×
Cыхьэтым и нэщанэ ц1ык1ухэмрэ инхэмрэ, ахэм щыщу къэхъуагъыхэхэр, иджыри щы1эхэр, къэмыхъуахэр. Ахэр къыщыхъунур, къызэрыхъунур, зэрызэк1элъык1уэр.

    Сыхьэтым

    (къемэт махуэм)

    и нэщэнэхэр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси


    أشراط الساعة

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي

    Сыхьэтым (къемэт махуэм) и нэщэнэхэр

    - Сыхьэтыр къыщысынур пщ1эным ехьэл1а щ1эныгъэр:

    Къемэт махуэм и сыхэтыр къыщысынур зыми ищ1экъым Алыхь закъуэм мыхъу. Алыхьым жи1ащ абым ехьэл1ауэ: "Ц1ыхухэр къоупщ1ыр Сыхьэтым щхьэк1э, жы1э: "А щ1эныгъэр зи1эр Алыхьыращ". Уэ дэнэ щыпщ1эн, Сыхьэтыр гъунэгъу хъуагъэнк1и мэхъу". (Аль-Ахьзаб: 63).

    - Сыхьэтым и нэщэнэхэр:

    Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, хъыбар дигъэщ1ащ Сыхьэтымрэ ар къызэрысымрэ я нэщэнэхэр, ахэр нэщанэ инхэмрэ нэщэнэ ц1ык1ухэмрэщ.

    1 – Сыхьэтым и нэщэнэ ц1ык1ухэр

    - Сыхьэтым и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыуэ зыгуэш:

    Япэрауэ, нэщэнэ къэхъуахэу блэк1ахэр, ахэм щыщ:

    Бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, къызэригъэк1уар, ар дунейм зэрехыжар, абым щхьэк1э аяту мазэр т1ууэ зэрызэгуэудар, Бейт Аль-Мэкъдисыр зэрызэ1уахар, маф1эр Хьиджазым и щ1ым къызэрыдэк1ар.

    1 – Алыхьым жи1ащ: "Сыхьэтыр гъунэгъу къэхъури мазэр зэгуэудащ". (Аль-Къэмэр: 1).

    2 – Гьэуф бин Малик, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ: "Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1эу зэхэсхащ: "Сыхьэтым и къэсыгъуэм ипэк1э хы къэфлъытэ: дунейм сехыжынущ, Бейт Аль-Мэкъдисыр къызэ1уахынущ, ит1анэ емынэ узым фихьынущ былымыр узым зэрихьым хуэдэу, ахъшэр куэд хъунущ зыгуэрым динарищэ ирата иужьк1э ит1ани мыаразыуэ къанэу, ит1анэ фитнэ, хьэрыпым ящыщу зы уни къэнэнукъым ар нэмысауэ, ит1анэ зэгур1уэныгъэ фи1энущ урымхэмрэ фэрэ, ауэ фыкъагъэпц1энущи бэракъ ищ1ым щ1эту къэк1уэнухэщ фидежым, бэракъ къэс мин пщык1ут1 щ1эту". Бухъари къи1уэтэжащ[1].

    3- Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: "Сыхьэтыр къэсынукъым Хьиджазым и щ1ым маф1э къыдэмык1ыу Бусрэм щы1э махъшэхэм я пщэр къигъэунэхуу". Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[2].

    Ет1уанэу: нэщэнэ къэхъуауэ иджыри щы1эхэр, ахэм щыщ:

