×
Иманыр зыщыщыр... Иманым и гуэшык1эр, и степеньхэр, и хьэлхэр

    Иманыр

    [ شركسي – Circassian Адыгэбзэ]

    Мухьэммэд аль-Тууейджри

    Ибрахим и къуэ

    —™

    Зэзыдзэк1ар:

    Аматуллах Шэркэси

    Еплъыжар:

    Абу Мухьэммэд Шэркэси

    الإيمان

    محمد بن إبراهيم التويجري

    —™

    ترجمة: أمة الله الشركسي

    مراجعة: أبو محمد الشركسي

    Иманыр

    - Иманым и мыхьэнэр: Алыхьыр, мэлэ1ичхэр, Алыхьым къыригъэха тхылъхэр, л1ык1уэхэр, Къемэт махуэр, къэдэрым и ф1ыри и 1ейри уи ф1эщ пщ1ыныр.

    Иманыр псалъэрэ лэжьыгъэрэщ, гуми бзэми и псалъэхэщ, гуми, бзэми, 1эпкълъэпкъхэми я лэжьыгъэщ, дэ1уэныгъэм хегъахъуэ, гуэныхьхэм хагъэщ1.

    - Иманым и гуэшык1эхэр:

    Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къызэрыжи1эжамк1э, Алыхьым и л1ык1уэм, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Иманыр блыщ1ым щ1игъу 1ыхьэу гуэшащ, е хыщ1ым щ1игъу 1ыхьэу гуэшащ. Абыхэм щыщу нэхъыф1 дыдэр «Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» псалъэхэращ, нэхъ мащ1э дыдэр гъуэгум ц1ыхухэм зэран яхуэхъухэр 1ухынращ. Ук1ытэныри иманым и 1ыхьэхэм щыщ». Муслим къи1уэтэжащ.[1]

    - Иманым и щытык1эхэр:

    Иманым щы1эныгъэ и1эщ, 1эф1агъ и1эщ, пэжыгъэ и1эщ.

    1 – Иманым и щы1эныгъэр бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, къи1уэтащ: «Иманым и щы1эныгъэр зэхэзыщ1ар Алыхьым тхьэуэ, Исламым диныу, Мухьэммэд л1ык1уэу хуэаразыращ». Муслим къи1уэтэжащ.[2]

    2 – Иманым и 1эф1ыгъэр бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, мы псалъэхэмк1э къигъэлъэгъуащ: «Мы щыр зыхэлъым иманым и 1эф1ыгъэр зэхищ1ащ: Алыхьымрэ бегъымбарымрэ псом нэхърэ нэхъыф1ыу плъагъуну, ц1ыхур ф1ыуэ плъагъуну Алыхь закъуэм и хьэтырк1э, куфрым хуэбгъэзэжыныр плъагъу мыхъуну маф1эм ухадзэну плъагъу зэрымыхъум хуэдэу». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ.[3]

    3 – Иманым и пэжып1эр зэхэзыщ1ар гуры1уэныгъэ быдэрэ диным и пэжып1эмрэ зыхэлъхэращ, и къарур зэуэ хилъхьэу Алыхьым хуэпщыл1ымрэ диным къыхуезыджэмрэ, хиджрэ ищ1ыу, лъэк1 къимыгъанэу тек1уэныгъэм щ1эбэныр джихад ищ1ыу, и мылъку игъак1уэу.

    1 – Алыхьым жи1ащ: {Му1минхэр Алыхьым и ц1эр щыжа1эк1э ягухэм шынагъуэ къихьэу, зи ф1эщхъуныгъэр быдэ хъухэр Алыхьым къыригъэха аятхэм къащыхуеджэк1э, Алыхьым щыгугъхэр, нэмэз зыщ1хэр, яттам щыщу сэдэкъэ зытхэр. Ахэращ ипэжып1эк1э му1минхэр. Ахэм увып1э лъагэр яхуэфащэщ я Тхьэм деж, гъэгъуныгъэрэ зым хуэмыдэ тыгъэрэ ялъысынущ}. [Анфал: 2-4].

