Иманыр зэрыхэхъуэр
Зэдзэк1ащ
Гуэшыныгъэ
Full Description
Иманыр
зэрыхэхъуэр
[ شركسي – Circassian – Адыгэбзэ]
Мухьэммэд аль-Тууейджри
Ибрахим и къуэ
Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Аматуллах Шэркэси
Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Абу Мухьэммэд Шэркэси
زيادة الإيمان
محمد بن إبراهيم التويجري
ترجمة وتدقيق لغوي:
أمة الله الشركسي
مراجعة شرعية:
أبو محمد الشركسي
Иманыр зэрыхэхъуэр
- Диным и лъабжьэр Алыхь Лъап1эу Лъагэр уи ф1эщ пщ1ынращ, абым и щы1эныгъэр, и ц1эхэр, и щытык1эхэр, ищ1эхэр, и хъумап1эхэр, дызэригъэгугъахэмрэ дызэригъэшынахэмрэ быдэу уи ф1эщ хъунращ, унафэу къытхуищ1ахэр гъэзэщ1энращ.
Аращи, 1уэхугъуэ псори, Алыхьым дызэрыхуэл1ыщ1эхэри къэбыл хъуныр зытеухуар а лъабжьэращ. А ф1эщхъуныгъэр къарууншэмэ 1уэхухэмрэ, Алыхьым дызэрыхуэл1ыщ1эхэмрэ къарууншэрэ мэхъу, нъыкъусаныгъэхэр хэлъ мэхъу. Ит1анэ хьэлхэр зэ1ыхьа мэхъу, абым иужь Алыхьым и нейр къыплъос, абым иужь Алыхьым и тезырыр къык1элъок1уэ.
Аращи, Алыхьыр уи ф1эщ хъуныр 1уэхугъуэ нэхъыф1 дыдэхэм щыщщ, ар уи1эным папщ1э, нэхъ ин хъуным папщ1э мы 1эхугъуипл1ыр бгъэзэщ1эн хуейщ:
Ар пхэлъыным папщ1э уегугъун, ит1анэ ар пхъумэным уегугъун, ит1анэ абым и сэбэпыр къыхэк1ыным уегугъун, ит1анэ абым зебгъэубгъуным уегугъун хуейщ.
А гугъуехьхэм пхырык1ар Алыхьым гъуэгу захуэм тригъэуващ, и аразыныгъэм хуишащ.
1 – Алыхьым жи1ащ: «Дэ папщ1э егугъуахэр гъуэгу захуэхэм тедгъэувэнущ, Алыхьыр мухьсинхэм ягъусэщ». (Аль-Гьэнкэбут: 69).
2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, зэрыжи1эжамк1э, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, еупщ1ахэщ: «Сыт хуэдэ 1уэхура нэхъыф1 дыдэр?» Жи1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ уи ф1эщ пщ1ыныр». «Ит1анэ сыт?» - жа1эри щ1эупщ1ахэщ. Жи1ащ: «Алыхьым и ц1эк1э узэуэну». «Ит1анэ сыт?» - жа1эри щ1эупщ1ахэщ. Жи1ащ: «Къэбыл хъуа хьэжыр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ [1].
3 – Тэмим Ад-Дарий, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, зэрыжи1ар: «Диныр чэнджэщ». Деупщ1ащ: «Хэт щхьэк1э?» Жэуап къыдитыжащ: «Алыхьым, и тхылъым, и л1ык1уэм, мысылмэнхэм я нэхъыщхьэхэмрэ, мысылмэну хъуамрэ щхьэк1э». Муслим къи1уэтэжащ [2].
Алыхьым хуэжы1эщ1эм и иманыр нэхъ ин мэхъу, мыхъуныр зыщ1эм и иманыр нэхъ ц1ык1у мэхъу:
1 – Алыхьым жи1ащ: «Аращ гупсэхуныгъэ му1минхэм ягухэм изылъхьар я иманыр нэхъри нэхъ ин хъуным папщ1э. Алыхьым щ1ыми уафэхэми дзэ и1эщ. Алыхьыр Гьэлимщ, Хьэкимщ». [Фэтхь: 4].
