Аль-1эрбэгьунэ Ан-Нэуэуийэ
Зэдзэк1ащ
- العربية - Arabic
- Русский - Russian
- Bi zimanê Kurdî - Bi zimanê Kurdî
- עברית - Hebrew
- Français - French
- اردو - Urdu
- हिन्दी - Hindi
- Èdè Yorùbá - Yoruba
- қазақ тілі - Kazakh
- afaan oromoo - Oromoo
- Deutsch - German
- Malagasy - Malagasy
- Shqip - Albanian
- অসমীয়া - Assamese
- Luganda - Ganda
- Afaraf - Afar
- தமிழ் - Tamil
- Norwegian - Norwegian
- suomi - Finnish
- فلبيني مرناو - فلبيني مرناو
- italiano - Italian
- українська - Ukrainian
- Wikang Tagalog - Tagalog
- বাংলা - Bengali
- 中文 - Chinese
- svenska - Swedish
- тоҷикӣ - Tajik
- azərbaycanca - Azerbaijani
- 日本語 - Japanese
- ไทย - Thai
- Nederlands - Dutch
- čeština - Czech
- Türkçe - Turkish
- português - Portuguese
- español - Spanish
- മലയാളം - Malayalam
- فارسی - Persian
- ພາສາລາວ - Unnamed
- Pulaar - Fula
- English - English
- Shqip - Albanian
- English - English
- Kinyarwanda - Kinyarwanda
- suomi - Finnish
- тоҷикӣ - Tajik
Гуэшыныгъэ
Full Description
- Аль-1эрбэгьунэ
Ан-Нэуэуийэ
- Ниет хэмыту 1уэхур къабыл хъукъым
- Диным и гуэшык1эр: ислам, иман, ихьсан
- Ислам диным и тегъэщ1ап1эхэр
- Къэхъуныгъэр, ажалыр, ерыскъыр.
- Тхьэшынагъуэмрэ гукъэбзагъэмрэ
- Чэнджэщыр исламым и лъабжьэхэм щыщщ
- Муслъымэным
- и лъымрэ и мылъкумрэ хьэрэмщ
- Да1уэныгъэмрэ емыгъэлеинымрэ
- къелыным и гъуэгущ
- Хьэлэлыр къэблэжьыныр
- дугьэм жэуап и1эным и щхьэусыгъуэщ
- Шэч зыхэлъым пэжыжьэ зыщ1ын
- Сэбэп зыхэлъым елэжьын
- Исламымрэ иманымрэ зыхэлъхэм
- я зэкъуэшыныгъэ
- Муслъымэным и лъыр зэрыхьэрэмыр
- Хьэщ1эмрэ гъунэгъумрэ я хьэкъыр
- Умыгубжьи жэнэтыр уи нат1эщ
- Ф1ыгъэр
- Тхьэшынагъуэмрэ нэмысыф1энымрэ
- Алыхьыр зыдэ1эпыкъумрэ ихъумэмрэ
- Ук1ытагъэм и ф1ыгъэр
- Захуэныгъэр ислъамым и купщ1эщ
- Жэнэтым и гъуэгу
- Ф1ыуэ щы1эр зэхуэзыхьэсыр
- Алыхьым ф1ыгъэу къыбгъэдэк1ыр
- Ф1ым и гъуэгухэм якуэдагъыр
- Ф1ыуэ зэхущытынымрэ гуэныхьымрэ
- Да1уэныгъэмрэ суннэм тетынымрэ
- Исламым и щхьэщыгумрэ и пкъомрэ
- Шэрихьэтым игъэунэхуа гъунэм къэувы1эныр
- Щихъынымрэ[54] абы къихьымрэ
- Зэран ехыныр зэрымыхъуныр
- Ислам диным унафэр зэрыщытыр
- Мыхъуныр гъэтэрэзыныр
- унафэ гъэбыдауэ щытщ
- Зэкъуэшыныгъэр исламым
- Зэдэ1эпыкъуныр, щ1эныгъэр, лэжьыгъэр
- Алыхьым и ф1ыгъэм и инагъыр
- Гугъуехьыр техыныр
- Мы дунейм хамэм хуэдэу щыт
- Шэрихьэтым утетыныр иманым и пкъощ
- Алыхьым и гъэгъуныгъэм зызэриубгъур
- Хьэдис пл1ыщ1рэ щыр
- Хьэдис пл1ыщ1рэ пл1ыр
- Хьэдис пл1ыщ1рэ тхур
- Хьэдис пл1ыщ1рэ хыр
- Хьэдис пл1ыщ1рэ блыр
- Хьэдис пл1ыщ1рэ ир
- Хьэдис пл1ыщ1рэ бгъур
- Хьэдис тхущ1
Аль-1эрбэгьунэ Ан-Нэуэуийэ
Ниет хэмыту 1уэхур къабыл хъукъым
1 – Амир аль-му1минин Абу Хьэфс Умэр бин Аль-Хъэт1аб, Алыхьыр аразы къыхуэхъу, жи1эжащ: «Зэхэсхащ Алыхым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1эу: «1уэхухэр зэпхар ниетращ, ц1ыху къэс ниету ищ1аращ къылъысынур. Хиджрэ Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ идеж зыщ1ам и хиджрэр Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ ядеж ищ1ауэ аращ. Ауэ хиджрэ дуней 1уэху щхьэк1э е фыз къишэн щхьэк1э зыщ1ам и хиджрэр абым щхьак1э ищ1ауэ аращ».
Къэзы1уэтэжар хьэдисым и щ1эныгъэм и имамит1ыращ: Абу Гьэбдуллах Мухьэммэд бин Исмагьил бин Ибрахим бин Аль-Мугъирэ бин Бэрдизбэ Аль-Бухъари, (ет1уанэр) Абу Аль-Хьусейн Муслим бин Аль-Хьэджадж бин Муслим Аль-Къушейри Ан-Нисабури. Мыр (хьэдисыр) я тхылъит1 «Сэхьихь» ц1э зезыхьэхэм итщ, ахэращ тхылъ тхауэ щы1эу хъуам я нэхъ пэжыр[1].