    Фитнэхэр къызэрыхъунур, бегъымбарыу загъэ1уауэ ц1ыхухэр къызэрежьэнур, шынагъуэ здэщымы1эр куэд зэрыхунур, шэрихьэт щ1эныгъэр зэрык1уэдынур, щ1эныгъэншагъэр куэд зэрыхъунур, полицэхэмрэ зэлымыгъэ зыщ1эхэм ядэ1эпыкъухэмрэ куэд зэрыхъунур, музыкэ 1эмэпсымэхэр куэд хъунущ ик1и хьэлэл ящ1ынущ, зинэр куэд хъунущ, аркъэм ефэныр куэд хъунущ ик1и хьэлэл ящ1ынущ, мэлыхъуэ лъапц1э пц1анэхэм унэ зэтет ящ1ынухэщ, ц1ыхухэм мэсджыт ящ1хэмрэ ахэр зэрагъэдахэмрэк1э зыкъыхагъэщынущ, ук1ыныгъэр куэд хъунущ, зэманыр зэпэгъунэгъу хъунущ, унафэщ1ыныр зыхуэмыфащэм иратынущ, мыхъуэмыщ1эхэр я1этынущ, нэхъыф1хэр ягъэпудынущ, псалъэр куэд хъунущ, 1уэхур мащ1э хъунущ, бэзэрхэр благъэ хъунущ, ширкыр къежьэжынущ мы 1умэтым, нэпсеигъэр куэд хъунущ, пц1ыр куэд хъунущ,ахъшэр куэд хъунущ, сату щ1эным зиубгъунущ, щ1ым и зыгъэхъеинхэр куэдрэ къэхъунущ, пэжыр пц1ыупсу ягъэ1уэнущ, пц1ыупсыр пэжыу ягъэ1уэнущ, мыхъумыщ1агъэхэр къежьэнущ, 1ыхьлыхэр зэк1элъык1уэжынукъым, гъунэгъухэм 1ейуэ ядызек1уэнущ, напэншэхэр къа1этынущ,унафэр къащэхунущ, яц1ыхугъэхэм ф1эк1а адрейхэм сэлям ирахыжынукъым, щ1эныгъэр мащ1эу зыбгъэдэлъхэм къы1ахынущ, къэлэмыр куэд хъунущ, пц1анэу ик1и хуэпауэ теплъэ зи1эхэр къежэнущ, щыхьэт пц1ыхэр куэд хъунущ, къытехуэу л1эныр куэд хъунущ, ерыскъыр хьэлэлу щытыным пылъыжынукъым, хьэрыпым я щ1ыр губгъуэрэ псы ежэхрэ хъужынущ, хьэк1экхъуэк1эхэр ц1ыхухэм япсэлъэнущ, ц1ыхухъум и башым и к1апэмрэ и вакъэ лъэпсымрэ къепсэлъэнущ, и куэми къыхуи1уэтэжынущ и унагъуэм езыр щымы1эху ящ1ар, Иракыр къаухъуреихьынущи шхынри динархэри ирагъэхьэнукъым, ит1анэ Шамыр къаухъуреихьынущи шхынри динархэри ирагъэхьэнукъым, ит1анэ муслъымэнхэмрэ урымхэмрэ зэгур1уэныгъэ я1энущ, ит1анэ урымхэм муслъымэнхэр къагъэпц1энущ.

    Ибн Умэр, Алыхьыр аразы т1уми къахуэхъу, къи1уэтэжащ зэхихауэ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, къуэк1ып1эмк1э зигъазэу жи1ауэ: "Ипэжып1эк1э фитнэр мыбык1эщ здэщы1эр, ипэжып1эк1э фитнэр мыбык1эщ здэщы1эр, мыбык1эщ шейт1аным и бжьакъуэр къыздыдэк1ыр". Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[3].

    Ещанэу: нэщэнэ иджыри къэмылъэгъуэхар, ауэ шэч зыхэмылъу къэхъунухэр бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, хъыбар зэрыдигъэщ1ам тету. Абыхэм щыщ: Фурат псы ежэхым къущхьэ хуэдиз дыщэ къыщ1игъэщынущ, Константинополь (Истамбыл) къалэр 1эщэншэу ящтэнущ, тыркухэм езэуэнущ, журтхэм езэуэнущи мысылмэнхэр тек1уэнущ, Къэхьт1аным щыщу л1ы къахэк1ынущ ц1ыхухэм унафэ яхуищ1у, и унафэхэри ягъэзащ1эу, ц1ыхухъухэр мащ1э хъунущ, бзылъхугъэхэр куэд хъунущ тхущ1ым зы л1ы нэхъ ящхьэщымыту, Мэдинэм мыхъуну дэсыр къыдэк1ынущ, ит1анэ зэхэкъутэнущ, Кэгьбэр Хьэбэшэ щыщ Зу ас-Сууейкъэтейнк1э зэджэ л1ым зэхикъутэнущи абым иужьк1э зэтралъхьэжынукъым, аращ ахърэт зэманыр, Алыхьыращ нэхъыф1у зыщ1эр, Алыхьыращ дэ1эпыкъуэгъур.

