Къемэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр
Зэдзэк1ащ
Гуэшыныгъэ
Full Description
Иманым и пкъыгъуэхэр:
Къемэт махуэр
уи ф1эщ пщ1ыныр
[ شركسي – Circassian – Адыгэбзэ]
Мухьэммэд аль-Тууейджри
Ибрахим и къуэ
Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Аматуллах Шэркэси
Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Абу Мухьэммэд Шэркэси
الإيمان
باليوم الآخر
محمد بن إبراهيم التويجري
ترجمة وتدقيق لغوي:
أمة الله الشركسي
مراجعة شرعية:
أبو محمد الشركسي
Къемэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр
- Къемэт махуэр: ар Алыхьым псори къыщигъэхъужыну махуэращ я 1уэхухэмк1э къалэжьар илъытэжыным папщ1э.
Апхуэдэ ц1э щ1ызэрихьэр абым иужь махуэ зэрыщымы1эжыным папщ1э, жэнэтыр къызлъысахэр ихьэнущ, жэхьэнэмэр къызтехуахэри маф1эм хыхьэнущ.
- Къемэт махуэм и ц1эхэм щыщ:
Ахърэт махуэ, бэгьс махуэ, фэсл махуэ, хъурудж махуэ, дин махуэ, хъулуд махуэ, хьисаб махуэ, уэгьид махуэ, джэмгь махуэ, тэгъабун махуэ, тэлакъ махуэ, тэнад махуэ, хьэсрэт махуэ, сахъэ, ат1-т1амэ аль-кубра, аль-гъашие, аль-уакъигьэ, аль-хьакъэ, аль-къаригьэ нэгъуэщ1у Къур1эным иту къэк1уахэри.
Ц1э куэд зэри1эм къегъэлъагъуэ а ц1эхэр зыф1ащам и инагъыр, и шынагъуэм и инагъыр.
- Къемэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр:
Ар шэч къытемыхьэу уи ф1эщ пщ1ыныр Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ зи гугъу къытхуащ1ахэр а махуэ иным къэхъунухэм щыщу: къызэрыхъужынухэр, зы щ1ып1эм зэрызэхуахусынур, я 1уэхухэр зэралъытэныр, лъэмыжыр, тэрэзэр, жэнэтыр, жэхьэнэмэр, нэгъуэщ1у къемэт махуэм епха 1уэхугъуэхэри.
Абым епхащ псэр хэк1ыным ипэк1э къэхъу ахърэт махуэм и нэщэнэхэр, псэр хэк1а иужьк1э кхъэм къыщыхъу фитнэр, кхъэм и хьэзабымрэ и ф1ыгъуэмрэ.
- Къемэт махуэм и мыхьэнэшхуэр:
Алыхьымрэ къемэт махуэмрэ уи ф1эщ пщ1ыныр иманым и пкъыгъуэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зи1эхэм щыщ, ахэр адрей пкъыгъуэхэм игъусэжу ц1ыхур захуэныгъэм, ехъул1эныгъэм, насыпым мы дунейми ахърэтми хуэзышэщ.
А пкъыгъуит1ым я мыхьэнэшхуэм щхьэк1э Алыхьым куэдрэ зэщ1ыгъуу я гугъу ещ1ыр Къур1эным.
1 – Алыхьым жи1ащ: «Аращ Алыхьымрэ къемэт махуэмрэ зи ф1эщ хъухэм я уэгьэзыр». (Ат1-Т1элакъ: 2).
2 – Алыхьым жи1ащ: «Алыхь - абы нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым, къемэт махуэ шэч зыхэмылъым фызэхуишэсыжынущ». (Ан-НисаI: 87).
3 – Алыхьым жи1ащ: «1уэху гуэрымк1э фызэтек1амэ Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ идеж къэвгъэзэж Алыхьымрэ къемэт махуэмрэ фи ф1эщ хъумэ». (Ан-НисаI: 59).
- Кхъэм и фитнэр:
1 – Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Ц1ыхур и кхъэм ирахьэхыу, къагъанэу зыгъэт1ылъыжахэр щызэбгырык1ыжк1э, ахэм я шырыкъухэм я макъыр зэхихыу, къыхуок1уэр мэлэ1ычит1, къагъэт1ысри йоупщ1хэр: «Сыт а л1ы Мухьэммэд, гьэлейхи сэлям, щхьэк1э жып1эу щытар?» Жи1энущ: «Щыхьэт къызохь: ар Алыхьым и пщыл1щ ик1и и л1ык1уэщ». Жра1энущ: «Еплъ, маф1эм уи щ1ып1эм, Алыхьым жэнэтым и щ1ып1эк1э пхузэрихъуэк1ыжащ». Жи1ащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям: «Ахэр т1ури илъагъунущ».
Ат1э, джаурымрэ мунафикъымрэ жа1энущ: «Сщ1экъым, ц1ыхухэм жа1эр жыс1эу щытащ». Жра1энущ: «Пщ1акъым ик1и иужьым уитакъым». Ит1анэ гъущ1 уадэк1э и тхьэк1умит1ым и зэхуакум еуэнухэщи макък1э к1иинущ, а макъыр псоми зэхахынущ ц1ыхумрэ жынымрэ мыхъу». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[1].
