Исламыр
Зэдзэк1ащ
Гуэшыныгъэ
Full Description
Исламыр
[ شركسي – Circassian – Адыгэбзэ]
Мухьэммэд аль-Тууейджри
Ибрахим и къуэ
Зэзыдзэк1ар:
Аматуллах Шэркэси
Еплъыжар:
Абу Мухьэммэд Шэркэси
الإسلام
محمد بن إبراهيم التويجري
ترجمة: أمة الله الشركسي
مراجعة: أبو محمد الشركسي
Исламыр
- Ислам диным ц1ыхухэр 1эмэлыншэу зэрыхуейр:
Ц1ыхум нэсып я1энукъым мы дунейми ахърэтми Ислам диным имытхэмэ, абым зэрыхуэныкъуэр нэхъыбэщ шхыными ефэными жьы къэшэными зэрыхуэныкъуэм нэхърэ. Ц1ыху къэск1э хуэныкъуэщ хабзэ зытетыным, абым епхауэ 1уэхуит1ми ирехьэл1э: ф1ыуэ щы1эм зэрихьэл1энымрэ 1ейуэ щы1эр пэжыжьэ хуэхъунымрэ. Исламыращ 1еймрэ ф1ымрэ зэрызэхэпщ1ык1ынур нахуэ зыщ1ыр.
- Ислам диныр щыуэ гуэшащ: ислам, иман, ихьсан. А щыми я рукнхэр я1эжщ.
- Исламыр, иманыр, ихьсаныр зэрызэщхьэщык1ыр:
1- Исламымрэ иманымрэ зэбгъапщэхэмэ, исламым и мыхьэнэуэ жып1э хъунур мыращ: лэжьыгъэ нахуэу бгъэзащ1эхэращ, ахэращ рукнитху къедбжэк1ыр. Иманым и мыхьэнэуэ жып1э хъунущ: лэжьыгъэ нахуэу умылъагъухэр, ахэращ иманым и рукнихыу къедбжэк1ыр. Ауэ иманымрэ исламымрэ язакъуэу къак1уэхэмэ псалъэм деж, зым и мыхьэнэм адрейр хеубыдэ, и хьукмри къещтэ.
2- Ихьсаным нэхъыбэ хеубыдэ иманым нэхърэ, имаными нэхъыбэ хеубыдэ исламым нэхърэ, аращи ихьсаным и мыхьэнэм нэхъыбэ хеубыдэ. Абым къик1ыр мыращ: ц1ыхур ихьсаным нэсыфынукъым иманыр быдэу зыхимыубыдауэ. Ихьсаныр зыхэлъхэмк1э уеплъыу щытмэ я бжыгъэр нэхъ мащ1эщ. Сыту жып1эмэ, ихьсаныр зыхэлъхэр иман зи1эхэм щыщ гупщ. Мухьсинк1э (ихьсан зыхэлъ) дызэджэ хъуну ц1ыхуу хъуари му1мин иман зи1эщ, ауэ му1мину хъуари мухьсинкъым.
3- Иманым и мыхьэнэм нэхъыбэ хеубыдэр исламым нэхърэ, сыту жып1эмэ исламыри иманым и 1ыхьэу щытщ. Ц1ыхум иман и1эу дыбж хъунукъым исламыр имыгъэпэжу. Иманыр зыхэлъхэмк1э къапщтэмэ, ахэр нэхъ мащ1эщ исламыр зыхэлъхэм нэхърэ. Апхуэдэу щытмэ, иман зи1эхэр исламым хыхьэ гупщ. Му1минк1э дызэджэу хъуари муслимщ, ауэ муслимк1э дызэджэу хъуари му1минкъым.
- Исламыр, куфрыр, ширкыр зэрызэщхьэщык1ыр:
Исламым и мыхьэнэр: ар Алыхьым ухуэжы1эщ1эныр тэухьидыр бгъэзащ1эу, и унафэхэм утету урик1уэныр, ширкымрэ ширк зыщ1эхэмрэ пэжыжьэ зыпщ1ыныр. Алыхь закъуэм хуэжы1эщ1эр муслимщ. Алыхьыми нэгъуэщ1 гуэрэми хуэжы1эщ1эр мушрикщ. Алыхьым хуэмыжы1эщ1эр, ар зи ф1эщ мыхъур кафирщ.
Куфрым и мыхьэнэр: Алыхьыр уи ф1эщ мыхъунращ.
Ширкым и мыхьэнэр: Алыхьым гъусэ хуэпщ1ынращ.
Куфрыр нэхъ гуэныхьышхуэщ ширкым нэхърэ. Сыту жып1эмэ, ширкым Алыхьыр зэрыщы1эр егъэбыдэ, ауэ гъусэ зэри1эхэри егъэбыдэ. Куфрым Алыхьыр щымы1эу егъэув. А гуэныхьышхуит1ыр зыр адрейм и мыхьэнэрэ и хьукымрэ зэрихьэу къэк1уэфынущ, ауэ зэгъусэу тхыгъэм е псалъэм къэк1уамэ, я мыхьэнэхэр зэщхьэщок1ыр.
