×
Ехъул1эныгъэм укъыхуэзышэр иманымрэ 1уэхуф1хэмрэщ. Ухэзыгъэк1уадэр гуэныхьхэмрэ Алыхьым къыуита ф1ыгъуэхэмрэ къимыдзэныр. Гум и къэбзэныгъэм и щ1эныгъэр.

    Ехъул1эныгъэм

    и сэбэпхэр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Аматуллах Шэркэси

    Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси

    أسباب

    الفوز والفلاح

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة وتدقيق لغوي:

    أمة الله الشركسي

    مراجعة شرعية:

    أبو محمد الشركسي

    Ехъул1эныгъэм и сэбэпхэр

    - Алыхьым ц1ыху къэск1э иритащ ехъул1эныгъэм и сэбэпхэр, ц1ыхур къулейми тхьэмыщк1эми. Ик1и языныкъуэм ехъул1эныгъэр зэмыпха сэбэпхэр яритащ, ар мылъку ирехъу е щ1ып1э иубыдрауа ирехъу.

    Аращи, иманымрэ 1уэхуф1хэмрэщ ехъул1эныгъэм и сэбэп закъуэщ мы дунейми ахърэтми, ар сыт хуэдэ ц1ыхуми хузэф1эк1ын 1уэхугъуэщ. Иманым и щ1ып1эр гуращ, гу ц1ыху къэс и1эщ. 1уэхуф1хэм я щ1ып1эр 1эпкълъэпкъщи, ари ц1ыху къэс и1эщ. Аращи, зи гум иман илъу 1уэхуф1хэр зыщ1эм ехъул1эныгъэ мы дунейми ахърэтми игъуэтынущ, нэгъуэщ1ым пылъхэр хэк1уэдащ.

    Алыхьым жи1ащ: «Уэль-гьэср. Ц1ыхур хэк1уэдащ. Ф1эщхъуныгъэ зи1эхэмрэ, ф1ы зыщ1эхэмрэ, пэжыр уэсят зыхуэзыщ1ыжхэмрэ, шы1эныгъэр уэсят зыхуэзыщ1ыжхэмрэ мыхъу». (Аль-Гьэср: 1-3).

    1 – Ехъул1эныгъэр мы дунейми ахърэтми къыдэзытыр иманымрэ 1уэхуф1хэмрэщ.

    Алыхьым и пащхьэм ц1ыхум и уасэр иману и1эмрэ 1уэхуф1ыу ищ1эмрэщ зыхуэдизыр, и ахъшэкъым, и мылъкукъым, щ1ып1эу и1ыгъракъым.

    Алыхьым и пащхьэм ц1ыхум и щыхьэтхэращ мыхьэнэ зи1эр, нэхъ къызыхэк1амрэ щ1ып1эу и1ыгъыракъым. Псалъэм папщ1э, Абу Лэхэб щ1ып1э лъаги иубыдт, къызыхэк1ари ц1эры1уэт, ауэ маф1э псори зэк1уэц1ырызгъэсык1ым хэхьэнущ Алыхьыр и ф1эщ хъуакъыми. Билал Аль-Хьэбэши, Алыхьыр аразы зыхуэхъуныр, «Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» псалъэхэм щхьэк1э л1эным нэсат мывэ хьэлъэжьыр и ныбэм телъу, ауэ Алыхьым ар къыдри1этеящ азан Кэгьбэм тету Фэтхь махуэм къэджэным папщ1э, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и му1эзин щытащ и ажалыр къэсыху, ик1и бегъымбарми, гьэлейхи сэлям, жэнэтым абым и шырыкъуит1ым и макъ зэхихащ и пащхьэм.

    Лъэпкъ гуэрхэм ягугъащ тек1уэныгъэмрэ ехъул1эныгъэмрэ зэрыкуэдхэм къыхэк1ыну, Нухь и лъэпкъым хуэдэу. Адрейхэм ягугъащ ар къарум къыхэк1ыну, гьад лъэпкъым хуэдэу. Адрейхэм ягугъащ ухуэным къыхэк1ыну, сэмуд лъпкъым хуэдэу. Адрейхэм ягугъащ, тхьэ нэпц1хэм яхуэпщыл1ыным къыхэк1ыну, Ибрэхим и лъэпкъым хуэдэу. Адрейхэм ягугъащ сату ящ1ым ар къыхэк1ыну, Шугьейб и лъэпкъым хуэдэу. Адрейхэм ягугъащ мэкъумэшыным къыхэк1ыну, сэбэ1 лъэпкъым хуэдэу. Адрейхэм ягугъащ ар мылъкумрэ къэралыгъуэмрэ хэлъыу, Нэмрудрэ Фиргьэунымрэ хуэдэу. Адрейхэм ягугъащ ар 1ахъшэм къыхэк1ыну, Къарун хуэдэу.