Диным и гуэшык1эр: ислам, иман, ихьсан
2 – Умэр, Алыхьыр аразы къыхуэхъу, ит1ани къи1уэтэжащ: «Алыхым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, махуэ гуэрым дык1эрысу дыщысу зы л1ы гуэрэ къыкъуэк1ащ и щыгъыныр хужьыбзэу, и щхьэцыр ф1ыц1абзэу, гъуэгу тетауэ нэщэнэхэр домылъагъуу, ик1и дэ тщыщу зыми имыц1ыхуу, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и дежым къэсри ет1ысэхащ и лъэгуажэхэр абым и лъэгуажэхэм тригъащ1эри, и 1эхэр и куэхэм трилъхьащ. Ит1анэ жи1ащ: «Уэ Мухьэммэд, сэгъащ1э исламыр зыщыщыр». Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1ащ: «Исламыр «Ля иляха илля Аллах, Мухьэммэд рэсулю Аллах» щыхьэтыр къэпхьынращ, нэмэз пщ1ынращ, зэкат птынращ, нэщ1ыр Рэмэдан мазэм п1ыгъынращ, хьэж Унэм[2] идеж пщ1ынращ лъэк1ыныгъэ уи1эмэ». Жи1ащ (л1ым): «Пэжщ». Ик1и дгъэщ1эгъуащ езыр щ1эупщ1эу зэрыпэжыр къызэрыжи1эм. Жи1ащ: «Сэгъащ1э иманыр зыщыщыр». Жи1ащ (бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным): «Алыхьыр уи ф1эщ пщ1ыныр, и мэлэ1ычхэр, и тхылъхэр, и л1ык1уэхэр, ахърэт махуэр, къэдырым и ф1ыри 1ейри уи ф1эщ пщ1ыныр». Жи1ащ: «Пэжщ». Жи1ащ: «Сэгъащ1э ихьсаныр зыщыщыр». Жи1ащ: «Алыхьым ухуэпщыл1ыныр плъагъум хуэдэу, уэ умылъагъуми, Абым укъелъагъур». Жи1ащ: «Сэгъащ1э Сыхьэтыр[3] зыщыщыр». Жи1ащ: «Зэупщ1ам нэхъ хищ1ык1къым абым щ1эупщ1ам нъэхърэ». Жи1ащ: «Ат1э абы и нэщэнэхэр сэгъащ1э». Жи1ащ: «Пщыл1 фызым и унафэ зыщ1 унэгуащэр къилъхужынущ, мэлыхъуэ лъапц1эу, пц1анэу, факъырэхэм унэ зэтетхэр ящ1ыу плъагъунущ». Ит1анэ ежьэжащ, уахътэ гуэрэк1э дыщысри жи1ащ (бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным): «Уэ Умэр, пщ1эрэ а щ1эупщ1этэр?» Жыс1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ нэхъыф1у ящ1э». Жи1ащ: «Ар Джибрилщ, фи диныр фигъэщ1эну къэк1уащ». Муслим къи1уэтэжащ[4].
Ислам диным и тегъэщ1ап1эхэр
3 – Абу Гьэбдурэхьман Гьэбдуллах бин Умэр бин Аль-Хъэт1аб, Алыхьыр аразы т1уми яхуэхъу, къи1уэтэжащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1эу: «Исламыр тхум тещ1ыхьащ: «Ля иляха иля Аллах Мухьэммэд рэсулю Аллах» щыхьэтыр, нэмэз щ1ыныр, зэчат тыныр, Унэм[5] идеж хьэж щ1ыныр, нэщ1ыр Рэмэданым 1ыгъыныр». Аль-Бухъаримрэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[6].
Къэхъуныгъэр, ажалыр, ерыскъыр.
4 – Абу Гьэбдурэхьман Гьэбдуллах бин Мэсгьуд, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ: «Къытхуи1уэтэжащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, ик1и ар Ас-Садикъ[7] Аль-Мэсдукъ[8]: «Фэ фщыр и анэм и ныбэм япэ щ1ык1э тк1уэпсым хуэдэу къыщохъу махуэ пл1ыщ1к1э, ит1анэ лъы пц1ам хуэдэу апхуэдизрэ иджыри щытщ, ит1анэ лы такъыр гъэныщк1уам хуэдэу апхуэдизрэ иджыри щытщ, ит1анэ мэлэ1ыч къыхуагъак1уэри псэ къыхелъхьэ, ик1и 1уэхугъуипл1ым и унафэ къыхуащ1 (а мэлэ1ычым): итхыну и ерыскъыр, и ажалыр, и 1уэхухэр, насыпыф1эу е насыпыншэу щытыныр. Алыхь закъуэу нэгъуэщ1 тхьэ зэрыщымы1эмк1э со1уэ, фэ фщыщ гуэрым жэнэтым ихьэнухэм я 1уэхухэр ещ1эр абымрэ (жэнэтымрэ) езымрэ яку 1эфрак1э хуэдиз нэхъ къэмынэу, ауэ и нат1эм итхар ток1уэри, жэхьэнэмэм ихьэным я 1уэху ещ1эри, абым йохьэ. Ик1и фэ фщыщ гуэрым жэхьэнэмэм ихьэнухэм я 1уэхухэр ещ1эр абымрэ (жэхьэнэмэмрэ) езымрэ яку 1эфрак1э хуэдиз нэхъ къэмынэу, ауэ и нат1эм итхар ток1уэри, жэнэтым ихьэным я 1уэху ещ1эри, абым йохьэ». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[9].
Бидгьэхэр[10] гъэпц1ыныр
5 – 1ум Аль-Му1уминин[11] 1ум Гьэбдуллах Гьа1ишэ, Алыхьыр аразы хуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, жи1ащ: «Мы ди 1уэхум щымыщу щ1э гуэрэ къыхэзгъыхьам и 1уэхур къабыл хъукъым». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[12]. Муслим къызэри1уэтэжар мыращ: «Ди унафэ темыту зыгуэр зылэжьам и 1уэхур къабыл хъукъым»[13].
Тхьэшынагъуэмрэ гукъэбзагъэмрэ
6 - Абу Гьэбдуллах Ан-Нугьман бин Бэшир, Алыхьыр аразы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Хьэлэлыр нахуэщ, хьэрэмри нахуэщ, абым яку дэлъыр шэч зыхэлъ 1уэхухэщ ц1ыху куэдым яц1ыхухэкъым. Шэч зыхэлъым зыщызхъумам и динымрэ и щ1ыхьымрэ къабзэу къэнащ. Шэч зыхэлъым хыхьар хьэрэмым хэхуащ, мэлыхъуэ щ1ып1э хъумам ихъуреягък1э 1эщ зыгъэхъум хуэдэу, абы ихьэнк1э шынэу. Пащтыхь къэс хъума и1эщ, Алыхьым хъума ищ1ар хьэрэмхэращ. Ат1э 1эпкълъэпкъым такъыр хэлъщ, ар захуэ хъуамэ, пкъыр зэуэ захуэ хъуащ, ауэ ар мыхъумыщ1э хъуамэ, пкъыр зэрыщыту мыхъумыщ1э хъуащ, ат1э ар гуращ». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[14].
Чэнджэщыр исламым и лъабжьэхэм щыщщ
7 – Абу Рукъейэ Тэмим бин 1эус Ад-Дарий, Алыхьыр аразы хуэхъу, къи1уэтэжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Диныр чэнджэщщ». Жыт1ащ: «Хэт щхьэк1э?» Жи1ащ: «Алыхьым, и Тхылъым, и л1ык1уэм, муслъымэнхэм я щхьэтетхэмрэ я жэмэхьэтымрэ щхьэк1э». Муслим къи1уэтэжащ[15].
Муслъымэным
и лъымрэ и мылъкумрэ хьэрэмщ
8 – Ибн Умэр, Алыхьыр аразы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Унафэ къысхуащ1ащ ц1ыхухэм сезэуэну «Ля иляха илля Аллах, Мухьэммэд рэсулю Аллах» щыхьэтыр къахьыху, нэмэз ящ1ыху, сэджыт ятыху. Ар ягъэзащ1эмэ ялъымрэ я мылъкумрэ сщахъумащ, диным и унафэ хэмылъыху, Алыхь Лъагэращ зылъытэжынухэри». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[16].
