×
"Иманым и пкъыгъуэхэм щыщ зыщ Ахърэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр, муслъымэнми уеджэ хъунукъым муслъымэну Къур1энымрэ суннэтымрэ къэк1уа а 1уэхугъуэ ущэхуар и ф1эщ мыхъуамэ. Мы дэрсхэм я гугъу тщ1ынущ 1уэхугъуэ зыбжанэм: псэр хэк1ыным ипэк1э, ф1ым тету дунейм ехыжыныр, псэр зэрыхэк1ыр, кхъэр япэрей епсыхыгъуэ, кхъэм и хьэзабыр, бэрзэхъ, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, дунейм зэрехыжар, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, зэрагъэпск1амрэ зэрыщ1алъхьамрэ, Ахърэт махуэм и нэщэнэхэр, псэр къызэрыхыхьэжыр, зэхуэсып1эр, Къемэт махуэр зэрыкъиныр, Ахърэт махуэм и ц1эхэр, тэрэзэр, лъэмыжыр, къыщхьэщыжыныр, жэхьэнэмэр, абым ихьэнумрэ и хьэзабымрэ, жэнэтыр, абым ихьэнымрэ и ф1ыгъуэхэмрэ, нэгъуэщ1хэри. Мы дэрсхэр теухуащ муслъымэнхэм едгъэщ1эну Ахърэт махуэм и щытык1эхэр, сыту жып1эмэ, абым ф1ыр илъэжьыным нэхъ тригъэгушхуэнущ, мыхъумыщ1агъэхэр илэжьыным щышынэнущ."