    - Зи гугъу ипэк1э тщ1ауэ хъуа нэщэнэхэр бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и хьэдис сэхьихьхэм хэту къэк1уащ.

    2 – Сыхьэтым и нэщэнэ инхэр

    - Сыхьэтым и нэщэнэ инхэр пщ1ы мэхъу:

    Хьузейфэ бин Асйед Аль-Гъифари, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ: «Бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, къытхэплъащ ди гум къэдгъэк1ыжу. «Сыт фигу къэвгъэк1ыжыр?» - жи1эри къыдэупщ1ащ. Жыт1ащ: «Сыхьэтыр». Жи1ащ: «Ар къэсынукъым ипэк1э нэщанипщ1 фымылъагъуу». Ит1анэ къырибжэк1ащ 1угъуэр, Дэджалыр, псэущхьэр, дыгъэр къухьэп1эмк1э къызэрыкъуэк1ынур, Гьисэ Мэрям и къуэр, гьэлейхи сэлям, къызэрехыныр, Е1джуджрэ Мэ1джуджрэ, щ1ыр щэрэ зэрык1уэц1ырыхунур зыр къуэк1ып1эмк1э, зыр къухьэп1эмк1э, зыр хьэрыпхэм я псыщ1ыгум, абым яужьрейуэ маф1эр Йэмэным къыдэк1ынущи ц1ыхухэр зэхуихусынущ щ1ып1э щызэхуэсыжынум деж». Муслим къи1уэтэжащ[4].

    1 – Дэджаль и къыдэк1ыгъуэр:

    Дэджалыр ц1ыхущ Адам и бынхэм щыщу, ахърэт зэманым къыдэк1ынущ, тхьэуэ зигъэ1унущ, къуэк1ып1эмк1э Хъурасаным къыдэк1ынущ, ит1анэ щ1ым ирик1уэнущ зы къалэ къимыгъанэу дыхьэурэ, мэсджыт Аль-Къудсым, Ат-Т1урым, Мэккэм, Мэдинэм ф1эк1а, ахэм дыхьэфынукъым мэлэ1ычхэм яхъумэнущи. Ас-Сэбхъэм щепсыхынущ, Мэдинэр щэрэ къэхъеинущ, кафирхэу ик1и мунафикъхэу дэсыр къыдэк1ынущи идежым къэк1уэнущ.

    - Дэджалыр къыщыдэк1ыну уахътэр:

    Абдуллах бин Умэр, Алыхьыр аразы т1уми къахуэхъу, къи1уэтэжащ: «Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, игъусэу дыщысу фитнэхэм я гугъу ищ1ащ ик1и куэду тепсэлъыхьащ ахьляс фитнэм нэсыху. Ит1анэ зыгуэр щ1эупщ1ащ: «Уэ Алыхьым и л1ык1уэ, сыт ахьляс фитнэр?» Жи1ащ: «Ар щ1эпхъуэжынымрэ зауэмрэщ. Ит1анэ сэра1 фитнэр, абым и 1угъуэр къыщ1эк1ынущ си ахль бейтым щыщ л1ым, сэ сщыщу игъэ1унущ, ауэ сэ сщыщкъым ар, тхьэшынагъуэ зыхэлъхэращ сэ сщыщхэр. Ит1анэ ц1ыхухэр зы л1ымк1э зэгур1уэнущ, ар куэр дзажэм зэрытемытыфым хуэдэу щытынущ. Ит1анэ духейма1 фитнэр, абым къигъэнэнукъым зыри мы 1умэтым щыщу нэмысауэ. Ар къиухащ щыжа1эм идеж къежьэжынущ, ц1ыхур му1мину нэху къек1ынущи кафир хъуауэ жэщ къытещэнущ. Апхуэдэу щытынущ ц1ыхухэм гупит1у загуэшыху, зы гупым иман яхэлъыу, фэрыщ1ыгъэ яхэмылъыу, адрей гупым фэрыщ1ыгъэ яхэлъыу, иман яхэмылъыу. Ахэр къэхъуауэ флъэгъуамэ фежьэ Дэджалым а махуэ дыдэм е махуэ къык1элъык1уэм». Ахьмэдрэ Абу Даудрэ къа1уэтэжащ[5].