2 – Ит1ани Алыхьым жи1ащ: «Cурэ къахуехмэ яхэтщ жызы1эр: «Къыфхэт зи иманыр абым щхьэ нэхъыбэ хъуа?» Ауэ ф1эщхъуныгъэ зи1эхэм я иманыр нэхъыбэ мэхъури мэгуф1эхэр». [Тэубэ: 124].
3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, зэрыжи1эжамк1э, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Зинэ зыщ1ам уахътэ щищ1ам му1минтэкъым, дыгъуари щыдыгъуэ уахътэм му1минтэкъым, аркъэ ефари абы щефэ уахътэм му1минтэкъым». Бухъаримрэ Муслимрэ къа1уэтэжащ [3].
4 – Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къызэри1уэтэжамк1э, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ щытащ: «Жэхьэнэмэ маф1эм къыхэк1ыжынущ «Ля иляхэ илля Аллах» (Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым) жызы1эу и гум хьэ хьэдзэм хуэдизу ф1ы зэрылъыр, жэхьэнэмэ маф1эм къыхэк1ыжынущ «Ля иляхэ илля Аллах» жызы1эу и гум гуэдз хьэдзэм хуэдизу ф1ы зэрылъыр, жэхьэнэмэ маф1эм къыхэк1ыжынущ «Ля иляхэ илля Аллах» жызы1эу и гум сабэм и 1ыхьэ нэхъ ц1ык1ум хуэдизу ф1ы зэрылъыр». Хьэдисыр нэгъуэщ1у зэрытхыжам идеж «ф1ым» ип1эк1э «иман» псалъэр хэтщ. Бухъаримрэ Муслимрэ къа1уэтэжащ [4].
Аращи иманыр ди гъащ1эм къыхыхьэу хэхъуэным папщ1э 1уэхугъуэ зыбжанэ тщ1эн хуейщ:
Япэрауэ, дыщ1эн хуейщ ик1и быдэу ди ф1эщ хъун хуейщ псори къэзыгъэхъуар зэры Алыхь закъуэр, нахуэу щытри щымытри, инри ц1ык1ури. Аращи, уафэхэр къэзыгъэхъуар Алыхьыращ, щ1ыри къзыгъэхъуар Алыхьыращ, Гьэршри къэзыгъэхъуар Алыхьыращ, мэлэ1ичхэри къэзыгъэхъуар Алыхьыращ, вагъуэхэри къэзыгъэхъуар Алыхьыращ, хыхэри къущхьэхэри къэзыгъэхъуар Алыхьыращ, ц1ыхухэри, псэущхьэхэри, къэк1ыгъэхэри къэзыгъэхъуар Алыхьыращ, жэнэтри къэзыгъэхъуар Алыхьыращ, жэхьэнэмэри къэзыгъэхъуар Алыхьыращ: «Алыхьыращ псори къэзыгъэхъуар, аращ псоми и тепщэр, абым уафэхэми щ1ыми и 1унк1ыбзэхэр и1ыгъщ, Алыхьым и аятхэр зи ф1эщ мыхъухэр хэк1уэдахэращ». (Аз-Зумэр: 62-63).
Гьэршри, уафэхэри, щ1ыхэри, дыгъэри, мазэри, жьыри, псыри, хыхэри, къущхьэхэри, ц1ыхухэри, мэлэ1ичхэри, жынхэри, псэущхьэхэри, бзухэри, сабэм и 1ыхьэ нэхъ ц1ык1у дыдэри - псори Алыхьым къигъэхъуащ, абым псори хузэф1ок1, ар псоми щыгъуазэщ.
