащ. Ахэр псори мысылмэн дэгъуэхэт, къабзэхэт. Алыхьыр псоми аразы яхуэхъу.
- Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и сэхьабхэр:
Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и сэхьабхэр л1эщ1ыгъуэ нэхъыф1 дыдэращ, ахэм ф1ыгъуэшхуэ ябгъэдэлъщ адрей умэтым ехьэл1ауэ, Алыхьым ахэр къыхихащ и л1ык1уэм игъусэнхэу, Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ яф1эщ хъуащ, Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ трагъэк1уэну ялъэк1ыр ящ1ащ, диным и ц1эк1э хиджрэ ящ1ащ, диным и ц1эк1э къырагъэблагъэри яхъумащ, Алыхьым и гъуэгум тету я мылъкурэ я псэхэмрэ яту зэуащ Алыхьыр аразы къахуэхъуу езыхэри аразы хъуху. Ахэм я нэхъыф1хэр мухьэжырхэращ, ит1анэ ансархэращ.
Абдуллах ибн Мэсгьуд, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Ц1ыхум я нэхъыф1ыр си л1эщ1ыгъуэращ, ит1анэ абым яужь къэк1уэнухэращ, ит1анэ абым яужь къэк1уэнухэращ, ит1анэ къэк1уэнущ лъэпкъ я щыхьэтыр я тхьэ1уэным ипэ къак1уэу, я тхьэ1уэныр я щыхьэтым ипэ иту». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[3].
- Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и сэхьабхэр ф1ыуэ плъагъуныр:
Иманым и нэщанэхэм щыщ: сэхьабхэр псори ф1ыуэ плъагъуныр уи гумк1э, уакъыщытхъуныр уи бзэмк1э, Алыхьым аразы яхуэхъуну уелъэ1уныр, Алыхьым къахуигъэгъуну уелъэ1уныр, яку къыдэхъухьахэм ухэмыхьэныр, 1ейк1э я ц1эр йомы1уэныр. Ар къызхэк1ыр ахэм ф1ыуэ яхэлъымрэ ф1ыгъуэу ябгъэдэлъымрэ, ф1ыуэ ящ1амрэ ф1ыуэ зэрызэхущытахэмрэ, Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ хуэжы1эщ1эу зэрыщытахэм, Алыхьым и гъуэгум тету зэрызэуахэм, Алыхьым къыхураджэу, хиджрэ ящ1ауэ, я мылъкури я псэхэри Алыхьым и гъуэгум тету зэратам, Алыхьыр аразы ящ1ыным щ1экъухэу зэрыщытахэм папщ1э. Алыхьыр аразы яхуэхъуащ ахэм, езыхэри аразы хъуахэщ.
1 – Алыхьым жи1ащ: «Япэрейхэу ипэ ища мухьэжырхэмрэ ансархэмрэ, ахэм яужь итахэм ф1ык1э Алыхьыр аразы яхуэхъуащ, езыхэри аразы хъуахэщ, жэнэтыр яхуигъэхьэзыращ псыхэр къыщ1эжу, сытым щыгъуи абдежым щы1энухэщ. Аращ ехъул1эныгъэ ин дыдэр». (Ат-Тэубэ: 100).
2 – Алыхьым жи1ащ: «Ф1эщхъуныгъэ зи1эхэу, хиджрэ зыщ1ауэ, Алыхьым и гъуэгум тету зэуахэр, къырагъэблагъэу дэ1эпыкъуахэр, ахэращ му1мин пэжхэр, ахэм ялъысынущ гъэгъуныгъэмрэ ерыскъы бэгъуамрэ». (Аль-Анфаль: 74).
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Си сэхьабхэм фемыбг, си сэхьабхэм фемыбг. Си псэр зи 1эмыщ1эм илъымк1э тхьэ со1уэ, фэ фщыщ гуэрым 1ухьудым хуэдизу дыщэ итами, ахэм ята муддым[4] лъэщ1ыхьэнукъым, абы и ныкъуи хъунукъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[5].