    - Дэджалым и фитнэр:

    Дэджалыр къызэрыдэк1ынур фитнэ ин дыдэ хъунущ Алыхьым абым ирита телъыджагъэ акъылхэр зыгъэ1энкунхэм папщ1э. Хъыбар пэжхэм хэту къэк1уащ абым жэнэтрэ маф1эрэ зэрыщ1ыгъунур, и жэнэтыр маф1эщ, и маф1эр жэнэтщ, къущхьэхэм хуэдизу щ1акхъуэрэ псы ежэххэмрэ щ1ыгъунущ. Уафэм унафэ хуищ1ынущи уэшх къешхынущ, щ1ым унафэ хуищ1ынущи къэк1ыгъэхэр къыхэк1ынущ. Щ1ым щыгъэпщк1уа мылъкухэр иужьым ихьэнущ. Щ1ыр псынщ1э дыдэу зэпиупщ1ынущ уэшхышхуэ жьым ихум хуэдэу. Щ1ым махуэ пл1ыщ1к1э тетынущ, зы махуэр илъэсым хуэдизынущ, адрей махуэр мазэм хуэдизынущ, адрей махуэр тхьэмахуэм хуэдизынущ, адрей махуэхэр ди махуэхэм хуэдэщ. Ар Гьисэ Мэрям и къуэм, гьэлейхи сэлям, иук1ынущ Баб Людым идеж Палестинэм.

    - Дэджалым и теплъэхэр:

    Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, къыджи1ащ Дэджалым иужь дихьэ зэрымыхъунур, ди ф1эщ жи1эри тщ1ы зэрымыхъунур. Абым и теплъэри дигъэщ1ащ зыщытхъумэным папщ1э. Абым и нит1ым и зэхуакум тетхащ псалъэ «кафир[6]» мысылмэн псори къеджэфу.

    Гьубадэ бин Самит, Алыхьыр аразы къыхуэхъу, къи1уэтэжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Мэсихь Дэджалыр л1ы к1агуэщ, лъакъуэ1ушэщ, и щхьэцыр бэринэщ, и нэ лъэныкъуэр нэфщ, ныкъуэзэтеп1ащ, къэпщауэ щыткъым ик1и кууэ искъым. Зыгурк1э фыгъуащэмэ зэвгъащ1э фи Тхьэ Лъап1эу Лъагэм и нэр нэфкъым». Ахьмэдрэ Абу Даудрэ къа1уэтэжащ[7].

    - Дэджалыр къыздыдэк1ыну щ1ып1эр:

    Нэуас бин Сэмгьан, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, гьэлейхи сэлям, Дэджалым и гугъу ищ1у жи1ащ: «Ар къыдэк1ынущ Шамымрэ Иракымрэ я зэхуакум, ит1анэ ижьымк1и сэмэгумк1и мыхъумыщ1агъэхэр ищ1энущ». Муслим къи1уэтэжащ[8].

    - Дэджалыр здыдэмыхьэну щ1ып1эхэр:

    1 – Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Къэнэнукъым къалэ Дэджалыр дэмыхьауэ Мэккэмрэ Мэдинэмэр ф1эк1а». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[9].

    2 – Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и сэхьабийхэм щыщ зыгуэрым къи1уэтэжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, Дэджалым и гугъу щищ1ым жи1ауэ: «Мэсджытипл1ым я гъунэгъу хъунукъым: мэсджыт Аль-Хьэрамым, мэсджыт Аль-Мэдинэм, мэсджыт Ат1-Т1урым, мэсджыт Аль-Акъсэм». Ахьмэд къи1уэтэжащ[10].

    - Дэджалым к1элъык1уэнухэр:

    Нэхъыбэ дыдэу Дэджалым к1элъык1уэнухэр журтхэмрэ мыхьэрыпхэмрэ, ц1ыху зэщымыщхэр, ахэм я нэхъыбэр бедуинхэмрэ фызхэмрэ.

    Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Дэджал к1элъык1уэнущ Исфахан и журтхэм щыщу мин блыщ1 тепхъуэхэр ятелъу». Муслим къи1уэтэжащ[11].

    - Дэджалым и фитнэм зызэрыщыпхъумэнур:

    Зыщыпхъумэфынущ Алыхьыр уи ф1эщ хъумэ, Дэджалым и фитнэм ущихъумэну нэмэзым утету уелъэ1умэ, пэжыжьэу ущ1эпхъуэмэ, сура «Аль-Кэхфым» и япэрей аятипщ1ыр зэбгъащ1эмэ.

    Абу Дэрда1, Алыхьыр аразы хуэхъу, жи1эжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Сурэ «Аль-Кэхфым» и яперей аятипщ1ыр зэзгъэщ1ар Дэджалым щыхъума хъунущ». Нэгъуэщ1у къа1уэтэжам мыпхуэдэу же1э: «Абым нэс зыгуэр фыпсэумэ сурэ «Аль-Кэхфым» и пэщ1эдзэм феджэ». Муслим къи1уэтэжащ[12].

    2 – Гьисэ Мэрям и къуэр, гьэлейхи сэлям, къызэрехынур:

    Дэджалыр къыдэк1ыу мыхъумыщ1агъэхэр щ1ым щигъэхъа иужьк1э Алыхь Лъап1эу Лъагэм Гьисэ Мэрям и къуэр, гьэлейхи сэлям, къыригъэхынущ Дамаск и къуэк1ып1эмк1э щы1э минэрет хужьым идеж, къыщехынущ и 1ит1ыр мэлэ1ычит1ым я дамэхэм телъу, Дэджал иук1ынущ, Ислам динымк1э унафэ ищ1ынущ, жорыр икъутэнущ, кхъуэр иук1ынущ, джизйер 1уихыжынущ, мылъкур куэд хъунущ, зэгурым1уэныгъэр щы1эжынукъым, илъэсиблк1э псэунущ т1ум яку зэбийныгъэ къыдэмыхуэу, ит1анэ дунейм ехыжынущи муслъымэнхэм нэмэз тращ1энущ.

    Ит1анэ Алыхьым жьы гуапэ щ1ы1эта къигъэк1уэнущ Шам лъэныкъуэм къик1ыу, зи гум иман илъу хъуар сабэм и нэхъ ц1ык1у дыдэ 1ыхьэм хуэдизми я псэр хихынущ. Къэнэнур ц1ыхум я нэхъ 1ейуэ щы1эращ бзухэм хуэдэу псынщ1эхэу (1ейм хуэпсынщ1эу), хьэк1экхъуэк1эхэм хуэдэу я хьэлыр, шыдхэм я хьэлхэр яхэлъу. Ит1анэ ахэм шейт1аным унафэ яхуищ1ынущ тхьэ пц1ыхэм (жыг, мывэ, нэгъуэщ1хэри) щхьэщэ хуащ1ыну. Ахэм я зэманыращ ахърэт махуэр къыщысынур.

    Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Си псэр зи 1эмыщ1э илъымк1э со1уэ, Гьисэ Мэрям и къуэр унафэ захуэ ищ1ыу къыщыфхуехынур къэблэгъащ, жорыр икъутэнущ, кхъуэр иук1ынущ, джизйер 1уихыжынущ, мылъкур куэд хъунущ зыри хуэмеижу, апхуэдэу щыхъум Алыхьым зы щхьэщэ хуэпщ1ыныр нэхъ лъап1э хъунущ мы дунеймрэ абы тету хъуамрэ нэхърэ».

    Ит1анэ Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы къыхуэхъу, жи1ащ: «Фыхуеймэ феджэ «Тхылъыр къызхуехынухэм ящыщ къэнэнукъым ар я ф1эщ мыхъуауэ дунейм ехыжыным ипэк1э. Ит1анэ къемэт махуэм ар я щыхьэт хъунущ[13]». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[14].