Абым дытопсэлъыхь, додэ1у, догупcыс, аятыу дунейми Къур1энми хилъхьахэм дыхэплъэурэ, абыхэм хилъхьа мыхьэнэхэм ди гум иманыр ягъэбыдэ. Аращ Алыхьым унафэу къытхуищ1ар.
1 – Алыхьым жи1ащ: «Жы1э: «Феплъ уафэхэми щ1ыми щы1эхэм». Аятхэми гъэшынэными сэбэп къыхахынукъым иман зимы1эхэм». (Юнус: 101).
2 – Алыхьым жи1ащ: «Къур1эным емыгупсысхэу ара, е ягухэр 1унк1ыбзэк1э зэхуэщ1ауэ ара». (Мухьэммэд: 24).
Ет1уанэу, дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъу Алыхьым псори къигъэхъури лъэужьхэр яхилъхьащ.
Нэр къигъэхъури абым илъагъуу ищ1ащ, тхьэк1умэр къигъэхъури абым зэхихыу ищ1ащ, бзэгур къигъэхъури ар псэлъэу ищ1ащ, дыгъэр къигъэхъури къигъэнэхуу ищ1ащ, маф1эр къигъэхъури иригъэсыу ищ1ащ, жыгхэр къигъэхъури пхъэщхьэмыщхьэхэр къыпидзэу ищ1ащ.
Ещанэу, дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъу Алыхьым къигъэхъуахэр псори и 1эмыщ1эм зэрилъыр, зыхуйр ирещ1эр, зэрыхуейуэ зэрегъэзахуэр. Аращи уафэхэми щ1ыми щы1эу хъуар, инри, ц1ык1ури псори Алыхьым и пщыл1хэщ, езыхэм 1ейуи ф1ыуи зыпари ящхьэм хуащ1эфынукъым, зыпарэми тек1уэфынукъым, л1эныгъэри къэгъэхъунри я 1эмыщ1эм илъкъым.
Алыхьыращ я унэфэщ1ыр, абым хуэныкъуэхэщ, ар бейщ, езыхэр фэкъырэщ.
Алыхьыращ дунейм и 1уэхухэр зэхэзыгъэк1ыр, къигъэхъуауэ хъуам я 1уэхухэр зезыхуэр. Уафэхэми щ1ыми, псыхэми хыхэми, маф1эми жьыми, псэхэми къэк1ыгъэхэми, вагъуэхэми псэ зы1умытхэми, нэхъыщхьэхэми я къуэдзэхэми, бейхэми тхьэмыщк1эхэми, къарууф1эхэми къарууншэхэми, нэгъуэщ1у хъуами я унафэр зыщ1ыр Алыхь закъуэу гъусэ зимы1эращ. Ахэр псори абым и 1эмыщ1э илъщ, и унафэхэм хуэжы1эщ1эщ.
Алыхьым жи1ащ: «Жы1э: «Алыхьыу мылъкур зэрыщыту зы1эщ1элъ, узыхуейм мылъку ибот, узыхуейм мылъкур къы1ыбох, узыхуейр къыдыбогъэк1уейр, узыхуейр ибоудых. Уи 1эмыщ1эм ф1ыр илъщ, псори пхузэф1ок1. Жэщыр махуэм иужь къыбогъак1уэ, махуэр жэщым иужь къыбогъак1уэ, псэ зы1умытыр псэ зы1утым къыхыбогъэк1, псэ зы1утыр псэ зы1умытым къыхыбогъэк1, узыхуейм гъунэншэу зыхуейр ибот». (Алэ Гьимран: 26-27).