    Алыхьым а лъэпкъхэм къахуигъэк1уащ л1ык1уэхэмрэ бегъымбархэмрэ, гьэлейхим сэлям, Алыхь закъуэу гъусэ зимы1эм хуэпщыл1ыным къыхураджэну, а зыпылъхэм тек1уэныгъэрэ ехъул1эныгъэрэ къызэрыхэмык1ынур къыгурагъэ1уэну. Иманымрэ 1уэхуф1хэмрэщ ар зэрыбгъуэтынур, Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ ухуэжы1эщ1эу.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ хуэжы1эщ1эр Алыхьым щышынэмрэ, зыщызыхъумэмрэ, ахэращ тек1уахэр». (Ан-Нур: 52).

    2 – Алыхьым жи1ащ: «Ущэхуар зи ф1эщ хъухэр, нэмэзыр зыщ1хэр, яттам щыщ зытхэр, ик1и къыпхуедгъэхари, уи япэ къедгъэхари зи ф1эщ хъухэр, ахърэтри быдэу зи ф1эщ хъухэр, ахэращ я тхьэм гъуэгу захуэм тригъэувар, ахэращ ехъул1ахэр». (Аль-Бэкъэрэ: 3-5).

    2 – А лъэпкъхэм бегъымбархэм жа1эр я ф1эщ щымыхъум, я куфрым тетыну щыпащэм, я1эр ягъэщ1агъуэу щыщ1адзэм Алыхьым игъэк1уэдхэри я л1ык1уэхэмрэ, бегъымбархэмрэ, абыхэм к1элъык1уахэмрэ къыригъэлащ, я бийхэм тригъэк1уащ.

    А лъпкъхэм я ф1эщхъуныгъэм къыхэк1ащ я гуэныхьыр, я гуэныхьышхуэми хьэзабышхуэ къахуихьащ.

    1 - Алыхьым жи1ащ: «Псори я гуэныхьк1э къэтщтащ. Ахэм яхэтщ жьыбгъэ 1ейр зыхуэдгъэк1уа, яхэтщ макъ иным ищта, яхэтщ щ1ыр зи лъабжьэм зэгуэдгъэхуа, яхэтщ псым едгъэхьэла. Алыхьым лей ярихакъым ахэм, езыхэм залымыгъэ зырахыжащ». (Аль-Гьэнкэбут: 40).

    2 – Алхьым жи1ащ: «Ди унафэр къыщык1уэм, Салихьрэ абым щ1ыгъу ф1эщхъуныгъэ зи1эхэмрэ къедгъэлащ ди гущ1эгъуныгъэк1э а махуэ напэтехым, уи тхьэр Аль-Къэуий, Аль-Гьэзиз. Мыхъумыщ1агъэ зыщ1ахэр макъ иным ищтахэщ, псэ я1умытыжу нэху къатещащ я унэхэм». (Худ: 66-67).

    - Гум и къэбзагъэм теухуа щ1эныгъэр:

    Къэбзагъэр: ар сыт хуэдэ ф1ейми пэжыжьэ 1уэхущ нахуэу плъагъури, ик1и умылъагъури.

    Апхуэдэ къэбзагъэм щыуэ зегуэш:

    Япэрауэ, Алыхьым ехьэл1ар: ц1ыхум ширк, нифакъ, рия хэмылъыу, Алыхьым гу къабзэк1э хуэгъэзауэ хуэпщыл1ыныр.

    Ет1уанэу, Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, ехьэл1ауэ: диным хэмылъхэм пэжыжьэ зыщ1ыныр, шэрихьэтым зэригъэувам хуэдэу Алыхьым хуэпщыл1ыныр.

    Ещанэу, Псэм ехьэл1ауэ: псэр гъэкъабзэныр хьэл дахэхэмрэ дэ1уэныгъэмрэк1э, гуэныхьхэм, хьэл мыхъумыщ1эхэм пэжыжьэ зыщ1ыныр, ц1ыхухэм ек1уу ядызек1уэныр.

    А хьэлхэр зыхэлъым Алыхьым увып1э лъагэхэр иритащ иманми, щ1эныгъэми, 1уэхуми, щытык1эми, жэнэтми.

    1 – Алыхьым жи1ащ: «Псэмрэ ар къэзыгъэхъуамрэ. Зыщышынэмрэ мыхъумыщ1агъэмрэ къыгурызгъэ1уамрэ. Ар зыгъэкъабзэр ехъул1ащ. Ар зыгъэуф1еяр хэк1уэдащ». (Аш-Шэмс: 7-10).

    2 – Алыхьым жи1ащ: «Зызыгъэкъэбзар ехъул1ащ. И тхьэм и ц1эр изы1уэу нэмэз зыщ1ар». (Аль-Агьла: 14-15).

    Ехъул1эныгъэм къик1ыр мы дунейми ахърэтми узыхуейр бгъуэтыну, шынагъуэм укъелыну.