Да1уэныгъэмрэ емыгъэлеинымрэ
къелыным и гъуэгущ
9 – Абу Хурейрэ Гьэбдурэхьман бин Сэхър, Алыхьыр аразы зыхуэхъун, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Мыхъуну фжес1ахэм пэжыжьэ зыфщ1, унафэ фхуэсщ1ахэм щыщу фхуэлъэк1ыр фгъэзащ1э. Ипэжып1эк1э, фи япэ щы1ахэр хэзыгъэк1уэдар упщ1э куэд зэратымрэ я бегъымбархэм жа1эм зэрызэтек1хэмрэщ». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[17].
Хьэлэлыр къэблэжьыныр
дугьэм жэуап и1эным и щхьэусыгъуэщ
10 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Алыхь Лъагэр Ф1ыщ, ф1ы ф1эк1а къабыл ищ1къым, ик1и Алыхьым му1минхэм яхуищ1а унафэращ л1ык1уэхэми яхуищ1ар, Алыхь Лъагэм жи1ащ: «Уэ л1ык1уэхэ! Хьэлэлыр фшхы, ф1ыр фщ1э…». (Аль-Му1минун, 51). Ик1и жи1ащ: «Уэ иман зи1эхэ! Дэ хьэлэл фхуэтщ1а ерыскъыр фшхы…». (Аль-Бэкъэрэ, 172). Ит1анэ и гугъу ищ1ащ л1ы гъуэгурык1уэ зи зек1уэр к1ыхь хъуам. И щхьэцрэ и щыгъынрэ сабэ хъуауэ зэхэтхъуащ, и 1эхэр е1этри уафэм идеж: «Уэ Тхьэ, уэ Тхьэ!» - же1э. И ерыскъыр хьэрэмщ, зэфэр хьэрэмщ, и щыгъыныр хьэрэмщ, хьэрэмк1э ягъэшхащ. Ат1э дауэ абы жэуап зэрыритынур?!». Муслим къи1уэтэжащ[18].
Шэч зыхэлъым пэжыжьэ зыщ1ын
11 – Абу Мухьэммэд Аль-Хьэсэн бин Алий бин Абу Т1алиб, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и пхъурылъху ик1и и рэйхьанэ[19], Алыхьыр арэзы яхуэхъу т1уми, жи1ащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, сигъэц1ыхуащ: «Шэч къызтепхьэр къэгъани, шэч зыхэмылъыр къащтэ». Ат-Тирмизирэ Ан-Нэса1ирэ къа1уэтэжащ, Ат-Тирмизи хьэдисыр хьэсэн сэхьихь жи1ащ[20].
Сэбэп зыхэлъым елэжьын
12 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы хуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Ц1ыхум диныр ф1ыуэ зэри1ыгъым и нэщэнэщ и 1уэху зыхэмылъыр къызэригъанэр». Хьэдис хьэсэн, Ат-Тирмизирэ нэгъуэщ1хэмрэ къа1уэтэжащ[21].
Исламымрэ иманымрэ зыхэлъхэм
я зэкъуэшыныгъэ
13 – Абу Хьэмзэ Анас бин Малик, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и 1уэхутхьэбзащ1эм жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Ф1эщхъуныгъэ фэ фщыщ зыми и1энукъым, езыр зыхуейм хуэдэ къабзэ и къуэшым щхьэк1э хуэмейуэ». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[22].
Муслъымэным и лъыр зэрыхьэрэмыр
14 – Ибн Мэсгьуд, Алыхьыр арэзы хуэхъу, къи1уэтэжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Муслъымэным и лъыр хьэлэл хъукъым щым яз хэмыту: зинэ зыщ1а къэзышар (дэк1уар), псэ хэзыхам и псэр, диным ик1ыу жэмэхьэтыр къэзыгъанэр». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[23].
Хьэщ1эмрэ гъунэгъумрэ я хьэкъыр
15 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы хуэхъу, жи1эжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьымрэ Ахърэт махуэмрэ зи ф1эщ хъум е ф1ы жыре1э, е зыреущэху. Алыхьымрэ Ахърэт махуэмрэ зи ф1эщ хъум и гъунэгъум ф1ыуэ хущырет. Алыхьымрэ Ахърэт махуэмрэ зи ф1эщ хъум и хьэщ1эм ф1ыуэ хущырет». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[24].
Умыгубжьи жэнэтыр уи нат1эщ
16 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы хуэхъу, жи1эжащ: «Зы л1ы гуэрэм бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, зыхуигъазэри жи1ащ: «Чэнджэщ къызэт». Жыри1ащ: «Умыгубжь». Иджыри къытригъэзэжащ зыбжанэрэ, жыри1ащ: «Умыгубжь». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[25].
Ф1ыгъэр
17 - Абу Ягьля Шэдад бин 1эус, Алыхьыр арэзы хуэхъу, жи1эжащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым ф1ыгъэр псоми хилъхьащ, аращи, фыук1мэ зэрынэхъыф1ым хуэдэу фыук1, ф1эвбзынумэ, зэрынэхъыф1ым хуэдэу ф1эвбз, фи сэр фгъэжани, ф1эвбзыр фгъэтынш». Муслим къи1уэтэжащ[26].
Тхьэшынагъуэмрэ нэмысыф1энымрэ
18 – Абу Зэрр Джундуб бин Джунадэрэ Абу Гьэбдурэхьман Мугьаз бин Джэбэлрэ, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жа1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Дэнэ ущымы1эми Алыхьым щышынэ, 1ейуэ пщ1ам иужьк1э ар щ1ихъумэну ф1ы щ1эж, ц1ыхухэм нэмысыф1эу ядызек1уэ». Ат-Тирмизи къи1уэтэжащ, хэдисыр хэсэн[27].
Алыхьыр зыдэ1эпыкъумрэ ихъумэмрэ
19 – Абу Аль-Гьэббас Гьэбдуллах бин Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, иужьым ситу зы махуэ гуэрым жи1ащ: «Уэ щ1алэ, псалъэ гуэрхэр уэзгъэщ1энущ: Алыхьыр хъумэ[28], уихъумэжынщ, Алыхьыр хъумэ, уи япэк1э бгъуэтынщ, улъа1уэмэ, Алыхьым елъэ1у, дэ1эпыкъуэгъу улъыхъуэмэ, Алыхьыр дэ1эпыкъуэгъу щ1ы, ик1и зэгъащ1э: 1умэтыр зэуэ зэхыхьами ф1ы къыпхуащ1эну, зыри ф1ыуэ къыпхуащ1эфынукъым Алыхьым уи нат1эм къыритхам ф1эк1, ик1и зэхыхьахэми 1ей гуэрэ къыуащ1эну, зыри 1ейуэ къыуащ1эфынукъым Алыхьым уи нат1эм къыритхам ф1эк1. Къэлэмхэр 1этыжащ, тхыгъэхэри гъущыжащ». Ат-Тирмизи къи1уэтэжащ, хьэдис хьэсэн сэхьихь[29]. Нэгъуэщ1хэм къызэра1уэтэжар мыпхуэдэщ: «Алыхьыр хъуми уи япэм бгъуэтынщ, тхъэгъуэм Алыхьыр пщ1эмэ гугъуехьым укъищ1эжынщ, зэгъащ1э къыпщымыщ1ар къызэрыплъымысынутэр, къыпщыщ1ари зэрыпф1эмык1ынутэр. Зэгъащ1э тек1уэныгъэр шэчыныгъэм зэрыщ1ыгъур, хэк1ып1эр бэлыхьым зэрыщ1ыгъур, гугъуехьым псынщ1агъэр зэригъусэр»[30].
