×
Мысылмэным шыкур хуищ1ын хуейщ и Тхьэ Лъап1эм нэщ1 мазэр и1ыгъыну, нэмэз ищ1ыну зэрыхуэлъэк1ам папщ1э. Шыкур зэрытщ1ынымрэ дызэрыгуф1энымрэ мазэр щиухк1э зэдгъэщ1эн хуейщ. Алыхьым жи1ащ: «Шыкур къысхуэфщ1мэ нэхъыбэж къывэстынщ». Алыхьым нэщ1ыр, нэмэзыр, 1уэхуф1хэр къабыл ищ1ыну фелъэ1у, ныкъусаныгъэхэри къыфхуигъэгъуну фелъэ1у...Алыхьым тобэ къыхуэхь, ц1ыхухэм зыгуэр япщ1амэ къыпхуагъэгъуну ялъэ1у... Куэдым Рэмэданым нэщ1 я1ыгъри ит1анэ абым ипэк1э зэрыщыта хьэлым ягъэзэжыр ныбжьэгъу мыхъунхэм щхьэк1э. Аращи псори еплъын хуейщ ныбжьэгъу ящ1ым.