Иман зыхэлъхэр зэрызэщхьэщык1ыр
Зэдзэк1ащ
Гуэшыныгъэ
Full Description
Иман зыхэлъхэр зэрызэщхьэщык1ыр
[ شركسي – Circassian – Адыгэбзэ]
Мухьэммэд аль-Тууейджри
Ибрахим и къуэ
Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Аматуллах Шэркэси
Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Абу Мухьэммэд Шэркэси
تفاضل أهل الإيمان
محمد بن إبراهيم التويجري
ترجمة وتدقيق لغوي:
أمة الله الشركسي
مراجعة شرعية:
أبو محمد الشركسي
Иман зыхэлъхэр
зэрызэщхьэщык1ыр
1 – Алыхьым къигъэхъуауэ хъуам я иманыр зэщхьэщок1:
1 – Мэлэ1ичхэм я иманым зихъуэжкъым, хэхъуэкъым ик1и хэщ1къым, унафэу Алыхьым къахуищ1хэм емыда1уэу хъукъым, жи1эр зэуэ ягъэзащ1э.
2 – Бегъымбархэм, гьэлейхим сэлям, я иманыр хохъуэр, ауэ хэщ1къым Алыхьыр зэращ1эм къыхэк1ыу. Ахэри зэщхьэщок1.
3 – Адрей мысылмэнхэм я иманыр дэ1уэныгъэм хегъахъуэр, гуэныхьым хегъэщ1. Ахэри я иманымк1э зэщхьэщок1.
Иманым и япэрей увып1эм Алыхьыр ф1ыуэ ялъагъуу, пщ1э хуащ1ыу ещ1хэ, Алыхьым хуэпщыл1хэщ, зэрыхуэпщыл1ым и 1эф1ыгъэр зэхащ1эр, ик1и ар яхъумэр. Езым нэхърэ нэхъ увып1э лъагэ зи1эм е езым хуэдэм дэгъуэу дызек1уэным папщ1э иман быдэ хуейщ лей езыми нэгъуэщ1ми иримыхыну. Езым нэхърэ нэхъ увып1э лъахъшэ зы1ыгъым дызек1уэным папщ1э (унафэщ1ыр ц1ыху къызэрык1уэхэм ягъусэу, ц1ыхухъур унагъуэм хэту) иман быдэ и1эн хуейщ залымыгъэ зыми иримыгъэхыу.
Иманыр хэхъуэху ф1эщхъуныгъэ быдэри хохъуэр, 1уэхуф1хэри нэхъыбэ мэхъу. Ц1ыхум Алыхьым и хьэкъри, нэгъуэщ1 ц1ыхухэм я хьэкъхэри егъэзащ1э, ек1уу дызок1уэр къэзыгъэхъуами къигъэхъуахэми. Ар нэхъ лъагэу щы1э увып1эхэм щытщ мы дунейми ахърэтми.
2 – Ц1ыхухэр псори мак1уэхэр, зы щ1ып1эм щытхэкъым, док1уейхэр е къоххэр, е ищхьэм мак1уэхэр, е ищ1агъым, е ипэк1э мак1уэхэр, е ищ1ыбк1э ягъэзэж, е ижьк1э, е сэмэгук1э мак1уэхэр. Щы1экъым мы дунейми шэрихьэтми зызмыгъэхъейуэ зы щ1ып1эм щыт. Ц1ыхур жыгым хуэдэщ: 1эф1ри дыджри къыпедзэр псэ 1утыху.
Ц1ыху къэск1э псынщ1эу я 1уэхум елъытауэ е жэнэтым, е жэхьэнэмэм мак1уэр. Зыгуэрэ нэхъ псынщ1эщ, адрейр нэхъ хуэмщ, зыгуэрэ ипэм итщ, адрейр къык1эрыхуащ. А гъуэгум щы1экъым къэувы1ауэ щыт. Здэгъэза лъэныкъуэм, я псынщ1агъымрэ, ехъул1а е хэк1уэда – аращ псори зэрызэщхьэщык1ыр.
Жэнэтым хуэп1ащ1эр иманрэ 1уэхуф1хэмрэ зи1эращ. Аращ жэхьэнэмэ маф1эм къык1эрыхуар куфрымрэ 1уэху мыхъунхэмрэк1э. Диныр зэуэ: «Ц1ыхухэм хъыбар къанэзыгъэс. Ипэк1э к1уэнум, е иужь къинэну къыфхэтхэм папщ1э». (Аль-Мудасир: 36-37).
3 – Иман зыхэлъхэр хуабжьу зэщхьэщок1, бегъымбархэм я иманыр адрейхэм хуэдэкъым, сэхьабэхэм, Алыхьыр аразы яхуэхъу, я иманыр адрейхэм хуэдэкъым, му1мин ф1ым тетхэм я иманыр мыхъунхэр зыщ1эхэм я иманым хуэдэкъым.
А зэщхьэщык1ыныгъэшхуэр къызхэк1ыр гум илъхэращ: Алыхьымрэ, и ц1эхэмрэ, и щытык1эхэмрэ, и 1уэхухэмрэ, и унафэхэмрэ хиц1ыхук1ым, Алыхьым зэрыщышынэм. «Алыхьыр зыщи гъусэ и1экъым» псалъэхэм я нэхуу ц1ыхум и гум илъыр Алыхь закъуэращ зыщ1эр.
4 – Нэхъыф1 дыдэу Алыхьыр зыщ1эр нэхъыф1ыу зылъагъуращ. Алыхьым и ф1ыгъуэхэм, и щытык1эм, и дахагъым щхьэк1э ф1ыуэ плъагъуныр хуэпщыл1ыным и лъабжьэщ. Нэхъыбэу ф1ыуэ плъагъуху нэхъыф1ыу уедэ1уэнущ, нэхъ ину бгъэлъэп1энущ, нэхъыбэу ухуэгуф1энущ, нэхъ пыщ1а ухъунущ. «Зэгъащ1э Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ зэрыщымы1эр, уи гуэныхьхэри, му1минхэми, му1минэтхэми я гуэныхьхэри игъэгъуну елъэ1у, Алыхьым фщ1эхэмрэ фыздэщы1эхэмрэ ещ1эр». (Мухьэммэд: 19).