Aращи, Алыхь Лъап1эу Лъагэм и лъэк1ыныгъэк1э, и щ1эныгъэк1э зэрыхуейуэ щыхуейм зэрегъэзахуэр къигъэхъуауэ хъуам я 1уэхухэр. Зыгуэрэ къигъэхъуауэ и лъэужьыр щыхимылъхьи мэхъу. Щы1эщ нэ зымылъагъури, тхьэк1умэ зэхэзмыхри, бзэ мыпсалъэри, хы узмытхьэлэри, маф1э узмысри. Ахэм къагъэлъагъуэ Алыхьым зэрыхуейуэ къигъэхъуахэм я унафэр зэрищ1ыр. Щы1экъым абым нэгъуэщ1 тхьэ, ар Аль- Уахьид, Аль-Къэхар, псори хузэф1ок1ыр абым.
- Щы1эхэщ гу зыгуэрым дихьэхыу ар къэзыгъэхъуар зыщыгъупщэжахэр, зыгуэрым пыщ1а хъуахэр ар къэзыгъэхъуам пари хамыц1ыхук1ыу.
Ауэ ди пщэм дэлъыр зыгур къыщытщ1эк1э а щ1эныгъэм ар къэзыгъэхъуам дыхуишэн хуейуэ, зыгуэр къызф1эзгъэщ1ам ар къэзыгъэхъуар игу илъыну. А закъуэу гъусэ зимы1эращ дызхуэпщыл1ын хуейри.
Алыхьым жи1ащ: «Жы1э: «Хэт уафэми щ1ыми фи ерыскъыр къыфхухигъэк1рэ? Хэт тхьэк1умэм зэрызэхихымрэ нэхэм зэралъагъумрэ зи 1эмыщ1э илъыр? Хэт псэ зы1утыр псэ зы1умытым къыхэзгъэк1ыр? Хэт псэ зы1умытыр псэ зы1утым къыхэзгъэк1ыр? Хэт псоми и 1уэхур зэзыгъзахуэр?». Жа1энущ: «Алыхьыращ». Жы1э: «Ат1э фымышынэу ара?» Аращ Алыхьыу фи тхьэ пэжыр. Пэжым иужь сыт щы1эр къуэншагъэ ф1эк1а, сыту пэжыжьэ фыхъуа (пэжым)». (Юнус: 31-32).
Епл1анэу, дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъу псоми я хъумап1эхэр Алыхь закъуэм и 1эмыщ1э зэрилъыр.
Дунейм тету хъуам и хъумап1эхэр Алыхым и 1эмыщ1э илъщ: щ1эныгъэм и хъумап1э, гъуэгу захуэм теувэным и хъумап1э, нэхум и хъумап1э, псалъэм и хъумап1э, хьэлым и хъумап1э, шхынымрэ узэфэнымрэ, гуэдзымрэ пхъэщхьэмыщхьэмрэ, псыхэмрэ жьыхэмрэ, 1ахъшэхэмрэ хыхэмрэ, къущхьэхэм, нэгъуэщ1хэми я хъумап1эхэр псори Алыхьым и дежщ здэщы1эр. Дызыхуейуэ хъуамк1э дызэлъэ1ур Алыхь закъуэращ, нэхъыбэу дызэрыхуэл1ыщ1эным дыпылъщ. Аращ зыгур хуейхэм къезытыр, елъэ1ухэм я жэуапыр нэзыгъэсыжыр, узэлъ1уу хъуам я нэхъыф1ыр, къэзытыу хъуам я нэхъыф1ыр, зэритам пыувын щы1экъым, зэримытами езытын щы1экъым.
Алыхьым жи1ащ: «Щы1экъым зыпари и хъумап1эр ди деж щымы1эу, едгъэхри абым щыщу 1ыхьэ хэхащ». ( Аль-Хьиджр: 21).
- Алыхь Лъап1эу Лъагэм и зэф1эк1ыр:
Алыхь Лъап1эу Лъагэм шэч зыхэмылъ зэф1эк1 и1эщ сыт хуэдэ 1уэхуми.