    2 – Ит1ани Алыхьым жи1ащ: {Ф1эщхъуныгъэ зи1э хъуахэр, хиджрэ ящ1ыу, Алыхьым и ц1эк1э зауэу, абыхэм къинэмыщ1у, ахэм гъэбыдап1э къазытахэмрэ къадэ1эпыкъуахэмрэ, ахэращ ипэжып1эк1э ф1эщхъуныгъэ зи1эхэр. Абыхэм гъэгъуныгъэрэ тыгъэ лъап1эрэ яхуэгъэхьэзыращ}. [Анфал: 74].

    3 – Алыхьым ит1анэ жи1ащ: {Ф1эщхъуныгъэ ипэжып1эк1э зи1эхэр Алыхьымрэ бегъымбарымрэ зи ф1эщ хъуахэр, ит1анэ шэч къытрамыхьэу Алыхьым и гъуэгум тетхэу зэуахэр я къарук1э, я мылъкук1э, я псэк1э. Ахэращ пэжыгъэ зыхэлъыр}. [Хьуджурат: 15].

    - Ц1ыхур иманым и пэжып1эм нэсынукъым къыгурымы1уэу къехъул1ар ф1эк1ыну зэрыщымытар, къемыхъул1ар къыщыщ1ыну зэрыщымытар.

    - Иманыр ирикъуа зэрыхъур:

    Алыхьым ф1ылъэгъуныгъэ пэжыр хуи1эным къыхок1ыр абым ф1ыуэ илъагъухэр пхэлъыныр ик1и ф1ыуэ плъэгъуныр. И лъэгъуныгъэр Алыхьым иц1эк1э щытмэ, илъагъу мыхъури Алыхьым и ц1эк1э щытмэ, ахэр гум и лэжьыгъэщ. Алыхьым и ц1эк1э итмэ, е Алыхьым и ц1эк1э имытмэ, ахэр 1эпкълъэпкъым и лэжьыгъэщ. Ахэр т1ури зыхэлъым и иманымрэ Алыхьым хуи1э лъэгъуныгъэмрэ ирикъуа мэхъу.

    Абу Умамэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къызэрыжи1эжымк1э, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Алыхьым и ц1эк1э ф1ыуэ зылъагъуми, Алыхьым и ц1эк1э зылъагъу мыхъуми, Алыхьым и ц1эк1э зытми, Алыхьым и ц1эк1э зымытми и иманыр ирикъуа хъуауэ аращ». Абу Дауд къи1уэтэжащ.[4]

    - Иманым и степень нэхъ ин дыдэхэр:

    Иманым и1эщ псалъэхэр, сурэтыр, пэжып1эр.

    Иманым и щыгуу жып1э хъунущ быдэу ф1эщ щ1ыныгъэр. Сыту жып1эмэ, аращ ф1эщ хъуныгъэ быдэр, шэч лъэпкъ къытезмыхьэр. Абым къик1ыр уи нэм имылъагъури уи пащхьэм иту плъагъури зэхуэдэу уи ф1эщ пщ1ыныращ. Алыхьым къыднигъэсахэм щыщу и ц1эхэр, и сыфатхэр, и мэлэ1ичхэр, и тхылъхэр, и л1ык1уэхэр, къемэт махуэр нахуэу плъагъуу быдэу уи ф1эщ хъумэ аращ ф1эщ щ1ыныгъэр ирикъуа зэрыхъури и пэжып1эри. Шы1эныгъэмрэ ф1эщ хъуныгъэ быдэмрэ диным и нэхъыщхьэхэм щыщ узыщ1ыр: {Дыщ1ащ ахэм щыщу нэхъыщхьэхэр, гъуэгу захуэмк1э зышэнухэр шы1эныгъэ зыхагъэлъыу, ахэм ди аятхэр быдэу я ф1эщ хъут}. [Сэдждэ: 24].

