×
"Хьэл дахэм ц1ыхухэм я нэм укъыдре1этей, сыту жып1эмэ ахэм уазэрыдызек1уэращ ялъагъур, уи уаджибхэр (нэмэзыр, нэщ1ыр) уэрэ Алыхьымрэщ зи яку дэлъыр, уи щхьэм ф1ы хуэпщ1эжу аращ абык1э. Ауэ сыт ц1ыхухэм яптри ахэм яхуэпщ1эри? Хьадис лъап1эм же1эр бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, хьэл щы1эм я нэхъыф1ыр нэгъэсауэ къигъэлъэгъуэну къызэрык1уар: «Сэ сыкъигъэк1уащ хьэлым и нэхъыф1ыр нэгъэса сщ1ыну». Алыхьым жи1ащ и бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, папщ1э: «Уэ хьэлым и нэхъыф1ыр пхэлъщ». Фэрыщ1ын, пц1ы, пэж."