2 – Аль-Бэра1 бин Гьазим, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ: «Бегъымбарым дыщ1ыгъуу жэнэзым дыдэк1ат....» Абым хэту жи1ащ: «Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям жи1ащ: «Ит1анэ мэлэ1ычит1ыр къыхуок1уэ, къагъэт1ысри йоупщ1хэр: «Хэт уи тхьэр?» Же1эр: «Си тхьэр Алыхьыращ». Йоупщ1хэр: «Сыт уи диныр?» Же1эр: «Си диныр Исламыращ». Щ1оупщ1эхэр: «Хэт а л1ыуэ къыфхуагъэк1уар?» Же1эр: «Ар Алыхьым и л1ык1уэщ, гьэлейхи сэлям...». Ахьмэдрэ Абу Даудрэ къа1уэтэжащ[2].
- Кхъэм и хьэзабхэр:
Кхъэм и хьэзабыр т1ууэ зэщхьэщок1:
Япэрауэ, хьэзаб зэпымычыр къемэт махуэр къэсыху, ар джаурхэмрэ мунафикъхэмрэ ялъысыну хьэзабыращ.
1 – Алыхьым жи1ащ: «Фиргьэуным к1элъык1уахэм хьэзаб 1ейр къатехуащ, маф1э пщэдджыжьми пщыхьэщхьэми зыхадзэращ. Сыхьэтыр къыщысыну махуэм абым нэхъ 1еижу хьэзабыр ялъывгъэс Фиргьэуным к1элъык1уахэм». (Гъафир: 45-46).
2 – Ибн Умэр, Алыхьыр аразы т1уми къахуэхъу, къи1уэтэжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Зыгур къыфщыщу дунейм щехыжк1э здэк1уэну щ1ып1эр пщэдджыжьымрэ пщыхьэщхьэмрэ ирагъэлъагъур: жэнэтым к1уэнумэ и щ1ып1эр жэнэтым, жыхьэнэмэм к1уэнумэ и щ1ып1эр жэхьэнэмэм. Къыжра1э: «Мыращ уи щ1ып1эр Алыхьым къемэт махуэм укъыщигъэхъужк1э». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[3].
Ет1уанэу, хьэзаб уахътэ зи1эу ит1анэ къиухыр, ар мыхъунхэр зыщ1эу Алыхь закъуэр зи ф1эщ хъухэращ, мыхъуну ящ1ахэм ехьэл1ауэ я хьэзабыр щытынущ, ит1анэ я хьэзабыр нэхъ псынщ1э хъунущ, е Алыхьым и гущ1эгъук1э щигъэтыжынущ, е сэдэкъэ зэпымычу ищ1ам и щхьэусыгъуэк1э, е щ1эныгъэ зэпымычу къигъэнам и щхьэусыгъуэк1э, е бын дэгъуэу къигъэнахэр Алыхьым зэрыхуелъэ1ухэм и щхьэусыгъуэк1э, е нэгъуэщ1 щхьэусыгъуэхэк1э щхьэщахынущ.
1 – Ибн Умэр, Алыхьыр аразы т1уми къахуэхъу, къи1уэтэжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Зыгур къыфщыщу дунейм щехыжк1э здэк1уэну щ1ып1эр пщэдджыжьи пщыхьэщхьи ирагъэлъагъур: жэнэтым к1уэнумэ и щ1ып1эр жэнэтым, жыхьэнэмэм к1уэнумэ и щ1ып1эр жэхьэнэмэм. Къыжра1э: «Мыращ уи щ1ып1эр Алыхьым къемэт махуэм укъыщигъэхъужк1э». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[4].
2 – Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, Мэккэм е Мэдинэм и блынхэм щыщ гуэрым здырик1уэм зэхихащ ц1ыхуит1ым я макъ, я кхъэхэм хьэзаб щалъагъуу. Бегъымбарым жи1ащ: «Хьэзабыр ятелъщ, ик1и 1уэхушхуэкъым хьэзаб къащ1ытехуар». Ит1анэ жи1ащ: «Аращ, зыр щ1ыб щик1ам деж и гъутхьэпсыр игъэкъэбзэжтэкъым, адрейм ц1ыхухэм я псалъэхэр къырихьэк1т». Ит1анэ чыц1ыбжьэм и къудамэ и фэр техауэ къаригъэхьри, т1ууэ зэпищ1ык1ри, кхъащхьит1ым зэрызу трилъхьащ. Еупщ1ахэщ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, сыт апхуэдэу щ1эпщ1ар?» Жи1ащ: «Ахэр гъухук1эрэ яхуигъэпсынщ1энк1э хъунщ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[5].
- Кхъэм и ф1ыгъуэхэр:
Кхъэм и ф1ыгъуэхэр муслъымэн пэжхэращ зылъысынур.
