×
Алыхьым къыригъэха тхылъхэр зыхуэдэхэр, ахэм я ц1эхэр, къызхуехахэр. Тхылъ ипэк1э къехахэм ехьэл1а хьукмхэр. Къур1эным ехьэл1а хьукмхэр.

    Иманым и пкъыгъуэхэр:

    Алыхьым къыригъэха тхылъхэр

    уи ф1эщ пщ1ыныр

    [ شركسي – CircassianАдыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси

    أركان الإيمان:

    الإيمان بالكتب

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي

    Алыхьым къыригъэха тхылъхэр

    уи ф1эщ пщ1ыныр

    Тхылъхэр уи ф1эщ пщ1ыныр: ар быдэу уи ф1эщ пщ1ыныр Алыхьым и л1ык1уэхэмрэ и бегъымбархэмрэ тхылъхэр къазэрыхуригъэхар ц1ыхухэр гъуэгу захуэм теувэным папщ1э, ахэр Алыхьым и псалъэхэ пэжхэщ, ярытри зэуэ пэжщ шэч хэмылъыу.

    Ахэм щыщ гуэрхэм Алыхьым я ц1эхэр ири1уащ, нэгъуэщ1хэм я ц1эхэри я бжыгъэри зыщ1эр Алыхь закъуэращ.

    - Къур1эным ит тхылъхэм я бжыгъэр:

    Алыхьым Къур1эным и гугъу ищ1ащ мы тхылъхэр къригъэхауэ:

    1 – Ибрахим, гьэлейхи сэлям, къыхуеха тхыгъэхэр.

    2 – «Ат-Тэурат»: ар Мусэ, гьэлейхи сэлям, Алыхьым къыхуригъэхащ.

    3 – «Аз-Зэбур»: ар Дауд, гьэлейхи сэлям, Алыхьым къыхуригъэхащ.

    4 – «Аль-Инджиль»: ар Гьисэ, гьэлейхи сэлям, Алыхьым къыхуригъэхащ.

    5 – «Аль-Къур1ан»: ар Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, Алыхьым къыхуригъэхащ ц1ыхуу хъуам папщ1э.

    - Ипэк1э къеха тхылъхэр уи ф1эщ пщ1ыуэ итым утетыным и хьукмыр:

    Ди ф1эщ мэхъур Алыхьым а тхылъхэр къызэрыригъэхар, абыхэм пэжу итыр ди ф1эщ мэхъу Къур1эным итым хуэдэу, абым ит хъыбар зэрамыхъуэк1ахэр, пц1ы зыхамылъхьахэри ди ф1эщ мэхъу. Абым ит хьукмхэм дыаразыуэ дытетщ Алыхьым зэримхъуэк1ыжамэ. Тхылъ Алыхьым къыригъэхауэ зи ц1э дымыщ1эхэр зэрыщыту ди ф1эщ мэхъу: «Бегъымбарымрэ му1минхэмрэ я Тхьэм къыригъэхахэр я ф1эщ мэхъу. Псоми Алыхьыр, и мэлэ1ычхэр, и тхылъхэр, и л1ык1уэхэр я ф1эщ мэхъу, л1ык1уэхэр зэхэддзкъым. «Зэхэтхащи дыхуэжы1эщ1эщ», - жа1эр. - Ди Тхьэ, къытхуэгъэгъу, уи деж къыздэдгъэзэжыр». (Аль-Бэкъэрэ: 285).

    Ипэк1э къеха тхылъхэм Ат-Тэуратми, Аль-Инджилми, Аз-Забурми Къур1эн Лъап1эр къыщехым ярыт хьукмхэр зэрихъуэк1ащ: «Дэ пэжыр зэрыт тхылъыр къыпхуедгъэхащ ипэк1э къеха тхылъхэм итыр игъэпэжу, ахэм ящхьэщыту (ахэм я щыхьэту, ахэр игъэпэжу). Я унафэр щ1ы Алыхьым къыригъэхам утету, ахэр зэрыхуейуэ умыщ1 къыпхуеха пэжым утек1ыу». (Аль-Ма1идэ: 48).