Ук1ытагъэм и ф1ыгъэр
20 – Абу Мэсгьуд Гьукъбэ бин Гьэмр Аль-1энсарий Аль-Бэдрий, Алыхьыр арэзы хуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Япэрей бегъымбархэм я псалъэхэм щыщу ц1ыхухэм къанэсыжам щыщ: «Умыук1ытэмэ узхуейр щ1э». Аль-Бухъари къиу1уэтэжащ[31].
Захуэныгъэр ислъамым и купщ1эщ
21 – Абу Гьэмр (жа1ащ: Абу Гьэмрэ) Суфян бин Гьэбдуллах, Алыхьыр арэзы хуэхъу, жи1ащ: «Жыс1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, къызже1э ислъамым щыщу псалъэхэр уэр ф1эк1а зыми семыупщ1ыфыну ахэм щхьэк1э». Жи1ащ: «Жы1э: «Алыхьыр си ф1эщ хъуащ», ит1анэ захуэу щыт». Муслим къи1уэтэжащ[32].
Жэнэтым и гъуэгу
22 – Абу Гьэбдуллах Джабир бин Гьэбдуллах Аль-1энсарий, Алыхьыр т1уми арэзы яхуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, зы л1ы гуэрэ къеупщ1ащ: «Дауэ уеплърэ си нат1эм итха нэмэзыр сщ1ыуэ, нэщ1 Рэмэданым с1ыгъыу, хьэлэлыр хьэлэл сщ1ыуэ, хьэрэмыр хьэрэм сщ1ыуэ, абым нэхъыбэ щ1ызмыгъумэ жэнэтым сихьэну?» Иритащ жэуапу: «Нт1э». Муслим къи1уэтэжащ. «Хьэрэмыр хьэрэм сщ1ыуэ» къыригъэк1ыр: зэрыхьэрэмыр си ф1эщ хъууэ сымыщ1эу, «Хьэлэлыр хьэлэл сщ1ыуэ» къыригъэк1ыр: зэрыхьэлэлыр си ф1эщ хъууэ сщ1эуэ[33].
Ф1ыуэ щы1эр зэхуэзыхьэсыр
23 – Абу Малик Аль-Хьарис бин Гьасым Аль-1эшгьэрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Зыгъэкъэбзэныр[34] иманым и ныкъуэщ, «Алхьэмдулиллах[35]» (псалъэхэм) тэрэзэр из ящ1, «Субхьанэллах[36]» «Альхьэмдулиллах» (псалъэхэм) уафэмрэ щ1ылъэмрэ яку дэлъыр из ящ1, нэмэзыр нурщ, сэдэкъэр щыхьэтлыкъщ, шэчыныгъэр нэхущ, Къур1эныр щыхьэтщ уэ къыпщхьэщыжу, е уигъэкъуаншэу. Ц1ыху къэс мак1уэр: ик1и зи псэр зыщэм е еут1ыпщыр ар, е хегъэк1уадэр». Муслим къи1уэтэжащ[37].
Алыхьым ф1ыгъэу къыбгъэдэк1ыр
24 – Абу Зэрр Аль-Гъифарий, Алыхьыр арэзы хуэхъу, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и Тхьэ Лъап1эу Лъагэм къыбгъэдэк1ыу жи1ауэ: «Уэ си пщыл1хэ, залымыгъэр си щхьэ щхьэк1э хьэрэм сщ1ащ, ик1и фэ фи якуми ар хьэрэм сщ1ащи залымыгъэ зевмыхьэ. Уэ си пщыл1хэ, псори фогъуащэр Сэ гъуэгу захуэм тезгъэувам мыхъу, аращи, фыкъызэлъэ1уи гъуэгу захуэм фытезгъэувэну, фытезгъэувэнщ. Уэ си пщыл1хэ, псори гъаблэм фехьыр, Сэ сгъэшхам мыхъу, аращи, фыкъызэлъэ1уи шхын фэстынщ. Уэ си пщыл1хэ, псори фыпц1анэщ, Сэ схуэпам мыхъу, аращи, фыкъызэлъэ1уи фысхуэпэнщ. Уэ си пщыл1хэ, жэщи махуи фыщоуэр, ауэ Сэ фи гуэныхьхэр псори фхузогъэгъу, аращи, фыкъызэлъэ1уи, фхуэзгъэгъунщ. Уэ си пщыл1хэ, 1ей къызэфщ1эфынукъым фэ, ик1и ф1ы къысхуэфщ1эфынукъым. Уэ си пщыл1хэ, япэрейхэри иужьрейхэри, ц1ыхухэри жынхэри нэхъ тхьэшынагъуэ зигум илъ л1ым хуэдэу хъуахэтэмэ, абым си мылъкум зыри хигъэхъуэнутэкъым. Уэ си пщыл1хэ, япэрейхэри иужьрейхэри, ц1ыхухэри жынхэри нэхъ гу 1ей зи1э л1ым хуэдэу хъуахэтэмэ, абым си мылъкум зыри хигъэщ1ынутэкъым. Уэ си пщыл1хэ, япэрейхэри иужьрейхэри, ц1ыхухэри жынхэри къэувхэу зэгъусэу къызэлъэ1ухэу зыхуейр ястами, абы си1эм зыри хигъэщ1ыфынутэкъым, хым хагъэуа мастэм зэрыхимыгъэщ1ыфым хуэдэу. Уэ си пщыл1хэ, мыращ фи 1уэхухэу къыфхуэслъытэр, ит1анэ фи пащхьэ ислъхьэнущи ф1ы зыгъуэтам Алыхьым ф1ыщ1э хурырещ1, нэгъуэщ1 зыгъуэтам и щхьэ закъуэр ирегъэкъуаншэ». Муслим къи1уэтэжащ[38].
Зэчырым[39] и ф1ыгъэр
25 – Абу Зэрр, Алыхьыр арэзы хуэхъу, иджыри жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, и сэхьабэхэм щыщ зыгуэрхэм жра1ащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, къулейхэм псапэхэр ящтэжащ, нэмэз зэрытщ1ым хуэдэу ящ1, нэщ1 зэрыт1ыгъым хуэдэу я1ыгъщ, я мылъкум щыщу сэдэкъэ ят». Жи1ащ: «Алыхьым сэдэкъэуэ фтынур къывимытауэ ара? Тэсбихьу[40] фщ1ар сэдэкъэщ, тэкбиру[41] фщ1ари сэдэкъэщ, тэхьмиду[42] фщ1ари сэдэкъэщ, тэхлилу[43] фщ1ари сэдэкъэщ, ф1ым къыхуебджэнри сэдэкъэщ, мыхъуным пэжыжьэ щ1ынри сэдэкъэщ, уи щхьэгъусэм уек1уэл1энри сэдэкъэщ». Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, зыгуэрым зыхуейр ищ1эми (и щхьэгъусэм ек1уал1эу) ар псапэ хуэхъурэ?» Жи1ащ: «Апхуэдэу хьэрэмым фек1уэл1атэмэ гуэныхь къэфхьынутэкъэ? Апхуэдэу хьэлэлым фек1уал1эми псапэ хэлъщ». Муслим къи1уэтэжащ[44].
