Ахърэт махуэр 11 - 2 - Ахърэтыр/ Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм зэрехыжар.
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и узыр нэхъ хьэлъэ зэрыхъуар и псэр хэк1ыным махуипл1 и1эжу. Абу Бэкр нэмэзым имаму щытыну уэсят зэрищ1ар. И щхьэгъусэхэмрэ и унагъуэмрэ сэлям зэрырихыжар. Рэбигъ аль-1эуэл мазэм и пщык1ут махуэм блыщхьэм пщэдджыжьыр хэк1уэтауэ бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм ехыжащ илъэс 63 и ныбжьу. Сэхьабэхэм я гукъеуэшхуэмрэ ар щ1алъхьэным зэрыхуагъэхьэзырамрэ.