1 – Алыхьым жи1ащ: «Алыхьыращ ди тхьэр» - жызы1эхэу гъуэгу захуэм тетахэм, мэлэ1ычхэр къахуехынущ: «Фымышынэ, ик1и фымынэщхъей, жэнэту фыкъызэрагъэгугъам фыщыгуф1ык1». (Фуссылэт: 30).
2 – Аль-Бэра1 бин Гьазим, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, му1миным мэлэ1ычит1ым жэуап зэрыритым щытепсэлъыхьым жи1ауэ: «Уафэм къипсэлъык1ынущи жи1энущ: «Пэжыр жи1ащ си пщыл1ым, жэнэтым щыщ теп1энхэр хуэвубгъу, жэнэтым щыщ щыгъынхэр щыфтагъэ, жэнэтым и бжэхэм щыщ хузэ1уфх». Жи1ащ: «Ит1анэ абым и жьы щабэмрэ и мэ 1эф1ымрэ зэхищ1энущ, и кхъэри хуит хуащ1ынущ нэм здилъагъум нэс». Ахьмэдрэ Абу Даудрэ къа1уэтэжащ[6].
- Му1миныр кхъэм и бэлыхьым, и фитнэм, и хьэзабым къелынущ Алыхьым и ц1эк1э зауэу яук1амэ, гъунапкъэхэр ихъумэу Алыхьым и ц1эк1э щытамэ, ныбэузым ил1ык1амэ, нэгъуэщ1хэри.
- Дунейм ехыжахэм я псэхэр здэщы1эр къемэт махуэр къэсыху:
Псэ хэк1ахэр бэрзэхъым щы1эщ, щ1ып1эу здэщы1эхэри хуабжьу зэщхьэщок1:
Ахэм яхэтщ псэхэр гьилиин лъагэм жэмэхьэт хэхам ягъусэхэу, ахэр бегъымбархэмрэ л1ык1уэхэмрэ, гьэлейхим сэлям, я псэхэращ, ахэм я псэхэми я щ1ып1эхэр зэщхьэщок1.
Ахэм яхэтщ псэхэр бзухэм я сурэту, жэнэтым и жыгхэм тесу, ахэр му1минхэм я псэхэращ.
Ахэм яхэтщ псэхэр бзу удзыфэхэм я хулъэм илъхэу жэнэтым щылъатэхэр, ахэр шэхидхэм я псэхэращ.
Ахэм яхэтщ кхъэм ираубыда псэхэр, къазэуа мылъкум щыщ ямыгуэш щ1ык1э гъэпщк1угъэк1э зыщтам хуэдэу.
Ахэм яхэтщ жэнэтым и бжэм къы1уанахэр щ1ыхуэ зэрателъым папщ1э, яхэтщ щ1ым къэнахэр я ц1ап1агъэм къыхэк1ыу.
Ахэм яхэтщ псэхэр, зинэ зыщ1а бзылъхугъэхэмрэ хулъхугъэхэмрэ я псэхэр здилъ хьэкум илъхэу.
Щы1эщ псыуэ ежэх лъым ес псэхэр.
Мывэхэр зырагъэшх псэхэр, ахэр риба зышхахэращ. Нэгъуэщ1хэри…
Зейд бин Сабит, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ: "Бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, Бану Нэджар я блынхэм щыщ гуэрым шыдым тесу блэк1 пэт дэри дыщ1ыгъуу, къигъазэри къридзых пэтащ. Ит1анэ кхъэ зыбжанэ къэтлъэгъуащ хы, е тху, е пл1ы хъууэ. Щ1эупщ1ащ: "Хэт зыщ1эр мы кхъэхэм щ1элъыр?" Зы л1ы гуэрым жи1ащ: "Сэ". Щ1эупщ1ащ: "Сыт щыгъуэ мыхэр дунейм щехыжар?" Жи1ащ: "Ширкым тетхэу л1ахэщ". Жи1ащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям: "Ахэм я кхъэхэм хьэзабышхуэ ялъагъур, фи л1ахэр щ1эвмылъхьэжыну сымышынэтэмэ,Алыхьым селъэ1унут ахэм я хьэзабыр зэхывигъэхыну сэ зэрызэхэсхым хуэдэу".
Ит1анэ зыкъытхуигъазэри жи1ащ: "Алыхьым фелъэ1у жэхьэнэмэм и хьэзабым фыщихъумэну". "Алыхьым долъэ1у жэхьэнэмэм и хьэзабым дыщихъумэну", - жыт1ащ. "Алыхьым фелъэ1у кхъэм и хьэзабым фыщихъумэну", - жи1ащ. "Алыхьым долъэ1у кхъэм и хьэзабым дыщихъумэну", - жыт1ащ. "Алыхьым фелъэ1у фитнэхэм фыщихъумэну: нахуэхэми ущэхуахэми", - жи1ащ. "Алыхьым долъэ1у фитнэ нахуэхэми ущэхуахэми дыщихъумэну", - жыт1ащ. "Алыхьым фелъэ1у Дэджалым и фитнэм фыщихъумэну", - жи1ащ. "Алыхьым долъэ1у Дэджалым и фитнэм дыщихъумэну", - жыт1ащ". Муслим къи1уэтэжащ[7].