Ф1ым и гъуэгухэм якуэдагъыр
26 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Зэрытып1эу фи1эу хъуам сэдэкъэ къытохуэ дыгъэр къыщытэджа махуэ къэс: т1ур зэбгъэк1ужынри сэдэкъэщ, зыгуэрым удэ1эпыкъуу бгъэшэсыжынри, и мылъкури дэп1этынри сэдэкъэщ, псалъэ дахэри сэдэкъэщ, нэмэзым ук1уэу лъэбакъуэ пчы къэс сэдэкъэщ, гъуэгум зэран хъур тепхынри сэдэкъэщ». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[45].
Ф1ыуэ зэхущытынымрэ гуэныхьымрэ
27 – Ан-Нэуас бин Сэмгьан, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Ф1ыуэ зэхущытыныр нэмысыф1ыгъэщ, гуэныхьыр уи псэм имыдэращ, ик1и ц1ыхухэм ялъэгъуну узыхуэмейращ». Муслим къи1уэтэжащ[46].
Уабисэ бин Мэгьбэд, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, идеж сыкъыщык1уэм, жи1ащ: «Ф1ыуэ зэхущытынымрэ гуэныхьымрэ ущ1эупщ1эну укъэк1уауэ ара?» Жыс1ащ: «Нт1э». Жи1ащ: «Уи гум еупщ1, ф1ыуэ зэхущытыныр псэри хуэтыншу, гури зыхуэтыншыращ, гуэныхьыр псэм триубыдауэ гур зыхуэмытыншыращ, ц1ыхухэм сыт хуэдизрэ фэтуэ къыуамытами». Хьэдисыр хьэсэн, Ахьмэд бин Хьэнбэлрэ Ад-Даримийрэ я «Муснэдхэм» къа1уэтэжащ иснад хьэсэн и1эу[47].
Да1уэныгъэмрэ суннэм тетынымрэ
28 – Абу Нэджихь Аль-Гьирбад бин Сарийэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, уаз къыдитащ гухэр игъэшынэу, нэпсхэр нэхэм къыщ1игъэк1ыу. Жыт1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, сэлям зыхыжым и уазым хуэдэщ мыр, аращи, уэсят къыдэт». Жи1ащ: «Уэсят фхузощ1 тхьэшынагъуэр, дэ1уэныгъэмрэ жы1эда1уэнымрэ пщыл1 ф1ыц1эм фи унафэр ищ1ми, фэ фщыщу псэунум зэтек1ыныгъэ куэд илъэгъунущ. Аращи, си суннэм, хъэлифэ захуэхэм, гъуэгу захуэм тетхэм[48] я суннэм фытет, фи дзэщхьэлхэмк1э абы зыхэвгъанэ, щ1эуэ щымы1ахэм зыщыфхъумэ, ипэжып1эк1э бидгьэ псори гъуэщэныгъэщ». Абу Даудрэ Ат-Тирмизирэ къа1уэтэжащ, жа1ащ: хьэдисыр хьэсэн сэхьихь[49].
Исламым и щхьэщыгумрэ и пкъомрэ
29 – Мугьаз бин Джэбэль, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Жыс1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, сэгъащ1э 1уэху гуэрэ жэнэтым сыришэу жэхьэнэмэм пэжыжьэ сызыщ1ын». Жи1ащ: «1уэхушхуэщ а узщ1эупщ1ар, ар псынщ1эщ Алыхь Лъап1эм зыхуигъэпсынщ1ахэмк1э: Алыхьым ухуэпщыл1ыныр гъусэ хуомыщ1у, нэмэзыр пщ1ыныр, сэджытыр хэбгъэк1ыныр, Рэмэданым нэщ1 п1ыгъыныр, Аль-Бейтым хьэж пщ1ыныр» Ит1анэ жи1ащ: «Ф1ым и бжэхэм ухуэзышэныр бжес1эн? Нэщ1ыр узхъумэщ, сэдэкъэм гуэныхьыр егъэунк1ыф1ыр псым маф1эр зэригъэунк1ыф1ым хуэдэу, жэщыбгым нэмэз зыщ1ым хуэдэу» Ит1анэ къеджащ: ((Ахэр я п1эм хэзагъэкъым)) нэсыху: ((ящ1ам хуэфащэу))[50]. Ит1анэ жи1ащ: «1уэхухэм и щыгумрэ, и пкъомрэ, и щхьэщыгумрэ уэзгъэщ1эн?» Жыс1ащ: «Нт1э, уэ Алыхьым и л1ык1уэ». Жи1ащ: «1уэхум и щыгур: исламыращ, и пкъор: нэмэзыращ, и щхьэщыгур: джихадыращ» Ит1анэ жи1ащ: «А псори зэрыпхузэф1эк1ынур уэзгъэщ1эн?» Жыс1ащ: «Нт1э, уэ Алыхьым и л1ык1уэ». И бзэгур иубыдри жи1ащ: «Мис мыр убыд». Жыс1ащ: «Уэ Алыхьым и бегъымбар, жыт1ахэм щхьэк1э къыдэупщ1ыжыну ара?» Жи1ащ: «Уэ и анэм ф1эк1уэдын[51], ц1ыхухэр маф1эм щ1ыхадзэнур я нэгухэмк1э», - е жи1ащ: «я пэхэмк1э я бзэгухэм къыхуахьахэращ». Ат-Тирмизи къи1уэтэжащ, жи1ащ: хьэдис хьэсэн сэхьихь[52].
Шэрихьэтым игъэунэхуа гъунэм къэувы1эныр
30 – Абу Сэгьлэбэ Аль-Хъушэний – Джурсум бин Нашир, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхь Лъап1эм унафэхэр фхуищ1ащи хэвмыгъэк1уадэ, гъунэхэр фхуигъэунэхуащи фемыбакъуэ, хьэрэм зыгуэрхэр фхуищ1ащи фемык1уал1э, гущ1эгъу къыфхуищ1у щымыгъупщауэ зыгуэрхэр иущэхуащи фылъымыхъуэ абыхэм». Хьэдисыр хьэсэн, Ад-Дарэкъут1нирэ нэгъуэщ1хэмрэ къа1уэтэжащ[53].
Щихъынымрэ[54] абы къихьымрэ
31 – Абу Аль-Гьэббас – Сэхл бин Сэгьд Ас-Сагьидий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, идеж зы л1ы къак1уэри жи1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, къызже1э 1уэху гуэрэ, ар сщ1эмэ Алыхьым ф1ыуэ сыкъилъэгъуну, ц1ыхухэми ф1ыуэ сыкъалъэгъуну». Жи1ащ: «Щихъыу дунейм ущытмэ Алыхьым ф1ыуэ укъилъэгъунщ, ц1ыхухэм я1эми щихъыу ухущытмэ, ц1ыхухэм ф1ыуэ укъалъэгъунщ». Хьэдисыр хьэсэн, Ибн Маджэрэ нэгъуэщ1хэмрэ къа1уэтэжащ я иснадхэр хьэсэну[55].