- Ф1ыгъуэшхуэр:
Алыхьым ц1ыхухэм къарита нэхъ ф1ыгъуэшхуэ дыдэр исламыращ. Къур1эн Лъап1эри Алыхьым къигъэхъуахэм ящыщу нэхъ хэхахэм ярита тхылъщ. Абым теухуауэ Алыхьым жи1ащ:
{Иужьк1э ди пщыл1хэм ящыщу хэтхахэм яттащ тхылъыр. Абыхэм яхэтщ зэлымыгъэ зэзыхыжри, икум итри, адрейхэм япэ иту ф1ым хуэп1ащ1эри Алыхьым и хуитыныгъэк1э. Аращ ф1ыщ1э нэхъ иныр}. [Фат1ир: 32].
Тхылъ Лъап1эр зырита ц1ыхубэр Алыхьым щыуэ игуэшащ:
Лей зэзыхыжыр… ику дэтыр… ф1ым хуэп1ащ1эр.
Лей зэзыхыжк1э зэджэр зэм Алыхьым хуэжы1эщ1эу зэм гуэныхь зыщ1эращ. Абым и 1уэхуф1хэмрэ гуэныхь къихьхэмрэ зэхегъыхьэ. Абымк1э аятыр къыщ1ыригъэжьар и гугъэр имыгъэк1уэдыным папщ1э, Алыхьым ф1ыгъуэу къыхуищ1ар къигъэлъэгъуэным папщ1э, апхуэдэхэр жэнэтым нэхъыбэ дыдэу зэрыщы1энур къигъэлъэгъуэным папщ1э.
Ику дэтым Алыхьым къытрилъхьахэр егъэзащ1эр, хьэрэмым пэжыжьэ зещ1.
Ф1ым хуэп1ащ1эм Алыхьым къытрилъхьахэр егъэзащ1э, хьэрэмым пэжыжьэ зещ1, Алыхьым къытрилъхьам нэгъуэщ1у хузэф1эк1ыр ф1ым щыщу егъэзащ1э, нэхъ гъунэгъу Алыхьым хуэхъуным папщ1э. Абым иужьрей дыдэу аятым и гугъу щ1ищ1ар ф1ыуэ ищ1эр игъэщ1агъуэу зыкъыщымыхъужыным папщ1э. Ар япэрей ц1ыхухэм щыщу иужьрей аятым зи гугъу ищ1а жэнэтым зэрихьэным папщ1э. Нэхъыбэ дыдэу жэнэтым щы1энур лей зэзыхыжхэращ, нэхъ мащ1эхэр ф1ым хуэп1ащ1эхэращ. Лей зэзыхыжхэр жэнэтым нэхъыбэ дыдэ хъунущи, абыхэм я гугъу ищ1ыну япэ къыригъэжьащ.
А гупищри жэнэтым зэрык1уэнумк1э Алыхьым къигъэгугъахэщ. Алыхьым зэрыжи1ауэ: {Жэнэтым ихьэнущ ахэр, 1эпщэхъу дыщэк1эрэ налкъутрэк1э гъэдэхауэ, шылэ щыгъынхэри ящыгъыу}. [Фат1ир: 33].
Исламым и рукнхэр
- Исламым и рукнитхур:
Ибн Умар, Алыхьыр аразы зыхуэхъуным, зэрыжи1эжамк1э: бегъымбарым, гьэлейхи сэлам, жи1ащ: «Исламыр пкъыгъуитхум теухуащ: «Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» щыхьэтымрэ, «Мухьэммэд Алыхьым и л1ык1уэ» щыхьэтымрэ, нэмэзыр, зэкат тыныр, Рэмэданым нэщ1 1ыгъыныр, хьэжым ук1уэныр». Шейхъит1ым къа1уэтэжащ.[1]
- Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ зэрыщымы1э щыхьэтым и мыхьэнэр:
Ц1ыхум и бзэк1и игук1и щыхьэт къихьыну Алыхь Лъап1эу Лъагэм нэгъуэщ1 ипэжып1эк1э тхьэ зэрыщымы1эр. Нэгъуэщ1у зыхуэпщыл1хэр зэуэ пц1ыщ, абыхэм яхуэпщыл1ыныри щыуагъэшхуэщ.
А щыхьэтым мыдэныгъэрэ аразыныгъэрэ къегъэлъагъуэ. «Нэгъуэщ1 тхьэ щы1экъым» жыхуи1э псалъэхэм къегъэлъагъуэ Алыхьым нэгъуэщ1 тхьэ узыхуэпщыл1ын зэрыщымы1эр. «Алыхьым нэгъуэщ1» псалъэхэм егъэбыдэ Алыхь закъуэм нэгъуэщ1 зыми ухуэпщыл1 зэрымыхъунур, абым гъусэ зэримы1эр хуэпщыл1ынымк1э, ик1и гъусэ зэримы1эр лъэк1ыныгъэу и1эмк1э.
- «Мухьэммэд Алыхьым и л1ык1уэщ» псалъэхэм и мыхьэнэр:
Бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, и унафэхэр гъэзэщ1эныр, зи гугъу ищ1ауэ хъуар уи ф1эщ пщ1ыныр, имыдауэ хъуам пэжыжьэу зып1ыгъыныр, къызэригъэлъэгъуам тету Алыхьым хуэпщыл1ыныр.
[1] - Бухъари (8); Муслим (16), псалъэри абым и деж къихащ.