1 – Языныкъуэм яретыр зыгуэрэм и сэбэпк1э. Псалъэм папщ1э, псыр сэбэп ищ1ащ къэк1ыгъэхэр къэк1ыным щхьэк1э, бзылъхугъэм ек1уэл1энри сэбэп ищ1ащ сабий къэхъуным папщ1э. Аращи сэбэпхэр здэщы1э дунейщ дыздэпсор, Алыхьым хьэлэл ищ1ахэр къыдогъэсэбэпыр И унафэм дытету, Алыхьыу гъусэ зимы1эм ф1эк1а зыми дыщыгугъкъым: «Уэ л1ык1уэхэ, дэгъуэу щы1эм щыщ фышхи ф1ыхэр фыщ1э, сэ фщ1эхэм сыщыгъуазэщ». (Аль-Му1минун: 51).
2 – Языныкъуэм яретыр сэбэп пари ямыщ1ауэ, зыгуэрым «Къэхъу»- жыре1эри къегъэхъу. Апхуэдэу Мэрям шхынхэр иритащ жыг щымы1эу, къуэ иритащ ц1ыхухъу хэмыту: «Зэкэрия михьрабым щ1ыхьэху къэс илъагъут ерыскъыуэ и1эр. Жи1ащ: «Уэ Мэрям, дэнэ къипха мыр?» Жи1ащ: «Алыхьым къызитащ ар, Алыхьым зыхуейм иретыр гъунэншэу»». (Алэ Гьимран: 37).
3 – Языныкъуэм и лъэк1ыныгъэмк1э сэбэпхэр зэрехъуэк1ыр зэрамыхабзэу. Апхуэдэу маф1эр щ1ы1э ик1и шынагъуэншэ ищ1ащ Ибрахим, гьэлейхи сэлям, папщ1э. Мусэ, гьэлейхи сэлям, апхуэдэу къыригъэлри фиргьэуным и дзэр иригъэтхьэлащ зы хы дыдэм, ик1и зы унафэ закъуэк1э. Юнус, гьэлейхи сэлям, апхуэдэу джеймрэ хымрэ я к1ыф1агъым къыхишыжащ: «И 1уэхур зэрыщытыр аращи, зыгуэрэ хуеймэ «Къэхъу» жыре1эри къегъэхъу». (Ясин: 82).
Ар къигъэхъуахэм ехьэл1аращ, щытык1эхэм ехьэл1ауэ мыращ:
1 – Дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъур щытык1эхэр псори къэзыгъэхъуар Алыхь закъуэращ: къулеинри, тхьэмыщк1агъэри, узыншагъэри, сымаджэнри, гуф1эгъуэри, нэщхъэигъуэри, дыхьэшхынри, гъынри, гъэлъэп1энри, гъэпудынри, псэунри, л1энри, шынагъуэншагъэри, шынагъуэри, щ1ы1эри, хуабэри, гъуэгу захуэм тетынри, щыуэнри, насыпри, насыпыншагъэри. Ахэри, абыхэм нэгъуэщ1 щытык1эхэри зэуэ къэзыгъэхъуар Алыхь закъуэу гъусэ зимы1эращ.
2 – Дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъур а щытык1эхэр зэзыгъэзахуэр, унафэхэри зыщ1ыр Алыхь закъуэу гъусэ зимы1эращ.
Аращи, тхьэмыщк1агъэм къулеигъэк1э зызэрехъуэк1ыр Алыхь закъуэм и унафэк1э, узым узыншагъэк1э зызэрехъуэк1ыр Алыхь закъуэм и унафэк1э, гъэпудыныгъэми гъэлъэп1эныгъэк1э зызэрехъуэк1ыр Алыхь закъуэм и унафэк1э, дыхьэшхынми гъынк1э зызэрехъуэк1ыр Алыхь закъуэм и унафэк1э, псори мал1эр Алыхь закъуэм и унафэк1э, щ1ы1эми хуабэк1э зызэрехъуэк1ыр Алыхь закъуэм и унафэк1э, къуэншагъэми захуэныгъэк1э зызэрехъуэк1ыр Алыхь закъуэм и унафэк1э. Апхуэдэщ щытык1эу хъуари зэрыхъур.