    3 – Е1джуджрэ мэ1джуджрэ къызэрыдэк1ынур:

    Е1джуджрэ Мэ1джуджрэ гупышхуит1 хъууаэ къыдэк1ынухэщ Адам и бынхэм щыщу. Ахэр къаруушхуэ зи1эхэщ, зыри япэлъэщынукъым ахэм язэуэну. Ахэр къызэрыдэк1ынур сыхьэтым и нэщэнэ инхэм щыщ 1уэхугъуэщ, ахэм щ1ым мыхъумыщ1агъэхэр щагъэхъэнущ, ит1анэ Гьисэ Мэрям и къуэмрэ, гьэлейхи сэлям, абы щ1ыгъухэмрэ духьэ ящ1ынущи ахэр л1энущ.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Е1джуджымрэ Мэ1джуджымрэ къаут1ыпщу лъагап1э къэс псынщ1эу къехыу щ1адзэху. Къызэрагъэгугъа пэжыр гъунэгъу къэхъунущи джаурхэм я нэхэр щ1илъэфэнущ: «Уэ дыхэк1уэдэжащ, мыхьэнэшхуэ еттакъым мыбы, ат1э залымыгъэ зыххэу дыщытащ». (Аль-Анбияl: 96 - 97).

    2 – Ан-Нэуас бин Сэмгьан, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ: «Алыхьым и л1ык1уэм, гьэлейхи сэлям, Дэджалрэ ар Гьисэ зэриук1ынумрэ Баб Людым идеж и гугъу ищ1ащ, абы хэту жи1ащ: «Алыхьым Гьисэ уэхьий къыхуригъэхынущ: «Къэзут1ыпщащ си пщыл1хэм щыщу зыри зыпэмылъэщынухэр язэуэну, аращи сэ къысхуэпщыл1хэм Ат1-Т1урым идеж зыщегъэхъумэ». Ит1анэ Алыхьым Е1джуджрэ Мэ1джуджрэ къигъэк1уэнущ сыт хуэдэ къыте1этык1а щ1ып1эми къехыу, япэрейхэр Т1эбэрийе гуэлым блэк1ынущи итыр ирафынущ, иужьрейхэр щыблэк1ым идеж жа1энущ: «Мы щ1ып1эм псы итауэ щытащ». Алыхьым и бегъымбар Гьисэрэ, гьэлейхи сэлям, абы щ1ыгъухэмрэ къаухъуреихьауэ щытынухэщ гуущхьэр нэхъ яф1элъэп1энущ динарищэ фи зэманым фи1эм нэхърэ, ит1анэ лъэ1уэнущи Алыхьым и бегъымбар Гьисэрэ абы щ1ыгъухэмрэ Алыхьым къигъэк1уэнущ ахэм (Е1джуджрэ Мэ1джуджрэ) я пщэхэм идеж хьэмбылу (1эщым хэсым хуэдэ), зы ц1ыхум хуэдэу зэтел1ауэ нэху къатещэнущ. Ит1анэ Алыхьым и бегъымбар Гьисэрэ абы щ1ыгъухэмрэ къехыжынухэщи щ1ым къытехьэжынущ...». Муслим къи1уэтэжащ[15].

    - Гьисэрэ, гьэлейхи сэлям, абы щ1ыгъухэмрэ къехыжа иужьк1э щ1ым Алыхьым елъэ1унухэщи бзухэр къигъэк1уэнущ, Е1джуджрэ Мэ1джуджрэ яхьынущи Алыхьыр здыхуейм идеж щыхыф1адзэнущ.

    Ит1анэ Алыхьым уэшх къигъэк1уэнущи щ1ыр игъэкъэбзэжынущ, иужьк1э бэрэчэтыр щ1ым къехынущ, хадэхэк1хэмрэ пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ куэд хъунущ, бэрэчэтыр къэк1ыгъэхэми псэущхьэхэми ялъысынущ.

    4 – 5 – 6 Щ1ыр зэрык1уэц1ырыхунур щэрэ:

    Щ1ыр щэрэ зэрык1уэц1ырыхунур къемэт махуэм и нэщэнэ инхэм щыщ 1уэхугъуэщ, зыр къуэк1ып1эмк1э, зыр къухьэп1эмк1э, зыр хьэрыпхэм я псыщ1ыгумк1э къыщыхъунухэщ. Ахэр иджыри къэхъуахэкъым.