    Иманым и хьэлхэр

    - Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и ф1ылъэгъуныгъэр:

    Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, зэрыжи1эжамк1э, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Иман зыми фхэлъынукъым фи анэ-адэхэми, фи сабийхэми, ц1ыхуу дунейм тету хъуами нэхърэ нэхъыф1ыу сывмылъагъумэ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ.[5]

    - Ансархэм[6] я ф1ылъэгъуныгъэр:

    Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къызэри1уэтэжамк1э, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Иманым и нэщанэхэм щыщ ансархэм я ф1ылъэгъуныгъэр, ик1и фэрыщ1ыгъэм и нэщанэхэм щыщ ансархэр плъагъу мыхъуныр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ. [7]

    - Му1минхэм я ф1ылъэгъуныгъэр:

    Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Жэнэтым фихьэнукъым иман фхэмылъу, иманыри фхэлъынукъым ф1ыуэ фызэрымылъагъумэ. Къывжес1эн 1уэхугъуэ, ар фгъэзащ1эмэ ф1ыуэ фызэрылъэгъуным хуэзышэныр? Сэлямым зевгъэубгъу физэхуакум». Муслим къи1уэтэжащ.[8]

    Гъунэгъумрэ хьэщ1эмрэ хьэлэлу уахущытыныр, ф1ым ф1эк1а жымы1эныр:

    Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къызэри1уэтэжам тету, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ щытащ: «Алыхьымрэ къемэт махуэмрэ зи ф1эщ хъум е ф1ы жырыре1э, е зыреущэху. Алыхьымрэ къемэт махуэмрэ зи ф1эщ хъум и гъунэгъум хьэлэлу хущырырет. Алыхьымрэ къемэт махуэмрэ зи ф1эщ хъум и хьэщ1эм хьэлэлу хущырырет». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ.[9]

    - Ф1ым къыхуеджэнымрэ, 1ейм пэувынымрэ:

    Абу Сэгьид Аль-Хъудри, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, жи1эжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1эу зэхихащ: «Мыхъун зылъэгъуам и 1эк1э ирехъуэж, ар хуэмылъэк1мэ, и бзэк1э, ар хуэмылъэк1мэ и гумк1э, аращ ф1эщхъуныгъэ нэхъ ц1ык1у дыдэр». Муслим къи1уэтэжащ.[10]

    - Чэнджэщ:

    Тэмим Ад-Дарий, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къи1уэтэжащ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, зэрыжи1ар: «Диныр чэнджэщ» Деупщ1ащ: «Хэт щхьэк1э?» Жэуап къыдитыжащ: «Алыхьым, и тхылъым, и л1ык1уэм, мысыльмэнхэм я нэхъыщхьэхэмрэ, мысыльмэныу хъуамрэ щхьэк1э». Муслим къи1уэтэжащ.[11]

    - Иманыр 1уэхум янэхъыф1щ:

    Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къызэри1уэтэжам тету, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, еупщ1ахэщ: «Сыт хуэдэ 1уэхура нэхъыф1ыр?» Жи1ащ: «Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ уи ф1эщ пщ1ыныр». Еупщ1ахэщ: «Ит1ани сыт?» Жи1ащ: «Алыхьым и ц1эк1э узэуэныр». Еупщ1ахэщ: «Ит1ани сыт?» Жи1ащ: «Хьэж къэбыл хъуар». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ.[12]

    - Алыхьым хуэжы1эщ1эм и иманыр нэхъ ин мэхъу, мыхъуныр зыщ1эм и иманыр нэхъ ц1ык1у мэхъу:

    1 – Алыхьым жи1ащ: {Аращ гупсэхуныгъэ му1минхэм ягухэм изылъхьар я иманыр нэхъри нэхъ ин хъуным папщ1э. Алыхьым щ1ыми уафэхэми дзэ и1эщ. Алыхьыр Гьэлимщ Хьэкимщ}. [Фэтхь: 4].

    2 – Ит1ани Алыхьым жи1ащ: {Cурэ къахуехмэ яхэтщ жызы1эр: «Къыфхэт зи иманыр абым щхьэ нэхъыбэ хъуа?» Ауэ ф1эщхъуныгъэ зи1эхэм я иманыр нэхъыбэ ещ1ри мэгуф1эхэр}. [Тэубэ: 124].