Щытык1эхэр Алыхьым и унафэк1э къохъухэр, абым и унафэк1э хохъуэхэр, абым и унафэк1э къонэхэр, абым и унафэк1э мэк1уэдыжхэр.
Абым къыхэк1ыу, щытык1э гуэр зэтхъуэк1ыну дыхуеймэ, ар зи 1эмыщ1эм илъращ зызхуэдгъэзэн хуейр, шэрихьэту къыригъэхам дытетыурэ: «Жы1э: «Алыхьышхуэу мылъкур зы1эщ1элъ, узыхуейм мылъкур ибот, узыхуейм мылъкур къы1ыбох, узыхуейр богъэлъап1э, узыхуейр богъэпуд. Ф1ыр уи 1эмыщ1э илъщ, псори уэращ зыхузэф1эк1ыр». (Алэ Гьимран: 26).
3 – Дощ1эр ик1и быдэу ди ф1эщ мэхъур щытык1эу ипэк1э щы1ахэми, нэгъуэщ1хэми я хъумап1эхэр Алыхь закъуэу гъусэ зимы1эм и деж зэрыщы1эр.
Ц1ыхуу хъуам узыншагъэ, е къулеигъэ, е нэгъуэщ1 гуэрэ иритмэ, и хъумап1эхэм абым щхьэк1э сабэм и 1ыхьэ нэхъ ц1ык1ум хуэдизк1э хэщ1ынукъым. Сыту жып1эмэ, Алыхьым и 1эмыщ1э илъыр зэи хэщ1ынукъым, дапщэ имытами. Аращ пщ1эр зейр, Ар Аль-Гъэний, Аль-Хьэмид.
1 – Жи1ащ Алыхьым: «Уафэхэми щ1ыми щы1эр Алыхьым ейщ, Алыхьыр Аль-Гъэний, Аль-Хьэмид». (Лукъман: 26).
2 – Абу Зэр, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, Алыхьым жи1ауэ къи1уэтэжащ: «Уэ си пщыл1хэ, сэ лей ехыныр сэ щхьэк1э хьэрэм сщ1ащ, фэ фи якуи ар хьэрэм сщ1ащ, аращи, зым адрейм лей евмых. Уэ си пщыл1хэ, псори къуаншэщ, сэ гъуэгу захуэм тезгъэувахэм мыхъу. Аращи, гъуэгу захуэм фытезгъэувэну фыкъызэлъэ1умэ, фытезгъэувэнщ. Уэ си пщыл1хэ, псори шхын хуол1эхэ, сэ ерыскъы зэстам мыхъу. Аращи, ерыскъы фэстыну фыкъызэлъэ1уи, фэстынщ. Уэ си пщыл1хэ, псори щыгъыныншэщ сэ щыгъын зэстам мыхъу. Аращи, щыгъын фэстыну фыкъызэлъэ1уи, фэстынщ.
Уэ си пщыл1хэ, жэщи махуи фыщоуэр, сэ фи гуэныхьхэр зэуэ фхузогъэгъу. Аращи, фхуэзгъэгъуну фыкъызэлъэ1уи, фхуэзгъэгъунщ.
Уэ си пщ1ыл1хэ, 1ейк1э фыкъызнэсыфынукъым, 1ейуи пари къызэфщ1эфынукъым, ф1ык1и фыкъызнэсыфынукъым, ф1ыи къысхуэфщ1эфынукъым.