    7 – 1угъуэр:

    1угъуэр ахъырзэманым зэрыщы1энур къемэт махуэм и нэщэнэ инхэм щыщ 1уэхугъуэщ.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Уафэм 1угъуэшхуэр къыщихьыну махуэм ежьэ. Ц1ыхухэр щ1ихъумэнущ, ар хьэзаб шэчыгъуейщ». (Ад-Духъан: 10-11).

    2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы хуэхъу, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Фи 1уэхухэмкэ1 хым фыпежьэ: дыгъэр къухьэп1эмк1э къызэрыкъуэк1ынум, е 1угъуэм, е Дэджалым, е псэущхьэм, е фэ фщыщ гуэрым и щхьэ1уэхум[16], е жэмэхьэтым я 1уэхум[17]». Муслим къи1уэтэжащ[18].

    8 – Дыгъэр къухьэп1эмк1э къызэрыкъуэк1ынур:

    Дыгъэр къухьэп1эмк1э къызэрыкъуэк1ынур сыхьэтым и нэщэнэ инхэм щыщ 1уэхугъуэщ, ик1и ар япэрей нэщэнэшхуэщ дуней лъагэр зэрихъуэк1ыну 1изын зи1эр, ар къызэрыхъунум и щыхьэтхэм щыщ:

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Нэгъуэщ1у зыгуэр ежьэхэу ара мэлэ1ычхэр къазэрыхуэк1уэнум мыхъу, е уи Тхьэр къызэрык1уэнум мыхъу, е уи Тхьэм и аятхэм щыщ зыгуэр къызэрыхъунум мыхъу? Махуэу уи Тхьэм и аятхэр къыщыхъум иманым псэм щхьэк1э сэбэп и1эжынукъым ар ипэк1э и1эу щымытамэ, е ф1ыр къимылэжьамэ и ф1эщхъуныгъэм къыхэк1ыу. Жы1э: «Фежьэ, дэри дежьэнщ». (Аль-Ангьам: 158).

    2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Сыхьэтыр къэсынукъым дыгъэр къухьэп1эмк1э къыкъуэмык1ауэ, ар къухьэп1эмк1э къыщыкъуэк1ым идеж ц1ыхуу хъуам иман къахьынущ, ауэ а махуэм: «Иманым псэм щхьэк1э сэбэп и1эжынукъым ипэк1э ар и1эу щымытамэ, е ф1ыр къимылэжьамэ и ф1эщхъуныгъэм къыхэк1ыу». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[19].

    3 – Абдуллах бин Гьэмр, Алыхьыр аразы т1уми яхуэхъу, жи1ащ: «Зэхэсхащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1эу: «Япэрейуэ къэхъуну аятхэр дыгъэр къухьэп1эмк1э къызэрыкъуэк1ынумрэ псэущхьэр ц1ыхухэм къазэрыхэхьэнумрэ пщэдджыжьым, ахэм щыщу зыр япэ къэхъуамэ, адрейр абым иужьым к1эщ1у иту къэк1уэнущ». Муслим къи1уэтэжащ[20].

    9 – Псэущхьэр къызэрыдэк1ынур:

    Щ1ым и псэущхьэр ахърэт зэманым къызэрыдэк1ынур сыхьэтыр гъунэгъу къызэрыхъуам и нэщэнэщ. Ар къыдэк1ынущи ц1ыхухэм я пэхэм нэщэнэхэр яхуищ1ынущ, джаурым и пэм шхуэ ф1идзэнущ, му1миным и нэгур къэнэхунущ. Ар къызэрыдэк1ынум и щыхьэтхэр:

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Псалъэр ахэм щахузэф1эк1ам идеж щ1ым псэущхьэр къыхэтшынущи яжри1энущ ц1ыхухэм ди аятхэр быдэу я ф1эщ зэрымыхъуар». (Ан-Нэмль: 82).