    - Тхылъхэр къызхуеха лъэпкъхэм я1ыгъ тхылъхэм и хьукмыр:

    Тхылъхэр къызхуеха лъэпкъхэм Ат-Тэуратрэ Аль-Инджилрэк1э зэджэу я1ыгъ тхылъхэм итыр зэуэ бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ я л1эужьу дыбж хъунукъым. Абыхэм зэхъуэк1ыныгъэрэ пц1ырэ куэду халъхьащ, Алыхьым бын и1эу зэрыжа1ам хуэдэу, е чыристанхэм Гьисэ Мэрям и къуэр, гьэлейхи сэлям, тхьэ хъуауэ зэрыжа1ам хуэдэу, е Тхьэшхуэм щыхьэт емык1ухэр и1эу зэрыжа1ам хуэдэу, е бегъымбархэм мыхъунхэр ящ1ауэ зэрытралъхьам хуэдэу, абым къинэмыщ1хэри. А пц1ыхэр къабыл пщ1ы хъунукъым, уи ф1эщ пщ1ы хъунукъым зыри Къур1энымрэ суннэтымрэ хэту къэк1уам мыхъу. Тхылъхэр къызхуеха лъэпкъхэм дащепсалъэк1э: «Жа1эхэр зэуэ пэжщ, е зэуэ пц1ыщ», - жыт1экъым, ат1э жыдо1э: «Алыхьыр, и тхылъхэр, и л1ык1уэхэр ди ф1эщ мэхъу». Жа1ар пэжмэ, пц1ыуэ дгъэувакъым, ик1и жа1ар пц1ымэ дгъэпэжакъым.

    - Журтхэмрэ чыристанхэмрэ я динхэм и хьукмыр:

    Дин пэжу Алыхьым къыригъэхар, бегъымбархэм къытхуахьар Ислам диныращ, аращ пэжыр, абым нэгъуэщ1ыр зэуэ пц1ыщ: «Алыхьым идеж дин щы1эр Исламыращ. Тхылъхэр къызхуеха лъэпкъхэм я еплъык1эхэр зэщхьэщык1ащ щ1эныгъэр къахуэк1уа иужьк1э зэфыгъуэжхэу ик1и лей зырахыу. Алыхьым и аятхэр зи ф1эщ мыхъум и хьэкъыр псынщ1эу ирегъэгъуэт». (Алэ Гьимран: 19).

    Журтхэм я динымрэ, чыристаным я динымрэ уафэм къеха динхэу жып1э хъунукъым, ик1и журтхэм я диныр Мусэ, гьэлейхи, сэлям и динщ жып1э хъунукъым, чыристаным я динри Гьисэ, гьэлейхи сэлям, и динщ жып1э хъунукъым. Журтхэм я диныр къагупсысащ Ат-Тэуратым иужь илъэс мин дэк1ауэ. Чыристаным я динри апхуэдэщ.

    Чыристаным я динри, журтым я динри къагупщысри щ1эуэ зэхалъхьащ, зэхъуэк1ыныгъэрэ, пц1ырэ, щ1эуэ мыхъунхэмрэ, куфр Алыхьым и Лъэгагъэм, и ц1эхэм, и щыхьэтхэм емык1ур хэзщ. Дин пэж закъуэр Ислам динращ: «Ислам диным нэгъуэщ1 къыхэзыхым къы1ахынукъым, ахърэтми хэк1уэдахэм щыщ ар». (Алэ Гьимран: 85).

    Ислам дину дызтетын хуейр бегъымбархэм къытхуахьаращ Алыхьым идеж къик1ауэ, нэгъуэщ1ыр зэуэ пц1ыщ: «Жа1ащ: «Журт е чыристан фыхъу, захуэм фытетынущ». Жы1э: «Ибрахим и гъуэгу тхьэ закъуэм хуэпщыл1ыным хуэзышэращ, ар мушрику щытакъым». (Аль-Бэкъэрэ: 135).