Зэран ехыныр зэрымыхъуныр
32 – Абу Сэгьид - Сэгьд бин Малик бин Синан - Аль-Хъудрий, Алыхьыр арэзы хуэхъу, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Зэран зыми епх хъунукъым умыщ1эуи пщ1эуи». Хьэдисыр хьэсэн, Ибн Маджэрэ Ад-Дарэкъут1нирэ нэгъуэщ1хэми къа1уэтэжащ[56].
Малик къи1уэтэжащ «Аль-Мууэт1э1» тхылъым мурсилу: Гьэмр бин Яхья и адэм къыхуи1уэтэжауэ, абы бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу зэхихауэ. Абдеж Абу Сэгьид дэгъэхуащ, ауэ нэгъуэщ1у къызэрык1уахэм зым зыр ягъэбыдэж.
Ислам диным унафэр зэрыщытыр
33 – Ибн Гьэббас, Алыхьыр т1уми арэзы яхуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Ц1ыхухэм жыхуа1эр зэуэ иратмэ, зыгуэрым нэгъуэщ1хэм я мылъкури, ялъри[57] езым ейуэ жи1энут, ауэ щыхьэтлыкъ къытохуэ зыгуэр ейуэ жызы1эм, тхьэ1уэнри къытохуэ зытезмыгъыхьэм». Хьэдисыр хьэсэн, Аль-Бейхэкъирэ нэгъуэщ1хэмрэ къа1уэтэжащ, абым щыщ «Сэхьихьит1ым» итщ[58].
Мыхъуныр гъэтэрэзыныр
унафэ гъэбыдауэ щытщ
34 – Абу Сэгьид Аль-Хъудри, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Мыхъун гуэрэ флъэгъуамэ фи 1эк1э фгъэтэрэз, фхуэмылъэк1мэ фи бзэк1э, фхуэмылъэк1мэ фи гумк1э ик1и ар иман нэхъ мащ1э дыдэращ». Муслим къи1уэтэжащ[59].
Зэкъуэшыныгъэр исламым
35 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Фызэмыфыгъуэ, 1ейк1э зызэщ1эвмыгъэст, фызэрылъагъу мыхъуу фыщымыт, фи щ1ыбыр зэхуэвмыгъазэ, Алыхьым и пщыл1хэу зэкъуэшхэу фыщыт. Муслъымэныр муслъымэным и къуэшщ: залымыгъэ ирихкъым, дэ1эпыкъуэгъуншэу къигъанэкъым, пц1ы хуиупскъым, игъэц1ык1укъым. Тхьэшынагъуэр мыбдежщ – и бгъэм тригъэлъэгъуащ (щэрэ) – ц1ыхум 1ейуэ хэлъу ирикъунущ и къуэш муслъымэныр игъэц1ык1умэ. Муслъымэныр зэрыщыту хьэрэмщ адрей муслъымэным идеж: илъри, и мылъкури, и щ1ыхьри». Муслим къи1уэтэжащ[60].
Зэдэ1эпыкъуныр, щ1эныгъэр, лэжьыгъэр
36 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Дунейм и гугъуехьхэм щыщ муслъымэным щхьэщызыхам Алыхьым щхьэщихынущ Къемэт махуэм и гугъуехьхэм щыщ. Зыгуэрым и хьэлъэр псынщ1э зыщ1ам Алыхьым дунейри ахърэтри псынщ1э хуищ1ынущ. Муслъымэным и щэхур зыхъумам Алыхьым и щэхухэр дунейми ахърэтми хуихъумэнущ. Алыхьыр и пщыл1ым дэ1эпыкъуэгъу хуохъур, езы пщыл1ыр и къуэшым дэ1эпыкъуэгъу хуэхъуху. Щ1эныгъэ лъыхъуэу гъуэгу къыхэзыхам Алыхьым жэнэтым зэрык1уэну гъуэгур хуигъэпсынщ1энущ. Сыт хуэдэ гупи Алыхьым и унэхэм щыщ гуэрым зэхыхьэу Алыхьым и тхылъым еджэхэу, ар зыр зым ирагъащ1эмэ, абыхэм гупсэхугъуэ къахуехынущ, гущ1эгъуныгъэм щ1ихъумэнухэщ, мэлы1ычхэм къаухъуреихьынущ, Алыхьым я гугъу ищ1ынущ идежым щы1эхэм япащхьэм. Зи лэжьыгъэмк1э зизылъэфыхьым и лъэпкъыр дэ1эпыкъуэгъу хъункъым». Муслим къи1уэтэжащ мы псалъэхэмк1э[61].
Алыхьым и ф1ыгъэм и инагъыр
37 – Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлятымрэ зылъысын, жи1эжауэ и Тхьэ Лъап1эу Лъагэм къыбгъэдэк1ыу: «Алыхьым ф1ыри 1ейри итхащ, ит1анэ ар гур1уэгъуэ ищ1ащ: ф1ы ищ1эну игу къэк1ауэ зымыщ1ам Алыхьым идеж псапэ псо хуитхащ, (ф1ы) ищ1эну хуейуэ ищ1амэ, Алыхьым идеж псапэр хегъахъуэр пщ1ым щегъэжьауэ щиблым нэс, абы нэхърэ нэхъыбэжуи. 1ей зыщ1эну игу къэк1ауэ зымыщ1ам Алыхьым идеж псапэ псо хуитхащ, (1ей) ищ1эну хуейуэ ищ1амэ, Алыхьым зы гуэныхь хуитхащ». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ я «Сэхьихьит1ым» иту къа1уэтэжащ мы псалъэхэмк1э[62].
Еплъ, си къуэш, Алыхьым уэри сэри дыригъэф1ак1уэ, Алыхь Лъап1эм и ф1ыгъэм и инагъым, егупсыс а псалъэхэм. «Идеж» псалъэм къегъэлъагъуэр гу лъытэныгъэу хуи1эр. «Псо» псалъэм егъэбыдэр а гу лъытэныгъэм и къарур.
Жи1ащ: 1ей ищ1эну хуейуэ къэзыгъэнам идеж: «Алыхьым идеж псапэ псо хуитхащ», «псо» псалъэмк1э игъэбыдэжащ. «Ищ1амэ зы гуэныхь хуитхащ» псалъэхэм зэрымащ1эр «зы» псалъэмк1э игъэбыдэжащ, «псо» жи1эу игъэбыдакъым. Алыхьыращ щытхъумрэ пщ1эмрэ зыбгъэдэлъыр, абы и щытхъур тхужы1энкъым, Алыхьыращ езыгъэф1ак1уэри.
