Тэухьидымрэ иманымрэ зыхэлъхэм я уаджибхэр
Гуэшыныгъэ
Full Description
Тэухьидымрэ иманымрэ зыхэлъхэм я уаджибхэр
[ شركسي – Circassian – Адыгэбзэ]
Мухьэммэд аль-Тууейджри
Ибрахим и къуэ
Зэзыдзэк1ар ик1и бзэ лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Аматуллах Шэркэси
Шэрихьэт лъэныкъуэк1э еплъыжар:
Абу Мухьэммэд Шэркэси
واجبات
أهل التوحيد والإيمان
محمد بن إبراهيم التويجري
ترجمة وتدقيق لغوي:
أمة الله الشركسي
مراجعة شرعية:
أبو محمد الشركسي
Тэухьидымрэ иманымрэ
зыхэлъхэм я уаджибхэр
Тэухьидымрэ иманымрэ зыхэлъхэм я уаджибхэр мыращ:
1 – Алыхьыр, и мэлэ1ичхэр, и тхылъхэр, и л1ык1уэхэр, ахърэт махуэр, къэдэрым и ф1ыри 1ейри уи ф1эщ хъуныр: «Уэ ф1эщхъуныгъэ зи1эхэ,Алыхьымрэ, и л1ык1уэмрэ, тхылъыу и лык1уэм къыхуригъэхамрэ, тхылъыу ипэк1э къыригъэхамрэ фи ф1эщ фыщ1. Алыхьыр, и мэлэ1ичхэр, и тхылъхэр, и л1ык1уэхэр, къемэт махуэр зи ф1эщ мыхъур щыуащ щыуэныгъэ жыжьэ дыдэк1э». (Ан-Ниса1: 136).
2 – Алыхь закъуэу гъусэ зимы1эм хуэбгъазэ 1уэхухэм уи ниетыр къабзэу щытыну, абым нэгъуэщ1 зыми ухуэмыпщыл1ыну: «Зы унафэ закъуэу къахуехар Алыхьым хуэпщыл1ыну я диныр къабзэу, тхьэ закъуэр я ф1эщ хъууэ, нэмэз ящ1ыну, зэкат ятыну, аращ дин пэжыр». (Аль-Беинэ: 5).
3 – Алыхь Лъап1эмрэ и л1ык1уэмрэ, гьэлейхи сэлям, уахуэжы1эщ1эну, унэфэщ1ми гуэныхь зыхэмылъ 1уэхухэмк1э ухуэжы1эщ1эну.
1) Алыхьым жи1ащ: «Уэ иман зи1эхэ, Алыхьым фыхуэжы1эщ1э, л1ык1уэми фыхуэжы1эщ1э, фи унэфэщ1хэми. 1уэху гуэрк1э фызэгурым1уамэ Алыхьымрэ и л1ык1уэмрэ зыхуэвгъэзэж Алыхьымрэ къемэт махуэмрэ фи ф1эщ хъумэ. Аращ нэхъыф1ыр ик1и къырик1уэнумк1э нэхъ дэгъуэр». (Ан-Ниса1: 59).
2) Ибн Умэр, Алыхьыр аразы яхуэхъу т1уми, къи1уэтэжащ бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ауэ: «Мысылмэным и пщэ дэлъщ дэ1уэнрэ жы1эщ1энрэ игу ирихьми иримыхьми, гуэныхь ищ1эну унафэ къыхуамыщ1ыху. Гуэныхь ищ1эну унафэ хуащ1амэ ик1и да1уэкъым, ик1и жы1эщ1экъым». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ [1].
4 – Шэрихьэт щ1эныгъэхэр зэгъэщ1энрэ нэгъуэщ1хэми егъэщ1энрэ: «Къэхъуакъым апхуэдэ Алыхьым ц1ыхум тхылърэ лъэк1ыныгъэрэ иритауэ, бегъымбар ищ1ауэ ит1анэ ц1ыхухэм яжри1эну: «Сэ фыкъысхуэпщыл1 Алыхьыр къэвгъани», ауэ тхьэм пыщ1ауэ фыщыт тхылъыр евгъащ1эу фызэреджам хуэдэу». (Алэ Гьимран: 79).
5 – Алыхьым укъыхуеджэну, ф1ым укъыхуеджэну, 1еим упэувыну: «Къыфхэтщ гуп ф1ым къыхуеджэу, 1ейм пэувыу, ахэращ ехъул1ахэр». (Алэ Гьимран: 104).
6 – Алыхьым и ц1эк1э узэуэныр: «Фазауэ фитнэр къиухыу диныр зэуэ Алыхьым ей хъуху». (Аль-Анфаль: 39).
7 – Алыхьым к1апсэу къыдитамк1э быдэу зы1ыгъын, зэгуэмык1ын: «Алыхьым к1апсэу къывитамк1э быдэу зыф1ыгъ, фызэгуэмык1». (Алэ Гьимран: 103).
8 – Диным захуэу утетыныр нахуэуи ущэхуауи: «Захуэу тет унафэ къызэрыпхуащ1ам хуэдэу тобэ къэзыхьахэри уигъусэу, зэлымыгъи фымыщ1э. Абым фщ1эхэр елъагъу». (Худ: 112).
9 – Ц1ыхум дахэу удызек1уэныр: «Гъэгъуныгъэр къащтэ, ф1ым къыхуеджэ, джахилхэр къэгъанэ». (Аль-Агьраф: 199).
10 – Истигъфарымрэ тобэмрэ бгъзащ1э зэпытыну: «Алыхьым и тек1уэныгъэмрэ къызэ1уихамрэ къыщык1уэк1э, ц1ыхухэр диным гуп гупурэ къихьэу щыплъагъук1э, уи тхьэм щытхъухэр къыхужы1и къыпхуигъэгъуну елъэ1у, аращ псори зыгъэгъур». (Ан-Нэср: 1-3).
[1] Бухъари (7144), Муслим (1839).