    Журтхэри чыристанхэри кафирхэщ ик1и мушрикхэщ, Алыхьыр зыхуэгубжьахэщ ик1и гъуэщахэщ. Ахэри абыхэм яхуэдэ нэгъуэщ1хэри къытехьэн хуейщ Ислам дину бегъымбару хъуам къытхуахьам Алыхьым и деж къик1ыу, абым и унафэхэр ягъэзэщ1эн хуейщ: «Фэ ф1эщхъуныгъэ зэрыви1эм хуэдэу ф1эщхъуныгъэ я1э хъумэ гъуэгу захуэм теувахэщ, я щ1ыбыр къагъазэмэ пэжым тек1ахэщ. Алыхьым уащихъумэнщ ахэм, ар Ас-Сэмигь, Аль-Гьэлим. Аращ Алыхьым и диныр. Алыхьым и диным нэхъыф1 сыт щы1э. А закъуэращ дызхуэпщыл1ыр». (Аль-Бэкъэрэ: 137-138).

    Алыхьым чыристаным я динри журтым я динри Ибрахим, гьэлейхи сэлям, ирахьэл1эну идакъым, ширкыр ирахьэл1эну зэримыдам хуэдэу. Къигъэлъэгъуащ ахэр куфрым зэридинхэр, кафирхэм къызэрагупсысар Ибрахим, гьэлейхи сэлям, иужь. Аращи ек1укъым бегъымбархэм я адэм а динхэр зэрихьауэ жып1эну: «Щытакъым Ибрахим журту ик1и чыристану, ауэ щытащ хьэнифу, муслиму, мушрикхэми ящыщу щытакъым». (Алэ Гьимран: 67).

    - Къур1эныр уи ф1эщ пщ1ыуэ итыр бгъэзэщ1эным и хьукмыр:

    Къур1эн Лъап1эр Алыхьым и яужьрей дыдэу ик1и нэхъыф1 дыдэу къыхиха бегъымбар Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, къыхуригъэхащ. Ар яужьрей тхылъщ уафэм къехахэм щыщу, нэхъ лъагэщ, нэхъ лъап1эщ, псори зэхуэхьэсащ абым, и унафэхэр нэхъ захуэщ. Алыхьым ар къыригъэхащ псори игъэнэхуэным папщ1э, дунейм псоми и гущ1эгъумрэ гъуэгу захуэмрэ яригъэлъэгъуным папщ1э. Ар тхылъым я нэхъыф1щ, мэлэ1ычхэм я нэхъыф1 дыдэ Джибриль, гьэлейхи сэлям, къыхуихьащ ц1ыхум я нэхъыф1 Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, ц1ыхухэм я нэхъыф1 гупым щхьэк1э бзэ нэхъыф1 дыдэмк1э, ар хьэрыпыбзэращ.

    Къур1эн Лъап1эр тэухьидымрэ иманымрэ теухуа тхылъщ, Алыхьым къыхуезыджэ тхылъщ, пэжым и гъуэгум ухуэзышэ тхылъщ, щ1эныгъэмрэ хьукымхэмрэ зэрыт тхылъщ, псапэмрэ ф1ымрэ я тхылъщ. Абым еджэхэр псапэ хуейхэщ.

    Къур1эным еджэныр Алыхьым узэрыхуэпщыл1 1уэхущ, абым и мыхьэнэхэм уегупсысынри Алыхьым узэрыхуэпщыл1 1уэхущ, абым итыр бгъэзэщ1энри Алыхьым узэрыхуэпщыл1 1уэхущ.