Алыхьым и уэлийхэр[63] ф1ыуэ зэрилъагъур
38 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Си уэлийхэр бий зыщ1ым сезэуэну жызо1эр, си пщыл1ым си гъунэгъу зищ1ыну зэрыпылъ 1уэхухэм я нэхъ сф1эф1ыр игъэзэщ1эну унафэ хуэсщ1ахэращ. Си пщыл1ым щигъэтынукъым си гъунэгъу зищ1ыну пылъыну нафилэхэр[64] ищ1урэ ф1ыуэ слъагъуху. Ф1ыуэ слъагъумэ зэрызэхих тхьэк1умэу сыщытынущ, зэрилъагъу и нэу сыщытынущ, зэры1эбэ и 1эу сыщытынущ, зэрызек1уэ и лъакъуэу сыщытынущ, къызэлъэ1умэ естынущ, къэсхъумэну къызэлъэ1умэ схъумэнущ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[65].
Гугъуехьыр техыныр
39 – Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым си хьэтырк1э си 1умэтым щхьэщихащ: гъуащэмэ, щыгъупщамэ, егъэзыгъэк1э ирагъэщ1амэ». Хьэдисыр хьэсэн, Ибн Маджэ, Аль-Бейхэкъи, нэгъуэщ1хэми къа1уэтэжащ[66].
Мы дунейм хамэм хуэдэу щыт
40 – Ибн Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, си дамит1ыр иубыдри жи1ащ: «Мы дунейм щыт хамэм хуэдэу е гъуэгурык1уэм хуэдэу». Ибн Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1эу щытащ: «Жэщ къыптехъуамэ уемыжьэ нэху къыптещэну, нэху къыптещамэ уемыжьэ жэщ къыптехъуэну, уи узыншагъэм щыщ къыхэх сымаджэным щхьэк1э, уи псэуныгъэм щыщ къыхэх уи л1эныгъэм щхьэк1э». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[67].
Шэрихьэтым утетыныр иманым и пкъощ
41 – Абу Мухьэммэд Гьэбдуллах бин Гьэмр бин Аль-Гьас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Зыми ф1эщхъуныгъэ фи1энукъым, фи гум къэк1 псори къэсхьам техуэу щымытыху». Хьэдисыр хьэсэн сэхьихь, «Аль-Хьуджэ» тхылъым иснад сэхьихь и1эу къа1уэтэжащ[68].
Алыхьым и гъэгъуныгъэм зызэриубгъур
42 – Анас, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1ащ: «Зэхэсхащ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Алыхь Лъап1эм жи1ащ: «Уэ 1эдэм и бын, дапщэрэ укъызэлъэ1уами укъысщыгугъу пхуэзгъэгъунущ сыт умыщ1ами, ик1и ар зыуи къысщыхъукъым. Уэ 1эдэм и бын, уи гуэныхьхэр уафэм нэсауэ пхуэзгъэгъуну укъызэлъэ1уамэ пхуэзгъэгъунущ. Уэ 1эдэм и бын, щ1ым тезым хуэдиз хъуа гъуэщэныгъэхэр пщ1ауэ укъысхуэзэжмэ гъусэ къысхуомыщ1ауэ, абым хуэдиз гъэгъуныгъэк1э сыкъыппежьэнущ». Ат-Тирмизи къи1уэтэжащ, жи1ащ: хьэдисыр хьэсэн сэхьихь[69].
Хьэдис пл1ыщ1рэ щыр
43 – Ибн Гьэббас, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ: «Щ1эиныр къызтехуэхэм ефтыж, абы щыщу къэнэжамэ зыгуэр ц1ыхухъу нэхъ япэ игъэщыныпхъэм ефт». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[70].
Хьэдис пл1ыщ1рэ пл1ыр
44 – Гьа1ишэ, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Бгъэк1э гъэшхэным хьэрэм ещ1ыр къызэдалъхуным хьэрэм ищ1у хъуар». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[71].
Хьэдис пл1ыщ1рэ тхур
45 – Джабир бин Гьэбдуллах къи1уэтэжащ зэхихауэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, Фэтхь илъэсым[72] Мэккэм деж жи1эу: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ хьэрэм ящ1ащ аркъэр, (псэущхьэ) л1ахэр, кхъуэр, тхьэуэ ябж сурэтхэр пщэныр». Жа1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, (псэущхьэ) л1ахэм я щэм дауэ уеплърэ? Абыхэмк1э кхъухьхэр иралэр, фэхэм щахуэр, уэздыгъэхэм ирак1эр». Жи1ащ (бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын): «Хьэуэ, ар хьэрэмщ»[73]. Ит1анэ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ащ абдежым: «Алыхьыр журтхэм язэуащ. Ахэм Алыхьым хьэрэм яхуищ1ат щэр, ауэ ар ягъэтк1ури ящащ, ит1анэ къыщ1эк1а уасэр яшхыжащ». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[74].
Хьэдис пл1ыщ1рэ хыр
46 – Абу Бурдэ къи1уэтэжащ, и адэ Абу Мусэ Аль-1эшгьэрий, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжауэ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, ар Еменым игъэк1уауэ. Ит1анэ ар (Абу Мусэ) щ1эупщ1ащ абдежым щащ1 фадэхэм. Жи1ащ (бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын): «Сыт хуэдэ ахэр?» Жи1ащ: «Аль-битгь, ит1анэ аль-мизр». Еупщ1ахэщ Абу Бурдэ: «Сыт аль-битгьыр?» Жи1ащ: «Ар фом къыхащ1ык1 фадэщ, аль-мизрыр хьэм къыхэщ1ык1а фадэщ». Жи1ащ (бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын): «Чэф узыщ1 псори хьэрэмщ». Аль-Бухъари къи1уэтэжащ[75].
Хьэдис пл1ыщ1рэ блыр
47 – Аль-Микъдам бин Мэгьдиекэриб жи1ащ: «Зэхэсхащ Алыхьым и л1ык1уэм, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1эу: «Ц1ыхум зы хьэкъущыкъуи из ищ1акъым и ныбэм нэхърэ нэхъ 1ейуэ. Ц1ыхум хурикъунущ и щ1ыбыр занщ1э зыщ1ын шхын мащ1э, ауэ 1эмал щымы1эмэ и щанэр шхыным щхьэк1э, адрей и щанэр зэфэным щхьэк1э, адрей и щанэр жьы къишэным щхьэк1э». Имам Ахьмэд, Ат-Тирмизи, Ан-Нэса1и, Ибн Маджэ сымэ къа1уэтэжащ, Ат-Тирмизи жи1ащ: «Хьэдисыр хьэсэн»[76].
Хьэдис пл1ыщ1рэ ир
48 – Гьэбдуллах бин Умэр, Алыхьыр арэзы т1уми яхуэхъу, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Пл1ыр зыхэлъыр фэрыщ1щ, ахэм щыщ щытык1э гуэр зыхэлъым фэрыщ1ыгъэм щыщ щытык1э хэлъщ ар зыхиныху: псалъэмэ пц1ы зыупсыр, псалъэ итамэ темытыр, дауэмэ емык1ум нэсыр, зэгур1уэныгъэ хыхьамэ епц1ыжыр». Аль-Бухъарирэ Муслимрэ къа1уэтэжащ[77].