Уэ си пщыл1хэ, фи япэрейми, иужьрейми, ц1ыхуми, жынми я гум тхьэшынагъуэу илъыр нэхъ гу тхьэшынагъуэм хуэдамэ, абым хигъэхъуэнукъым си мылъкум зыпари. Уэ си пщыл1хэ, фи япэрейми, иужьрейми, ц1ыхуми, жынми я гум гуэныхьыу илъыр нэхъ гуэныхьыщ1эу дунейм тетым и гум хуэдамэ, си мылъкум зыпари хигъэщ1ынукъым абым. Уэ си пщыл1хэ, фи япэрейри, иужьрейри, ц1ыхури, жынри фызэхыхьэу зы уахътэм фыкъызэлъэ1уауэ ц1ыху къэс и лъэ1ур естмэ, абым си 1эмыщ1эм илъыр зэрыхигъэщ1ынур мастэр хым хэбгъауэмэ зэрыхигъэщ1ыращ. Уэ си пщыл1хэ, ар фи 1уэхухэращ, къызолъытэхэри фи пащхьэ изолъхьэжыр.Ф1ы зыгъуэтам Алыхьым шыкур хурырещ1, нэгъуэщ1 къэзыгъуэтам и щхьэм трырелъхьэж». Къэзы1уэтэжар Муслим [5].
- Иманым и ф1ыгъуэхэр:
Иманымрэ 1уэхуф1хэмрэ ехъул1эныгъэрэ пагэныгъэрэ къыуат, ар ахъшэми, 1энат1эми, щ1ып1эу иубыдми къыхэк1къым.
Алыхьыр зи ф1эщ хъум, и унафэхэр зыгъэзащ1эм бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, зэригъэлъэгъуам хуэдэу Алыхьыр аразы хуохъу. Абым и хъумап1эхэм къик1ыу ирет, бейуи тхьэмыщк1эуи щытми, до1эпыкъури трегъак1уэ, жэнэтым ирешэ, ехъумэри и иманымк1э къыдре1этей, къыщ1ыдри1этеин сэбэпхэр и1эми (Абу Бэкр, Умэр, Уэсмэн, Алий, Алыхьыр аразы зыхуэхъунхэм, хуэдэу), апхуэдэ сэбэпхэр имы1эми (Билял, Гьэмар, Сэлман, Алыхьыр аразы зыхуэхъунхэм, хуэдэу).
Алыхьым жи1ащ: «Алыхьыращ лъэп1эныгъэр зейр, л1ык1уэми, му1минхэми, ауэ мунафикъхэм ящ1эркъым ар». (Аль-Мунафикъун: 8).
Ауэ Алыхьыр зи ф1эщ мыхъур сыт хуэдэ сэбэпхэр и1эми мылъку хуэдэу, е унафэ хуэдэу, Алыхьым къыдри1этеинукъым, ат1э игъэц1ык1унущ Фиргьэун, Къарун, Хаман, нэгъуэщ1хэри зэригъэц1ык1уахэм хуэдэу. Ик1и игъэц1ык1уным и сэбэпхэр и1эми тхьэмыщк1агъэрэ факъырагърэ хуэдэу, игъэц1ык1унущ иман зимы1эр мушрикхэм я тхьэмыщк1эхэр зэригъэц1ык1уам хуэдэу.
Алыхьым ц1ыхухэр къигъэхъуащ иманымрэ 1уэхуф1хэмрэ папщ1э, я тхьэ закъуэу гъусэ зимы1эм хуэпщыл1ыным папщ1э. Къигъэхъуакъым ахэр мылъкурэ, ахъшэрэ, дезыхьэхымрэ къаугъуеиным папщ1э. Абыхэм нэгъуэщ1 и псэм 1уэху имы1эмэ Алыхьым хуэпщыл1ыныр къигъанэу, ахэр къытригъэуэнущи и гукъеуэм, и к1уэдыным и сэбэп ищ1ынущ мы дунейми ахърэтми.
Алыхьым жи1ащ: «Абыхэм я мылъкури, я бынхэри умыгъэщ1агъуэ, Алыхьыр хуейщ абыхэмк1э хьэзаб ятрилъхьэну мы дунейм, я псэхэри хэк1ыну ахэр джаурхэу». (Ат-Тэубэ: 55).