    2 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Щыр къэхъуамэ псэм сэбэп хуэхъужынукъым иманыр ипэк1э ар имы1амэ, е и ф1эщхъуныгъэмк1э ф1ыгъуэхэр къимылэжьамэ: дыгъэр къухьэп1эмк1э къызэрытэджынур, Дэджалыр, щ1ым и псэущхьэр». Муслим къи1уэтэжащ[21].

    10 – Маф1эр къыдэк1ыу ц1ыхухэр зэрызэхуихусынур:

    Ар маф1эшхуэщ, къуэк1ып1эмк1э Йеменым щы1э Гьэдным и щ1эм къыдэк1ынущ, ар къемэт махуэм и яужьрей нэщэнэ инщ, ик1и япэрейуэ къемэт махуэр къызэрысар къэзыгъэлъагъуэщ, Йеменым къыдэк1ынущи щ1ым зыщиубгъунущ, ц1ыхухэр Шамым щы1э щ1ы здызэхуахусыным идеж ихунущ.

    Маф1эм ц1ыхухэр зэрызэхуихусыну щ1ык1эр:

    Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Ц1ыхухэр гъуэгуищк1э зэхуахусынущ: хущ1экъухэу, шынэхэу, т1ур зы махъшэм тесу, щыр зы махъшэм тесу, пл1ыр зы махъшэм тесу, пщ1ыр зы махъшэм тесу, къэнар маф1эм зэхуихусынущ, здет1ысэххэм идеж ягъусэу ет1ысэхыу, здепсыххэм идеж ягъусэу епсыхыу, нэху къаздытещэм идеж ягъусэу къытещэу, жэщыр къаздытещэм идеж ягъусэу къытещэу». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ[22].

    - Сыхьэтым и нэщэнэхэм щыщу япэрейр:

    Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, Абдуллах бин Сэлям ислам диныр къыщищтэм упщ1эхэмк1э бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, зыхуигъэзауэ. Ахэм ящыщт: «Сыхьэтым и нэщэнэхэм щыщу япэрейр сыт хуэдэ?» Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Къемэт махуэм и япэрей нэщэнэм ехьэл1ауэ, ат1э маф1эращ, ц1ыхухэр къуэк1ып1э лъэныкъуэм къырихуу къухьэп1эм ихунущ». Бухъари къи1уэтэжащ[23].

    - Къемэт махуэм и нэщэнэхэр зэрызэк1элъык1уэнур:

    Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэр къэхъуу, ит1анэ нэщэнэ инхэм щыщ япэрейр къэхъумэ, абым иужь адрей нэщэнэхэр зыр зым иужь иту къэк1уэнущ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, зэрыжи1ауэ: «Нэщэнэхэр 1уданэм зэгъэзэхуауэ ф1элъ щыгъэхэм хуэдэщ, 1уданэр зэпыудмэ зыр зым иужь иту къэк1уэнухэщ». Хьаким къи1уэтэжащ[24].

    [1] Бухъари (3176).

    [2] Бухъари (7118), Муслим (2902).

    [3] Бухъари (7093), Муслим (2905).

    [4] Муслим (2901).

    [5] Хьэдисыр сэхьихьщ, Ахьмэд (6168), Абу Дауд (4242).

    [6] Абым къик1ыр джаурщ.

    [7] Хьэдисыр сэхьихь, Ахьмэд (23144), Абу Дауд (4320).

    [8] Муслим (2937).

    [9] Бухъари (1881), Муслим (2943).

    [10] Хьэдисыр сэхьихь, Ахьмэд (24085).

    [11] Муслим (2944).

    [12] Муслим (809) (2937).

    [13] Ан-Ниса1: 159.

    [14] Бухъари (3448), Муслим (155).

    [15] Муслим (2937).

    [16] Псэр зэрыхэк1ынур.

    [17] Къемэт махуэр.

    [18] Муслим (2947).

    [19] Бухъари (4635), Муслим (157).

    [20] Муслим (2941).

    [21] Муслим (158).

    [22] Бухъари (6522), Муслим (2861).

    [23] Бухъари (3329).

    [24] Хьэдисыр сэхьихь. Хьаким (8639), еплъ «Сильсиля Сэхьихьэ» (1762).