Хьэдис пл1ыщ1рэ бгъур
49 – Умэр бин Аль-Хъэт1аб, Алыхьыр арэзы зыхуэхъун, жи1эжащ, Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, жи1ауэ: «Алыхьым ипэжып1эк1э фызэрыщыгугъыным хуэдэу фыщыгугътэмэ, ерыскъыр къывитынут бзухэм зэрыритым хуэдэу, мэжал1эу дэк1хэу, я ныбэ изу къагъэзэжу». Ахьмэд, Ат-Тирмизи, Ан-Нэса1и, Ибн Маджэ, Ибн Хьиббан и «Сэхьихьым», Аль-Хьаким сымэ къа1уэтэжащ, Ат-Тирмизи жи1ащ: «Хьэдисыр сэхьихь»[78].
Хьэдис тхущ1
50 – Гьэбдуллах бин Буср жи1эжащ: «Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, идеж л1ы къак1уэри жи1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ! Диным щыщу дгъэзэщ1эн хуейхэр куэд хъуащ, сыт нэхъ дызпылъ хъунур псори хиубыдэу?» Жи1ащ: «Уи бзэгур сыт щыгъуи ц1ынэу щырет Алыхь Лъап1эу Лъагэм и зэчырк1э». Имам Ахьмэд къи1уэтэжащ мыпхуэдэу[79].
[1] Бухъари (1), Муслим (155).
[2] Кэгьбэм.
[3] Къемэт махуэр.
[4] Муслим (1).
[5] Кэгьбэ.
[6] Аль-Бухъари (7), Муслим (21).
[7] Пэжыр жызы1э.
[8] Зыгуэр жи1амэ, ар псоми я ф1эщ мэхъу.
[9] Аль-Бухъари (2969), Муслим (1).
[10] Диным щымыщу къыхагъэхьахэращ.
[11] Му1минхэм я анэщ къик1ыр.
[12] Аль-Бухъари (2499), Муслим (17).
[13] Муслим (18).
[14] Аль-Бухъари (50), Муслим (107).
[15] Муслим (95).
[16] Аль-Бухъари (24), Муслим (34).
[17] Аль-Бухъари (6744), Муслим (130).
[18] Муслим (65).
[19] Базилик ц1эр зи1э къэк1ыгъэ.
[20] Ат-Тирмизи (2518), Ан-Нэса1и (5711).
[21] Ат-Тирмизи (2317), Ибн Маджэ (3976).
[22] Аль-Бухъари (13), Муслим (71/45).
[23] Аль-Бухъари (6878), Муслим (25/1676).
[24] Аль-Бухъари (6475), Муслим (74/47).
[25] Аль-Бухъари (6116).
[26] Муслим (57/1955).
[27] Ат-Тирмизи (1987).
[28] Къыригъэк1ыр: «Алыхьым хьэрэм ищ1ам пэжыжьэ зыщ1, и унафэр гъэзащ1э».
[29] Ат-Тирмизи (2516).
[30] Ахьмэд (1/307), Аль-Хьаким (6304).
[31] Аль-Бухъари (6120).
[32] Муслим (62/38).
[33] Муслим (18/15).
[34] Андез къэщтэныращ жыхуи1эр.
[35] Алыхьыращ ф1ыщ1э зыбгъэдэлъыр.
[36] Алыхьыращ пщ1эр зейр.
[37] Муслим (1/223).
[38] Муслим (55/2577).
[39] Алыхьыр уи гум къэбгъэк1ыжыну, и щытхъур жып1эну, и ц1эхэр къеббжэк1ыну, нэгъуэщ1хэри.
[40] «Субхьанэллах» жып1энращ.
[41] «Аллаху Акбэр» жып1энращ.
[42] «Альхьэмдулиллах» жып1энращ.
[43] «Ля иляхэ илля Аллах» жып1энращ.
[44] Муслим (53/1006).
[45] Аль-Бухъари (2989), Муслим (56/1009).
[46] Муслим (15/2553).
[47] Ахьмэд (18001), Ад-Даримий (2438).
[48] Абу Бэкр, Умэр, Уэсмэн, Алий, Алыхьыр арэзы ахэм яхуэхъу.
[49] Абу Дауд (4607), Ат-Тирмизи (2676).
[50] «Ахэр я п1эм хэзагъэркъым: я Тхьэм щышынэу, щыгугъыу йолъэ1у, ик1и Дэ ятта ерыскъым щыщ ят, зы псэми тхъэжыгъуэу щыщу хуагъэхьэзырар ящ1ам хуэфащэу». (Ас-Сэдждэ: 16-17).
[51] Зэригъэщ1агъуэр къэзыгъэлъагъуэ псалъэхэщ.
[52] Ат-Тирмизи (2616).
[53] Ад-Дарэкъут1ни (4/184, 42).
[54] Щихъ: псэм ф1эф1хэр къэзыгъанэращ.
[55] Ибн Маджэ (4102).
[56] Ибн Маджэ (2340), Малик (2/745, 31).
[57] Лъыщ1эж.
[58] Аль-Бейхэкъи «ас-Сунан» (10/252), Муслим (1/1711).
[59] Муслим (78/49).
[60] Муслим (32/2564).
[61] Муслим (38/2699).
[62] Аль-Бухъари (207/131), Муслим (6491).
[63] Уэлийр Алыхьым жы1эда1уэу хущыту, пэгъунэгъу хуэхъуаращ.
[64] Бгъэзащ1эмэ псапэщ а лэжьыгъэхэр, ауэ умыгъэзащ1эми гуэныхь птелъкъым.
[65] Аль-Бухъари (6502).
[66] Ибн Маджэ (2045), Аль-Бейхэкъи «ас-Сунэн» (7/356).
[67] Аль-Бухъари (6416).
[68] Абу Аль-Фэтхь Аль-Мэкъдисий «Мухътэсэр аль-Хьуджэ гьэла тарик аль-Мэхьэджэ» (1/23825), Ат-Тэймий «аль-Хьуджэ» (1/251, 103), Аль-Бэгъэуи «Шэрхь ас-Суннэ» (1/213), Ат-Тибризи «Мишкат аль-Мэсабихь» (167).
[69] Ат-Тирмизи (3540).
[70] Аль- Бухъари (6732), (6746), Муслим (1615).
[71] Аль-Бухъари (2646), (3105), (5099), Муслим (1444).
[72] Ар Мэккэм муслъымэнэм я дзэр щыдыхьа илъэсыращ.
[73] Щэр пщэныращ хьэрэмыр, ауэ къэбгъэсэбэп хъунущ, адрейхэр пщэнуи къэбгъэсэбэпынуи хьэрэмщ.
[74] Аль-Бухъари (2236), (4296), (4633), Муслим (1581).
[75] Аль-Бухъари (4343).
[76] Ахьмэд (4/132), Ат-Тирмизи (2380), Ан-Нэса1и (6769), (6770), (6868), Ибн Маджэ (3349).
[77] Аль-Бухъари (34), (2459), (3178), Муслим (58).
[78] Ахьмэд (1/30, 52), Ат-Тирмизи (2344), Ан-Нэса1и (10586), Ибн Маджэ (4164), Ибн Хьиббан (730), Аль-Хьаким (4/318).
[79] Ахьмэд (4/188, 190).