Ахърэт махуэр 16 - 4 - Ахърэтыр/ Сыхьэтым и нэщэнэ ц1ык1ухэр
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: милицэхэмрэ залымыгъэ зезыхьэхэм ядэ1эпыкъухэмрэ куэд хъунущ, хуэпауэ пц1анэ фызхэр къежьэнущ, ц1ыхухэр зэрызэрашэхэр щ1эуэ къежьэнущ, му1миным и пщ1ыхьэп1эр пэжу къыщ1эк1ынущ, мыхъумыщ1эхэр къежьэнущ, пц1ыр куэд хъунущ, пц1ык1э щыхьэт къэзыхьхэмрэ щыхьэт пэжыр щ1эзыхъумэхэмрэ куэд хъунущ, щ1эныгъэр драхьеижынущи щ1эныгъэншагъэм зиубгъунущ, зинэр куэд хъунущ, ц1ыхухъухэр мащ1э хъунущи ц1ыхубзхэр егъэлеяуэ куэд хъунущ.