    3 – Абу Хурейрэ, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, зэрыжи1эжамк1э, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Зинэ зыщ1ам уахътэ щищ1ам му1минтэкъым, дыгъуари щыдыгъуэ уахътэм му1минтэкъым, фадэ ефари абы щефэ уахътэм му1минтэкъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ. [13]

    4 – Анас, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, къызэри1уэтэжамк1э, бегъымбарым жи1ауэ щытащ: «Жэхьэнэмэ маф1эм къыхэк1ыжынущ «Ля иляхэ илля Аллах» (Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым) жызы1эу и гум хьэ хьэдзэм хуэдизу ф1ы зэрылъыр, жэхьэнэмэ маф1эм къыхэк1ыжынущ «Ля иляхэ илля Аллах» жызы1эу и гум гуэдз хьэдзэм хуэдизу ф1ы зэрылъыр, жэхьэнэмэ маф1эм къыхэк1ыжынущ «Ля иляхэ илля Аллах» жызы1эу и гум сабэм и 1ыхьэ нэхъ ц1ык1ум хуэдизу ф1ы зэрылъыр». Хьэдисыр нэгъуэщ1у къызэры1уэтэжам идеж «ф1ым» ип1эк1э «иман» псалъэр хэтщ. Шейхъит1ым къа1уэтэжащ. [14]

    - Ислам диным къихьэным ипэк1э джэурым илэжьа 1уэхухэм я унафэр:

    1 – Джэурым диныр къищтэу ф1ым тетмэ, 1ейуэ ищ1ар зэуэ Алыхьым зэрыжи1ам хуэдэу хузэрехъуэк1: {Яже1э джэурхэм, щагъэтмэ ящ1ар зэуэ яхуэгъэгъуа хъунущ. Ауэ ягъэзэжмэ, абыхэм япэ щы1ахэм я щапхъэхэр нахуэщ}. [Анфал: 38].

    2 – Ф1ыуэ ящ1ам щхьэк1э псапэ къалэжь. Абым теухуауэ къэк1уащ, Хьэким бин Хьизам, Алыхьыр аразы зыхуэхъуныр, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, еупщ1ауэ: «Джауру сыщыщытам тхьэгъэпц1ыгъэ 1уэху гуэрхэм ехьэл1ауэ сщ1ащ. Абым щхьэк1э зыгуэр стелъ?» Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жэуапу иритыжащ: «Диныр къэпщтащ ф1ыуэ ипэк1э пщ1ар зэуэ къыпхуэнауэ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ. [15]

    3 – Ислам диныр къищтэу 1ейхэр ищ1эну щызмыгъэтам ипэк1и иужьк1и ищ1ам щхьэк1э хуэфащэр игъуэтынущ. Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, абым теухуауэ жи1ащ: «Диныр къищтэу ф1ым тетам джэуру щыщытам 1ейуэ ищ1ахэм щхьэк1э зыри къытехуэнукъым. Ауэ диныр къищтэу 1ейхэр зыщ1ам ипэк1и иужьк1и ищ1ахэм щхьэк1э хуэфащэр игъуэтынущ». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ. [16]

    [1] - Муслим (35).

    [2] - Муслим (34).

    [3] - Бухъари (16), псалъэри абым и деж къихащ; Муслим (43).

    [4] - Абу Дауд (4681), еплъ «Сильсиля ас-Сэхьихьэ» (380).

    [5] - Бухъари (15); Муслим (44).

    [6] - Мэдинэм щыщ сахьабхэр.

    [7] - Бухъари (17); Муслим (74).

    [8] - Муслим къи1уэтэжащ (54).

    [9] - Бухъари (6018); Муслим (47), псалъэри абым и деж къихащ.

    [10] - Муслим (49).

    [11] - Муслим (55).

    [12] - Бухъари (26), псалъэри абым и деж къихащ; Муслим (83).

    [13] - Бухъари (2475); Муслим (57), псалъэри абым и деж къихащ.

    [14] - Бухъари (44), псалъэри абым и деж къихащ; Муслим (193).

    [15] - Бухъари (1436); Муслим (123), псалъэри абым и деж къихащ.

    [16] - Бухъари (2921); Муслим (120).