    Псоми ди ф1эщ тщ1ын хуейщ ар, и хьукымхэр дгъэзэщ1эн хуейщ, хьэлщэн къызхуриджэхэр тхэлъыным дыщ1экъун хуейщ. Алыхьым къабыл ищ1къым абым утемыту пщ1а лэжьыгъэхэр Къур1эныр къеха иужь. Алыхьым ар ихъумэну жи1ащи зэхъуэк1ыныгъэхэмрэ пц1ыхэмрэ, лейуэ щ1ыгъунымрэ хэгъэщ1ынымрэ щыхъумащ.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Гум къэзгъэк1ыжыр (Къур1эныр) къедгъэхащ Дэ, ик1и ар Дэ дохъумэ». (Аль-Хьиджр: 9).

    2 – Алыхьым иджыри жи1ащ: «Ар дунейуэ хъуам я Тхьэм къыригъэхащ. Рухь Аминым (Джибриль) къырилъхьащ ар уи гум, 1ейм пэжыжьэ зыщ1хэм ящыщ ухъуным папщ1э. Ар къехащ хьэрыпыбзэ къабзэк1э». (Аш-Шугьэра1: 192 - 195).

    - Къур1эным и аятхэр зытеухуар:

    Къур1эным псори егъэунэху, абым итыр хъыбархэщ е унафэхэщ:

    Хъыбархэр т1уэ гуэшащ:

    1 – Псори къэзыгъэхъуа Алыхь Лъап1эу Лъагэм, абым и ц1эхэм, и щыхьэтхэм, и 1уэхугъуэхэм, и псалъэхэм теухуар.

    2 – Дунейм тету Алыхьым къигъэхъуахэм теухуар: уафэхэм, щ1ылъэм, Гэршым, Курсийм, ц1ыхухэм, псэущхьэхэм, псэ зы1умытхэм, къэк1ыгъэхэм, жэнэтым, жэхьэнэмэм, бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ я хъыбархэм, ахэм як1элъык1уахэмрэ я бийхэмрэ я хъыбархэм, гуп къэс къалъысар, абым нэгъуэщ1 хъыбархэри.

    Унафэми т1уэ зегуэш:

    1 – Алыхь закъуэм ухуэпщыл1ын зэрыхуеймк1э унафэр, Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ уахуэжы1эщ1эныр, Алыхьым и унафэхэр бгъэзэщ1эныр нэмэз ирехъу, нэщ1 1ыгъын ирехъу, нэгъуэщ1хэри.

    2 – Алыхьым хьэрэм ищ1ахэр умыщ1эну унафэхэр. Ар ширк ирехъу, риба ирехъу, мыхъун 1уэху ирехъу. Ахэр Алыхьым мыхъун ищ1а 1уэхухэщ.

    Хъыбархэм я нэхъ ин дыдэр Алыхь лъап1эм теухуахэращ. Унафэхэм я нэхъ ин дыдэр «Ля иляхэ илля Аллах» псалъэхэм къик1ыр пщ1энращ. Пщ1э мыхъуным я нэхъ ин дыдэр куфрымрэ ширкымрэщ. Нэхъ духьэ ин дыдэр «Гъуэгу захуэм дытегъэувэ» псалъэращ.

    Алыхьыращ шыкур зыхуэтщ1ыр, дгъэлъап1эр, пщ1э зыхуэтщ1ыр. Л1ык1уэм я нэхъыф1ыр къытхуигъэк1уащ, тхылъым я нэхъыф1ыр къытхуригъэхащ, ц1ыхухэм я нэхъыф1у дыкъыхихащ.

    Алыхьым жи1ащ: «Алыхьым псалъэ нэхъыф1 дыдэу къыригъэхащ тхылъ зи аятхэр зэхуэдэ ик1и къытезыгъэзэж. Абым Тхьэм щышынэхэм я щ1ыфэр егъэк1эзыз, ит1анэ я щ1ыфэри ягухэри щабэ мэхъужыр Алыхьым и гугъу щащ1к1э. Аращ Алыхьым и гъуэгу занщ1эр, зыхуейр абым трегъэувэ. Алыхьым игъэгъуэщар гъуэгу занщ1эм зыми тригъэувэжыфынукъым». (Аз-Зумар: 23).